ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Узыфэр зыпкърытхэр зэрыгъуэзэн

2022-02-05

  • УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм COVID-19-р къызытемыхьэлъащэу, узыр зэрыпкърытыр къимыщIэу езыхьэкIхэм папщIэ зэрыгъуазэ тхылъ къыдигъэкIащ. Апхуэдэу абы къыщыгъэлъэгъуащ узым зэрыпэщIэт мастэр халъхьауэ сымаджэхэм, коронавирусыр къэзыубыда сабийхэм папщIэ чэнджэщхэр.

  • COVID-19-м зэрыпэщIэт мастэр зэрыхалъхьэрэ е абы зэригъэсымаджэрэ мазих нэхърэ нэхъ мащIэ фIэкIа дэмыкIауэ узыр зэрапкърытыр тест-къэпщытэныгъэм къигъэлъэгъуамэ, ауэ коронавирусыр зэраIэмкIэ нэщэнэ лъэпкъи щымыIэмэ, апхуэдэр дохутырым и Iэзэгъуэ хуэныкъуэкъым. Ар цIыхум яхэмыхьэу унэм щIэсын хуейуэ аращ, IэнатIэ Iутмэ, зэрымылэжьэфымкIэ тхылъ къратынущ. И температурэр жэщ-махуэм къриубыдэу зэ къипщыпхъэщ.
  • ОРВИ-м и нэщэнэхэр фиIэмэ е ПЦР-тестым узыр фпкърыту къигъэлъэгъуамэ, дохутырхэм фыкъыхураджэ унэм фыщIэсыну. Хуей хъумэ, фызэрысымаджэм и щыхьэт тхылъыр зэвгъэпэщ, унагъуэм щыщхэр фымыцIэлэн хуэдэу, пэш щхьэхуэ фыщIэс, щIэх-щIэхыурэ абы жьы къабзэ щIевгъахуэ, псы куэду фефэ, фи температурэр къэфпщ, Iэмал зэриIэкIэ жэщ-махуэм къриубыдэу щэ нэхърэ мынэхъ мащIэрэ къэфпщытэ лъым кислороду хэтыр зыхуэдизыр.
  • ПIалъэкIэ узыр фщхьэщызых хущхъуэхэм фефэ хъунущ, ауэ фэр-фэру антибиотикхэр зэвмыхьэлIэ. ЦIыхубз уэндэгъухэр дохутырым и чэнджэщым ткIийуэ тетын хуейщ.
  • Сымаджэ хъуар, и узыншагъэкIэ зы-тешыныхь гупым хабжэмэ, медицинэ лэжьакIуэм къигъэлъэгъуапхъэщ абы игъуэтын хуей Iэзэгъуэр зыхуэдэр.
  • Фи щытыкIэр нэхъыкIэ хъумэ, Iэмал имыIэу поликлиникэм е зыуэ щыт «122» центрым фыпсалъэ, абы щыIэ медицинэ лэжьакIуэхэм фщIэнум теухуауэ чэнджэщ къыватынущ.
  • БауэкIэщI фыхъуамэ, жьыр фхуримыкъумэ, фи бгъэр узмэ, фи лъым кислороду хэтыр процент 94-95-м нэхърэ нэхъ мащIэмэ — «103» IэнатIэм фыпсалъи, «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэр» къевджэ.
  • Сабийр сымаджэ хъуамэ, зэрыгъуазэ тхылъым тегъэчыныхьауэ къыхегъэщ, ОРВИ-м и нэщэнэ гуэр иIэу къызэрыфхутэу, фэ езым вгъэхъужыну фыхэмыту занщIэу дохутыр къевджэн зэрыхуейр, и щытыкIэр нэхъ хьэлъэ хъуамэ, «103» IэнатIэм фызэрыпсэлъапхъэр.
  • Температурэр 38-рэ хъумэ е нэхъ лъагэмэ, пщтырыгъэр зыгъэкIащхъэ хущхъуэ фефэ. Абы щыгъуэми къыхегъэщ, дохутырым и чэнджэщ хэмыту антибиотик зэвмыхьэлIэну.
  • Узыншагъэм теухуауэ цIыхухэм сыт хуэдэ упщIэ яIэми, зыуэ щыт «122» центрым псэлъэну къыхураджэ.
  • УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм цIыхухэм захуегъазэ медицинэ нэкIуIупхъуэхэр къагъэсэбэпыну, я Iэхэр сабынкIэ щIэх-щIэхыурэ ятхьэщIыну, антисептиккIэ ягъэкъэбзэну, апхуэдэу, зэрыхъукIэ, цIыху куэд щызэхыхьэ щIыпIэхэм пэIэщIэ защIыну, Iэмалыншэу гуп яхыхьамэ, метррэ ныкъуэрэ — метритI нэхърэ нэхъ гъунэгъу зызэхуамыщIыну.
  • КъищынэмыщIауэ, медицинэм и лэжьакIуэхэм фигу къагъэкIыж коронавирус узыфэм зэрыпэщIэт вакцинэр Iэмал имыIэу зэрызыхегъэлъхьапхъэр, и чэзур къэсмэ, ар аргуэру зыхегъэIун зэрыхуейр.
  • * * *
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым щолажьэ COVID-19 узыфэр пкърыту гурыщхъуэ зыхуэзыщIыжахэмрэ ОРВИ-м и нэщэнэхэр зиIэхэмрэ я щытыкIэр къыщапщытэ икIи щеIэзэ амбулаторэ центрхэр.
  • А медицинэ IуэхущIапIэхэм сымаджэхэм къыщоплъ, терапевтым, педиатрым я чэнджэщхэр къыщрат, КТ, ЭКГ къэхутэныгъэхэм япкъ иткIэ экспресс-тест къэпщытэныгъэр щащI.
  • Хуей хъумэ, амбулаторэ центрым и лэжьакIуэхэм хуатхынущ зэрызагъэхъужыну хущхъуэхэр, жэщ-махуэ имыIэу медицинэ кIэлъыплъыныгъэ хуэныкъуэхэр сымаджэщым ягъэгъуэлъынущ, щыпсэу щIыпIэм щылажьэ участковэ дохутырым и деж лейуэ тримыгъазэуи.
  • Центрхэр пщэдджыжьым сыхьэти 8-м къыщыщIэдзауэ пщыхьэщхьэм 8 хъуху мэлажьэ, зыгъэпсэхугъуэ ямыIэу. Абы ущыкIуэкIэ паспортыр (сабийхэм — къызэралъхуам и щыхьэт тхылъыр), ОМС полисыр, СНИЛС-р пIыгъын хуейщ.
  • ЗэрызапыфщIэну телефон номерхэр:
  • Зыуэ щыт «122» номерыр
  • Налшык дэт къалэ клиникэ сымаджэщ №1-м — 8(8662) 93-01-57
  • Налшык дэт къалэ клиникэ сымаджэщ №2-м — 8(928) 075-34-56
  • Бахъсэн къалэм дэт район сымаджэщым — 8(928) 693-44-54
  • ЩIыналъэхэм зэдай, узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр зыпкърытхэм щеIэзэ сымаджэщым и къудамэу Анзорей къуажэм щыIэм — 8(996) 330-35-20
  • Прохладнэ къалэм дэт район сымаджэщым- 8(902) 492-89-20
  • Нарткъалэ дэт, ЩIыналъэхэм зэдай, узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр зыпкърытхэм щеIэзэ сымаджэщым — 8(86635) 4-37-55
  • Республикэ сабий клиникэ сымаджэщым 8(8662) 93-01-19
  • Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI  Изэщ.