ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ТхакIуэ, журналист Гъэунэ Борис

2021-12-28

  • Псэужамэ, мы махуэхэм и ныбжьыр илъэс 80 ирикъунут тхакIуэ цIэрыIуэ, журналист Гъэунэ Борис Хъызыр и къуэр. Илъэсищ ипэкIэ дунейм ехыжа а цIыху гуащIафIэр лъэпкъ литературэм езым и лъагъуэ щыпхызышыфахэм ящыщщ.

  • Борис 1941 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м Къармэхьэблэ (Каменномост) къуажэм къыщалъхуащ. Нэгумэ Шорэ и цIэр зэрихьэу абы дэт курыт школ №1-р къиуха нэужь, ар щIэтIысхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и тхыдэ-филологие факультетым. 1970 гъэм еджапIэ нэхъыщхьэр ехъулIэныгъэ иIэу къиухри, Гъэунэр илъэс куэдкIэ щылэжьащ ди республикэм Телевиденэмрэ радиовещанэмкIэ и къэрал комитетым. Корреспондент, редактор, иужьыIуэкIэ литературэ-драмэ редакцэм и унафэщI къалэнхэр ирихьэкIащ. Гъэунэ Борис 1985 гъэм и фокIадэ мазэм къыщыщIэдзауэ илъэс 20-м нэскIэ лэжьащ «Эльбрус» къэрал тхылъ тедзапIэм и редактору, иужь зэманым «Iуащхьэмахуэ» журналым жэуап зыхь и секретару щытащ. И гуащIэкIэ къихьа ехъулIэныгъэхэм папщIэ тхакIуэм къыхуагъэфэщат СССР-м и Къэрал телерадиом, Урысей Федерацэм печатымкIэ и къэрал комитетым я щIыхь тхылъхэр. Борис Урысей Федерацэм и ТхакIуэхэми Журналистхэми я зэгухьэныгъэхэм хэтащ, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и журналист» цIэ лъапIэри къыфIащат.
  • Гъэунэр лъэпкъ литературэм къыхыхьащ зи макърэ зи хъэтIрэ зиIэж тхакIуэ IэкIуэлъакIуэу, и IэдакъэщIэкIхэм къыщигъэщIа образхэри щIэщыгъуэщ. Ар нэ жанкIэ гъащIэм пхыплъыф цIыхут, адыгэ хьэл-щэныр, ди хабзэхэр, ди псэукIэ-зэхэтыкIэр дахэу, удихьэхыу абы и тхыгъэхэм къыщиIуэтэфырт. Гъэунэ Борис литературэм куэд зэрыщыхузэфIэкIынур наIуэ къэхъуащ «Нэхулъэ» зыфIища и япэ тхылъыр дунейм къыщытехьам.
  • ТхакIуэм нэхъ къехъулIауэ къалъытэхэм я гугъу пщIымэ, Iэмал имыIэу къыхэгъэщыпхъэщ: «Чыщбалъкъ акъужь», «Уэ къэкIуэж закъуэ, папэ», «Пощтым», «Псы Iубыгъуэ», «Нэхулъэ», «Шыцуэс», «Бабыцэ сымэ», «Къэбгъэзэжатэмэ лъапсэжьым», «ХьэщIэ» Iуэтэжхэр, «Зэш-зэхуефэ» тхыгъэр, нэгъуэщIхэри.
  • Борис и цIыху щIыкIэкIэ пхъашэу къызыщыхъуи щыIэт, ауэ ар гъунэгъуу зыцIыхуа дэтхэнэри щыгъуазэт абы и псэ къабзагъэмрэ гу пцIанагъэмрэ. Зауэм зи сабиигъуэр зыIэщIихахэм ящыщщ Гъэунэр, а мафIэм къыздихь гузэвэгъуэ псори зи нэгу щIэкIа щIалэ цIыкIур иужькIэ абы куэдрэ гущIыхьэу, IупщIу и тхыгъэхэм щатепсэлъыхьыжащ. ЩIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, пасэу къалэмыр къэзыщтэ дэтхэнэри абы гъащIэм ирихулIэу, ар гугъуехь е цIыхум и псэм телъ хьэзаб гуэр къыпхиву аращ. Борис тхэн щыщIидзам илъэс 16 хъууэ арат. Абы и япэ сатырхэм щегъэжьауэ иужькIэ итхахэми лъабжьэ яхуэхъуар гъащIэм къыщыхъуа Iуэхугъуэщ.
  • «ГъащIэм къыщыхъуа Iуэхугъуэр лъабжьэ хуэмыхъумэ, ар тхыгъэкъым. Ар гум емыпхъуэмэ, псэм зыхимыщIэмэ, цIыхур еджэнукъым. ГъащIэм къыхэкIа тхыгъэрщ щIэджыкIакIуэр къызэрыпхудэхьэхынур. ЩыIэщ ар къызыгурымыIуэ тхакIуэхэри, я IэдакъэщIэкIхэм къагупсыса Iуэхугъуэ гуэр лъабжьэ хуащIрэ, я Iэпэм «къыщIафыкIыу» тIысыжу. Тхылъеджэр къыпхуэгъэпцIэнукъым. «Мыр зытхами тхакIуэу зыкъелъытэж», — къыпхужаIэнурэ ежьэжынущ, уи тхыгъи абы иужькIэ къилъыхъуэжынукъым. Сэ усэ щIэзмытхыжри аращ. Сигу ирихьыжкъым ар къызэрызэхъулIэр. Сэ сызэрызэплъыжам хуэдэу нэгъуэщI зыкъомыр зэплъыжауэ щытамэ, апхуэдиз усэ мышыур нобэ дунейм къытехьэнтэкъым», — щыжеIэ Гъэунэм ди газетым ирита интервьюхэм я зым.
  • Борис зыцIыхуа дэтхэнэри щыхьэт техъуэфынущ ар захуагъэмрэ пэжыгъэмрэ я телъхьэу зэрыпсэуам. «ЦIыху», «АдыгэлI», «ТхакIуэ» псалъэ лъапIэхэр игъэпэжын, абыхэм яхуэфащэу дунейм тетын папщIэ ар къызэрымыкIуэу и щхьэ хуэткIиижу щытащ.
  • Гъэунэ Борис и тхыгъэр и лъабжьэу режиссёр щIалэ Хьэмокъуэ Олег «Уэ къэкIуэж закъуэ, папэ» фильм адыгэбзэкIэ трихати, куэд дыдэм ягу ирихьащ. Абы Гъэунэри хуабжьу щыгуфIыкIауэ щытащ.
  • «Фильмыр хьэзыр хъухукIэ Iуэхум зыри хэсщIыкIакъым. Утыку къыщрахьэнум хъыбар сагъащIэри, Кэнжэ дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм срагъэблэгъащ. Апхуэдэ пщIэ а си тхыгъэм зэригъуэтар икъукIэ си гуапэ хъуащ, ар щагъэлъагъуэм гуфIэгъуэми гуIэгъуэми сызэщIаубыдат. Рассказым щIэслъхьа гупсысэр зыри IэщIэмыхуу къигъэлъэгъуэфащ режиссёр щIалэм. Ар куэдкIэ и фIыщIэу къызолъытэ абы и сценарийр зытха Хьэгъундокъуэ Сэлисэт. Нэхъ сытегузэвыхьат си адэм и письмом нанэ сыкъыщыхуеджэм, абы иIа гурыгъу-гурыщIэхэр Балъкъэр Тамарэ зыхищIэфыну пIэрэ жысIэри. АрщхьэкIэ абы къигъэлъэгъуэфащ нанэ и псэм телъа гузэвэгъуэр, къуэрылъхур письмом къыщеджэм Тамарэ и нэпс пIащэ ткIуэпсхэр напэм къежэхырт. Адрей ролхэр зыгъэзэщIахэу Балъкъэр Юрэ, КIэхумахуэ ФатIимэ, Щоджэн Мурат, Унэжокъуэ Ислъам сыми я джэгукIэм наIуэ къищIащ тхыгъэм щIэлъ гупсысэр зэрызыхащIар», — жиIат Гъэунэм.
  • ЦIыхур дунейм ехыжа иужькIэ сыт къанэр? Абы пхиша лъагъуэмрэ къилэжьа цIэмрэщ! Борис и ныбжьэгъуу щытахэм хужаIамрэ теухуауэ ятхамрэ гъунэжщ, абыхэм ящыщ зыбжанэ си гуапэу фи пащхьэ изолъхьэ.
  • Щомахуэ Залинэ.