Гъуэгухэр зыхуей хуэзэн папщIэ
2021-12-09
- УФ-м и ГъэтIылъыгъэ фондым къыхэкIыу Къэбэрдей-Балъкъэрым сом мелуани 100-м нэс къыхуаутIыпщынущ, щIыналъэ мыхьэнэ зиIэ гъуэгухэр зыхуей хуагъэзэн папщIэ.
- Урысейм и щIыналъэ 23-м хущIагъуну я мурадщ гъуэгу ухуэныгъэхэм яхухэха мылъку. А лэжьыгъэр хеубыдэ «ФIагъ лъагэ зиIэ автомобиль гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым. Унафэр УФ-м и Правительствэм и сайтым къытехуащ дыгъэгъазэм и 7-м.