Пщы Болэтокъуэхэ я шэтемыгъахуэ джанэр, е ФIэщхъуныгъэм лъэкIыр
2021-11-27
- И ныбжьым емылъытауэ, адыгэхэм дапщэщи цIыхухъум пщIэ хуащIу къокIуэкI. Жьэгумрэ хэкумрэ бийм щихъумэу зауэ мыухыжхэм хэт, шыбгым имыкIыу зи гъащIэр зыхь цIыхухъум игъуэт Iулыджыр сыт щыгъуи инт. УзыфIэкI мыхъуххэн щхьэусыгъуэхэр хэгъэкIауэ, пыIэ зыщхьэрыгъым и псалъэр япэ ирагъэщырт, лъэданэ ина Iуэхухэр абы и акъылымкIэ иризэфIахырт. Арагъэнущ цIыхухъур нэмрэ бзаджэмрэ ящыхъумэн хуей гупсысэр къэзыгъэщIауэ щытари.
- Адыгэбзэм хэтщ «нэтемыгъахуэ», «шэтемыгъахуэ», «нэтеш», «хьэхъумэ», «вындыпэ», «лыджанэ» псалъэ гъэщIэгъуэнхэр. Дэтхэнэми кIыхьу утепсэлъыхьыфынущ, ауэ мы псалъэмакъыр хъыбар хьэлэмэт куэд зэщIэкIа «шэтемыгъахуэм» нэхъ тедухуэну дыхуейт. Аращи…
- ДзэшхуитIыр щызэхыхьэкIэ,
- Къарэкъуэлэн гущэхэр къос,
- Къарэкъуэлэн гущэуи къэсахэм
- Пщы щауэр яхэтщ,
- Щэгъум гущэми
- къыщалъэгъуахэм
- Уэ ди Айтэчыкъуэр ящыщщ,
- Ар хэтхэ ящыщ жыпIэмэ —
- БолэтокъуэкIэ ди Жамболэтщ…
- ЛIыбэ пшыналъэм щыщ мы пычыгъуэр зытеухуар илъэсищэм щIигъукIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэм псэрэ псэуныгъэрэ жамыIэу шыщхьэмыгъазэу хэта лIыхъужьхэмрэ абыхэм зэрахьа хахуагъэмрэщ. Уэрэдыжьхэм Iэджэ гъэзэщIэкIэ хабзи япыщIат. Ауэ дэркIэ хьэлэмэтыр зауапIэм Iутхэм я цIэкIэ яуса уэрэдхэр щагъэзащIэкIэ, абыхэм къадекIуэкIыу щыта IуэхущIафэ гъэщIэгъуэнращ. А хабзэм зэреджэр щIакIуэпх егъэжьэжт. ЩIакIуэтес жызыIэхэри щыIэщ. Нэхъапэхэм, бжэгъухэр зэрызэпха кIап-сэ кIапэхэр шитIым я уанэ къуапэхэм фIадзэрти, бжэгъухэм щIакIуэ трапхъуэжырт, абы хьэдэр тралъхьэжырти, унэм яхьыжырт. Шыкхъаблэр зеуалэрэ пхъашэу имыгъэсысын щхьэкIэ, хьэдэр зыкIуэцIылъ щIакIуэр зэрапхырт. Абы хьэдэпхыжкIэ еджэу щытащ. «Хьэдэпхыжым зитIатэри, щIакIуэпхыр ежьэжащ», — жаIэ. Апхуэдэу «ЩакIуэпхым зиудыгъумэ, зыфI, хэкIыжмэ — фIитI», — жаIэрти, нэщхъеягъуэм пэIэщIэ зыхуащIын, я къэтыр Iейм щахъумэн папщIэ щхьэмыгъэуз мэжаджэр зыхэт хьэщIэщ зэхэсхэр ящIу щытащ. Хьэдэпхыжри щхьэмыгъэуз мэжаджэм щышынэу къалъытэу щытащ.
- ХьэщIэщ лIыжьхэм махъсымафэ ящIрэ уэршэрым хэту, уэрэдыжьхэр зэпадзыжу жаIэху, мыдэкIэ цIыхубз унэмкIэ щIакIуэр яубгъурти, щIалэ цIыкIуитI абы и кIапэ зырызым къытрагъэтIысхьэрт, щIакIуэкум унагъуэр зей лIым и пыIэр иралъхьэжырт, Абы иужькIэ а щIакIуэм Iэ зэрыIыгъкIэ къеуджэкIырт зи ныбжь хэкIуэта цIыхубз зыбжанэ. Уджыр зэфIэкIа нэужь, Iуэхум хуагъэхьэзыра щхьэмыгъэузыр яшхырт, цIыхубз гупым яхэт, Iуэхум и хьэтыркIэ къраджа фызабэми гъуэгухъумэ хъуэхъубзэхэр къэтым кIэлъигъэшырт. Щхьэмыгъэузым щыщу япэ Iулъхьэр зыIуагъахуэр щIалэ цIыкIуитIрат — зи гур къабзэм бзаджэр щоукIытэ, жаIэрт. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, унэм имысым, къэтым, зауапIэм Iутым иужь ит ер Iэпхлъэпх ящIу, ар къахъумэу я фIэщ хъурт. НэгъуэщIу жыпIэмэ, я зауэлIыр щIакIуэпхым къыIэщIахауэ къалъытэрт.
- Уэрэдым къыхэщ Болэтокъуэхэ адыгэпщ лъэпкъщ, КIэмыргуейм я унафэр зыщIу щытар ахэращ. Къэбэрдеймрэ Беслъэнеймрэ япщхэм хуэдэу, ахэри Инал Нэху къытепщIыкIыжахэм ящыщт, фIэлIыкIышхуэ яIэт, езыхэри лIыгъэшхуэрэ лъэкIыныгъэрэ зиIэ лъэпкът. Болэтокъуэхэ зи лIыгъэрэ зи гуащIэкIэ яхуэмыIуэтэжу лъэпкъым и щхьэхуитыныгъэм щIэзэуахэм ящыщщ. Зыми хуэдэжкъым ищхьэкIэ къэтхьа уэрэдым къыхэщ Жамболэтыр — шыщхьэмыгъазэт, хэгъэгупсэт, псэемыблэжт, щалъхуа хэкум щхьэкIэ чыри бжэгъури хитIэнурэ къыхичыжынущ, хужаIэрт.
- ЗэраIуэтэжымкIэ, Болэтокъуэхэ лъэпкъ мащIэ щхьэкIэ, гуащIафэт. КIуэдыпIэ ихуэурэ къуэпс къыдэжыжым хэмыкIуэдэжу къызэтринэрт. Ар зи фIыщIэу къалъытэри кIэмыргуей бзылъхугъэхэм абыхэм кIэлъызэрахьэ тхьэлъэIу дауэдапщэхэрат. Ауэ, нэхъ иужьыIуэкIэ, муслъымэн диныр адыгэхэм къахыхьэу зиубгъуу хуежьа нэужь, Болэтокъуэхэ я щIалэхэм шэтемыгъахуэ дыуэхэр хурагъэтхыу, шэтемыгъахуэ джанэхэр хурагъэщIу хуежьащ. «Пщы щIэин» жыхуаIэм щыщу адыгэм къыхуэнар хуабжьу мащIэщ. Ауэ хъыбарыбэр зытеIукIа шэтемыгъахуэ джанэр мыкIуэдыжу къызэтенащ, абы хузэфIэкIыу жыхуаIэри къыпхуэмыIуэтэну куэдыщэ хъурт.
- Адыгэ Хэкум и Лъэпкъ музейм (Мейкъуапэ дэтщ) щахъумэ Болэтокъуэ Жамболэт и шэтемыгъахуэ джанэр. Ар пщы щауэм щыгъыу зылъэгъуахэм жаIэрт: зи гур зи бгъэм дэмыхуэж лIыхъужьщ апхуэдэ джанэ зыщыгъыфынур. Пэж дыдэу, шэтемыгъахуэ джанэр зыщыгъа Болэтокъуэ Жамболэт и лIыгъэр кIуэцIымыхуэжу фIэщхъуныгъэкIэ Тхьэм и цIыхут, жылэ IуэхукIэ зэщIэмыкIуэжт, бий-жагъуэгъукIэ ябгэт, бзылъхугъэкIэ гумащIэт… Болэтокъуэ Жамболэт Iэджэ зауэ гуащIи хэтащ, зауапIэм и курыкупсэми джатэр игъэхуахуэу щызэуащ, шэ ехьэрыкъу мащIи къытехуакъым, ауэ хьэдэгъуэшэр зэи къылъэIэсакъым. Жамболэт Тхьэм хуиIэ фIэщхъуныгъэмрэ шэтемыгъахуэ джанэмрэ къехъумэ, жаIэу щытащ.
- Урысыдзэр нэхъ хьилэшы хъууэ адыгэщIыр къэзэуным хилъхьэ Iэмалыр щыбагъуэм, нэхъыжьхэр зэхыхьэри унафэ ящIат Болэтокъуэм шэтемыгъахуэ джанэ хурагъэщIыну. Абы щхьэкIэ пщы щауэм и пкъым хуэкIуэн хуэдиз чэтэн щэкI къагъэхьэзырри, и кIыхьагъыр и бгым фIэкIын хуэдэу тIууэ зэтралъхьащ, и щхьэр кърагъэжри, пщампIэ зэфIэт хуащIащ. Дамэмрэ Iэгъуапэмрэ зэраIулIа нэужь, и гупэм хуэзэпэхъурейуэ дамыгъэшхуиплI тращIащ, абы и кIуэцIым КъурIэным щыщ Iэятхэр тратхэжащ. Джанэм и зэгуэхыпIэм дежи къехыу шэтемыгъахуэ тхьэлъэIубзэхэр къыхагъэкIащ. Джанэм иджыри хъурей зыбжанэ тетщ, бзийхэр идзу. Ахэр, хуэбгъэфащэ зэры- хъунумкIэ, дыгъэм и теплъэщ, адыгэхэм игъащIэ лъандэрэ гъащIэм, щыIэныгъэм, лъхугъэм я нэщэнэу къалъытэу щыта дамыгъэщ.
- Шэтемыгъахуэ джанэр зыщIыну зи пщэ иралъхьахэр, зэрыжаIэмкIэ, жэщибл-махуиблкIэ я лэгъунэм щIы-хьэж хъунутэкъым, IэпкълъэпкъкIи гупсысэкIи къабзэу щытын, лъхугъэ яIэн, къащIэува быныр узыншэу щытын хуейт. Джанэм Iэ лей лъэIэс, зыхуэмыфащэ еплъ хъунутэкъым. Апхуэдэ джанэр щызытIэгъэну хуитыр пщышхуэ лъэпкъым къыхэкIарат е жылэм Iулыдж зыхуащI зауэлI хахуэрат. Джанэр щызытIэгъэнум дыгъэпсыр зытемыпса псыкIэ зигъэпскIын хуейт, гъуэгу техьэу и Iуэху кърихьэлIэхункIи цIыхубз лъэIэси къеIуси хъунутэкъым.
- Болэтокъуэр шэтемыгъахуэ джа-нэм къихъумами, ажалым IэщIэкIакъым. Пасэрей тхыгъэжьхэм къызэрыхэщымкIэ, Болэтокъуэ Жамболэт къекIуэщалIэу зыукIам фочышэр зытригъэпсар и щхьэращ. И пкъым еуэкIэ зэрыхуэмыукIынур фIыуэ зыщIэ, щыгъ шэтемыгъахуэ джанэм къару иIэу зи фIэщ хъу гуэрщ пщы щауэр зытекIуэдэжар.
- Болэтокъуэ Жамболэт и дуней тетыкIамрэ и кIуэдыкIэ хъуамрэ теухуауэ тхыгъэ щхьэхуэ догъэхьэзырри, абы мыбдеж кIыхьу дыщытепсэлъыхьынкъым, ауэ жытIэну къыттохуэ: хуэдэлI адыгэхэм къахэкIами, зырызыххэщ, ар къытщIэхъуэ щIэблэм щапхъэу яIэныр уасэ зимыIэщ.
- Шэтемыгъахуэ джанэм и хъыбарыр апхуэдэ дыдэу зэлъэщIыса мыхъуа-ми (е лъэпкъ щIэжым IэщIэхужами), шэтемыгъахуэ дыуэм и гугъур куэ-дым зэхахащ. ТIуми къалэн щащIыр зыщ — цIыхур емрэ бзаджэмрэ щыхъумэнырщ, хьэдэгъуэшэр щхьэщыхынырщ. Ди анэшхуэм къиIуэтэжу зэхэсха апхуэдэ зы хъыбар кIэщI дыдэу къэстхмэ сфIэигъуэт…
- Ди къуажэ, ХьэтIохъущыкъуей Ипщэм, дэсащ Сэбаншы Теувэж и цIэу зы лIыжь Iумахуэ. Къуихрэ пхъуитIрэ иIащ абы, щIэблэшхуи къыщIэхъуат. Зэгуэрым, Теувэж гъуэбжэгъуэщ илъэгъуащ, жаIэ, щилъагъуми дадэр лъэIуащ: «Уэ ди Тхьэ, къызэти сIыумыхыж!» — жиIэри. Абы иужькIэ, зы тхьэмахуэ-тхьэмахуитI хуэдиз дэкIауэ, Теувэж деж «СыекIуэлIапIэншэщ, ныжэбэ жэщ закъуэр уи деж щизгъэх», — жиIэри зылI бзэмыIу гуэр къекIуэлIащ. Теувэжи мыхъун къыхигъэкIакъым. Иригъэблагъэри, и щхьэ зэрыхуигъэфащэу хьэщIэр илъытэщ, адыгагъэ ирихщ, игъашхэщ аби, игъэгъуэлъыжащ. Пщэдджыжьым щежьэжым Теувэжым лIыр къыбгъэдыхьэри, и Iэгум кърилъхьащ тхылъымпIэ зэкIуэцIылъ: «ПIамыхыжын хуэдизу зыгуэрщ мы уэстыр», — жиIэ-ри.
- Теувэж мо къыхуашийр щтэIэщтаблэу къыIихри, щеплъым хузэхэмыцIыхукI бзэ гуэркIэ тха зы тхыгъэшхуэу къыщIэкIащ. Теувэж и къуэхэм ящыщ зыр — Гъулэ — еджат икIи епщэжат, хьэрыпыбзэр ищIэрт, КъурIэн Iыхьлыт. Щригъэлъагъум: «Мыр, ди адэ, шэтемыгъахуэ дыуэщ», — къыжриIащ.
- Теувэж пщыхьэщхьэм и щхьэгъусэмрэ и нысэхэмрэ унафэ яхуищIащ, а тхылъымпIэм тет шэтемыгъахуэ дыуэр чэсейфэхум джаних къыхащIыкIыу нэху щыху тратхэну. Ауэ шэтемыгъахуэ дыуэми чэсейфэхуми ахэр ауэ сытми иригъэIэбакъым. Псы зыдагъэжэха нэужьщ и унафэр щаригъэгъэзэщIар. Шэтемыгъахуэ дыуэр зыпщIэхилъхьэну и къуэхэм Теувэж пщэдджыжьиблкIэ заригъэгъэпскIауэ щытауэ къаIуэтэжырт. Дыуэри щIалэхэм япщIэхэзылъхьар Сэбаншыхэ я пхъурылъхут — абы я тхьэлъэIур къабзэщ, къабыл мэхъу, жари. ЩыпщIэхалъхьэри дыгъэр тIыса нэужьт, бзаджэнаджэу къежьэм ирелъагъу Тхьэр къуэтэгъуу узэриIэр, жаIэрт. Шэтемыгъахуэр дыуиблкIэ зэхэтщ, жаIэу щытащ…
- Хьэзыр хъуа чэсейфэху джанэхэр и бынхэм щатIэгъа нэужь, тетым и къабзагъэм хьэтыр хуащIу зэрахьэну унафэ яхуищIыгъат. Ауэ «Сэбаншыхэ я шэтемыгъахуэ дыуэ» щыжаIар иужькIэщ. Теувэж и къуэ нэхъыщIэм — Тембот — къуибгъу иIащ. Абы ящыщу блыр Хэку зауэшхуэм хэтащ. Пщэдей хуэдэм дэкIыну щIалэхэм я анэшхуэм дэтхэнэ зыми шэтемыгъахуэ дыуэм хуэдэ япщIэхилъхьащ. Теувэж зэрищIыгъам хуэдэу, дауэдапщэр ярищIэкIри, зауэм дигъэкIахэщ. Блыми къагъэзэжащ, блыми тхьэлъанэ ящIырт Тхьэм иужькIэ а шэтемыгъахуэ дыуэм къригъэлауэ. Тембот и къуэ нэхъыщIэ Даут яукIыну лъэгуажьэмыщхьэу къагъэтIысауэ и натIэм фокIэщI къытрагъэпсар плIэней уэщхъуауэ жиIэу щытащ. ЗыукIыну нэмыцэ зауэлIым етхуанэу къыщытригъапсэм, Даут и дзакIуэгъухэр къэсри кърагъэлыгъащ.
- Шэтемыгъахуэ дыуэм лъэгуитху иIэщ, жаIэу щытащ. Бжыгъэр Болэтокъуэ Жамболэт и джанэм тет зэпэхъуреиплIым епхауэ пIэрэ жыуегъэIэ. ГъэщIэгъуэныр, шэтемыгъахуэ дыуэм ит духьэри лъэгукIэ зэджэ хъуреиплIым зэрыратхэрт, цIыкIу-инкIэ зэщхьэщыкI а хъурейхэм дэтхэнэми адыгэбзэкIэ цIэ зэрызэрахьэрт.
- Ин дыдэр — хьэзыхьт, Iэдэм и тхьэлъэIуу, етIуанэр щэтехъуэт — Нухь и тхьэлъэIуу, ещанэр — пщыкIэхьт, Мусэ и тхьэлъэIуу, еплIанэми — бэбэхь, Хьисэ и тхьэлъэIуу жаIэрт. «Уэ ди Тхьэ, къытхузэхэлъхьи, Мухьэмэд и тхьэлъэIум къытхущIыгъуж», — жаIэрти, нэхъ ин дыдэу тетым — гуащIэхь жыхуаIэм итым къеджэжхэрт… «Ар сыт жытIэрэ, дыщIэупщIамэ, и узри уи бзаджэри зыхьщ, гуащIэ къыпхэзылъхьэщ», — игу къигъэкIыжырт ди анэшхуэм.
- Адыгэм щIэныгъэшхуэ къигъэщIащ, лъащIэншэу, куууэ, къыпхузэщIэмыубыдэнкIи гупсысэ къыуиту. ИкIутар из мыхъужми, къыкъуэкIыр зэхуэхьэсыжыныр дэтхэнэми ди хьэкъщ, пщIэну щыткъым, зэуIу ищIыжу зэзыгъэпэщыжын къытщIэхъуэнкIи хъунущ.
- ТАБЫЩ Мурат,
- «Адыгэ псалъэ» газетым
- и щIэныгъэ обозреватель.