ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Дунейми ахърэтми щинасыпщ  сакъыныгъэкIэ зекIуэфым

2021-12-28

  • Iэлхьэмдулиллахь. Нэхьмэдухьу уэ нэстэгьинухьу. Уэ нэстэгъфирухьу уэ нэтубу илэйхь. Уэ нэгьузу биллахьи мин шурури Iэнфусина уэ мин сэйиIати Iэгьмалина. Мэййэхьди Ллахьу фэ ла мудиллэ лэхь, уэмэйудлил фэла хьадийэ лэхь. Нэшхьэду Iэлла илахьэ иллэллахьэ ла шэрикэ лэхь. Уэ нэшхьэду Iэннэ Мухьэммэдэн гьэбьдухьу уэ рэсулухь. Аллахьуммэ щэлли уэ сэллим уэ барик гьэла Мухьэммэдин уэ Iэщхьабихьи Iэджмэгьиин.

  • Думыгъэгъуэщэну дынолъэIу!
  • Iэлхьэмдулиллахь! Алыхьу лъагэращ фIыщIэ зыхуэфащэри зыхуэтщIри. Алыхьу дыкъэзыгъэщIам къыдигъэхъулIауэ гу зылъыттахэми зылъыдмытэххами теухуауэ фIыщIэ худощI. Сыт щхьэкIэ? ФIыщIэ хуэфащэщи. Дэ гу лъыттэми лъыдмытэми, дэ тщIэми дымыщIэми, Алыхьу дыкъэзыгъэщIам фIыщIэ хуэфащэщ.
  • Апхуэдэкъэпсу «уэ нэстэгьиинухьу» жыдоIэ. Алыхьталэм дэIэпыкъуэгъуу дыщыгугъыу аращ димыгъэгъуэщэну, дыщимыгъэуэну, димыгъэлъэпэрэпэну, димыгъэхутыкъуэну, димыгъэжэкъуэну, димыгъэкъуэншэну, димыгъэбзэджэну, дэIэпыкъуэгъу къытхуэхъуну.
  • «Уэ нэстэгъфирухьу» — гъэгъуныгъэкIэ зыхуэдгъазэу аращ. «Ялыхь, дыщыгъуазэу длэжьаIами, дыщымыгъуэзэххэу мыхъумыщIэ гуэр къэдгъэхъуами, Уэр фIэкIа ГъэгъуакIуэ щыIэкъым. Зыныпхудогъазэри, къызэрытхуэбгъэгъун щытыкIэ гуэрым дишэ, дигъэувэ, къыдэгъэхъулIэ. «ФIы блэжьмэ, а фIым Iейхэр, мыхъумыщIагъэхэр егъэкIуэд», — жызыIар Уэращи, фIы длэжьыну, абы ди мыхъумыщIагъэхэр игъэкIуэдыну апхуэдэ увыпIэ дигъэувэ жыдоIэри, Алахьу Лъагэ ЛъапIэм гъэгъуныгъэкIэ долъэIу.
  • «Уэ нэтуубу илэйхьи». Тобэ къыхуэтхьыжу аращ. Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам еупщIахэщ сыт тобэр зищIысыр жаIэри. «Тобэр щIегъуэжыныгъэщ», — къажриIащ. ПщIам, блэжьам ухущIегъуэжамэ, абы къикIыр сыт? Сэ абы адэкIэ апхуэдэ злэжьынукъым, апхуэдэ мыхъумыщIагъэм жыжьэуи гъунэгъууи сыбгъэдыхьэнукъым жыбоIэри, тобэ хъужыр аращ. Ар япэ къэсым къехъулIэркъым. ЦIыху щыIэщ илэжьа мыхъумыщIагъэр бадзэ къытетIысхьам хуэдизу къимылъытэу. Тобэ къихьыжын, щIегъуэжын жыхуэпIэхэр и лIыгъэм къыпымыкIыу. ДымыщIэххэу дэри абыхэм дащыщынкIэ бетэмалщ. Зыгуэр къытфIэIуэху ди гугъэжу, ауэ къытфIэIуэхур мащIэ дыдэу. Махъшэм елъытауэ, и тхьэкIумэм хуэдизу. КъытфIэIуэхупхъэр къытфIэмыIуэхуу. Мис абы къыхэкIкIэ, Ялыхь, къытфIэIуэхупхъэри къытфIэгъэIуэху, гу лъыдгъатэ, дымылэжьыпхъэу длэжьа гуэрми длэжьыпхъэуи дымылэжьа гуэрми ятеухуауэ дыщIегъуэжащи, абы адэкIэ апхуэдэ къытщымыщIын папщIэ, дыкъэхъумэ, ар къыщытщымыщIын лъагъуэ гуэр къытхузэлъыIух, жыдоIэ.
  • «Уэ нэгьуузу биллахьи мин шурури Iэнфусина». Алыхьу дыкъэзыгъэщIам дыкъуоувэ, зыкъудогъапщкIуэ, дапхуэдэуи жыIэ. «Iэгьуузу» жыпIэмэ, укъихъумэну зыгуэрым укъуэувэн, ущыгугъын къикIыу аращ. Сыт дызыщихъумэнур? Дэ езым ди щхьэм, ди псэм дыщихъумэжыну аращ. «Нэфс» жыхуиIэжыр езы цIыхуращ, къапщтэмэ. Iэяту щыIэщ: «ФIы къывэхъулIэмэ, ар Алыхьталэм къывигъэхъулIэу аращ. Iей къыфщыщIмэ, ар фи щхьэм и ягъэкIэ, фэ къывбгъэдэкIыу къыфщыщIу аращ», — жеIэри. Ухуеймэ, ди нэфсым, ухуеймэ, ди псэм жыIэ, дэ езым ди ягъэжкIэ къытщыщI мыхъумыщIагъэхэм защытхъумэн, дэ зызыщытхъумэжыну Алыхьталэм и къуагъым дыкъуэувэу, хьэщIэ зыхуэтщIу аращ.
  • Апхуэдэкъэпсу «мин сэйиIати Iэгьмалина». ТщIэхэм, длэжьхэм, къэдгъэхъухэм яхэлъ мыхъумыщIагъэхэми, Ялыхь, дыщыхъумэ. Сыт тщIэхэм, длэжьхэм къахэкIыр? МыхъумыщIагъэ длэжьмэ, ар зэрымыхъумыщIагъэр нэрылъагъущи, абы къыхэкIынури, къыхэплъынури, къыдэкIуэнури, къигъэхъунури псори Iейщ. Ауэ фIы щыблэжьым дежи, сыт къэхъункIи хъунур? Псалъэм папщIэ, утеувауэ нэмэз уощI. Алыхьым къимыхькIэ, джаур утехъухьынкIэ хъунущ а нэмэзым. Уигу къэкIхэм, къэбгупсысхэм, узыхущIэкъухэм, пфIэхьэлэмэтхэм, пфIэбэлыхьлажьэхэм ятеухуауэ, а нэмэзыр пщыгъупщэжу, абы утети утемыти?! «Я нэмэзым тегупсысыкI, зыIэщIэгъупщыкIыж, нэмэзым хуэфащэу щымытыжыф», — жыхуиIэу зэхъурджэуахэр мис апхуэдэхэращ. Дэ фIы длэжь ди гугъэжу, ипэжыпIэкIэ къапщтэмэ, ар мыфIу.
  • ИкIэм-икIэжым Iуэхур зэкIуэлIэжыр сыт, мы къомыр къызэщIэпкъуэжа нэужь? Алыхьу дыкъэзыгъэщIам и нэфI къыпщыхуарэ уиузэщIыну, уиущиину, гъуэгу захуэ утригъэувэну мурад къыпхуищIамэ, зыхуебгъэщIыфамэ, уи насыпщи, уиузэщIынущ. Апхуэдэм деж уэ ущызыгъэуэжыфыни, узыгъэкъуэншэжыфыни щыIэжынукъым. Ауэ уиузэщIыну, уиущиину, гъуэгу захуэ утригъэувэну къыумылэжьамэ, абы ухущIэмыкъумэ, ухуэмеймэ, апхуэдэм деж натIэкIэ уриудэкIыурэ уи щыуагъэм уэ езым гу лъыуигъэтэжын щхьэкIэ, уигъэгъуэщэнущ, уигъэлъэпэрэпэнущ, уигъэбгъунлъэнущ. Апхуэдэм дежи Алыхьым фIэкIа узыузэщIыжыфын, гъуэгу захуэм укъытезышэжыфын щыIэнукъым. Аращи, Ялыхь, думыгъэгъуащэу, дыщумыгъауэу, думыгъэхутыкъуэу, гъуэгу захуэм дыхуэшэ, жытIэу аращ.
  • Ар зы джумгьэ махуэ къэмынэу, хъутIбэр къызэредгъажьэ духьэщ. Аркъудейр, а тIэкIур ди гъащIэм и хъуэпсапIэу, и плъапIэу тхъумэфу, зыхэдгъэлъыфу щытамэ, а тIэкIум дыкъригъэлынкIэ хъунут. Ауэ, уи жагъуэ зэрыхъунщи, цIыху цIыкIур щыуэным, гъуэщэным, бэлэрыгъыным, хутыкъуэным, лъэпэрэпэным хуэщIауэ дыщытщ. Алыхьталэм къабзэу, дахэу, гуакIуэу дыкъегъэщI, дыкъегъэуври, зэманым къриубыдэу мыхъумыщIагъэм хуэлъэ, щIэхъуэпс дохъу, шхур гуащIэ хъуным, нэгъуэщI шхыныгъуэ гуэр зэIыхьэным хуэщIауэ зэрыщытым ещхьыркъабзэу. Зэпэшэчэныгъэ гуэрым хэту и гъащIэр ихьу аращ апхуэдэу цIыху цIыкIум. ФIымкIэ щришэхи, IеймкIи щришэхи къыхуихуэу. Насып диIэмэ, фIымкIэ дыщебэр нэхъыбэу ди гъащIэр тхьынщ. Абы елэжьын, хущIэкъун хуейуэ аращ.
  • Сэ фIым  къыхузоджэ!
  • ЗэрыжысIауэ, цIыхур и щхьэ теплъэкъукIыжмэ, тIэкIунитIэ бэлэрыгъыу щыт-мэ, фIы илэжь и гугъэжурэ, утыкур щызэIищIэ, сабэ къыщигъэхъей, зэфIэнэжыныгъэ, зэрыхьзэрий жыхуаIэм хэхуэнкIи хъунущ. «ФитIнэ» хъужыр аращ: уи лIыгъэр, уи акъылыр, уи шым къижынур уэзыгъэгъэунэхуж Iуэхугъуэ. Iуэху гуэр уIуоуэри, ар уи акъылми, уи щIэныгъэми, уи шыIэныгъэми, уи зэпIэзэрытыныгъэми хузэмыгъэзахуэмэ, ущIопхъуэ, ухолъадэри, ар нэхъри нэхъыкIэжи-тIу зэIыбощIэ, абы и ягъэкIэ зыгуэрым ужьэхэуэн, уепыджын, уехъурджэуэн, узэфIэнэн, узэрызехьэн хуей мэхъу. Уэ пхуэдэ зы къыпхуэзэжмэ, укъэсыжыпауэ аращ. Зыгуэрми жиIащи, губзыгъитI, акъылыфIитI, цIыху IущитI зыгуэркIэ зэщыIеймэ, зыри ягъэ кIынукъым. Языхэзым Iущыгъэ, акъыл, губзыгъагъэ гуэр хилъхьэнщи, Iуэхур зэтриуIэфIэжынщи зэфIэкIащ. Зы делэрэ зы губзыгъэрэ зэщыIейми, абы щыгъуэми ягъэ кIынукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, акъылыфIэм акъылыфIагъ хилъхьэнщи, Iуэхур зэтриуIэфIэжынщ. Гугъур делитI зэщыхьэмэщ. Уэ уэщхьу а фитIнэм къыхыфIидзэн гуэр уэри къыпIууэмэ, абы щыгъуэ уанэ мыгъуэр теплъхьауэ аращ. Жэмыхьэтри жэмыхьэтыжынукъым, уи унагъуэри унагъуэжынукъым, уи щхьэгъусэри щхьэгъусэжынукъым, уи бынри быныжынукъым, уи адэ-анэри адэ-анэжынукъым апхуэдэм деж. Ауэ уэ сыноупщIмэ, жыпIэнур сыт? «Iэгъу! Сэ сызахуэщ! Сэ фIы сщIэну иужь ситщ! Сэ фIым къыхузоджэжри, къысхуадэркъым!» — жыпIэнурэ укъэувынущ. А уи къеджэкIэм утепсэлъыхьыркъым. Iуэхур псори хьэбэсабэу зэхэзыкъутэ уи къеджэкIэр, а уи шыIэныгъэм, уи бэшэчыныгъэм, а уи акъыл тIэкIум къамыхьыр зыкIи къыпфIэIуэхукъым. Уэ къыпфIэIуэ-хур сыт? «Сэ фIым къыхузоджэ!» Абы къикIыр зыбгъэлIыфIу аращ. «Сэр хуэдэ щыIэ?» А зыгъэлIыфIыныр къыздикIыр дэнэ жыпIэмэ, къыздикIыр мис а «нэфс» жыхуэтIэжращ. «Сэращ! Сэр хуэдэ щыIэ?» — жыпIэным. ФIы блэжь, фIым къыхуебджэ уи гугъэжу ущыщытым деж ар къыпщыщIмэ, зэрымыхъумыщIагъэри пщIэуэ, Iей щыблэжьым деж къыпщымыщIынур сыт? Хьэбэсабэу уихьэжынурэ ухыфIипхъэжынуращ.
  • Муслъымэным ираплъ фэр уэ уэлъытащ
  • Мис, удаIуэмэ зэхэпхыр сыт? ТхьэрыIуэкIэ, тхыгъэкIэ, IэщIэдзкIэ, щыхьэткIэ къызэрыгъэгугъауэ, муслъымэнитI къызэрыгъэпцIэжащ. Муслъымэнщ, лэжьыгъэм хуэсакъынщ жеIэри, зыгуэр къреджэ, егъэлажьэ. Илэжьам лэжьыгъэ зэрыфIэпщын мы дуней хъурейм теткъым. Муслъымэнщ, дыхуэлэжьэнщ, ди хьэкъ, ди лэжьапщIэ IэщIэкIуэдэнкъым жыпIэу ухуолажьэри, лэжьыгъэр тэмэмщ, игу ирихьащ, къохъуэхъуащ, укъыIукIыжащ. Мазэ, мазищ, илъэс дэкIащ — лэжьапщIэ щыIэкъым. А уэ узыжьэхэуа тIэкIум деж къыщынэркъым «нэфсым и джэгуэным укъыIэщIэнэн» жыхуиIэр. Зэрылъхуурэ, зэрыпIурэ, зэрыгъэбагъуэурэ, абы псори зэщIецIалэ.
  • Жыжьэу къаплъэ-къэдаIуэм «муслъымэн» жаIа нэужь, занщIэу зыгуэр и нэгум къыщIоувэ. ЯщIэри, ялэжьри, я зэхэтыкIэри, я бгъэдэтыкIэри, я зэгурыIуэкIэри, я зэдэгъуэгурыкIуэкIэри, я зэрылъагъукIэри мыхъуу зыгуэр. КъыщIыщIыхьэр сыт? Уэ къыпхыхьэу къыпхэтми, уи хъыбар зэхихми, уэ узищIысым теухуауэ къыIэрыхьэ, къылъэIэс, къищIэ Iуэхугъуэм тещIыхьауэ мэгупсысэри аращ. Пэж дыдэу къэхъурэ а жыхуэпIэхэр жыфIэмэ, сэ фыкъызэмыупщIу, фэ езым фызэупщIыж.
  • Пэж дыдэу мыхэр къэхъумэ, абыхэм я хущхъуэгъуэр сыт? Абыхэм я хущхъуэгъуэр уэращ, сэращ, модрейращ. Бегъымбар лъапIэм и псалъэ щыIэщ, ар къыфIэIуэхуу тепсэлъыхьауэ: «Iуэху гуэр иужь ихьа цIыхум а Iуэхур нэгъэсыпауэ, дагъуэншэу ирелэжь», — жеIэри. Ар сыт ищIысуи щрет. Увакъэ дыжмэ, вакъэр екIурэ ещхьу бдыжын хуейуэ аращ. УмашинэщIыжмэ, машинэр екIурэ ещхьу пщIыжын хуейуэ аращ. Удохутырмэ, екIурэ ещхьу удохутырын хуейуэ аращ. Уинженермэ, екIурэ ещхьу уинженерын хуейуэ аращ. Сыт ищIысуи щрет ар. Ар Алыхьталэми Бегъымбар лъапIэми къыфIэIуэху Iуэхугъуэщ. Ауэ абыхэм къазэрыфIэIуэхум демыплъу, дэ езым ар Iэпэдэгъэлэл тщIымэ, къытфIэмыIуэхумэ, абы и зэран уи нэщIми, уи нэмэзми, уи мэжджытми, уи жэмыхьэтми, уи цIэми, уи мыхьэнэми, псоми ялъоIэс. Абы фIы къызэримышэр, цIэи, щхьэи, напи къызэрытхуимыхьыр щынэрылъагъукIэ, къэнэжыр сыт? Къэбгъэгугъамэ, къызэрыбгъэгугъам утетыжын. Ущыгугъамэ, узэрыщыгугъам тебгъуэтэжын. ЗэбухылIамэ, зэрызэбухылIар бгъэзэщIэжын. Къемэт махуэр къэсауэ, дунейр къутэжауэ пхуэмыгъэзэщIэжрэ, укIуэу дахэ цIыкIуу уи щхьэр ебгухыу, пэж дыдэу зыхэпщIэу: «Уа си къуэш! Мыращ къысщы-щIари, ухуеймэ, къызэуи сыукI, ухуеймэ, хэкIыпIэ иIэр къэдгъэлъыхъуи къэдгъэгъуэт», — жыIи, уи Iуэхур бгъэдэлъхьэ. Ари муслъымэныгъэщ, ари лIыгъэщ, ари хьэл-щэнщ, ари шыIэныгъэщ.
  • Уи мыIуэху зумыхуэн
  • АдэкIэ «ди мыIуэху зетхуэныгъэ» жыхуэтIэми апхуэдизкIэ ягъэ къыдокIри, пхуэIуэтэнукъым. «Уа, мыр сэ си Iуэхукъым, си къуэш»,- пхужыIэныр акъыл жыпIэмэ, акъылщ. Хьэл-щэн жыпIэмэ, хьэл-щэнщ. Губзыгъагъэ жыпIэмэ, губзыгъагъэщ. Дахагъэ жыпIэмэ, дахагъэщ. Щхьэпэ жыпIэмэ, щхьэпэщ. «Сэ мыбы сытепсэлъыхьынукъым, сэ абы сыхэпщэфIыхьынукъым, сэ абы сыхэбжьэхъуэнукъым» — жыпIэфыныр. Ар сыт ищIысым теухуауи щрет. Псом хуэмыдэжу, дэ сыт нэхъ къытлъэIэсыр жыпIэмэ, дин хуэIухуэщIэм теухуауэ. «Уа, сэ абы сытепсэлъыхьыным сынэсакъым, абы тепсэлъыхьыпхъэхэр трырепсэлъыхь, жаIэпхъэр жрыраIи, дэ дедэIуэнщ, си къуэш!» Ар жытIэфыныр Iуэхушхуэщ. ЖумыIэфынри бэлыхьышхуэу аращ. Ар зэрыжыдмыIэфми думп-сэмпу зыкI-зыщхьэ дещI.
  • И андез щтэкIэм щыуагъэ тIощI къыхэкIыну, и нэмэз щIыкIэм щыуагъэ щэ ныкъуэ къыхэкIыну, ныбжьыщIэ цIыкIу мэтIысри, зылъэмыIэс къимыгъанэу, Алыхьталэм, хьэршым, курсийм топсэлъыхь. Е уанэ махуэ-рэ! Мыбыхэм темыпсэлъыхьын щхьэкIэ, я фэр ирыуагъэхыну щытащ Бегъымбар лъапIэм и гъэсэныгъэм къыщIэкIа щэхьабэхэм. «Дыхуейкъым, дытепсэлъыхьыфынукъым, хэтщIыкIыркъым», — жаIэрт абыхэм. Дэ бэрэбанэ деуэурэ дытепсэлъыхьым хуэдэу ди мыIуэху зыдохуэ. «Мыр сэ си Iуэхукъым, сэ си хъийм сикIыну сыхуейкъым, мыбы тепсэлъыхьыфыну къигъэгугъэхэр, пэж дыдэу тепсэлъыхьыпхъэхэр трырепсэлъыхь. Зыгуэрым ирапхыу щытмэ, абыхэм жаIам дедэIуэнщи, дытIысыжынщ». Мис ар Алыхьми, Бегъымбар лъапIэми, мелыIычми яфIэфIщ. Пэжыр, игъуэр, дахэр, фIыр аращ. Мис абы уащихъумэнущ зэрыхьзэрий, зэпыдж, зэудэкI жыхуэпIэхэм. Уи унагъуэр унагъуэу, уи жэмыхьэтыр жэмыхьэту къызэтринэнущ.
  • Аращи, дызыхуэсакъын ди куэд жыпIэмэ, къыдэлъэлъэхыжу гъунэжщ. Дызэрыхуэсакъын акъыл, щхьэкуцI, нэ, псэ къабзэ Алыхьталэм къыдита жыпIэмэ, къыдитащ. Къэнэжыр сыт? Къэнэжыр ущIэмыпхъуэн, ухэмылъэдэн, умыжэкъуэн, узэпIэзэрытын, угупсысэн, укъызэтеувыIэн, учэнджэщэн. Уи шым къижыр, уи хъийр плъагъужын, узыхуэсакъыжын. Аращ къытхуэтыр.
  • Диным хэлъ ущие псоми я тегъэщIапIэу щытыр «тэкъыуа» жыхуиIэращ. «Усакъын, цIыху сакъыу ущытын», — жыхуиIэщ. А сакъыныгъэр зумыхьэлIэфын Iуэхугъуэ мы дуней хъурейм теткъым. УеIэбыхыу удз къипчынумэ, а удзыр ухуэсакъыурэ къипчыфынущ. Аращи, сакъыныгъэкIэ зекIуэм Алыхьу дыкъэзыгъэщIари къыхуэсакъынущ. СакъыныгъэкIэ зекIуэфым дунейми ахърэтми щинасыпу аращ.
  • Гуэщокъуэ Абдул-Бакъий.
  • Тыжьей (Кыщпэк) мэжджытым щекIуэкIа хъутIбэ.