ЗекIуэ хъуэхъухэмрэ шы хуэIухуэщIэхэмрэ
2022-02-12
- ШыщIэ дунейм къытехьагъащIэр щагъэпскIкIэ, шыкIэр ятхьэщIыртэкъым. Ар зытехуэр шыр гъэритI щрикъу махуэхэрщ. ШыкIэтхьэщIкIэ зэджэ тхьэлъэIури къыщыдахыр абы щыгъуэщ: адыгэхэм хъуэхъуи теIуащ, Iэни епэсащ.
- Нобэр къыздэсым адыгэбзэм ехъумэ псэлъафэ гъэщIэгъуэн, «шыкIэтхьэщI хуэпщIаи» жиIэу. Шы къащэхуам иращIэкI тхьэлъэIум шыкIэтхьэщIкIэ еджэу щытауэ жеIэ «Адыгэбзэ фразеологизмэхэм я псалъалъэм». Адыгэбзэм къыхэна псэлъафэм кърагъэкIыр куэдкIэ иужькIэ игъуэта мыхьэнэращ: хъе-рым и IуэхукIэ цIыхушхуэ къызэхуэсам я бжыгъэр къызэрагъэлъагъуэ жыIэгъуэщ. Ауэ Iуэхум Iуэху хэлъщ, жаIэ. Псалъалъэм къыщыхьа мыхьэнэр нэхъ гъэнэхуэн хуей хъуну къыщIэкIынщ. ШыкIэтхьэщI дауэдапщэр зытеIукIар зи гугъу тщIыну шы хуэIухуэщIэрщ.
- Жылэм пщIэ зыхуащIу дэс лIыжьхэр шыкIэтхьэщIыр щащI махуэм къызэхуашэсырти, лIыжь зэхэс хуащIырт. Нэхъыжьхэм ящыщу зы жьакIуэ махъсымэбжьэр IэщIагъэувэрти, ягъэхъуахъуэрт. Хъуэхъур кIыхьу жаIэу щытауэ хъыбар щыIэщ, дэ къытлъэIэсыжа мащIэр мыращ:
- Ялыхь,
- Нобэ дыщIызэхыхьа псэущхьэм
- И ныбжьымрэ и гъуэгумрэ зэтес щIы,
- И шыпэ здигъазэм хъерыр къикIыу,
- И гупэр здиунэтIым кIэсыр щыбэу,
- БэкIэ и дахэ яIуатэу,
- КъикIуэт имыщIэу,
- И гъуэгужь къехъулIэу,
- ЛIы хуэщхьэпэщ, хужаIэу,
- Уанэ хуэфащэщ, хужаIэу,
- ХужаIэ псори дахэу
- Тхьэм иригъэкIуэкI!
- И шыкIэ мафIэ емыуэу,
- Ихъу-илъ и хьэлу,
- ХьэлыфIэу,
- ФIыгъуэхуэлъэу,
- И нэр здэплъэм и лъэр лъэIэсу,
- КIэсу тесыр напэхуу,
- Дахэм и хужьу,
- Жьым и гухэхъуэу,
- ЛIыхъуу мы шым шэсынур
- Ежьэмэ и гъуэгу бзэпсу,
- Ипс жэджэу,
- И гъуэгу занщIэу,
- Аужэдж и гъусэу,
- Имыгъусэ къехъуапсэу,
- Хъуэпсэгъуэ и бэ щIыгъуу,
- Хъер къыдэхъуу,
- Къуаншэ къемыхъулIэу,
- ЛIэныгъэм пэжыжьэу,
- Псэуныгъэм пэблагъэу,
- ЩыIэкIэ иIэу
- Бэрэ щыIэну дыхуолъаIуэ!
- ШыкIэтхьэщIым траIуа хъуэхъубжьэ махъсымэм хъуэхъу зыIэтар зэ хофыкI, къедэIуахэм къахурегъэкIуэкI, бжьэр къызэрыIэрыхьэжу шым бгъэдохьэри, шыкIэм махъсымэм щыщ кърегъэжэх, къинар и фIалъэ лъабжьэхэм щIекIэ. Мыращ шыкIэтхьэщI жыхуаIэр. Мы шы хуэIухуэщIэ хабзэр щыкIуэдыжым, абы ехьэлIауэ щыта псэлъафэмрэ Iуэхугъуэмрэ теужьыкIыжауэ аращ ищхьэкIэ къэдгъэлъэгъуа мыхьэнэри.
- МахъсымэекIыхыр хъуэхъу зытеIуа дауэдапщэ хабзэщ. ВакIуэдэкIым ещIэкIа хабзэ зыкъомым щыболъагъу ар. Уегупсыс зэрыхъунумкIэ, шыкIэтхьэщIыр шым и утыку щыпэрышэ хуэIухуэщIэщ.
- Илъэс, илъэсрэ ныкъуэрэ нэхърэ нэхъыбэ мыхъуа шыр иджыри шыщIэу ябжырт. А ныбжьым фIамыгъэкIыу трагъахуэрт дамыгъэтедзэри. «Пасэу тебдзэмэ, пасэу пкърывыкIыжынщ» жаIэрти, арат зытращIыхьыр. Дамыгъэтедзэ махуэр щытрагъахуэр гъэрэ щIырэ зэрызэхэкIрэ махуэ плIыщI дэкIа иужькIэщ. Дамыгъэтедзэр бадзэуэгъуэр къэмысу зэфIагъэкIырт, гъэмахуэ шылэр шым егуэуа мыхъун щхьэкIэ, жаIэрти. Ар къызыхэкIыр шым игъуэта уIэгъэм е екIуэнкIэ шынагъуэ щыIэм (хуабаем, гъудэбадзэм) пэIэщIэ хуащIыну зэрыхущIэкъухэрат. Дамыгъэтедзэм хабзэ гъэщIэгъуэн куэд пылъщ. Абы и гугъур лъэпкъ щIэныгъэм шэщIауэ щызэпкърызыхар тхыдэдж Ехъутэныдж Хьэсэнщ.
- Дамыгъэтедзэр къыщыдах махуэм къуажэм щыщ нэхъыжь зытхух къызэхуашэсырти, Iуэхур щекIуэкIыну щIыпIэм кърашалIэрт. Дамыгъэ тедзэныр пщэдджыжьыпэм ирагъажьэрти, жьауэгъуэджэ хъухункIэ екIуэкIырт. ХабзэмкIэ тезыдзэн хуейр шыр зейм и къуэшщ е и унэкъуэщ щIалэщ, ауэ а Iуэхум хуэIэзэхэр къыщрашалIи щыIэт. Ехъутэныдж Хьэсэн зэритхымкIэ, дамыгъэр тезыдзэм и Iэпкълъэпкъ пщыкIутIыр зэхуэдэу, лъхугъэ иIэу, мыкуэсэуэ, Iэщ гъэхъуным хуэIэижьу щытын хуейщ. Дамыгъэ тедзэкIэ лIэужьыгъуитI щыIащ: зыр — шыр ираудрэ дамыгъэр традзэу, адрейр — зэфIэту традзэу. Апхуэдэу ящIэу щIыщытам и щхьэусыгъуэр Ехъутэныджым шым и бэшэчагъым ирепх. Шым и пIалъэ фIыуэ щыгъуазэ, Тыркум хыхьэ Узун-Яйлэ щIыналъэм къыщыхъуа Идарей Фаикъ къызэрыджиIамкIэ, лъхукъуэлIым дамыгъэр шым щытридзэкIэ игъэукIурийрт, уэркъышым дамыгъэр зэфIэту традзэу щытащ: щыту тумыдзэмэ — уэркъышкъым. ИтIанэ гурыIуэгъуэ мэхъу Ехъутэныджым и лэжьыгъэм къыщихь «Щолэхъур зэрыкIуэдыжар дамыгъэтедзэм къыщащIащ», «Щыту тумыдзэмэ — щолэхъукъым» псэлъафэхэр.
- Дамыгъэ тхыпхъэ пхыбзыкIар зытет щэкIыр псыф ящIырти, куафэм траубгъуэрт, итIанэт дамыгъэр къыщыхагъэжьыкIыр. Шыбзым дамыгъэр и пхэщIыщхьэм и лъахъшапIэм, хакIуэм и лъагапIэм традзэу щытащ. Дамыгъэр зэрытрадзэу уIэгъэм шэ фIэIуа, шху гуащIэ, шатэ, тхъу гъэвэжа хуэдэхэр щахуэрт. Узым игъэундэрэщхъуа шыр хуабэщIыпс Iус ирагъафэрт. ХуабэщIыпсыр хъудыр гуащIэпс пIащIэщ, и гур къызэфIэмылIэн, и лъым и зекIуэкIэр зэтеувэжын папщIэ шым хущхъуэгъуэу ирахьэлIэу. Зрилъэфыхьу щытмэ, кIыщ уадэ цIыкIукIэ шым и лъэIэгъуэм мащIэу теIунщIэхэрт, фIалъэ лъэдиймрэ псэлъынтхуэмрэ зэлъагъэIэсырт, шыр ягъащтэрти, ирагъэлъырт. Апхуэдэ щIыкIэкIэ шым и гур зэрагъэгъуэтыжырт.
- Дамыгъэр зэрытрадзэм кIэлъыплъу щыса нэхъыжьхэм Iуэхур къезыхьэлIа щIалэхэр зыпэрыс Iэнэм кърашалIэрти, абыхэм ехъуэхъухэрт, псалъэ дахэ жраIэрт. Дамыгъэтедзэ хъуэхъу куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ мыр:
- Ялыхь,
- Гъэ дызытехьэр тхуэмэхуэн щIы,
- Угъурлы щIы,
- ЩIылъэу дызытетыр щхъуантIэу,
- Уафэу дызыщIэтыр къащхъуэу,
- Бий диIэхэмкIэ дыщхъуэдзэу,
- ЩIасэу диIэхэм гузэрыдзэ едмыгъэщIу,
- Ди Iэ къихьэмкIэ гуапэу,
- Ди щIалэхэр узыншэ щIы,
- Ди дахэхэр гукъеуэншэ щIы,
- Жылэр бэIутэIуншэ щIы,
- Уи бэлыхьым щыхъумэ!
- Ялыхь,
- Я Iэщ къэхъумэ,
- Я Iэщыр гъэузыншэ,
- Дамыгъэр зытрадзам яхуэщын щIы,
- Амыщ и Iэщын палъэу къыщIэгъэкI,
- Насыпшэсхэу къыщIэгъэкI,
- ЗэдыщIэкIыу хъер кIуапIэ щIы!
- Дамыгъэтедзэ хъуэхъубжьэр Iубыгъуищ мэхъу. ЯпэщIыкIэ хъуэхъуар бжьэм хоIубэри, итIанэ ижьымкIэ щытым хуеший; бжьэм къигъэзэжа иужькIэ, нэхъыжьым дамыгъэтедзэм хэта щIалэхэм ящыщ зым ар хуегъэфащэ. Джылахъстэнейхэм дамыгъэтедзэр IэнэкIэ яублэ, Iэщым гунэщIу ухыхьэ хъунукъым, жаIэри. Узун-Яйлэ ис хьэтыкъуейхэм Iэнэр нобэ хуэ-дэм ягъэуврэ пщэдей хуэдэм езы дамыгъэтедзэр къыдахыу щытащ. ЩIалэм къыIэщIагъэува бжьэм хуэфащэ пщIэ хуищIу иригъэгъэзэжа иужькIэ, тхьэлъэIу мэжаджэ бзыгъэрэ шхуIэфI фалъэрэ нэхъыжьым етIуанэу хуеший. Дамыгъэтедзэ тхьэлъэIум нышыпхъи хэтщ, шхын зэблэхри щыбэщ, ауэ хэхауэ абы и шхыныгъуэ епэсар мэжаджэмрэ шхуIэфIымрэт. И гъэхьэзырыкIэм теухуауэ мэжаджэм цIэ зэхуэмыдэ игъуэтырт: Бахъсэн псыхъуэ дэсхэм пхъэхуей мэжаджэ жаIэу, Шэджэм псыхъуэ дэсхэм пхъафэ мэжаджэ жаIэу щытащ. Абазэ мэжаджэкIэ зэджэм и гъэхьэзырыкIэм хуэдэщ ищхьэкIэ зи цIэ къитIуахэм я пщэфIыкIэри.
- Дамыгъэтедзэ Iэнэм IыхьэхэгъэкI жаIэри нэгъуэщI зы хабзи хэлъщ. Зедмыгъэукъуэдиищэу къедбжэкIынщ дамыгъэтедзэ Iэнэм и цIэкIэ хагъэкI Iыхьэ лIэужьыгъуэхэр: нэхъыжь Iыхьэ, анэш Iыхьэ, фызабэ Iыхьэ, зеиншэ Iыхьэ, гъукIэ Iыхьэ, дахэ Iыхьэ, емыгъэз Iыхьэ.
- Шы хуэIухуэщIэ хабзэхэр абдеж зэ щызэпоу, шыр гъэрих ирикъухункIэ. «Пщым и щауэр гъэрихым мэшэс» жери зы едзыгъуэ хэтщ Iэпэрыбжэ къебжэкIым. Гъэрих щрикъум ирихьэлIэу жылэр щызэхуэсу дауэдапщэшхуэ зэхохьэ. Щыпэдэшщ абы зэреджэу щытар. Мыбдежт япэ дыдэ шыр утыку щрашэр, шым и пIалъэ зыщIэхэм абы и фIагъымрэ и щыщIагъэхэмрэ къыщрагъэIуатэр, зекIуэш хъунрэ мыхъунрэ е гъуэгуш къудейуэ къэнэнрэ щызэхагъэкIыр. ИкIэм-икIэжым, щыпэдэшым и мыхьэнэри аращ: шым зекIуэ щэну хэлъыр къыхэгъэщынрат. Абы щхьэкIэ зэпеуэ, джэгукIэ куэд ирагъэкIуэкIырт. КъыхэжаныкIам зекIуэшыцIэр теIукIырт, ар зейм абдеж щIалапщIэ (шыфI тын жызыIи щыIэщ), хуагъафащэрт, хэти бгъэрыщIэ, хэти джэрыщIэ, хэти нал, хэт сыт хузэфIэкIми иратырт. Щыпэдэшым хъуэхъу Iэнэ епэсащ, ауэ абы теIуа хъуэхъу ттхыжыну къыдэхъулIакъым.
- Абы иужькIэ шым шэсынум ерыщу абы зекIуэш къызэрыхищIыкIыным зыхуигъасэрт. «Чы щIыкIэ къыумыгъэшар бжэгъу хъумэ, къэгъэшыжыгъуейщ» жаIэ, дауи, иджы къэса шым шыфI и щэн зыкъом хэмылъу хъунукъым: мэзым и курыкупсэм гурыгъуазэу укъыхишыжыныр, гъуазапIэм (зекIуэ дыдым) укъришэлIэжыныр, и жэрыр зэтес щIыныр, цIаху-цIэуи уанэ зэщIэлъуи зэхуэдэу гъуэгур кърихьэлIэныр, мэкъумылэ хэхам тет зэпыту егъэсэныр.
- ЗекIуэлIкIэ зызылъагъуж щIалэм и пщэрылъ нэхъыщхьэхэм ящыщ зыт пщэдджыжь нэхумыщ зэIэпыт къэс и шыр псафэ дишыныр, игъэпскIыныр. ЗэрыжаIэмкIэ, пщэдджыжьыпс диям еса шым щIыфэтхытхыр хиныжырт, псыхьам хуэдэу хъурт. ЖэщкIэ шыр хэгъэпщынри пщэрылъ цIыкIукъым, IуэхугъуитI къызэфIегъэкI: япэр — шыр зы хъуэкIуэн мардэ тоувэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, ишхым и мащIэмрэ и куэдымрэ зэтес ещI; етIуанэр — шы закъуэрыутIыпщыр сакъ ещI, мыгущтэгулэу зэрыщытын хуейм хуегъасэ.
- «ЛIымрэ шымрэ дыхьэзырщ» жаIэу щIалэхэм хъыбар къыщаткIэ, щыпэшэсым и гъуэ хъуащ жаIэри, иджыри зэхыхьэ ящI. Щыпэшэс тхьэлъэIур зыхуэгъэпсар лIымрэ шымрэ зэрызэзэгъар, шым зекIуэш къарууэ игъуэтар зыхуэдэр зэхэгъэкIынырщ. Къуажэ хэгъуащхьэм деж жылэр къыщызэхуосри, шыгъэджэгу тафэкIэ еджэу щIыпIэ куэд хэхауэ щыIащ-тIэ, абдеж щыпэшэс зыщI щIалэхэмрэ Iэдэжу яIыгъ яшхэмрэ къокIуалIэ. Ахэр зи пащхьэ иувэ нэхъыжьыфIхэм псалъэ пехьэжьэ щIалэхэм къыхуащI, дахэ къыжраIэ, хъуэхъу хуаIэт. Апхуэдэ хъуэхъу куэд ди нобэм къэ-сащ.
- Щыпэшэс зыхуащIыну щIалэр пщIантIэм къыщыдэкIкIэ, щыпэшэсым и щыпэ хъуэхъур къыжезыIэр фызыжь нэхъыжьщ: ар хуагъэфэщэнкIэ мэхъу анэшхуэми, лъэпкъым щыщ пхъужьми, фызабэми. Нэхъ зытрагъахуэу щытар фызабэрщ. «Фызабэ хъуэхъурэ гыбзэрэ» жаIэ. И хъуэхъур щиухкIэ фызабэ цIыхубзым шыкIэрыщIэ шым къыхуещI, матэ хьэлыуэ къыдыщIегъури, щIалэр къыдегъэкI. Фызабэ хъуэхъур ипэжыпIэкIэ хъуэхъу-тебжэ жыхуаIэхэм ящыщщ. Абы и щапхъэщ мыр:
- Дотэнэхур хуарэ къазым мэшэс,
- ПкIатэ-лъатэщ,
- Дыгъэ-мазэм дотэдж,
- ДжакIуэр зымыщIэщ,
- Хы щIыб щызоплъэ,
- Хуарэ пцIэгъуэплъыр япэ шэсым къегъэIэдэж,
- Хьэм и жагъэр гъунэ хуэмыхъуу къафIокIуэ,
- И щыпэ шэсым хьэри бгъэри къылъэмыщIыс,
- Дарий самэм и шыбг Iэдэжхэр еухуэ,
- ЕтIуанэ шэсым сэху-сэплъ зи нэкIухэр кIэсу къегъэс,
- Куэду къэпхьмэ, хьэблэ кIыхь ухъунщ,
- МащIэ къэпхьмэ, хьэблэ кIагуэ ухъунщ,
- Сэрэ хэлъэфхэр зи Iэщэ,
- Дыщэч илъэфахэр зи Iэпщэ,
- Дзэшхуэр зыущийр зи джатэ,
- Зи джатэпэм мастэр Iулъэлъ,
- Куэд пылъэлъмэ, шуукIэ мин бгъэщтэнщ,
- ТIэу пылъэлъым, шыкIэ мин бгъэубзэнщ,
- Уи Бзуукъуэ домбеякъ дамышэ,
- Зыкъыппэзыши шы cаугъэт химых,
- Зэхэзых уи бжэщхьэIу къобакъуэ,
- Уи жэмищэр Ищхьэкъалэм щебгъащэщ,
- Къощэурэ пщыгъэр къафIэпхьынщ,
- Iэщэр къыщащтэм лIы IэпщитI щIэмыхьэ,
- Дзэшхуэр мыхьэкъуэу тхузошэ,
- УешалIакIуэу жылэ бий ущымышхэ,
- Узыщымышхи жылэ куэд щымыIэ.
- ТАБЫЩ Мурат.