ЛIым я лейуэ Шырыхъукъуэ Дыгъужь
2022-01-22
- Зэгуэрым, Къашпсынэ щIыпIэм деж, нобэ Крымскэ жыхуаIэ станицэм и щIыбкIэ, щекIуэкIа зауэ гуащIэм хахуэу зыщызыгъэлъэгъуа Шырыхъукъуэ Дыгъужь и зыгъэзэкIэр зи нэгу щIэкIахэм хьэлэмэтлажьэ къащыхъуат. Бытырбыху къикIауэ зы дзэпщ лъэрызехьэ гуэр абдеж щыIэти, кIэлъигъэкIуащ, Къашпсынащхьэ деж дыщызэпсэлъэну къыдэкI, жиIэри. Дыгъужь мыхъун къыхигъэкIакъым, къыхуаIуэхуа пIалъэм ирихьэлIэу Псынащхьэм къекIуэлIащ. Урыс дзэпщым лIыхъужьыр къилъытащ, къигъэфIащ, пщIэ зэрыхуищIыр къыхэщыуи купщIафIэу къепсэлъащ.
- — Пащтыхьым и дзэм кIэ ептыну жысIэркъым, ауэ си зы зауэлI гуэрым и шэ уэ пхуэдэлI зэрихьынур гукъеуэ сщохъу, — жиIащ дзэпщым. — УзыфIэмыкIынум зегъэзэгъи, къытхыхьэ. ЩIы уэстынущ, унэ пхуисщIыхьынущ, ауэ къахэкI мыбыхэми, дэ къытхыхьэ, зумыгъэукI. Хьэуэ, жыпIэрэ, Истамбыл икIыж…
- — Уи зауэлIхэм я шэм сихьыну жысIэркъым, — жиIащ Шырыхъукъуэ Дыгъужь. — Си псэ пытыху сыкъызыхэбгъэкIыну лъэпкъым и гъусэу сызэуэнущ. Лъыуэ дгъажэм хуэдиз къару дызытет щIым къытхелъхьэж. Сыт жысIэу сызэрепцIыжынур? Напэр-щэ? Сыкъэзылъхуа адэ-анэр дауэ хъуну? Лъэпкъым дапхуэдэу сыкъызэрыщыхъунур?
- Ар жиIэри, Дыгъужь къызыхимыгъэщын и гугъами, хущIэуфакъым, зылъэгъуахэм яIуэтэжащ: и нэпс къудамэ къыщIэжащ. Адыгэхэм «цIыхухъу нэпс» жаIэ. Апхуэдэт ар — зилыгъуэжу, узыпхрисыкIыу, гуащIэу. Дунеижьыр зэуэ щым хъуат, жаIэ, зы пси щымыдымыжу зызэщIаущэхуат. Дзэпщыр Шырыхъукъуэ Дыгъужь къеплъри, жиIащ:
- — Уэ уи лIыгъэм хуэдэ зыхэлъ дэ дгъуэтынкъым, ауэ пкIуэцIылъ гум хуэдэ зыкIуэцIылъу цIыхуипщI диIатэмэ, мы дызыхэт къэзэуатми дыхэтынтэкъым, мыпхуэдиз лъыгъажи дгъэжэнтэкъым. Ущхьэхуитщ, Дыгъужь, гъуэгу махуэ!
- Дзэпщым къызэриIуэхуар мышынэу Шырыхъукъуэм жезыIэфам я цIэри тхыдэм къыхэнащ: АхэджакIуэ Талъустэн, Бастэкъуэ Нэгъуей, Емызэгъ Хьэсэн сымэщ.
- Адыгэ хъыбарыжьхэмрэ тхыдэжьхэмрэ фIыуэ щыгъуазэу, уэрэд бжыгъэншэхэр гукIэ къезыхьэкIыу дунейм тета нэхъыжьыфI, къэIуэтэжакIуэ цIэрыIуэ АкIэIу Пэзадэ, хущIыхьэгъуэ щигъуэткIэ, и щIэныгъэм щыщ гуэрхэр и къуэрылъхухэм щаригъэтхыж къэхъурт. НобэкIэ а Iэрытххэр лъэпкъ щIэныгъэм и къигъэхъуапIэщ жыпIэмэ ущымыуэну лъапIэщ, и нэхъыбэри КIэрашэ Тембот и цIэр зэрихьэу Мейкъуапэ дэт гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым и архивым щахъумэ. КъыщыщIэбдзэнур умыщIэу гъэщIэгъуэн защIэщ АкIэIум къыщIэна Iэрытххэр. Зым и дежи нобэ щызэхыумыхыжын къуажэ хъыбархэм щегъэжьауэ зи хуэдэ щымыIэ нарт пшыналъэхэмрэ тхыдэжьхэмрэ щыщIэкIыжу абы хэмылъ щIагъуэ щыIэкъым, дэтхэнэри лъэпкъым игъащIэ лъандэрэ къыдэгъуэгурыкIуэ гъэсэпэтхыдэхэмрэ ущиехэмкIэ гъэнщIащ, тхыдэ щIэныгъэми лъагъуэхэш хъарзынэ хуохъу.
- Зэгуэрым АкIэIу Пэзадэ уэршэракIуэ къыхуэкIуа и гъунэгъу щIалэхэр къелъэIуат Урыс-Кавказ зауэм хэтауэ, зэрихьа лIыхъужьыгъэмкIэ адыгэм и щIэж къыхэнэн хуейуэ яхуигъэфащэу цIыхуищэм я цIэ къриIуэну. КъызэраIуэтэжымкIэ, Пэзадэ щIалэхэр куэдрэ зригъэлъэIуакъым, кърибжэкIыну лIыхъужьхэм я цIэри хэплъэу зригъэзэхуакъым. Жьы Iурыхьэгъуэ имыхуэу, Пэзадэ адыгэ лIыхъужьищэрэ зым я цIэр зэкIэлъигъэкIуауэ щытащ. Мы тхыгъэр зытеухуа Шырыхъукъуэ Дыгъужь и цIэр ещанэу къриIуэгъат Пэзадэ. Адыгэ тхыдэм лъэужьышхуэу къыщызыгъэна Шырыхъукъуэ Дыгъужь и цIэр къэгъэнауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, и IуэхущIафэхэр зыхуэдам, лIыхъужьыгъэу зэрихьам теухуауэ иджырей щIэблэм ищIэ щыIэкъым. Апхуэдэу щыт пэтми, адыгэ лIыхъужь уэрэдхэми, къебжэкIхэми, усэхэми куэд дыдэрэ къыхохуэ. Дыгъужь и цIэм ущрихьэлIэр хэгъэгу тхыгъэхэм я закъуэкъым, атIэ абы и гугъу къыщыхощ хамэбзэкIэ тха тхыгъэхэм, къэрал тхылъымпIэхэм, ди щIыналъэм къэкIуэгъа тIасхъэщIэххэм я гукъэкIыжхэм.
- Адыгэ Хэкум илъэсищкIэ ита инджылыз сатуущIэ цIэрыIуэ Белл Джеймс и нэгу щIэкIахэм ящыщу нэхъ хьэлэмэтлажьэ къыщыхъуахэр щитхыжа и тхылъым мыпхуэдэу щыжеIэ: «Зи сщыгъупщэркъым Шырыхъукъуэ Дыгъужьрэ Жамболэтрэ я хъыбарыр. ЗауэлI щитху хъу пащтыхьыдзэм уащхъуэдэмыщхъуэу къатеуэу хьэлэчыпцIэр зэрыхалъхьам, езыхэри а зауэм хэкIуэда къафIэщIами, зы уIэгъэ ятемылъу зэрагъэзэжам и хъыбарыр Пщадэ къикIыжахэм къытхуаIуэтэжащ», — жери.
- НэгъуэщI щIыпIэм деж Белл щетх: «Урысыдзэр зытес пщыIэм гъунэгъу къыхуэхъу адыгэ шур къыщыслъагъум, егъэлеяуэ згъэщIэгъуат. Фочауэгъуэ хуэдиз фIэкIа къэмынэжу дзэ пщыIэм къэблэгъа шууейм зэуэ зыщIидзри, топибл здэщыту къэслъыта утыкум къыщепсыхащ, къыпэплъэ шынагъэри хъымпIар имыщIу абдеж хуэмурэ ирикIукIыу хуежьащ. Шууейм Iэгъуэблагъэр къихутэу арат. КъызэрыщIэкIамкIэ, ар Шырыхъукъуэ Дыгъужьт… Шууейр лIы ест, тIэкIу мащIэу лъапэ лъагэу пIэрэ жыпIэну, и зыIыгъыкIэм зэрышыщхьэмыгъазэр къыхэщырт, и нэгум гупсэхугъуэ гуэр зэрилъыр плъагъуу зэгущт, ищIэ IуэхумкIэ и щхьэм дзыхь зэрыхуищIыжыр плъагъуу мыпIащIэ-мытхъытхъыу утыкум щрикIукIырт. Апхуэдиз тегушхуэныгъэ зыхэлъ лIым сыздеплъым «Аслъэным и гур зыкIуэцIылъкIэ» дызэджэ ди пащтыхь Ричард сигу къэкIыжащ, сарацинхэм мышынэу япэщIэувар зыхуэдэр си нэгу къыщIэзгъэхьащ».
- Адыгэр зыгъэгушхуэу къэзакъыр зыгъэгухэу щыта Шырыхъукъуэ Дыгъужь 1799 гъэм Нэтыхъуей щIыналъэм хыхьэ Джэчпсынэ къыщалъхуащ. Езыри лъэпкъкIэ Къарзэджхэ ящыщт, нэтыхъуей уэркъ унагъуэм къыхэкIат. Къарзэджыр уей-уей жезыгъэIа адыгэпщ Индэрокъуэ Мыхьэмэт и малъхъэу щытащ. А зы закъуэм къегъэлъагъуэ Шырыхъукъуэм хыхьэ-хэкIышхуэ иIэу, пщIэ лей къыхуащIу зэрыщытар.
- Шырыхъукъуэ Дыгъужь и щIалэгъуэ пасэм къыщегъэжьауэ зауэм хэмыкIыу ихьащ. ЗэуапIэм Iухьамэ, ЕщIэнокъуэ зэшитIым пащIырт, и шыкIэм мафIэр егъэуа къыпфIэщIу дзэм ипэ иту сыт щыгъуи зауэрт, пащтыхьыдзэм иубыда щIыгухэр къаIэщIихыжын щхьэкIэ, къыщIикIуэтын щымыIэу хэти ебгъэрыкIуэрт. Бийм джатэихакIэ щахыхьэм деж Шырыхъукъуэ Дыгъужь къэзыгъэувыIэн щымыIэу псэхэх шынагъуэт, гъэр зэтращIахэр щхьэхуит къищIыжын щхьэкIэ бийм кIуапIэ езымыт лIы бланэт. Зауэр щынэхъ гуащIэу псэзэпылъхьэпIэ бзаджэ щыхъум нэсу, хьэдэгъуэшэрэ удынымрэ езым япэ зылъигъэсу, ныбжьэгъухэмрэ щауэгъухэмкIэ сакъыу къекIуэкIащ Шырыхъукъуэр.
- Уэрэдхэм языхэзым мыпхуэдэу щыжеIэ: «Лъыуэ щIэкIым джанэр егъэф, мы мелыIычмэ унафэр къызэхалъхьэ, и псэ закъуэм укъылъимыхьамэ, КъурIэн-Iэмдэчхэр дгъэзэнкIэ ди псалъэт», — жиIэу. АпхуэдизкIэ цIыхур абы и псэм тегужьеикIауэ, дэкIамэ, къыдыхьэжыну пIэрэ жаIэу псори пэплъэу щытащи. Дауи, бийм шынэ техьэгъуэр езыт лIым гу кIуэцIымылъамэ, лъэпкъми лъагъуныгъэ къыхуищIыну къыщIэкIынтэкъым. Сыт хуэдиз имыпхъэшагъми, Шырыхъукъуэ Дыгъужь цIыхухэмкIэ гумащIэт, нэхъыжьхэм гулъытэ лей яхуищIырт, и лIыгъэрэ и уэркъыгъэрэ къемыпсэлъыхыу псори зэхуэдэу илъытэрт. Зи псэ емыблэж лIыхъужьым и цIэр уэрэдхэм къыхэхуэ къудейкъым. Абы хуэдэу сатыр купщIафIэхэр зыхухаха куэд щыIэкъым. Лейуэ щытхъуу, лейуэ къыхэщу апхуэдэщ Шырыхъукъуэ Дыгъужь и цIэр «Абатэ Беслъэней и уэрэдым», «Шапсыгъ лIыхъужьхэм я гъыбзэм», нэгъуэщI уэрэдыжьхэми.
- Ауэ, хьэлэмэт дыдэр аращи, Шырыхъукъуэ Дыгъужь и лIыхъужьыгъэр щхьэхуэу къэзыIуатэ уэрэд джэгуакIуэхэм хузэхалъхьауэ къыщIэкIащ. А уэрэдыр адыгэ узэщIакIуэ СулътIан Кърымджэрий 1866 гъэм «Кубанские войсковые ведомости» газетым къытрыригъэдзат. УзэщIакIуэм абы зэрыщыжиIэмкIэ, и унэ кIуэжу гъуэгу здытетым Джэчпсынэ дыхьэн хуей хъуат. Абдеж ар Шырыхъукъуэм иригъэблагъэри, къигъэхьэщIащ, къигъэфIащ. Къарзэджхэ я хьэщIэщым нэху щыхукIэ щыжаIа псоми Кърымджэрий нэхъ игу ирихьауэ, и гум зыпхидзауэ къыхигъэщар бысымым хуауса уэрэдырщ. «Илъэс 30 хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ, яусауэ щыта уэрэдыр гъэщIэгъуэнт. Аслъэным и хабзэр зи щэну къэпсэуа лIым абы лъандэрэ игъэхъам иджыри зы уэрэдтэкъым тебгъэIукI хъунур, апхуэдизкIэ ар джатэрыхахуэу, шыщхьэмыгъазэу дунейм тетащи», — етх узэщIакIуэм. Дыгъужьыкъуэ теухуа япэ тхыгъэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIари аращ.
- Ди жагъуэ зэрыхъунщи, тхыбзэ дызэримыIам и ягъэр мыбдеж къыщыдэкIащ. Уэрэдыр урысыбзэкIэ зэдзэкIауэщ дунейм къызэрытехьар. Апхуэдэу щыт пэтми, Шырыхъукъуэм и уэрэдыр зэIэпахыу, хьэщIэщ пшыналъэу зэрыщытам и щыхьэтщ ар 1925 гъэм къэIуэтэжакIуэ цIэрыIуэ дыдэу адыгэхэм къахэкIа Къэзанш Пэдыс яригъэтхыжауэ жиIэу Краснодар къыщыдэкI «Лъахэхутэ» щIэныгъэ журналышхуэм хъыбар къызэритар. Ауэ а уэрэдым и текстри нобэр къыздэсым утыку къихьакъым. ЗэкIэ дызыщыгъуазэр Кърымджэрий къытрыригъэдзауэ щыта текстым усакIуэ Бэрэтэрэ Хьэмид трищIыкIа зэдзэкIыгъэрщ. Ар къэбэрдей адыгэбзэм нобэ япэу худогъакIуэ.
- Дзэ псом имыщIэн лIыхъужьыгъэ куэд Дыгъужь и закъуэу ищIащ, ауэ кIэи ухи зимыIэ пащтыхьыдзэр къызэтригъэувыIэн адыгэм хузэфIэкIакъым. Щхьэусыгъуэхэри гурыIуэгъуэщ. Гъэр защIын ялъэкIакъым апхуэдиз лъыр зыгъэжахэм, насыпыншагъэр щыз гъуэгум теуващ — щалъхуа лъахэр ябгынащ. Нэтыхъуей хэкур щызыIэщIалъхьэм, лъэпкъми къыхэнэж щIагъуэ щымыIэу зэтраухэ щыхъум, нэтыхъуейхэм Щыгъуэ хасэкIэ зэджа зэIущIэр зэхуашэсащ. Нэхъыжьхэм а хасэм и гугъу щащIкIэ, я пыIэр зыщхьэрахырт, я блэгущIэм щIалъхьэрти, щыгъуэ нэгуу къызэфIэувэу щытащ. Щыгъуэ хасэм Хэкум икIыжыну унафэ къыщащтащ. А унафэр къэзыщтахэм япэрыуэфакъым Шырыхъукъуэри. Зы къуажэ закъуэ фIэкIа къэмынэу, нэтыхъуейхэм къахэнэжа тIэкIур 1864 гъэм Тыркум икIыжауэ щытащ. ХамэщI къыщыхутахэм мащIэ бэлыхьи ягъэвакъым, ауэ, дэнэ ущымыIэми, зыпхъумэжын хуейкъэ, Дыгъужь и лъэпкъэгъухэм бгъащхъуэу ящхьэщытащ, я Iуэху зэрыдэкIынумрэ тыншыпIэ зэрагъуэтынумрэ я Iэмалхэр къилъыхъуэу.
- Шырыхъукъуэ Дыгъужь зыхыхьахэм я унафэри къищтакъым, абы и шынагъэри тыркухэм ялъэIэсу щытащ. Дыгъужь и хъыбарыр иджыри куэдрэ хэкужьым къылъэIэсу екIуэкIащ. И ныбжьыр илъэс 80-м щхьэдэхауэ шыбгым ису и дунейр ихъуэжащ. Пэжми пцIыми хэт жиIэн, ауэ зэрылIэнур къызыгурыIуа Дыгъужь андез ищтэщ, Тхьэм и закъуэныгъэр къызыхэщ шэхьэдэр жиIэри, и гупэр щалъхуа хэкумкIэ гъэзауэ тIысри и псэр хэкIащ…
- Укъыщалъхуа Хэкум щумыгъуэта насыпыр хамэ щIыпIэм щыбгъуэтынт? Уи лъэпкъ имыIэ насыпыр уи щхьэ закъуэкIэ уиIэнт? Шырыхъукъуэ Дыгъужь хэкулIэ лIэуэ дунейм ехыжащ. Ауэ сыт хуэдэуи щрет, лIыуэ дунейм тетащ, лIы хуэдэуи дунейм ехыжащ, и цIэр нэхъыжьхэм дахэкIэ къраIуэу, щIалэхэм я гур ипхуъатэрэ лIыгъэм хуигъэушэу. Апхуэдэущ а лIы щыпкъэр адыгэм и уафэгум зэритынури — вагъуэ мыкIуэсэжущ.
- Мыбдеж къыщыхэгъэщыпхъэщ Шырыхъукъуэр Тыркум зыбжанэрэ зэрыкIуар, сулътIаным и къуэлыкъущIэхэм мызэ-мытIэу зэрахуэзар. Сыт хуэдизрэ мыкIуами, Дыгъужь хэкур зи плъапIэ, и пащхьэ къралъхьэ фIыгъуэхэм зезымыгъапцIэ лIы щыпкъэу зыкъигъэлъэгъуащ. Ар уэрэдми къыхощ.
- Дуней нэхур зи махуэ,
- Мы махуэм и уахътэри зи дахагъэ,
- ЛIыгъэм и щIэгъуэм пэрыт,
- ЗыщыщкIэ уэркъ лъэрыхь,
- Ар хэт жыпIэмэ, —
- Шырыхъу и къуэкIэ ди Дыгъужьщ.
- ЛIыхъужькIэ зы къыхуэмыт,
- Дыгъужь и гъащIэ лъагъуэр
- Мазэгъуэ жэщым щылъэщщ,
- Зэш лIыфIхэр и гъусэщ,
- Сатыр мыукъуэу къыгуэтщ.
- Уэ, ныбжьэгъу-щауэфIхэр къыгуэтщ,
- И лIыгъэм къефыгъуэр и бийщ,
- Уэ, я фыгъуэ мафIэми хесхьэж,
- Уэ, яхуэмыхъуурэ къыщотхъу!
- Шырыхъу и къуэр щхьэ лъэщщ,
- ЩэкIым и дахэр ещэху,
- Гуащэм и нэхум къыхурегъашэ.
- Ауэ махуаехэр къылъоIэс,
- Уэ, зауаем хелъасэ,
- Къылыштыкум ар къос,
- Лъэсым къатожри псы уэрым хохьэ,
- ПщIэгъуалэр псынщIэу къосыкI,
- Уэ, гъусэ къыхуэмыхъугъэхэр
- Быгъуркъалэм къыдэнауэ дэсщ.
- Уэ, ар лIы мысэу къыщIэкIащ,
- Уэ, ар лIы мыгъуэу къыхэщащ.
- Уэ, Шырыхъу и къуэкIэ ди Дыгъужь,
- ЛIым я лейуэ ди лIыхъусэжь,
- Урысхэм я пщыпIэр быдэр
- Ра, шы лъабжьэкIэ зэхекъутэ,
- И джатэ Iэпщэр ехуз,
- Бзухэм я нэхъ псынщIэри щIэмыхьэ,
- КъылъэщIыхьэ щымыIэу урыс
- дзэпщым щхьэщохьэ.
- Ра, урысыр зэрыс щIыпIэм ирегъэкI,
- Уэ, къэзакъхэм я тIысыпIэр
- ирегъэбгынэ,
- Уэ, дзэ щтар и пIэм ирегъэкI,
- Уэ, адыгэ гъэрхэр къешэж,
- Ар езыр хэтхэ ящыщ жыпIэмэ, —
- Шырыхъу и къуэкIэ ди Дыгъужьщ.
- Дыгъужьым и хъищэр
- Быгъуркъалэм нос,
- И цIэфIхэм ар дыщэ къалэм къегъэс,
- Хьэсэн-хьэжым и къуэшу зыкъещI,
- И лъхугъэм пищIу къелъытэ,
- Истамбылыжьым кхъухькIэ яшэ,
- СулътIаным и сэрейм дашэ,
- Сэралым гуапэу къыщыпыкъуокI,
- Дыщэмрэ дыжьынымрэ
- кърагъэщэщэх.
- Шырыхъу и къуэкIэ ди Дыгъужьыр
- ЕIэбыхыу зы IэмыщIи къимыщтэ,
- Дыщэплъми дыжьыныгъуэми
- хуемыплъэкI.
- Шырыхъукъуэм Истамбылыр
- къыхуэчэфщ,
- Чэф зэпымыужыр сэрейм щызэхэтщ,
- Ауэрэ лIыр мэзэш,
- Зэшыгъуэр лIыгум къокIуащэ,
- Къыщыхъуа хэкум къэкIуэжыну
- къохъуапсэ.
- Уэ, Сералым дэсхэр къызэхуос,
- Кхъухь тедзапIэм къагъэс,
- IыхьэфIхэр къыхурахьэлIэ,
- ЛIыхъужьыр къагъэкIуэтэж,
- Абы тету лIыфIыр къокIуэж.
- Уэ, Шырыхъу и къуэкIэ ди Дыгъужь,
- Зыщыщ хэкум и гупсэ,
- Псэм пищI и щIыгум къохьэж.
- Шырыхъукъуэ Дыгъужь ехьэлIа къэхутэныгъэ иджыри идогъэкIуэкIри, «Адыгэ псалъэ» газетым и къыдэкIыгъуэхэм языхэзым абы фыкъыщеджэ.
- ТАБЫЩ Мурат,
- «Адыгэ псалъэ» газетым
- и щIэныгъэ обозреватель.