ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2022-02-12

  • Лы гъэжьа-гъэбэкхъа
  • Мэлылыр ятхьэщI, яупщIатэ тыкъыр цIыкIуурэ, дзэху тепщэчым иралъхьэ, абы халъхьэ пIащIэурэ упщIэта бжьыныщхьэ, бжьыныху, шыбжий, шыгъу, псы щIыIэ щIакIэри IэкIэ фIыуэ зэIащIэ, бжьыныр япIытIурэ и псыр къыщIахун щхьэкIэ. Шынакъыщхьэр трапIэри, щIыIапIэм сыхьэти 5 — 6-кIэ щагъэув, нэхъ зэхэшыпсыхьын щхьэкIэ. Лыр щагъэжьэнум и деж шынакъым лы тыкъырхэр кърах, кIэрыпщIа бжьын сытхэр кIэрахри тIэкIу ягъэжэпхъ. Лы жэпхъар дзасэм фIалъхьэри мафIэ дэпкIэ ягъажьэ, лъэныкъуэ псомкIи тхъуэплъ дахэ хъухукIэ. Лы жьар дзасэм къыфIахри тебэ куум иралъхьэ, абы халъхьэж а бжьын-бжьыныху зыхэлъар, псы къыщIэжари щIакIэж, джэдгын хаудэ, зэIащIэ, тебащхьэр трапIэри мафIэ щабэм тету ягъэбэкхъ дакъикъи 7 — 8-кIэ. Iэнэм пщтыру трагъэувэ. Дашх пIастэ, мырамысэ, чыржын, хьэлIамэ, щIакхъуэ.

  • Халъхьэхэр (зы цIыху Iыхьэ):
  • мэлылу — грамм 200,
  • бжьыныщхьэ укъэбзауэ — грамм 80,
  • бжьыныху укъэбзауэ — грамм 50,
  • шыбжий сыр мыхьэжауэ — грамми 2,
  • псы щIыIэу — грамм 50,
  • шыгъуу, джэдгын убауэ — узыхуейм хуэдиз.
  • Бжьыныху
  • Бжьыныху — Чеснок обыкновенный. ХадэхэкIщ. И лъагагъыр см 25 — 35-рэ мэхъу. КъэкIыгъэм и тхьэмпэ пIащIэхэм см 15 — 20 я кIыхьагъщ, я бгъуагъыр см 1,5-м щIегъу. Гъэмахуэкум ирихьэлIэу къэкIыгъэм кIыгу къыпедзэ, абы зызэкIуэцIехри мэгъагъэ, сентябрым и пэхэм жылэхэр мэхъу.
  • Бжьыныху зэмылIэужьыгъуэхэр адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къагъэкI, шхыныгъуэхэм халъхьэ. Бжьыныхущхьэр, тхьэмпэхэр витамин зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зэрыбейм папщIэ, мыхьэнэшхуэ зиIэ хущхъуэу медицинэм къебж. Адыгэхэми нэгъуэщI лъэпкъхэми бжьыныхумкIэ узыфэ куэд ягъэхъуж.
  • Бжьыныхущэху — Гусиный лук полевой. Илъэс бжыгъэкIэ къэкI бжьын-бжьыныхухэм я лъэпкъщ, къэкIыгъэ лъахъшэ цIыкIущ. И гъэгъа гъуэжьыфэхэр, Iэрамэ хъурей щIыкIэу зэхэту, удз щхьэкIэм гъэмахуэм къыпедзэ. Нэхъыбэу ущрохьэлIэ мэкъупIэхэм, дыгъафIэ джабэхэм, губгъуэхэм. Адыгэхэм хущхъуэу къагъэсэбэп.
  • Бжьыныхущхьэхъурей — Чеснок обыкновенный озимый. Бжьыныху лIэужьыгъуэщ. ГъэмахуэкIэм е бжьыхьэм пасэу къыхыумыхыжмэ, мэкIуэсэж. Гъатхэр къихьэн и пэ уэс щIагъым къыщыкIыу щIедзэ. Гъэмахуэм кIыгу къыпедзэри, бжьыхьэм жылэхэр мэхъу. Ахэр, и зэманым пумычыжмэ, полъэлъыжри, щIым йокIых, гъатхэм пасэу къэкIын ирегъажьэ. Мы бжьыныху лIэужьыгъуэм и щхьэр дзэ цIыкIу зыбжанэу зэкIэщIэскъым, адрейхэм хуэдэу. Дауи, аращ апхуэдэ цIэи щIигъуэтар.
  • Хьэкъун Барэсбий.
  •  
  • ЩIалэгъуэрэ дахэгъуэрэ зимыIэ щыIэкъым
  • КIапсэшхуэм ихьар арэфыпсым къехьыж.
  • КIыгуугу и цIэ иреIуэж.
  • Лажьэр къэкIуэгъуафIэ щхьэкIэ, кIуэжыгъуейщ.
  • Нэдым и щхьэр умытIатэу хьэ илърэ ху илърэ пщIэркъым.
  • Нэм екIур гуми йокIу.
  • БлэкIа хабзэжьым укъемыкъуж.
  • Iей мыхъу фIы хъужыркъым.
  • Псым и жапIэр езым къегъуэтыж.
  • Хабзэр убзэнкъым, акъылыр къалэнкъым.
  • ЩIалэгъуэрэ дахэгъуэрэ зимыIэ щыIэкъым.
  • ЩIэщхъу зыщIэ къыщIэкIуэркъым.
  • Хывышэр зэIыхьэркъым
  • Маитхъур мэкъуауэгъуэм июным и 15 пщIондэ щIахуарауэ ябж икIи ар узыфэ куэдымкIэ сэбэпышхуэщ.
  • * * *
  •  ПIастэ хуабэ убар зэщIэбуфэмэ е зыгуэр тупIэмэ, ар уцIынынущ, псыр къыщIэжу.
  • * * *
  • Джатэ Iэпщэ — ар тхъурыжь гъэжьащ. Апхуэдэу щIеджэр джатэ Iэпщэм ещхьщи аращ.
  • * * *
  • Хывышэм и тхъу гъэвэжар зэIымыхьэу мазитI-щыкIэ щытщ, щIыIэпIэ ямыгъэувми.
  • Къубатий Борис.
  •  
  • Лъагъуныгъэм и къарур
  • ЩIэныгъэ зыбгъэдэлъыр ищIэр мащIэу къыщыхъужу сытым дежи еджэрщ.
  • * * *
  •  Зыгуэрым пэжу гу лъитащ: псори куэдрэ псэуну хуейщ, ауэ жьы хъуну зыри хуейкъым.
  • * * *
  • ЦIыхум и хьэлыр аращ, арэзы къыдэхъуращ гулъытэ нэхъыбэ зыхуищIыр.
  • * * *
  •  Зыгуэрым ущыхуэныкъуэм хуэдэ дыдэу фIыкъым зыгуэр къобэкIыу уиIэнри. Абы и уасэр мэкIуэд, ар нэхъ IуэхуфI дыдэу щытми.
  • * * *
  • Дэтхэнэми къыфIощI езым хуэдэу фIыуэ зылъагъу щымыIэу. Аращ лъагъуныгъэм къару хуэхъужри.
  • * * *
  • НэгъуэщIым щхьэкIэ жыпIэм хуэдэ дыдэщ уэри къыпхужаIэр.
  • * * *
  • УщIэлъаIуэм хуэфэщэн фIыщIи къыкIэлъыкIуэн хуейщ.
  • * * *
  • ЦIыхухъум хуримыкъу псори цIыхубзым хэлъщ.
  • * * *
  • ПщIэншэу бгъэкIуэда зэманым куэд пIех, ауэ дерсыфI къыхыбох.
  • * * *
  • ГурыщIэращ акъылыр зыунэтIыр.
  • * * *
  • Сабийхэм ябгъэдэлъ зэчийм къэралым и къэкIуэнур еубзыху, абыхэм я дахагъым наIуэ къищIыр лъэпкъым и фIэрэфIагъырщ.
  • * * *
  • Псом нэхърэ унэхъ Iущу закъыфIэбгъэщIыныр къызыхэкIыр акъылыншагъэрщ. Губзыгъэр сытым дежи зэпIэзэрытщ.
  • * * *
  • IэштIым пщIауэ гупсысэ убзыхуа уи щхьэм къихьэнукъым. Лъагъумыхъуныгъэм узыхуишэр акъыл утхъуэрщ.
  • * * *
  • ЦIыхур апхуэдэщ — и гъащIэ псор зытригъэкIуадэр зыгуэр зыIэригъэхьэнырщ, армыхъумэ а къыIэрыхьам иринасыпыфIэфкъым.
  • * * *
  • Гум имылъагъур нэми илъагъукъым, нэм пэIэщIэр гуми пэжыжьэщ.
  • * * *
  • Жылагъуэ зэхэтыкIэр, щэнхабзэр, хабзэр зыхуэдэм къегъэлъагъуэ ар зезыхьэ лъэпкъым и дунейр.
  • * * *
  • Гум лIыгъэ къыщызэкъуихым деж Iэри хахуэщ.
  • * * *
  • Дэтхэнэ адэ-анэми езым и сабийм нэхърэ нэхъ дахэ щымыIэу къыщохъу.
  • * * *
  • Губзыгъэр нэгъуэщIым и щыуагъэм егъэIущ, делэм дерс къызыхихыр езыр лъэпэрапэмэщ.
  • Хъурей Феликс.
  •  
  • Псалъэзэблэдз
  • ЕкIуэкIыу: 2. Зи суд ящIэм къыщхьэщыж цIыху. 6. ЩоджэнцIыкIу Алий и усэ цIэрыIуэ, илъэс 17 фIэкI имыныбжьу Тыркум щитхауэ. 8. … хэтIасэмэ, пхуэгъэхъужыркъым. 10. Пхъэ уадэшхуэ. 11. … зимыIэм дзажэпкъ иIэщ. 13. Iэпслъэпсым щыщ. 15. Ди унэр … Iэджэ мэхъу. 17. … къурашэ. 18. Ар щIэпым къыхах. 19. Литературэ тхыгъэ. 21. Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ усакIуэ цIэрыIуэ … Мухьэмэд. 23. Къыдалъхуауэ, цIыхум и щIыфэм хэт. 26. МахуэцIэ. 27. Лъакъуэм ищI лъэужь. 29. Алыдж — … бэнэкIэ. 30. Дзапэ …
  • Къехыу: 1. Илъэс зытIущым ит шыщIэ мыгъасэ. 2. Уафэм къех мыл тыкъыр цIыкIу. 3. Чы ухъуэнщIахуэ. 4. Адыгэ театрым и джэгуакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист… Рэмэзан. 5. Илъэс 18 зи ныбжь щIалэщIэм и… кIуэгъуэщ. 7. Бригадэ зэхьэзэхуэм щытекIуэм ирату щыта щэкI плъыжь цIыкIу. 9. … хуэмыфI хьэдрыхэ кIуэркъым. 12. Джэдкъаз. 14. Хугум е нартыху хьэжыгъэм къыхащIыкI шхыныгъуэ. 15. ЕуэкIыпIэ. 16. Жэм лъакъуэ … иукIрэ? 20. Iэсэлъасэ, цIыху щэху. 21. Цы закъуэ. 22. Къуажэм щынэсым шууейм нэхъ… зищIащ. 24. Адыгэ сабийхэм, ныбжьыщIэхэм папщIэ къыдэкI журнал. 25. Перу къэралым и щыхьэр. 28. Танэ мэжэлIам и … макъ къэIуащ. 29. Таурыхъхэм хэт фызыжь бзаджэ.
  • Зэхэзылъхьар  Мыз Ахьмэдщ.
  • Мазаем и 5-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
  • ЕкIуэкIыу: 1. Гупыж. 4. Чысэ. 7. Джарым. 8. Къущхьэ. 9. Петр. 11. Тощ. 16. Iэтэ. 17. Арэф. 18. Дыхьэгъ. 20. Къузгъун. 21. Ныджэ.
  • Къехыу: 2. ПщIащэ. 3. Жыджэр. 4. Чымпэ. 5. Сэнтх. 6. Ер. 10. Топ. 12. Шэрэз. 13. Фэдэн. 14. Жагъын. 15. Шэрэдж. 19. Хьэ.