Къанщауэ Гъур и мэжджыт-кхъэлэгъунэр
2021-12-28
- Къанщауэ Гъур и мэжджытыр, 1503 — 1505 гъэхэм яухуар, адрейхэм къахэзыгъэщыр кхъэлэгъунэ зэрыхэтырщ. Армырауэ пIэрэ Алыхьталэм и пащхьэ ихьэжыным зигу хуэкъабзэ сулътIаным шэхьид лIэкIэр и насып щIэхъуар? Куэдым зэращIэщи, Къанщауэ Гъур щыхэкIуэдауэ щытащ Мардж-Дэбикъ деж мамлюкхэмрэ тыркудзэмрэ щызэпэщIэува зауэзэрылIым, и хьэдащхьэм екIуэлIапIэ хуэхъуари щэхуу къэнащ. Иджыблагъэ ягъэува «МафIэ пащтыхьыгъуэхэр» фильмым а тхыдэ Iыхьэр къыщагъэлъагъуэкIэ, сулътIан Iэл-Гъэури и хьэдэр бийхэм джэгупIэ хуамыщIын папщIэ, и щхьэр паупщIу щэхуу щIалъхьауэ къыхощ. Езыр щIэмылъми, и ухуэныгъэм «СулътIан Iэл-Гъэурий и кхъэлэгъунэ» цIэр къыхуэнащ. Ар зыхуэзэ къуэкIыпIэ лъэныкъуэм иджыри хеубыдэ хъэнэкъэ, сэбилкIэ зэджэ псы зекIуапIэ, диным хуеджэн щIэзыдзэ сабийхэм папщIэ мыдрисэ. КъухьэпIэ лъэныкъуэр яубыд мэж-джытымрэ еджакIуэ нэхъ балигъхэм папщIэ мыдрисэмрэ.
- Мызэ-мытIэу зи хъыбар ди газетым тета Къанщауэ Гъур зэрагъэкъуаншэхэм язт Къаир игъэщIэрэщIэнкIэ зэремышымкIэ. Ар икIи нэхъыбэрэ тахътэм иса адыгэ мамлюк сулътIанхэм язщ (1501 — 1516). УхуэныгъэщIэ куэд зэрыригъэщIым нэмыщI, Къанщауэ Гъур щIэныгъэм, щэнхабзэм зригъэужьыну фIэфIу, езыр диныр зи щIасэхэм я кIуэгъужэгъуу, усэ итхыу щытауэ тхыдэм къыхэнащ.
- Къанщауэ Гъур и тепщэгъуэм псэуа дин щIэныгъэлI цIэрыIуэ Iимам Шэхьрани «Iэнуарул Къудсия» зи фIэщыгъэ и тхылъым щетх: «Си нэкIэ слъэгъуащ сулътIан Къанщауэ Гъур ди нэхъыжь Мухьэммэд ибн Хьэнан и Iэм ба хуищIу, абы иужь къиува сулътIан Тумэнбей ардыдэм и лъакъуэм ба хуищIу слъэгъуащ. Зэгуэр щихъ Iэбу Хьэсэн Гъэмрий и гъусэу сулътIан Къанщауэ Гъур деж дыщIыхьат, зыгуэрым къыщхьэщыжын IуэхукIи, сулътIаныр щихъым къыпежьэщ, и Iэблэ лъабжьэм деж къыщиубыдри, къыжриIащ: «Уа си зиусхьэн, сыту пщIэшхуэ къысхуэпщIа! Пэжыр аращи, сэри си унафэ щIэт пащтыхьыгъуэми уэ узытет лъагъуэр зэрызахуэм шэч закъуи худиIэкъым!»