ЩIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ ягъуэт къэрал гулъытэм хохъуэ
2021-12-28
- Ди къэралым и щыхьэр Москва щекIуэкIащ Къэрал Советымрэ УФ-м и Президентым и нэIэм щIэту лажьэ ЩIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмкIэ советымрэ я зэIущIэ. 2021 гъэр щIэныгъэмрэ технологиехэмрэ я илъэсу зэрыщытам теухуа а зэхуэсым къыщапщытэжащ а унэтIыныгъэхэмкIэ гъэм кърикIуа-
- хэр. ЗэIущIэм хэтащ УФ-м и Президент Путин Владимир, Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил, Правительствэм, ЗыхъумэжыныгъэмкIэ советым хэтхэр, къэралым и щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэр, политикэ партхэм я пашэхэр, щIэныгъэ IэнатIэхэм я лIыкIуэхэр. Абы ирагъэблэгъащ ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбеки.
- Зэхуэсыр къызэIуихащ УФ-м и Президент Путин Владимир. Пэублэ псалъэм абы къыщыхигъэщащ щIэныгъэмрэ технологие пэрытхэмрэ я зыужьыныгъэм къэралым, цIыхухэм я зэIузэпэщыныгъэр куэдкIэ зэрелъытар. Абы къыхэкIыу къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщу къигъэлъэгъуащ щIэныгъэм щызыIэрагъэхьэ ехъулIэныгъэхэри инновацэ проектхэм къапыкI фIыгъуэхэри, псом япэрауэ, жылагъуэм и зыужьыныгъэм, цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным хуэгъэлэжьэныр.
- — Ди къэралым щылажьэ федеральнэ, щIыналъэ программэхэм ящыщ дэтхэнэми мыхьэнэ гуэр щиIэнур ахэр фэ, субъектхэм я Iэтащхьэхэм, фи нэIэм щIэтрэ яхуэфэщэн гулъыти ялъэвгъэIэсу екIуэкIмэщ. Дэтхэнэми къывгурыIуэн хуейщ щIэныгъэмрэ технологие пэрытхэмрэ зегъэужьыным епха а Iуэхугъуэхэм цIыхухэм, псом хуэмыдэу щIалэгъуалэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэраIэр. Абы къыхэкIыу фыкъыхузоджэ щIалэгъуалэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ нэхъыбэIуэрэ фахуэзэну, фепсэлъылIэну, технологиерэ техникэ я лъэныкъуэкIэ ахэр зыщIэхъуэпс, зыхуэныкъуэу къалъытэ Iуэхугъуэхэм гу лъыфтэу. ЩIыналъэхэм щызэфIэвгъэкI лэжьыгъэхэм куэду къыхэфшэ щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэр, Iуэху еплъыкIэщIэхэр зиIэ щIалэгъуалэ жыджэрхэр. Апхуэдэ Iуэху зехьэкIэм фи щIыналъэхэм къыфхуришэлIэнущ гъунэгъу щIыпIэхэм, уеблэмэ хамэ къэралхэм ящыщ щIалэгъуалэ зэчиифIэхэр, — жиIащ Путиным. — Шэч хэмылъу, федерацэм хыхьэ субъектхэмрэ IуэхущIапIэ инхэмрэ къабгъэдэкI жэрдэм зэмылIэужьыгъуэхэращ щIэныгъэри, егъэджэныгъэри, технологие пэрытхэри адэкIэ зыгъэкIуэтэфынур, сыту жыпIэмэ ахэр зыхуэныкъуэу къагъэлъагъуэ Iуэхугъуэхэращ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ IэнатIэхэм я IэщIагъэлIхэр нэхъыбэу зытелажьэр. ЩIэныгъэ IуэхущIапIэхэмрэ щIыналъэхэм я унафэщIхэмрэ зэдэлэжьэн хуейщ, хьэрычэтыщIэхэм я мылъкум щыщ технологие зыужьыныгъэм халъхьэн папщIэ Iэмалхэри къызэгъэпэщыпхъэщ.
- Къэралым и УнафэщIым иубзыхуащ щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэм нэхъыбэу гу зылъатэн хуей унэтIыныгъэхэр. Апхуэдэхэщ, япэрауэ, инновацэ проектхэр хэIущIыIу зыщIа щIэныгъэ гупхэм къагъэлъагъуэ технологиещIэхэр гъащIэм щыгъэунэхунымкIэ ядэIэпыкъун зэрыхуейр. Абыхэм хъер къазэрыпыкIынур наIуэ къэхъуа нэужь, ахэр къалэм, IуэхущIапIэм, IэнатIэм къыщыгъэсэбэпын нэхъ псынщIэIуэу щIэдзапхъэщ. А Iуэхугъуэхэр нэхъ тэрэзу зэфIэкIын папщIэ, зэдэлэжьэн хуейщ щIыналъэхэм щыIэ щIэныгъэ IуэхущIапIэхэри къэрал властри.
- ЕтIуанэрауэ, федерацэм хэт субъектхэм IэмалыфIхэр къахузэгъэпэщын хуейщ, щIэныгъэ, технологие проект пашэхэр даIыгъыфын папщIэ. Къэхутэныгъэхэмрэ инновацэ проектхэмрэ гъащIэм хэпщэнымкIэ грантхэр къэзыгъэлъагъуэ щIыналъэ щIэныгъэ фондхэм мылъкукIэ ядэIэпыкъун хуейуэ къилъытащ Президентым. Абы жиIащ федеральнэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм, щIэныгъэ IуэхущIапIэхэм щекIуэкI къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм щIыналъэ бюджетым къыхэкI мылъку хуаутIыпщыну зэрыхуитым епха дэфтэр Къэрал Думэм иджыблагъэ къызэрыщащтар. Апхуэдэ Iэмалхэр яIэнущ зи Iуэхухэр дэкI субъектхэми мылъкукIэ зызыщIагъакъуэхэми.
- Ещанэрауэ, Президентым къызэрилъытэмкIэ, къэралым хэIущIыIу щыхъуа, гъащIэм и унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыIэ ехъулIэныгъэхэмрэ зыужьыныгъэхэмрэ лъабжьэ яхуэхъуа технологие пэрытхэр щызэхуэхьэса базэ къызэгъэпэщын хуейщ. Бжыгъэр зи лъабжьэ а дэфтэрым Iэмал къитынущ технологие пэрытхэр дэнэ щIыпIи къыщагъэсэбэпынымкIэ, щIыналъэхэм щыIэ щIэныгъэ IуэхущIапIэхэр, хьэрычэтыщIэхэр, къэрал унафэщIхэр зэпыщIауэ лэжьэнымкIэ.
- — КъинэмыщIауэ, зи щIэныгъэ-технологие IэнатIэм нэхъыфIу зезыгъэужь щIыналъэхэм нэхъыбэу защIэгъэкъуэн хуейуэ собж, сыту жыпIэмэ инновацэ проект зэмылIэужьыгъуэхэр къыщыунэху, ахэр гъащIэм щыхапщэ щIыпIэхэм апхуэдэ IуэхуфIхэмкIэ ядэIэпыкъупхъэщ. А Iуэхугъуэхэм иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэмрэ ЩIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмкIэ советымрэ я экспертхэмрэ я зэIущIэм. Абы щагъэбелджылащ ехъулIэныгъэрэ зыужьыныгъэрэ къызыпыкI щIэныгъэ къэхутэныгъэхэр, инновацэ проектхэр, — къыхигъэщащ Путин Владимир. – Апхуэдэу хъыбар фызогъащIэ ЩIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я конгрессым къызэригъэпэщ зэIущIэхэр етIанэгъэ къыщыщIэдзауэ ди къэралым и щIыналъэ псоми зэрыщекIуэкIынумкIэ. Ари Iэмал хъарзынэщ щIэныгъэлIхэмрэ щIыналъэ унафэщIхэмрэ я мурадхэмкIэ зэдэгуэшэнымкIэ, яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр ягъэбыдэнымкIэ.
- УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил зэIущIэм къыщыщыпсалъэм къыхигъэщащ егъэджэныгъэ IэнатIэм игъуэт зыужьыныгъэр. Апхуэдэу къэкIуэну илъэситхум къриубыдэу къэралым щылажьэ курыт школ мини 7-м щIигъум зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэшхуэхэр щрагъэкIуэкIынущ. А Iуэхугъуэхэм хухахащ сом мелард 92-м нэс. А лэжьыгъэхэм я фIыгъэкIэ школхэм яIэнущ иджырей егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ мардэ пэрытхэм хуэкIуэ IэмалыфIхэр, спорт унэтIыныгъэри хэту. Зэрагъэпэщыжын хуейхэр щаубзыхум, жыджэрагъ къагъэлъэгъуащ школакIуэхэм я адэ-анэхэми езы ныбжьыщIэхэми.
- — Псори зыхуэгъэпсыжар къытщIэхъуэ щIэблэм щIэныгъэ куу зрагъэгъуэтын папщIэ, Iэмал псори етыныращ, — къыхигъэщащ Мишустиным. — Къатщтэ къэрал унафэхэр ятещIыхьащ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэр убгъуауэ, шынагъуэншэу икIи фIагъ лъагэ иIэу дэнэкIи къыщызэгъэпэщыным.
- ЩIэныгъэмрэ технологиехэмрэ я илъэсым кърикIуахэм ятеухуа доклад купщIафIэхэр зэхуэсым щащIащ УФ-м и Правительствэм и вице-премьер Чернышенкэ Дмитрий, Къэрал Советым щIэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI, Новосибирск областым и губернатор Травников Андрей, Самарэ областым и губернатор Азаров Дмитрий, РАН-м и президент Сергеев Александр, МКъУ-м и ректор Садовничий Виктор сымэ.
- ЗэIущIэм щыжаIа псори къызэщIикъуэжащ, къэралым и щIэныгъэ IэнатIэм адэкIэ зэрызиужьын хуеймрэ абыкIэ къыпэщылъ къалэнхэмри иубзыхуащ Путин Владимир.
- — ЩIэныгъэмрэ технологиехэмрэ я илъэсым кърикIуа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэ дыдэу къызолъытэ ди цIыхухэм ябгъэдэлъ щIэныгъэ къулеигъэм хэпщIыкIыу зэрыхэхъуар. АбыкIэ фIыщIэ зыбгъэдэлъхэм ящыщщ «ЩIэныгъэ» зэгухьэныгъэр. Технологие пэрытхэмрэ техникэ лъэщхэмрэ къигъэсэбэпу, а зэгухьэныгъэм жылагъуэм хэIущIыIу щищIыфащ щIэныгъэлI цIэрыIуэхэм я лекцэ купщIафIэхэр. А къэпсэлъэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм я фIыгъэкIэ ди цIыхухэм ящыщ куэдым щыгъуазэ зыхуащIыфащ щIэныгъэр здынэса лъагапIэхэм, езыхэри нэхъ гъунэгъу хуэхъуащ щIэныгъэмрэ технологие лъагэмрэ, — къыхигъэщащ къэралым и пашэм. — БлэкIа гъэр ирехъу щIэныгъэмрэ технологиехэмрэ хэкум нэхъри зыщаужьын илъэс пщIы бжыгъэхэм я пэщIэдзэ. Iуэхум нэхъыбэIуэу къыхэшэни хуейщ щIалэгъуалэмрэ школакIуэхэмрэ, волонтёр зэщIэхъееныгъэр, ди къэкIуэнум папщIэ гууз-лыуз зиIэ политикэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр.
- УФ-м и Президентым фIыщIэ яхуищIащ гъащIэм жыджэру хэт щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм, зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм зэфIэкI лъагэхэр къыщызыгъэлъэгъуа школакIуэхэм, къащIэхъуэ щIэблэм ягъуэт щIэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ мыхьэнэшхуэ езыт егъэджакIуэхэмрэ адэ-анэхэмрэ. А псори мэхъу щIэныгъэщIэхэмрэ технологиещIэхэмрэ къэралым адэкIи зыщаужьыным я лъабжьэ.
- КЪАРДЭН Маритэ.