ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ГъащIэшхуи  щIэупщIэшхуи иIэнущ

2021-11-20

  • Адыгэбзэм хузэхалъхьауэ псалъалъэ зэмылIэужьыгъуэхэр дунейм къытехьащ — псалъэгъэнахуэ, зэзыдзэкI, фразеологие, пэжырытхэ, нэгъуэщI жыпIэми. Мыбы и лъэныкъуэкIэ ди Iуэхухэр Iейкъым. Ауэ, апхуэдэу щытми, дяпэкIи длэжьын хуейр мащIэкъым. Къытпэщытхэм, куэд щIауэ дызыхущыщIэхэм ящыщщ ХьэцIыкIу Рае ди пащхьэ кърилъхьа лэжьыгъэщIэри. Ар къалэну зыхуигъэувыжу илъэс бжыгъэкIэ елIэлIа, зи гуащIэ псэемыблэжу езыхьэлIа Рае фIыщIэ лей хуэщIыпхъэщ.

  • БзэмкIэ егъэджакIуэри, бзэр зыджри япэу зэпхъуэну зыхуэныкъуэхэм ящыщщ псалъэ къэхъукIэхэмкIэ гъуэгугъэлъагъуэ псалъалъэр, сыту жыпIэмэ бзэм псалъэ къызэригъэхъу Iэмалхэм ущымыгъуазэу, адэкIэ абыхэм уаригъуазэурэ уэ къэпIуэтэну узыхуей гупсысэхэр къикIыу псалъэ къэбгъэщIыф умыхъуамэ, а бзэр куууэ умыщIэу аращ. Рае зыхущIэкъури и хъуэпсапIэри аращ — иджырей щIэблэри, дяпэкIэ дунейм къытехьэнухэри бзэм хуэIэзэу къэгъэхъунырщ, дунейм щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм зи лъабжьэр щIауд анэдэлъхубзэм и гъащIэр апхуэдэ щIыкIэкIи кIыхь щIынырщ. Емызэшыжу а Iуэхум толэжьыхь мы бзылъхугъэр, хэкIыпIэ гъэщIэгъуэн куэди абы къыхуегъуэтри гъащIэм хепщэ. Мы псалъалъэри а гъуэгум щича лъэбакъуэшхуэу къызолъытэ.
  • Дауэ пэлъэщауэ пIэрэ мыпхуэдэ къалэн мытыншым жыпIэмэ, сэ мы лэжьыгъэм гупсэхуу нэIуасэ зыхуэсщIащи, шэч лъэпкъ къытесхьэркъым ар сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей зэрыхуэзам, мыпхуэдэ псалъалъэ лIэужьыгъуэу нэгъуэщIыбзэхэм, псалъэм папщIэ урысыбзэм, хузэхалъхьауэ щыIэхэм я нэхъыфIхэм ябгъурыбгъэувэ зэрыхъунум. Дауи, псалъалъэр зэхэзыгъэувар а зи гугъу сщIыхэм якIэлъыплъащ, ахэр зыкъомкIи щапхъэ хуэхъуащ. Ауэ бзэ къэс езым и зэхэлъыкIэ щиIэкIэ, абыхэми бгъэдыхьэкIэ зырызи къахуумылъыхъуэу хъуркъым, Раи апхуэдэ проблемэ хэтащ — адыгэбзитIми, абыхэм я Iыхьлы абазэбзэми, абхъазыбзэми мызыгъуэгукIэ псалъэ къэхъукIэ псалъалъэ щамыIэкIэ, абы езым и лъагъуэ хишыжын хуей хъуащ.
  • Ди бзэм и нэщэнэщ зы пычыгъуэ фIэкIа мыхъу псалъэ лъабжьэм и пэмкIи и кIэмкIи зыр адрейм кIэлъыкIуэу мыхьэнэщIэ къэзыгъэхъу Iыхьэхэр пыувэурэ, гъэщIэрэщIауэ жыпIэмэ, нэрынэ-нэрынэу къызэрыкIыурэ, сатыр псо хъу псалъэ зэхэлъхэр къызэрытехъукIыр. Псом ялейуэ апхуэдэ зыдэтлъагъур лэжьыгъэ къызэрыкI псалъэхэрщ, нобэ глагол жыхуэтIэхэрщ. Псалъэмакъым тIэкIу дыкъытокI, ауэ и чэзу хъуат мыбы хамэбзэкIэ мыхъуу адыгэбзэкIэ фIэщыгъэ иIэну, ауэ къафIэмыIуэхуныгъэр арами, темыгушхуэныгъэм къыхэкIами, мыбы и мызакъуэу нэгъуэщI бзэщIэныгъэ фIэщыгъэцIэ куэдымкIи нэгъуэщIыбзэ жыIэкIэхэм дакъытемыкIыфу дыкъокIуэкI. Зэгуэр къыхалъхьэу иджы дызэсэжа «щыIэцIэ», «плъыфэцIэ»-хэм хуэдэу глаголми «лэжьыгъэцIэ»-кIэ щхьэ деджэ мыхъурэ? Мы проблемэр зэфIэхыным яужь дихьакIэщ, Тхьэм жиIэмэ, абы унафэ гуэр мыгувэу игъуэтынущ.
  • АтIэ, глаголым деж дгъэзэжынщи, абы хэлъ лэжьыгъэм и екIуэкIыкIэр игъэнаIуэу хэувэ псалъэ Iыхьэхэр куэд мэхъу: псалъэм папщIэ, ар зыгуэрым е ищхьэмкIэ, е илъабжьэмкIэ, е ибгъумкIэ зэрыщекIуэкIыр, тыншу е гугъуу, псынщIэу е хуэмуу къызэрыхъур, н.къ. Ахэр къэхутэнымкIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIэзыгъэкIа щIэныгъэлI цIэрыIуэ Къумахуэ Мухьэдин мыпхуэдэ щапхъэ къехь: къы-д-е-з-гъэ-шэ-жы-ф-а-тэ-къым.
  • Мыбы нэхърэ нэхъ гугъужхэри щыIэщ. Пэжщ, мы щапхъэ къэтхьам хэтщ псалъэ къэзыгъэхъухэм нэмыщI псалъэхъуэжхэри — къапщтэмэ, Iуэхугъуэр зылэжьыр, къыдэзылэжьыр, ахэр зэлэжьыр, н.къ. къагъэлъагъуэу глаголым зэуэ щхьэ префиксу тхум нэс хоувэф. Иджы мыпхуэдизыр щызэхэувэкIэ, а псор зэхэмызэрыхьу дауэ къанэрэ? ГъэщIэгъуэныр абдежыращи, псалъэ къэзыгъэхъу (псалъэщI жытIэми хъунущ) Iыхьэ къэс пыухыкIауэ езым и увыпIэ иIэжщ. Iэнэ тIысыгъуэм деж нэхъыжь-нэхъыщIэ зэрыжытIэм хуэдэу, е гуп зэхэтмэ, хэт ижьрабгъукIэ, хэт сэмэгурабгъукIэ къыщытын зэрыхуейм хуэдэу, адыгэм ди зэхэтыкIэ хабзэм хуэдэ ди бзэми щызокIуэ. Сэмэгурабгъу-ижьрабгъум бзэм щыхуэбгъадэ хъунущ лъабжьэпэ (префикс), лъабжьэужь (суффикс) гупитIыр, мыдэкIэ а гупхэм ящыщ дэтхэнэри зэрызэхэт Iыхьэхэр дауэ зэкIэлъыкIуэн хуейми — хэт япэ, хэт яужь итын хуейми — ди Iэнэ тIысыкIэм ебгъапщэ мэхъу. А хабзэхэр димыIэу щхьэж езым къызэрыфIэщIым хуэдэу псалъэм и Iыхьэхэр къригъэувэкIын щIидзамэ, зым жиIэр адрейм къыгурымыIуэжу дыкъызэхэнат. Гу лъыфтагъэнщ, зыгуэрым зэрымыщIэкIэ, е бзэр куууэ зэримыщIэм къыхэкIыу псалъэм и Iыхьэ гуэрхэр зэблэгъэувыкIауэ къипсэлъмэ, ар занщIэу тхьэкIумэм къоуэ. Аращи, псалъэ къэхъукIэ тэмэмым ущыгъуазэу ущытыным мыхьэнэшхуэ иIэщ.
  • НэгъуэщI зы лъэныкъуи щыIэщ, и гугъу умыщIу ублэкI мыхъуу. ПсалъэщIэ къыщыхъукIэ, абы и Iыхьэ зэхыхьэхэм мымащIэу щокIуэкI макъ хъуэж, макъ зэблэхъу сыт хуэдэхэр. Ахэр къыхэлъытауэ псалъэм и тхыкIэм хабзэ гуэрхэр хуэгъэувауэ щытщ. КIуэ, ди пэжырытхэм и бгъэдыхьэкIэ нэхъыщхьэр зэрызэхэпхым ещхьу (фонетикэ принцип) тхынырщ, ауэ абы имызагъэу зэрызэхэткIэ (морфологие принцип) тхын хуейхэри щыIэщ. Уеблэмэ а тIуми къызэщIамыубыдэу зэрызэгурыIуа тхыкIэ жыхуиIэри диIэщ. Иджы псалъэ гуэр птхын хуейуэ, абы и тхыкIэ хабзэми ущымыгъуазэмэ, къэнэжыр ар псалъалъэм къыщыплъыхъуэнырщ. Абы тещIыхьа пэжырытхэ псалъалъэ щыIэщ, ауэ ар уимыIэми, мис мы къэхъукIэ псалъалъэр, ар и къалэну щымытми, щIэгъэкъуэн къыпхуэхъуфынущ.
  • Мы псалъэмакъ кIыхьыр къыщIэзгъэхъеяр ХьэцIыкIу Рае зыпэрыта Iуэхур зэрымыцIыкIуфэкIур фи нэгу къыщIэзгъэхьэн, абы и IэдакъэщIэкIым хуэфэщэн уасэ хувэзгъэщIын щхьэкIэщ.
  • Псалъалъэм къанэ щымыIэу къызэщIиубыдащ адыгэбзэм псалъэ къэхъукIэу иIэ псори, абыхэмкIэ бзэм къигъэщIа лексикэри убгъуауэ къыщыхьащ, нэгъуэщIу жыпIэмэ литературэбзэм къыщагъэсэбэп псалъэ къытещIыкIахэр мыбы ибгъуэтэнущ. АдэкIэ ахэр нэхъ тыншу, гурыIуэгъуафIэу тхылъеджэм бгъэдилъхьэн папщIи дунейпсо лексикографием зэригъэпэща бгъэдыхьэкIэфIу щыIэхэр къришэлIащ, ди бзэм ахэр епхьэлIэ зэрыхъун хуэдизкIэ, мыдэкIи а Iэмалхэр къыщемэщIэкIым зыхуримыкъур езым хилъхьэжащ. А псом щыгъуазэ ухуэзыщI «Псалъалъэм и ухуэкIэр» щIэныгъэ къэхутэныгъэ щхьэхуэм хузогъадэ, апхуэдизкIэ зэхэхауэ псалъэ лъэпкъыгъуэ къэс я псалъэ къэхъукIэ парадигмэр щызэпкърыха хъуащи. Тхылъыр япэу къэзыщтэ дэтхэнэми абдеж къыщыщIи-дзапхъэщ, адэкIэ псалъалъэр Iэрыхуэу къигъэсэбэпыф хъун щхьэкIэ.
  • Мы тхылъым, дауи, гъащIэшхуи щIэупщIэшхуи иIэнущ — аракъэ тхылъ кьыдэзыгъэкIым и хъуэпсапIэ нэхъыщхьэр. Псалъалъэм, ар зэхэзылъхьам хуэгъэзауэ жытIэмэ, ар хъуэпсапIэ нэхущ, сыту жыпIэмэ ди лъэпкъым, ди анэдэлъхубзэм ифI зэрехуэри, абы и пщэдейм толажьэри.
  • БИЩIО Борис,
  • филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор,
  • КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ.