ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2021-11-27

  • Мазэм ихъумэр
  • Уи сурэтыр мазэм щхьэ къищрэ?!. Уи уэрэдыр жьыбгъэм щхьэ жиIэрэ?! Уи гум илъ щэхухэр зыхъумэ вагъуэри сыту лъагэу къеплъыхрэ!..

  • Мазэр жэщым къыхоплъэ… Аргуэру сурэтым соплъ… Вагъуэхэр уджым щыхыхьэкIэ, мазэр уафэбгъум щозагъэ. Вагъуэхэр зэщIэпщIыпщIэу зэдоуджри, ар егъэщIагъуэ. Уджым хэмыхьэ мазэр… и закъуэщ… Уи закъуэщ… Щыму уахоплъэ вагъуэхэм… Дэтхэнэми и лыдыкIэм уэ гупсысэ къыпщIедзыр… Уи нурыр зытепсэ вагъуэхэм уафэм щыгъэу зрапхъэ. Нэхъри лъагэу заIэтри, уэгуми зыхуаший… Уэгум! Насып щыхадыкIыр абдежырщ!..
  • … Щэхущ… Уи щэхур жэщым и нэхущ… Жьым кърихьэкI хьэуа къабзэр пщэдджыжьыпэм ныхехьэри, щIыгу сабырам щоуэршэр. Удзыпэ щхъуантIэхэм уэсэпсу ятелъыр зэдегъэтхытх, псы ешкIурэхым щабэу жьэхоуэри, ткIуэпсхэр мэлъей… Уафэм кърих фIэхъусыр щIылъэм трегуэшэжыр жьым…
  • Мазэм ихъума уэсэпс къабзэр ар зыхъуэжа пщэдджыжь дыгъэм полыдри… насыпым IуощIэ. ПIалъэр мащIэIуэт… IэфIыIуэт. Дыгъэм уэсэпсыр иреф. Лыдыжкъым… Жьыбгъэм кърихьэжьа щэхур уафэмрэ щIылъэмрэ я кум насып хъуэпскIыу докIуэсыкIыж.
  • Гугъуэт Заремэ.
  •  
  • Iуащхьэ щыгум
  • Цыжьбанэр гъуэлъыжрэ пэт ныбжьэгъум и фий макъ къызэхихащ. Ар къыщыщIэкIым къилъэгъуащ и ныбжьэгъур уафэм зэрыдэплъейр. Цыжьбанэр къызэрыщIэкIар зэхимыхауэ абы и нэр уафэм етат.
  • — Сыт абы къыпхуридзыхыну узыхуейр? — дыгушыIащ Цыжьбанэр ЩIыIубым.
  • — НакIуэ, Iуащхьэм дытегъэс, — жиIащ абы, Цыжьбанэм и упщIэр зыщхьэдигъэIухри.
  • Цыжьбанэми фIэфIт пщыхьэщхьэм хэплъэу, хэдэIухьу Iуащхьэм тесыни, хьэуэ къыхигъэкIакъым. Ныбжьэгъум и ужь иту кIуэ Цыжьбанэм игъэщIагъуэрт къандзэгу жьэхэмыуэу е мылъэпэрапэу ЩIыIубыр Iуащхьэм зэрыдэкIыр.
  • — Дыкъэсащ. Сыту пщыхьэщхьэ телъыджэ!
  • — Хьэуа щIыIэтыIэр сыт и уасэ!
  • — Жэщ хьэпIацIэхэм я макъ зэпэджэжхэр-щэ!
  • — Пэжщ. Мо мазэгъуэр плъагъурэ?
  • — Сыт хуэдэ езы а мазэр?
  • Цыжьбанэр зэIынащ. «Плъагъурэ» жиIэн хуеякъым, иджы сыт щIегъуэжкIэ, и ныбжьэгъум и жагъуэ ищIащ.
  • — И зо, зэхэпхрэ? И гугъу къысхуэщIыт мазэм. Уэ зэрыплъагъуращ сызыхуейр.
  • Цыжьбанэм зыри жимыIэу ину щэтащ.
  • — ИIэ, хуэмыху. Уэ къызжумыIэм хэт къызжиIэн?
  • ЩIыIубым и псалъэхэм ар трагъэгушхуащ.
  • — Мазэр, пщIэрэ, ЩIыIуб цIыкIу, хъуреябзэщ. Ныщ-хьэбэ уафэм пшэ телъкъыми, вагъуэхэри мазэри IупщIу болъагъу. Мы Iуащхьэм сытесу сыщеплъкIэ, вагъуэхэри мазэри нэхъ ину, нэхъ лыду къысщохъу.
  • — Сэри мы Iуащхьэм сыщытесым деж мазэри вагъуэхэ-ри слъагъуу къысщохъу. Пшэ зытемылъ жэщ уафэ къабзэм мазэр зигъэщIагъуэу вагъуэхэм тхъуэплъышхуэу къахощ. Абы къыпих нурым хьэуар ходжэгухь. И ныбжьэгъу жьыр къепщамэ, щIиупскIэнути, ныщхьэбэ абы тIэкIу хуэзэшу къысщохъу. Уеблэмэ и пIэм икIыну хуэмейуэ зигъэжьажьэу уафэгум зыщеIэжьэ, зыгуэрым пэплъэ нэхъей. ЩIылъэм тетхэр дызэреплъыр ещIэ, езыми зэрыизыр, и дахагъэр и напщIэ телъщи, зегъэщIагъуэ. Сытми аращ… НакIуэ.
  • Цыжьбанэм пидзыжын имыгъуэту мазэм хуеплъэкIыурэ ЩIыIубым и ужь иувэжащ.
  • Мэлей ФатIимэ.
  • Китай блын уардэ
  • Цинь къэралыгъуэм и пащтыхь хъуа нэужь, Чжень (ди эрэм и пэкIэ 259 – 219 гъгъ.) езым и унафэм щIэту Китайр зэкъуигъэуващ. Абы цIэуэ зыфIищыжащ Цинь Ши Хуанди — «Китайм и япэ пащтыхь» къикIыу.
  • Китайр къытеуэ бийхэм ящихъумэн папщIэ Цинь Ши Хуанди блын абрагъуэ иухуэну мурад ищIащ. ПщылIхэр, тутнакъэщым исхэр, мэкъумэшыщIэхэр залымыгъэкIэ ирахулIэрт а лэжьыгъэ хьэлъэм. А блыныр яухуэху цIыху мин куэд хэкIуэдащ.
  • Китай блын уардэр цIыхум и IэкIэ ищIа ухуэныгъэ нэхъ ин дыдэу дуней псом къыщалъытэ нобэр къыздэсым. Къыхэгъэщыпхъэщ а блыныр и къалэн нэхъыщхьэм зэрыпэмылъэщар, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы зыбжанэрэ бийхэр къыщхьэпрыкIыфащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, монголхэм я Iэтащ-хьэ Чингисхъан блыныр зыхъумэ зауэлIхэр IулъхьэкIэ къищэхури, и дзэр и гъусэу Китайм теуауэ щытащ.
  • Китай блын уардэм и кIыхьагъыр километр 6320-рэ мэхъу, и лъагъагъыр метри 4,5-м щегъэжьауэ метр 12-м нос.
  • Дохъушокъуэ Синэ.
  • Адыгэ лы гъэжьэкIэ
  • ЛыпцIэр зэпаупщI г 35 — 40 хъууэ. Адыгэ бжьын плъыжь цIыкIур яукъэбз, лыри бжьынри псы щIыIэ-кIэ ятхьэщIри, дзэху тепщэчым иралъхьэ, шыгъу, шыбжий сыр хаудэри фIыуэ зэIащIэж. И щхьэр тепIауэ щIыIапIэм деж щагъэт дакъикъэ 15 — 20-кIэ. ИтIанэ лы тыкъыр цIыкIухэри бжьынри хъыдан гъущэкIэ ялъэщI. Щагъэжьэнум и деж япэ- щIыкIэ дзасэм лы тыкъыр фIалъхьэ, итIанэ бжьын псо, апхуэдэурэ дзасэм фIэз ящI, и кIэ дыдэм фIэлъын хуейр лы тыкъырщ. Пхъэ мафIэ дэпкIэ, дзасэр ягъэкIэрахъуэурэ, ягъажьэ, лыр хьэзыр, тхъуэплъ дахэ хъухукIэ. Дзасэм къыфIалъэфри, пщтыру тепщэчым иралъхьэ. Дашх пIастэ, мырамысэ, чыржын, хьэлIамэ, щIакхъуэ. Шэ хуабэ трафыхьыж. Сэбэпышхуэ яхуохъу псчэрейхэм, Iупс бзаджэ зиIэхэм, щIыIэ зыхыхьахэм.
  • Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ):
  • мэлылу — г 250-рэ
  • адыгэ бжьын плъыжь цIыкIуу — г 150-рэ
  • шыгъуу, шыбжийуэ — узыхуейм хуэдиз.
  • «Адыгэ шхыныгъуэхэр» тхылъым къитхыжащ.
  •  
  • Псалъэзэблэдз
  • ЕкIуэкIыу: 5. Къэп цIыкIу. 6. МахуэцIэ. 7. Армэм къулыкъу щызыщIэ. 9. Дунейпсо «Адыгэ хасэм» и тхьэмадэу щыта … Борис. 12. ХьэршытIатI хуабэм хэсын и зи щIасэ Iэщ. 13. Дзыгъуэлыр дурдылу къызыщыхъу псэущхьэ Iэл дахэ цIыкIу. 14. … хуэмыфI хьэдрыхэ кIуэркъым. 15. Къуаргъ лъэп-къым щыщ къуалэбзу. 17. ПлIанэпэ. 20. Нэхъыжьхэм къащIэхъуэ ныбжьыщIэхэр. 21. Унагъуэ къулейм я IуэхутхьэбзащIэ.
  • Къехыу: 1. Гъатхэ дыгъэм кIагъуэпскIэ уегъэпскIри, бжьыхьэ дыгъэм … къыпт-рекIэ. 2. Адыгэ театрым и джэгуакIуэ Iэзэу щыта, РСФСР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Сибэч … 3. Нартыхур бгъэлъалъэмэ, ар къонэ. 4. Iэщхэм я тхьэ. 8. КъуэкIыпIэ Гъунэгъум хиубыдэ къэрал цIыкIу. 10. Сату щIапIэ. 11. Уэрэдыжь къизышым къыдэзыIыгъ гуп. 15. Языныкъуэ щыгъынхэм я нэз. 16. Уэрамым … цIыкIухэр топ щоджэгу. 18. Iэпслъэпсым щыщ. 19. ГъэшхэкI.
  • Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
  • ЩэкIуэгъуэм и 20-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
  • ЕкIуэкIыу: 2. Мэуэт. 6. Жасы. 7. Хуарэ. 8. Шхуэ. 9. Тэрч. 11. Iэуа. 13. Тхъуэплъ. 16. Къэхъун. 17. Ныджэ. 18. Гъубж. 20. Iумыл. 22. ХьэкIуэ. 23. Уашхэ.
  • Къехыу: 1. Зауэм. 2. Мы. 3. Уэху. 4. Тху. 5. Армум. 10. Чэтэн. 11. Iэлъын. 12. Шэд. 14. Нэгумэ. 15. ЕджакIуэ. 19. Буш. 21. Лу. 22. Хьэ.