ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

КъызыхуигъэщIам хуэпэжа

2022-02-12

  • РСФСР-м щIыхь зиIэ, УФ-м и цIыхубэ артист Токъуий Хъусен ящыщщ цIыхухэм гукъыдэж ин езытахэм, ди лъэпкъ театр гъуазджэм зезыгъэужьу абы набдзэ хуэхъуахэм.

  • Токъуий Хъусен 1927 гъэм мазаем и 5-м Нартан (Къылышбийхьэблэ) къуажэм къыщалъхуащ. Пасэ дыдэу, Нартан къуажэм и курыт еджапIэм щыщIэсым, спектаклхэм дахьэхыу, Налшык къакIуэурэ театрым щеплъу щытащ. 1945 гъэм ар щIэтIысхьащ Лъэпкъ театрым и унэм къыщызэIуаха студием. Токъуийм Налшык щыIа театральнэ студиер 1948 гъэм къиухащ, занщIэуи театрым лэжьэн щыщIидзащ. Япэ махуэхэм щыщIэдзауэ Хъусен роль гугъухэр къыхуагъэфащэ, зэфIэкI иIэуи зыкъегъэлъагъуэ. Москва театральнэ институт къыщызухахэм ядэхъун, ядэлэжьэфын папщIэ, Хъусен и къару еблэжакъым.
  • Роль щитIым щIигъу ищIащ Токъуий Хъусен. Къэбгъэлъагъуэмэ, лIыхъужь ролу нэхъыбэ дыдэ адыгэ театрым щызыгъэзэщIар Токъуий Хъусенщ. Апхуэдэу IутIыж Борис и «Тыргъэтауэ», «Эдип», Шекспир и «Ромеорэ Джульетэрэ», Назим Хикмет и «Лъагъуныгъэм и хъыбар» хэт Фархад и ролхэр спектаклхэм зэрыщыджэгуар куэдым ягу дыхьащ икIи гукъинэж ящыхъуащ. Артистым псом хуэмыдэу къохъулIэ цIыхубэ насыпым щIэбэнхэм я ролхэр. Апхуэдэщ Акъсырэ Залымхъан и «Дахэнагъуэ» пьесэм хэт Джэримэс, ЩоджэнцIыкIу Алий и «Къамботрэ Лацэрэ» романым и лIыхъужь нэхъыщхьэ Къамбот, КъардэнгъущI Зырамыку и «Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ» хэт Къанщобий, Шортэн Аскэрбий и «Нэхур къыщыщIэнэм» хэт Мусэ, Шолоховым и «ЩIыщIэ къэIэтам» хэт Нагульнов сымэ. Токъуий Хъусен театреплъ минхэм фIыуэ ялъэгъуащ икIи абы и Iэзагъэм итхьэкъуахэм къащохъу ар зыхэмыт спектаклыр зыгуэр хущыщIэ хуэдэу.
  • Хъусен и лэжьыгъэм щытхъухэр, дамыгъэ лъапIэхэр къыпэкIуащ. ЗэфIэкI зэриIэр, и къалэнхэм гурэ псэкIэ зэрегугъур наIуэ къэхъури, и пщIэми ину зиIэтащ. Артист щэджащэм тхуэнейрэ къыхуагъэфэщащ КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и ЩIыхь тхылъыр, «Хэку зауэшхуэм и зэманым иригъэкIуэкIа псэемыблэж лэжьыгъэм папщIэ» медалыр, «Ленин» орденыр, нэгъуэщIхэри.
  • Токъуий Хъусен Хэкумрэ лъэпкъымрэ хуэпэж икIи хуэфащэ адыгэлI щыпкъэу псэуащ. Абы и гуащIэр ноби цIыхухэм ящыгъупщэркъым. И лэжьэгъуу щытахэм абы теухуа я гукъэкIыжхэм фыщыдогъэгъуазэ.
  • КIэмыргуей Валентин:
  • — Дэ еджакIуэ дыкъыщикIыжам Токъуий Хъусен лIыкут, и гупсысэкIэкIи, и хьэл-щэнкIи зэпIэзэрытт. Ар гу къабзэ, псэ хьэлэл зиIэ цIыху пэжт, Iущт, уепсэлъэну гъэщIэгъуэнт. Балигъхэми сабийхэми фIыуэ ялъагъу актёрт.
  • «Шарф любимой» фильмым Токъуий Хъусен, КIуэкIуэ Тамарэрэ ТIыхъужь Алийрэ я гъусэу, гукъинэжу щыджэгуащ. «ЩIыщIэ къэIэта», «Пащтыхьымрэ пащтыхь гуащэмрэ», «Тыргъэтауэ» спектаклхэм щищIа ролхэр гъуэзэджэу къехъулIат.
  • Шыбзыхъуэ Басир: — Хъусен илъэс куэдкIэ сыдэлэжьащ. Ерчэн Леонид игъэувауэ щыта «ЕпщыкIущанэ председатель» спектаклым председателым и ролыр тIуми чэзууэ щыдгъэзэщIэну къыщытхуихуэм къыздэIэпыкъуащ, чэнджэщ щхьэпэхэр къызиту. А зэманым Совет Союз псом щагъэуват а спектаклыр.
  • И гуащIэм къыпэкIуа пщIэм зэи къызыфIигъэщIыжакъым Токъуийр, дапхуэдизу и цIэр яIэтами, цIыху къызэрыгуэкIыу къэнэжат. Ар зи нэгум нурыр кърих цIыху щыпкъэт, куэд зэпэзышэчт.
  • Щэрмэт Людмилэ: — Хъусен сценэм къыхуигъэщIа цIыхут. «Къамботрэ Лацэрэ», «Тыргъэтауэ», «Лъэмыж», «Яшэмрэ къэзышэхэмрэ» спектаклхэм зэгъусэу дызэрыхэтам срогушхуэ. Комедие жанрым куэдрэ щыджэгуну къыхуимыхуами, абы гушыIэр и щIасэт.
  • Хъусен хьэл-щэн дахэ дэплъагъурт. Ар щхьэхуещэтэкъым, фыгъуэтэкъым, артист ныбжьыщIэхэм дэIэпыкъуэгъу къытхуэхъут, диущийрт.
  • Хьэмыку Жаннэ: — Токъуий Хъусенрэ сэрэ «Тыргъэтауэ», «Лъэмыж» спектаклхэм зэгъусэу дызэрыщыджэгуар сигу къинэжащ. Абы куэдрэ къыхуихуэрт спектаклхэм хэт лъэпкъ лIыхъужьхэм я ролхэр игъэзэщIэну. Актёр жыджэ-рым ар фIы дыдэу къехъу- лIэрт.
  • Хъусен хуэдэу адыгэ фащэр зэкIу къэгъуэтыгъуейт. И теплъэкIэ ар лъагъугъуафIэт, щхьэпэлъагэт, адыгэлI нэст. ЕджакIуэ къикIыжа щIалэгъуалэм диIащ ар щапхъэу.