ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Унагъуэр анэдэлъхубзэм, хабзэм я хъумакIуэщ

2021-11-27

  • ЩэкIуэгъуэм и 26-м Налшык къалэ щекIуэкIащ «Унагъуэр анэдэлъхубзэм, хабзэм я хъумакIуэщ» республикэ зэпеуэм и кIэух Iыхьэр.
  • КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и деж щыIэ «ЕгъэджакIуэхэм я профессиональнэ Iэзагъым зэпыу имыIэу щыхагъахъуэ центрым» къыхилъхьа а зэпеуэм и япэ Iыхьэхэр унагъуэ 35-рэ хэту республикэм и щIыналъэхэм щекIуэкIащ. Абы щыщу кIэух Iыхьэм хэтыну зыхуагъэфэщар унагъуитхущ.

  • Зэпеуэм щытекIуа Щадхэ я унагъуэр.

  • Мысрокъуэхэ я унагъуэр.

  • Лъэпкъыбзэхэр зэрырагъэджыр егъэфIэкIуэнымкIэ центрым и къудамэм и унафэщI, ДАХ-м и вице-президент Щоджэн Iэминат я пашэу ягъэхьэзыра а проектыр зэрагъэ- защIэр УФ-м ис лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэр джынымрэ хъумэнымкIэ фондым хухиха мылъкущ.
  • Зэпеуэм хыхьэну хуитт курыт еджапIэм щIэс сабий зиIэ адыгэ, урыс, балъкъэр унагъуэхэр.
  • Бадзэуэгъуэ мазэм щыщIэдзауэ а IуэхумкIэ лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэр щIыналъэм щекIуэкIащ. Абы хэту, «Си лъахэм и щIыпIэцIэхэр» фIэщыгъэм щIэт зэпеуэ цIыкIу онлайн жыпхъэм иту нэхъ ипэкIэ ирагъэкIуэкIащ.
  • Щоджэн Iэминат проектым теухуауэ къыщыпсалъэм жиIащ мы IуэхумкIэ къалэну зыхуагъэувыжыр бзэр хъумэныр, ар щIэблэм егъэщIэныр унагъуэм зэрипщэрылъыр дэтхэ-нэ зыми хьэкъыу къагурыгъэIуэныр зэрыарар.
  • Зым и дежкIи щэхукъым унагъуэ куэдым анэдэлъхубзэр къызэрыщамыгъэсэбэпыжыр. КIуэдыр бзэм и закъуэкъым, абы докIуэщI лъэпкъ хабзэмрэ гъэсэныгъэ дахэмрэ. Унагъуэм и къалэным, абы быным хилъхьэм куэд зэрелъытам и щыхьэтщ а махуэм утыку къраша унагъуэ дахэхэр. Къыхэгъэщыпхъэщ дэтхэнэми щапхъэ зытепхын хабзэфI, зэхущытыкIэ екIу къызэригъэлъэгъуар.
  • Си гуапэу ди газетеджэхэм езгъэцIыхуну сыхуейт дыгъуа-сэ утыку къраша адыгэ унагъуэхэр зыщыщ лъэпкъхэмрэ къуажэхэмрэ: Щадхэ (Тэрч щIыналъэ, Инарыкъуей цIыкIу), Мысрокъуэхэ (Къэрэгъэш), Джэрджокъуэхэ (Дыгулыбгъуей), КIэнцIалий (Тэрч щIыналъэ, Акъбащ Ипщэ), АфIэунэхэ (Шэджэм).
  • Зэпеуэм ипкъ иткIэ, унагъуэхэм я деж анэдэлъхубзэм и мыхьэнэмрэ абы цIыхум и гъащIэм щигъэзащIэ къалэнымрэ теухуа щIэупщIэныгъэ щрагъэкIуэкIам кърата жэуапхэм ущымыгуфIыкIынкIэ Iэ-мал иIэкъым. Адэ-анэхэм къыхагъэщащ зи анэдэлъхубзэр зыщIэ сабийхэм хабзэр нэхъыфIу зэрызыхалъхьэр, щIэблэм гъэсэныгъэ тэмэм ягъуэтынымкIэ зэрыщхьэпэр. Бзэ зыбжанэм акъылыр фIыуэ зэригъэлажьэр, анэдэлъхубзэкIэ япэу псэлъэн щIэзыдза сабийм хамэбзэхэри тыншу зригъэщIэжыфу гу лъатауэ къагъэлъэгъуащ абыхэм.
  • Унагъуэ зэпеуэр Iыхьэ зыбжанэу гуэшауэ щытащ. Япэ Iыхьэм абыхэм видео теплъэгъуэ кIэщIкIэ къызэхуэсахэм зыкърагъэцIыхури, я ехъулIэныгъэхэм щытепсэлъыхьащ, етIуанэм я нэхъыжьыфIхэмрэ я лIакъуэм къыхэкIа цIыху цIэрыIуэхэмрэ я гугъу щащIащ. Ещанэ Iыхьэм IуэрыIуатэр, адыгэ къуажэхьхэр нэхъыфIу зыщIэр щызэхагъэкIащ. ЕплIанэм унагъуэм исхэм я творческэ зэфIэкIыр щагъэнэ- Iуащ. Етхуанэ Iыхьэм, «Нанэ и пхъуантэ» фIэщыгъэм щIэтым, лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ къыдэгъуэгурыкIуэ хабзэхэм ящыщу езыхэм нэхъ ягу ирихьыр щагъэлъэгъуащ.
  • КъэпщытакIуэ гупым я тхьэмадэ, филологие щIэныгъэхэм я кандидат УнэлIокъуэ Вячеслав зэпеуэм кърикIуахэр игъэнэIуэну утыкум къыщихьам, абы хэта псори лъэпкъыр, щIыналъэр щIэгушхуэн унагъуэу къызэрилъытэр жиIащ. УнэлIокъуэм зэпеуэм хэтахэм я щыуагъэхэр яригъэлъагъужащ, дяпэкIэ абыхэм хуэсакъыну къыхуриджэри.
  • КъэпщытакIуэхэм зэдэарэзыуэ япэ увыпIэр Тэрч щIыналъэм къикIа Щадхэ я унагъуэм иратащ. Япэу утыку къыщихьам щегъэжьауэ иужьрей Iыхьэр зэфIэкIыху абыхэм гъэщIэгъуэн, щэщIыгъуэ, гупсысэ къызыхэпхын защIэщ ди пащхьэ кърахьар. ЕтIуанэ хъуар Джэрджо- къуэхэрэ АфIэунэхэрэщ, ещанэ увыпIэр КIэнцIалийхэрэ Мысрокъуэхэрэ зэдагуэшащ.
  • Уи гуапэ мыхъуу къанэркъым мы зэпеуэм унагъуэхэм жэ-уаплыныгъэ ин пылъу зэрызыхуагъэхьэзырар. Ар я фащэ, зыкъыщагъэлъагъуэ Iыхьэм теухуа хьэпшып е ягъэзащIэ номер ирехъу. ТIэунейуэ гуапэт нэхъыщIэхэм къаIэта Iуэхур даIыгъыу мыбы дадэ Iумахуэхэмрэ нанэ гумащIэхэмрэ къызэрыхыхьар.
  • Мыхьэнэ инкIэ гъэнщIа «адыгэ унагъуэ» псалъэхэм я кууагъымрэ я дахагъэмрэ дыгъуасэрей зэпеуэм хэтахэм ди фIэщ ящIащ. Апхуэдэуи иджыри зэ хьэкъ хъуащ лъэпкъым и псэр, абы и къэкIуэнур, анэдэлъхубзэм и быдапIэр адыгэ къуажэхэм зэрыщыIэр.
  • Уи гур къыдрищIейрэ къэкIуэнум фIыкIэ ущызыгъэгугъ мыпхуэдэ зэхыхьэхэр къызэзыгъэпэщахэм фIыщIэ ин яхуэфащэщ, адэкIи къыпащэну дыщогугъ.   
  • Щомахуэ Залинэ.
  • Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.