ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Лъэпкъ лъапIэныгъэхэр зыгъэнэхъапэу псэуа щIэныгъэлI

2021-12-09

  • Адыгэхэм игъащIэми къыддекIуэкI ди хабзэр, нэмысыр джыным, екIуу зехьэным, а лъэпкъ фIыгъуэхэр къэкIуэну щIэблэхэм яхуэхъумэным гулъытэ хэха хуэзыщIу зи гъащIэр езыхьэкIа адыгэ еджагъэшхуэхэм ящыщт тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, этнолог цIэрыIуэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дуней-псо Адыгэ Академием и академик, РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым Гумани-тар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым археологиемрэ пасэрей тхыдэмкIэ и къудамэм и унафэщIу щыта Бгъэжьнокъуэ Барэсбий Хьэчим и къуэр (1947 — 2020). Лъэпкъ щIэныгъэлI щэджащэр дунейм зэрехыжрэ мы махуэхэм илъэс ирокъу…
  • Бгъэжьнокъуэ Барэсбий Бахъсэн районым хыхьэ Зеикъуэ къуажэм 1947 гъэм къыщалъхуащ. Курыт школыр фIы дыдэу къиуха нэужь, абы еджэным щыпищащ КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие факультетым. ЕхъулIэныгъэ лъагэхэр иIэу щIэныгъэ нэхъыщхьэри зригъэгъуэтащ Барэсбий, ауэ абдежым къыщыувыIакъым. ЩIэныгъэм хуэнэхъуеин-шэ щIалэщIэм и зэфIэкI-хэм щыхигъэхъуащ СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием БзэщIэныгъэхэмкIэ и институтым и аспирантурэм. КъБКъУ- мрэ аспирантурэмрэ щыщеджа илъэсхэм иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр и лъабжьэу Бгъэжьнокъуэ Барэсбий игъэхьэзыращ икIи 1973 гъэм ехъулIэныгъэкIэ пхигъэкIащ и кандидат диссертацэр.
  • Еджэныр зэфIигъэкIыу республикэм къигъэзэжа нэужь, Бгъэжьнокъуэр КъБКъУ-м ирагъэблэгъащ икIи илъэси 10-м щIигъукIэ абы психологиер щригъэджащ. Жэуаплыныгъэ зыпылъ а лэжьыгъэм къыдэкIуэу Барэсбий къэхутэныгъэщIэхэр дапщэщи иригъэкIуэкIырт икIи абыхэм къарикIуахэр и щIэныгъэ тхыгъэхэм къыщигъэлъагъуэрт, дунейпсо щIэныгъэ зэхыхьэхэм я утыкушхуэхэм щиIуатэрт. 1974 гъэм щегъэжьауэ Барэсбий жыджэру ядэлэжьэн щIидзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и IэщIагъэлIхэм. Ар ирагъэблагъэрт абы къыщызэрагъэпэщ этнографие зекIуэхэм, щIэныгъэ зэхуэсышхуэхэм. Ди щIыналъэм ис лъэпкъхэм я хабзэхэр, щэнхабзэхэр джыным епхауэ институтым щекIуэкI лэжьыгъэхэми хуабжьу зэрыдахьэхыр нэрылъагъу дыдэ хъурт апхуэдэхэм деж.
  • ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 70 гъэхэм я кIэуххэм щIэныгъэлIыр нэхъыбэу дихьэ-хыу хуежьащ цIыхухэм яку дэлъ лъэпкъ-щэнхабзэ зэхущытыкIэхэр джыным. Абыхэм ятеухуа и гупсысэхэр Бгъэжьнокъуэм къыщигъэлъэгъуэжащ и къалэмыпэм къыпыкIа тхыгъэ куэдым. Жылагъуэм мыхьэнэшхуэ щи-Iауэ щытащ 1978 гъэм дунейм къытехьа «Адыгэ хабзэ» тхылъ купщIафIэм.
  • — Бгъэжьнокъуэ Барэс-бий а и япэ тхылъым ди лъэпкъ хабзэр дахэу, екIуу, дяпэ ита нэхъыжьхэм зэ-рызэрахьэу щытам хуэдэу гъэпсауэ къызэрыщигъэлъэгъуэфам хуэбгъэдэну ипэкIи иужькIи зыри тепсэлъыхьакъым жыпIэмэ, щыуагъэ мыхъуну къысщохъу, — жеIэ тхыдэ щIэныгъэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор ТекIуий Мадинэ. — «Адыгэ хабзэ» щIэныгъэ лэжьыгъэр апхуэдизу цIэрыIуэ, цIыхухэм яхузэрымыгъэгъуэт хъуати, зыIэрызыгъэхьам и кIэн къикIауэ къалъытэрт. Зы хъугъуэфIыгъуэ гуэрым хуэдэу, хуэсакъыпэу зэIэпахыурэ еджэрт абы зи ныбжь хэкIуэтахэри щIалэгъуалэри. Псом хуэдэжтэкъым абы студентхэм я деж щIэупщIэу щиIэр. Лъэпкъ хабзэмрэ нэмысымрэ зи гур хуэкъабзэ адыгэ щIэблэ куэдым абыкIэ гъуэгугъэлъагъуэ, джэлэс яхуэхъуащ а къыдэкIыгъуэр. Ди щIыналъэм и мызакъуэу, Кавказым щыпсэу адрей лъэпкъхэми «Адыгэ хабзэ» тхылъыр къащыхъуащ гъущI IунэшхуэкIэ IуаукIэу IункIыбзэ къэб хьэлъэшхуэ зыфIа-дзэжа бжэ абрагъуэм и дыщэ IункIыбзэIухыу. Барэсбий щIэрыщIэу къытхузэIуихыжа а «пэшыр» лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэ защIэкIэ гъэнщIат. ЩIэныгъэм и нэхур тридзат ди блэкIами ди нобэми.
  • ТекIуийм и псалъэхэр диIыгъыу, тхыдэдж цIэры-Iуэ Нэфлъашэ Наимэ жеIэ адыгэ щIэныгъэлIхэм ящыщу ди лъэпкъ хабзэм япэу апхуэдэу къэхутэныгъэ куухэр езыщIылIар Бгъэжьнокъуэ Барэсбийуэ зэрыщытыр. Наимэ къызэрилъытэмкIэ, къызыхэкIа лъэпкъыр гурэ псэкIэ зылъагъу, абы щыщ Iыхьэу зыкъэзылъытэж цIыху псэ къабзэращ апхуэдэу гуа- пэу икIи щабэу, хэIэтыкIауэ икIи иригушхуэу, пэжыр и лъабжьэу икIи щапхъэхэр и куэду адыгэ щэнхабзэм, ди хабзэмрэ нэмысымрэ тепсэлъыхьыфынур.
  • — Зэ еплъыгъуэкIэ, хабзэм дыщыгъуазэ хуэдэт лъэпкъым щыщхэр, итIани, Бгъэжьнокъуэм ар зэхэ- хауэ, зэпкърыхауэ, къанэ щымыIэу зэфIигъэувэ-жащ, академическэ лэжьыгъэ ин, къэхутэныгъэшхуэ иригъэкIуэкIри.
  • — Адыгэ хабзэр ар лъэпкъым Iуэху зэрызэфIих къудейуэ аракъым — ар лъэпкъым и гъащIэщ, и дуней тетыкIэщ. Адыгэр адрей-хэм дакъыхэзыгъэщхьэхукI а фIыгъуэр апхуэдэу екIуу зэхуэхьэсыжауэ лъэпкъым ди пащхьэ кърилъхьэжащ Бгъэжьнокъуэм, — къыхегъэщ Наимэ. — А зы лэжьыгъэм фIэкIа и щIыбагъ къыдэмынами, ари ирикъунщ Бгъэжьнокъуэм и цIэр, и фэеплъыр мыкIуэдыжу адыгэм тхъумэн папщIэ.
  • Апхуэдэ Iуэхугъуэхэращ зытеухуауэ щытар «Зэху-щытыкIэхэмрэ щэнхабзэмрэ» щIэныгъэ тхыгъэшхуэри. «Советская этнография» къэралпсо щIэныгъэ журналым 1978 гъэм къытехуауэ щыта а лэжьыгъэ купщIафIэм мыхьэнэшхуэ иIащ а унэтIыныгъэр джынымкIэ. ЗэфIиха апхуэдэ къэхутэныгъэхэр щIэныгъэлIым къыщызэщIикъуэ-жащ 1985 гъэм утыку кърихьа и доктор диссертацэм. Абы гулъытэшхуэ щигъуэтащ щIэныгъэ дунейм. Бгъэжьнокъуэм а лэжьыгъэм япэу щиубзыхуауэ щыта «лъэпкъ зэхущытыкIэхэр», «лъэпкъ образхэр», «лъэпкъ щэнхабзэхэмкIэ зэхъуэжэныгъэ», «зэхущытыкIэхэм я хабзэхэмрэ нэщэнэхэмрэ» псалъэ зэпхахэр, нэгъуэщIхэри абы къыщыщIэдзауэ хыхьащ щIэныгъэ литературэм икIи ноби ахэр шэщIауэ куэдым къагъэсэбэп.
  •  А илъэсым Бгъэжьнокъуэ Барэсбий ирагъэблэгъащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым. Ар абы щылэжьащ этнографиемкIэ и къудамэм и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжьу, лъэпкъыр, абы и щэнхабзэр джынымкIэ къудамэхэм я унафэщIу. ЩIэныгъэ куурэ зэфIэкIышхуэрэ зыбгъэдэлъ хэкупсэр 2007 ягъэуващ Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и унафэщIу икIи илъэси 7-кIэ а къулыкъур къызыхуэтыншэу ирихьэкIащ. Бгъэжьнокъуэм и нэIэм щIэту IуэхущIапIэм а лъэхъэнэм щы-зэфIахащ къэхутэныгъэ купщIафIэ куэд, къыщызэрагъэпэщащ щIэныгъэ симпозиумхэр, конференцхэр, нэгъуэщI зэхыхьэхэр. Институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэхэр жыджэру хэтащ нэгъуэщI щIыпIэхэм щекIуэкI дунейпсо зэхуэсхэм.
  • ИригъэкIуэкIа къэхутэныгъэ купщIафIэхэр щIэныгъэлIым щызэхуихьэсыжахэм ящыщщ 1990 гъэм езым и редакцэм щIэту къыдигъэкIауэ щыта «Щэнхабзэм и дуней» тхылъыр. Куэдым яфIэхьэлэмэта а къыдэкIыгъуэм ихуат адыгэ щэнхабзэм епхауэ а зэманым ирихьэлIэу щыIэ лэжьыгъэхэр. А тхылъ гъэщIэгъуэным къыкIэлъыкIуэу 1991 гъэм дунейм къытехьащ «Адыгэ лъэпкъ джэгукIэхэр» зыфIищар. Абы Бгъэжьнокъуэм къыщигъэлъэгъуащ адыгэ джэгукIэхэм япкърылъ купщIэмрэ лъэпкъ гупсысэмрэ зэрызэпхар. Лъэпкъпсо мыхьэнэшхуэ иIащ Бгъэжьнокъуэм и къалэмыпэм къыпыкIа «Адыгэ этикэ» монографиеми. ЦIыхум и псэукIэ-щыIэкIэр, гупсы-сэр, дуней еплъыкIэр къызыхэкIа лъэпкъым елъы- тауэ зэрыщытым тещIыхьа а къэхутэныгъэ гъэщIэ-гъуэныр «лъэпкъ антропологие» щIэныгъэ унэтIыныгъэм изагъэу гъэзэщIа хъуащ.
  • Адыгэ дунейр, лъэпкъ щэнхабзэр, хабзэр, нэмысыр япэ изыгъэщу псэу щIэныгъэлIым 1990 — 1993 гъэхэм къыдигъэкIащ «ЩIэнгъуазэ» газетыр. Абы и напэкIуэцIхэм къытрадза тхыгъэхэр тещIыхьат адыгэхэм я тхыдэ блэкIам, абыхэм зэрахьэу щыта хабзэхэм, лъэпкъ IуэрыIуатэм. Ахэр хъуащ «Адыгэ щIэнгъуазэр» къыдэгъэкIыным хуэгъэпса лъэбакъуэщIэхэу, лэжьыгъэ купщIафIэхэу.
  • ПщIэшхуэ яIэщ Бгъэжьнокъуэ Барэсбий и тхылъ-хэу «Адыгэ хабзэ», «Гуманистическэ этнологием и лъабжьэр», «Къэнжал зауэр», «Шэрджэсхэр (адыгэхэр)», нэгъуэщIхэми. ЩIэныгъэлI-этнолог цIэрыIуэм и къалэмыпэм псори зэхэ- ту къыпыкIащ тхыгъэ щхьэхуэу 200-м щIигъу. Абыхэм яхэтщ монографие куэд. Ди къэралым къызэрыщыдэкIам къыдэкIуэу, абыхэм ящыщ куэд щытрадзащ хамэ щIыпIэхэми: США-м, Германием, Чехием, Швецием, Куржым, Болгарием.
  • Иужьрей лъэхъэнэм Бгъэжьнокъуэм лэжьыгъэшхуэ институтым щызэфIихащ, абы Тхыдэмрэ археологиемкIэ и къудамэм и унафэщIу щыту. Ар елэжьащ «Адыгэхэр. Лъэпкъым и къэхъукIамрэ и тхыдэмрэ». 2012 гъэм къыщыщIэдзауэ дунейм ехыжыху, ар я щIэныгъэ редактору дунейм къытехьащ «Вестник КБИГИ», «Кавказ Ищхъэрэм и археологиемрэ этнологиемрэ» я къыдэкIыгъуэ куэд. КъинэмыщIауэ, Бгъэжьнокъуэр илъэс зыбжанэкIэ хэтащ Къэхутэныгъэ инхэмкIэ Урысей фондым и эксперт советым. Абы и нэIэм щIэту ягъэхьэзыращ кандидат, доктор щIэныгъэ лэжьыгъэ куэд. ЗэфIих апхуэдэ лэжьыгъэшхуэхэм папщIэ Барэсбий мызэ-мытIэу ягъэпэжащ. Абы хуагъэфэщауэ щытащ РАН-м и Президиумым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм я ЩIыхь тхылъхэр, дамыгъэ лъапIэхэр. Лъэпкъ щIэныгъэм и зыужьыныгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэ иным папщIэ, 2016 гъэм Бгъэжьнокъуэм къыфIащащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъагэр.
  • ГъащIэр фIыуэ илъагъуу, цIыхур фIэхьэлэмэту, щалъхуа щIыналъэм и зыужьыныгъэм гурэ псэкIэ хьэлэлу хуэлэжьа Барэсбий дапщэщи и куэдт лъэпкъ щIэныгъэм, зыпэрыт къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм ехьэлIа мурадыщIэхэр. ЩIэныгъэрэ зэфIэкIыу, къарурэ узыншагъэу иIэ псори адыгэ лъэпкъым щхьэузыхь хуэзыщIа хэкупсэхэм ипэжыпIэкIэ ящыщащ ар. И гъащIэм и купщIэ нэхъыщхьэуи къилъытэу щытар аращ. Бгъэжьнокъуэм хуэдэ щIэныгъэлI щыпкъэхэм зэфIах лэжьыгъэхэр дапщэщи щхьэпэщ лъэпкъ зыужьыныгъэм и дежкIэ. Апхуэдэхэращ лъэпкъым щIэин лъапIэу щIэблэм къахуигъанэр.
  • ЖЫЛАСЭ Маритэ.