ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2022-01-22

  • Куэд зи гугъэм сыту и насып!..
  • Къэбгупсысымрэ гукъэкIыжымрэ зэхэбгъэгъуащэу щIэбдзамэ, утхэну и чэзур къэсащ — художественнэ литературэр абдежщ къыщежьэр.
  • * * *
  • Мы дунейм гухэхъуэшхуэ къуиту гъэщIэгъуэн къыпщыхъун, удэзыхьэхын тумыгъуатэмэ, уэ езыр узэрыкупщIэншэ-мыхьэнэншэр шэч зыхэмылъыжщ: иджыри зыгуэр гъэщIэгъуэн, телъыджэ къыщыпщыхъумэ — уи насыпщ, уи акъылым зэрыхэхъуэм, псэкIэ зэрызыбужьым и нэщэнэщ.

  • * * *
  • И диваным илъу, телевизор здеплъым, дэтхэнэми дуней псор зэрегъэзэхуэф, псори ещIэ — сыт хуэдэ министерствэри нэхъыфIу зрихьэфынущ, уегуакIуэмэ, къэралым и президент хъуфынущ!.. Куэд зи гугъэм сыту и насып!..
  • * * *
  • «НэгъуэщIым и щыщIэныгъэхэр сэтей щIыныр, пцIы телъхьэныр, хуэпсэлъэныр, тецIыбыхьыныр, и къупщхьэлъапщхьэр гъэлыныр, убыныр, хьэм егъэхьыныр, зыхуэмыфащэм щытхъупсыр къегъэжэхыныр, хабзэншагъэ-нэмысыншагъэ, икIагъэ лэжьыныр мы ИлъэсыщIэм щыгъэтыжын хуейщ», — жи. Елърэ абы жиIэр! Апхуэдэу гущIэгъуншэ-лыузыншэу ущыт хъурэ?.. Гъэ псом ахьмакъхэм — псэкIэ зызымыужьа лIы мыхъухэм — ебгъэщIэнур сыт-тIэ, Iуэхуншэу, хущхьэ-щатэу щыбгъэсыну ара?!
  • * * *
  • НэгъуэщIхэм къагъэщIар бубыну нэхъ тыншщ, уэ езым зыгуэр къэбгъэщI нэхърэ, сыту жыпIэмэ зыгуэр къыщыбгъэщIкIэ — угупсысэн хуейщ, ущыубэкIэ — уи жьэм къекIуар жыпIэу ара къудейщ.
  • * * *
  • Сыкъэзылъагъу мыхъухэм я нэ пыджэхэм куэдрэ сыфIохуэ, къысхуатI мащэхэми сыщихуэ къохъу. Ауэ гу хьэлэл-псэ къабзэу сыт щыгъуи захуагъэм и телъхьэ цIыху мащIэхэм я нэм къащIих хуабагъэ-гуапагъэм сыкъыдахыж, си гур пхъашэ, щIыIэ мыхъуу.
  • Хьэту Пётр.
  • Лэпс зэщIэт, джэдыл,  прунж, кIэртIоф хэлъу
  • Джэдыл зэпкърыхар ятхьэщI, шыуаным иралъхьэ, псы щIыIэ щIакIэри тхъурымбэр къытрахыурэ зэ къытрагъэкъуалъэ. МафIэр цIыкIу ящI, шыуаныщхьэр трапIэри ягъавэ дакъикъи 10 — 15 хуэдизкIэ. ИтIанэ шыгъу хадзэ, прунж лъэсар зэIащIэурэ хакIутэ, тхъурымбэр къытрахыурэ дакъикъи 7 — 8-кIэ ягъавэ. ИтIанэ зэпэплIимэ цIыкIуурэ упщIэта кIэртIофыр халъхьэ, зэIащIэурэ зэ къытрагъэкъуалъэ. МафIэр щабэ ящI, шыуаныщхьэр трапIэри хьэзыр хъуху — дакъикъэ 20 — 25-кIэ ягъавэ.
  • Хьэзыр хъуа хьэнтхъупсыр пэшхьэкубгъум трагъэувэ, бжьын гъэлыбжьа традзэ, шыуаныщхьэр трапIэри дакъикъи 5-6-кIэ щагъэт, нэхъ IэфI къыщIыхьэн щхьэкIэ. Iэнэм пщтыру, зэрызэщIэту фалъэ куукIэ трагъэувэ. Къуэнтхъурей трагъэщащэ. ЩIакхъуэ дашх.
  • Халъхьэхэр (зы цIыху Iыхьэ):
  • джэдылу — г 150-рэ,
  • псыуэ — г 700,
  • прунжу — г 20,
  • кIэртIоф укъэбзауэ — г 60,
  • къуэнтхъурейуэ — г 15,
  • шыгъуу — узыхуейм хуэдиз;
  • бжьын гъэлыбжьам:
  • тхъууэ — г 20,
  • бжьыныщхьэ упщIэтауэ — г 20,
  • шыбжий сыру — узыхуейм хуэдиз.
  • Къубатий Борис.
  • Уахътыншэ
  • ГъащIэр зэзгъэщхьыр тхылъышхуэ гуэрщ, езы цIыхум итхыжрэ къыдигъэкIыжу. Ауэ ар хьэзыр, нэщIыса щыхъур дунейм уи щIыб къыщыхуэбгъазэрщ, иужьрей точкэр щыбгъэувыр уи гъащIэ Iыхьэр щыбух дакъикъэрщ. Ди Тхьэшхуэрщ редактор нэхъыщхьэ а тхылъым хуэхъур, абы иIэнкIэ хъуну сюжетри зи IэмыщIэ илъыр аращ.
  • Сурэт щхъуэкIэплъыкIэхэмкIэ гъэнщIауэ къыщIидзынуми, псэр зыгъэжабзэ, гур зыгъэгъу теплъэгъуэхэм уащыхуэзэнуми, таурыхъ хьэлэмэтыщэу и кIыхьагъкIэ щIэбджыкIынуми е нэпс шыугъэкIэ напэкIуэцI куэд бгъэнщIынуми — зыкъомкIэ зэлъытар тхылъыр зытхырщ.
  • Нэмытхыса хъуа тхылъым и напэкIуэцIхэм дерс къызыхахын ирагъуатэрэ упэмылъыщу пфIызэрадзэкIмэ, тIэунейрэ уи кIэн къикIащ. Аращ дэтхэнэ зы авторми и хъуэпсапIэр. НэхъыбэжкIэ Алы-хьым и нэфIыр къыщыпщыхуар тхылъыр къахуэбгъанэрэ уэ ущамыгъуэтыжым и деж абы и напэкIуэцIхэм ириплъэж, щIэзыджыкIыж, уи цIэр фIыкIэ зыгъэIу уи ужь къинамэщ. Апхуэдэ тхылъ щхьэпэ дунейм къытезынэ цIыхум и псэр уахътыншэщ, и IэдакъэщIэкIымрэ и гуащIэдэкIымрэ лIэщIыгъуэкIэрэ лъэпкъым къыдокIуэкI, и акъылыр иригъэлажьэу, и дуней гъащIэм гъуэгугъэлъагъуэ къыщыхуэхъуу.
  • Жамбэч Рабия.
  • Мис аращ-тIэ…
  • ЩIалэ цIыкIур автобусым ису макIуэ. Абы зы лIыжь къыщхьэщытщ. Зыкъомрэ кIуа нэужь, ар лIыжьым йоупщI:
  • — Дадэ, уи лъакъуэр узрэ?
  • — Iей дыдэу мэуз, си щIалэ цIыкIу.
  • ТIэкIу докIри, аргуэру йоупщI:
  • — Дадэ, уэ ущыцIыкIум щыгъуэ укъэтэджурэ нэхъыжь-хэм тIысыпIэ ептрэт?
  • — Ахьей естрэт!
  • — Мис аращ-тIэ уи лъакъуэр щIэузыр!
  • Джэду цIыкIу
  • Джэду цIыкIуу щабэрыкIуэ —
  • Цым — цым — цым …
  • Пщэдджыжьым си деж къожэ,
  • СодэхащIэ — мэгъурнау —
  • Нау-нау-нау…
  • Джэду цIыкIуу щабэрыкIуэ —
  • Цым — цым — цым …
  • Шэ шейщIэткIэ сэ изот,
  • Зыкъысщехъуэ — мэгъурнау —
  • Нау-нау-нау…
  • Джэду цIыкIуу щабэрыкIуэ —
  • Цым — цым — цым …
  • Дызэгъусэу топ доджэгу,
  • ЗигъэщIагъуэу — мэгъурнау —
  • Нау-нау-нау…
  • Джэду цIыкIуу щабэрыкIуэ —
  • Цым — цым — цым …
  • Мэзэраныр, мэкъуейщIей,
  • Сешхыдамэ — мэгъурнау —
  • Нау-нау-нау…
  • Джэду цIыкIуу щабэрыкIуэ —
  • Цым — цым — цым …
  • Жэщыр хъумэ, си пIэм мажэ,
  • Зеукъуэдийри — мэгъурнау —
  • Нау-нау-нау…
  • Хьэщыкъуей Олег.
  • Лъэпщ и ХьэпцIей кIуэкIэ
  • Лъэпщ и цIэу Алъхъохэ пщылI гуэр яIэт.
  • — Пщэдей ХьэпцIей узгъэкIуэнущ, Лъэпщ! – жиIащ пщым.
  • «Пщэдджыжь сыщыкIуэнукIэ, ныжэбэ сыкIуэрэ сыкъэкIуэжмэ, щхьэ мыхъурэ!» — жиIэри Лъэпщ жэщым ХьэпцIей кIуэри къэкIуэжащ.
  • Пщэдджыжьым Лъэпщыр пщым къриджэу ХьэпцIей щIэкIуэнумкIэ унафэ щыхуищIым:
  • — Уэлэхьэ, зиусхьэн, а жыхуэпIэм ныжэбэ сыкIуэри сыкъэкIуэжамэ, — жиIащ Лъэпщ.
  • ПщIэншэрыкIуэу хьэулейм     хужаIэ.
  •  
  • Псалъэзэблэдз
  • ЕкIуэкIыу: 1. Адыгэ бзылъхугъэ уэрэджыIакIуэ. 3. ЦIыхубзхэм зыкIэралъхьэ хьэпшып цIыкIу. 5. Шым и кIуэкIэ. 7. КIэкъинэ. 9. Пхъэщхьэмыщхьэ. 12. Абы тутын иракIутэри ирофэ. 13. … и щIагъ нанэ щыIэкъым. 15. … гъущэрылърэ фыз игъэплъа лIырэ. 16. Совет Союзым и ЛIыхъужь Иуан … 18. Нартыху хъумапIэ. 20. Хъарбыз … е ерыскъым щыщу нэхъ IэфI дыдэр. 21. Къуршым, бгы зэпыт ирикIуэм я щыгу.
  • Къехыу: 1. Къазым ещхь псым щес къуалэбзуушхуэ. 2. «Щихухэр иджыри … » — Къэрмокъуэ Мухьэмэд цIэрыIуэ зыщIа повесть. 3. Джэдум зэрыхуилъ псалъэ. 4. Нало Заур и япэ IэщIагъэр. 6. ТхакIуэ Мэзыхьэ Борис и къуажэ. 8. ТепщэкI IупщIакIэ. Е зыгуэрым и гъунэ. 9. Павлиным адыгэбзэкIэ зэреджэр. 10. Махъсымэм и щIэтIысыкI. 11. … псы кIэрыпщIэрэ? 14. Сабийхэр … IэшкIэкIэ зозауэ. 15. Шы щхьэц. 16. Къэбэрдей тхакIуэ. 17. ХьэщIэ лъапIэм хуаукI Iэщым апхуэдэу йоджэ. 19. ЩIыпIэ лъахъшэ.
  • Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
  • ЩIышылэм и 15-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
  • Къехыу: 1. Хуэхъунщ. 2. Гухэхъуэ. 4. Бжьэхуцым. 5. БжызоIэ. 11. Лъэсыр. 12. Ажэми.
  • ЕкIуэкIыу: 3. Гъэдахэ. 6. Бжьын. 7. Хъуэжэ. 8. ЩощIэ. 9. Тохуэ. 10. Бзэр. 11. Лъэхъа. 13. Жыжьэ. 14. ЖыIэ. 15. Выфэми.