ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Лъэпкъ гупсысэр зи Iэпэгъу

2021-11-20

  • ЩакIуэ Мусэлий Мардас и къуэр 1946 гъэм щэкIуэгъуэм и 20-м Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм хыхьэ Малэ Зеленчук (Ботэщей) къуажэм къыщалъхуащ. Къуажэ пэщIэдзэ еджапIэр къиуха нэужь, Черкесск дэт еджапIэ-интернатым курыт щIэныгъэ щызригъэгъуэтащ.

  • Алма-Ата дэт Къэзахъ къэрал университетым журналистикэмкIэ и факультетым 1965 гъэм щIэтIысхьэри, 1969 гъэм ехъулIэныгъэхэр иIэу къиухащ. Абы иужькIэ ар ди къэралым и хэгъэгу зэмылIэужьыгъуэхэм щылэжьащ — Къэзахъстаным, Сыбырым, Колыма, Чукоткэ, Врангель и хытIыгум къыщыдэкI газетхэм, радиом.
  • Журналист лэжьыгъэм къыдэкIуэу, и щIалэгъуэм абы игъэунэхуащ IэпщэкIэ лэжьэнри — хьэлъэзехьэуи, пхъащIэуи, бетон зэхэзыщIэуи, мывэ зэтезылъхьэуи щытащ, уеблэмэ хьэр Iэжьэм щIэзыщIэхэми яхэтащ.
  • 1976 гъэм Мусэлий Къэрэшей-Шэрджэсым къигъэзэжри, япэщIыкIэ Хьэбэз дэт заводым, иужькIэ район радиом щыIащ.
  • 1982 гъэм Къэрэшей-Шэрджэс телерадиокомитетым лэжьэн щыщIедзэ, хъыбарыщIэхэр, сабийхэм, щIалэгъуалэм ятеухуа нэтынхэр игъэхьэзы-ру. ИтIанэ жылагъуэ-политикэ Iуэху-хэм хухэха нэтынхэм зрепщыт. Абы зэфIэкIрэ хэлъэту иIэр къалъытэри, радиом и редактор нэхъыжь IэнатIэр, иужьыIуэкIэ редактор нэхъыщхьэ ящI.
  • Мусэлий и псалъэхэр шэрыуэщ, адыгэбзэр IэкIуэлъакIуэу къегъэсэбэп, зытепсэлъыхь Iуэхугъуэхэр куууэ зэпкърех, журналистикэм и Iэмалхэр къигъэсэбэпурэ и тхыгъэхэр гукъинэж пщещI. Зэпсалъэ цIыхухэми гуапэу яхущытщ ар, я щхьэр ину яригъэлъагъужу, игъэгушхуэу, игъэлъапIэу. Ар фIыуэ щыгъуазэщ дунейпсо литературэм, тхыдэм, псом хуэмыдэу езыр къызыхэкIа лъэпкъым и блэкIам, щэнхабзэм. Географиеми, зекIуэн Iуэхуми, спортми хуэхамэкъым.
  • Иужьрей илъэсхэм Мусэлий щолажьэ Къэрэшей-Шэрджэс телерадиокомпанием и адыгэ къудамэм, ар абы и унафэщIщ. И къалэн нэхъыщхьэу къелъытэ зи пашэ лэжьакIуэ гупыр игъэгушхуэнымрэ цIыхухэм гунэс ящыхъун нэтыныфIхэр ягъэхьэзырыным и жэрдэмщIакIуэу щытынымрэ.
  • 1968 гъэ лъандэрэ Мусэлий СССР-м, Урысейм и Журналистхэм я союзхэм хэтщ, «Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щIыхь зиIэ и журналист» цIэ лъапIэр 1995 гъэм къыфIащащ, абы къыкIэлъыкIуащ «Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист» цIэ лъапIэри.
  • 2001 гъэм абы къыхуагъэфэщащ Къэрэшей-Шэрджэсым и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и Президиумым и ЩIыхь тхылъыр.
  • Сабиигъуэ
  • Адыгэм я хабзэтэкъым къыщалъхуа махуэр ягъэлъапIэу, ар кърагъэкIуртэкъым. Нобэ зи илъэс 75-р зыгъэлъапIэ журналист цIэрыIуэ ЩакIуэ Мусэлий къыщалъхуа махуэр и анэм и махуэу къелъытэ.
  • «Хьэблэжь сыкъыщалъхуам сыдэплъэжмэ, абы щыгъуэм псэуахэмрэ иджырейхэмрэ я дунейр зызогъапщэ. Ди адэжь-анэжьхэм ятелъа хьэзабыр хьэлъэу си плIэм дэлъщ, гукъеуэмрэ губгъуэ лэжьыгъэмрэ къыдэмыхуэу я гъащIэр зэрахьар си нэгу къыщIохьэж. Зауэри, гуауэри, къэралым и псэукIэ гугъусыгъухэри — а псори нобэ ебгъапщэмэ… ГъащIэм зэрызихъуэжар япэу зэрызыхэсщIэр ди нэхъыжь Iумахуэхэр зэрыщымыIэжымкIэщ. Абыхэм я шыуан-лэгъуп зехьэкIэр, пщэфIэкIэр, я дуней тетыкIэ дахэр нобэрей зэманым хуэчэмщ. Сытуи псэ къабзэу дунейм тета ахэр! Ди лIыжьхэм сахоплъэжри, шыхъуэу, мэлыхъуэу, Iэхъуэу псэу защIэт. ИтIанэми, ахэр ди уэрамым щрикIуэкIэ, мывэ кIэщхъ къудей гъуэгум телъу ямыдэу, баш яIыгъымкIэ еуэрти, лъэныкъуэ ирагъэзырт.
  • Ди къуажэхэр кIыфIтэкъэ абы щыгъуэм?! Мэжджытым щыIа лIыжьхэм фонарь щIэгъэнахэр яIыгъыу къызэрыкIуэжыр си нэгум щIэтщ ноби. А нэхугъэмрэ лIыжьхэмрэ зэман кIыфIыгъэм хыхьэжа си сабиигъуэм къыпхыкIым хуэдэщ.
  • Ди къуажэр, си сабиигъуэм зэрыщытар си нэгу къызэрыщIыхьэжыр псыхъуэ банэ сэрейуэщ, и цыпэхэр уэрамымкIэ къэгъэзауэ. Арами, апхуэдэ теплъэ зиIа къуажэми зэи къэмыхъуауэ хуабагъэ дэлът. Тхьэ сIуэнуи сыхуейкъым, ауэ иджырей зэхущытыкIэм хэлъ щIыIагъэм хуэдэ си сабиипсэм зыхищIакъым а зэманым.
  • ТеплъэгъуитI си нэгу къыщIохьэж си сабиигъуэм щыщу. Япэ теплъэгъуэу къысхуэнар зэрыхьзэрийрщ. Уей, фоч макъыр къуажэм щхьэщыIукIыу, цIыхухъухэм фочыр ягъауэу уэрамымкIэ дэжу си нэгу щIэтщ. ИлъэсиплIым ситт абы щыгъуэм. Ди анэ мыгъуэми жэз тасыр къипхъуатэри, баш цIыкIукIэ еуэу пщIантIэм дэжащ. Хьэблэ фызхэри хэт пэгун, хэти кIэструл яIыгъыу, абыхэм макъ ирагъэщIым езым я макъри хыхьэжауэ хьэблэм зэрыдэхыу си нэгу къыщIохьэж. «МацIэр къуажэбгъум щылъ гъавэм къыхыхьауэ хьэлэч ещI!» — жаIэри, зи лъэ вакъэ изылъхьэу къуажэм дэсыр зэрыдэхыу арат ар ягъэщтэну.
  • ЕтIуанэ теплъэгъуэри къыщыхъуар а пIалъэращ. Ди адэшхуэм къитIауэ псыкъуий куу диIэт. Мывэ къэси зыр-зым хуэкIуэу зэтелъхьауэ — ауэ сытми псыкъуийт ар! Мис а псыкъуийм шэдыгъуэ жыг бэлыхьхэр къегъэтIысэкIауэ щхьэщытт. Си шынэхъыщIэ Мусэбий и гущэ хэлъыгъуэт. Ди анэри дэстэкъым. Си адэм и анэр КIытIэхэ япхъут, еджагъэшхуэ КIытIэ Ахьмэд и адэм и шыпхъу дыдэт. И щхьэм лъы дэуейри, и щIэлъэныкъуэр иубыдауэ нанэр пIэхэлът. Ар къыщIашри, дыгъафIэм къыхагъэтIысхьат, сэ жыгым сытест, сIыгъ пыIэ цIыкIум шэдыгъуэ къыпысчхэр ислъхьэу. Зэуэ дыгъэр иубыдри, дунейр кIыфIыбзэ къэ-хъуащ.
  • Сыгужьеяуэ согъ, жыгым сыкъехыжынуи сошынэ. «Уэ си сабий мыгъуэр! Уэ си сабий мыгъуэр!» — жиIэу ди нанэ и макъыр къоIу. Мо игъащIэм зи макъ зэхэзмыха ди нанэм и макъри си нэIуасэкъыми, сэри гъыныр щызгъэткъым. Ди гъунэгъу лIыжь бэлыхь, Мамбэт Мыхьэмэтджэрий, къыдыхьэри: «Iэминат, сыт къэхъуар?», — жиIащ. «Сабий мыгъуэр кIыфIым игъэгужьеяуэ жыгым къехыжыфыркъым», — щыжриIэм, Мыхьэмэтджэрий накIуэри, жыг къудамэм сыкъыпихыжауэ щытащ».
  • Нэхъыжьхэр
  • Дунейм къытехьэ цIыхум лъагъуэхэш хуэхъури, щапхъэ зытрихыу къыдекIуэкIри и нэхъыжьхэрщ. Абыхэм я жьауэм зэ щIэта цIыхум щыгъупщэнукъым я нэхъыжьхэм къапкърыкI гуапагъымрэ Iущагъымрэ. Мусэлий щызэплъэкIыжкIэ, игу нэхъ хыхьэу иIэ гукъэкIыжхэм ящыщщ и нэхъыжьхэр.
  • «А зэман жыжьэм сыхэплъэжмэ, лъэпкъым и купщIэу, налкъуту хэслъагъуэр ди нэхъыжьхэращ. Ахэр ауэ сытми цIыхут! Я псэлъэкIэкIи дуней тетыкIэкIи зэтету, гъащIэ Iущагъыр я Iэдэжу куэд зылъэгъуа нэхъыжьт ахэр. Нобэ сызоплъэкIыжри, сылъэIэсыжкъым: ей, бетэмал! БалигъыпIэм сиувауэ ди лIыжьхэм сащыбгъэдэсам, абыхэм жаIар щIэзмытхар сыт?! Пэжщ, ноби я псалъэ, теплъэгъуэ куэди си гум къинащ, си нэгум щIэтщ. Ауэ абыхэм къапкърысхыфыну щытамрэ нобэ гукъэкIыжу къысхуэнамрэ ауи зэбгъапщэ хъунукъым. Мис ар си щыуагъэшхуэу къызолъытэ.
  • Уэз Хьисэ, ЩакIуэхэ Бэтокъуэ, Хьэжбатыр, Машэ, Лу, Къаплъэн, Билал, Братхэ Машэджэху, Къаплъэн, Хьэмзэт сымэ — мыр япэу си нэгу къыщIыхьэжа къудейхэращ. Апхуэдэ лIыжь бэлыхь дапщэ дэса ди къуажэм! Абыхэм ящыщт си адэшхуэри. И гъащIэр колхоз тхьэмадэу, пашэу ирихьэкIащ. Езыр 1896 гъэрат къыщалъхуар, 1938 гъэм «троцкист» дзыр къыфIащри яукIащ. Ауэ и фэеплъ, цIыхугъэ нэхур си дежи къэсащ. НыбжьэгъуфIу иIа, къыдэлэжьа, губгъуэм къыдита Брат Умар къызжиIэжауэ щытащ: япэрей гъавэр губгъуэм кърахыжу хьэмым къызэрытрахьэу, гуэдзми, нартыхуми, нэгъуэщIми, къэп зырыз, щэху-нахуэми, къуажэм фызабэу дэсым яхуригъашэрт. Апхуэдэ гулъытэ зыщIыфынрэ а гулъытэм хуэныкъуэрэ ди зэманми щыIэщ, ауэ япэхэм етIуанэхэр зэрамылъагъум сигу хегъэщI, ди нэхъыжьыфIхэм къытхуагъэфэщэнкъым ар, жысIэу».
  • Лъэпкъыбзэ
  • Илъэс куэд щIауэ анэдэлъхубзэм ирилажьэ ЩакIуэ Мусэлий, ар хъумэным, щыIэным, щIэблэм яIурылъыным и Iыхьэ хъарзыни хилъхьащ. И IэщIагъэм щигъэнэхъыщхьэри ар зэрылажьэ анэдэлъхубзэращ.
  • «Уи лъэпкъыбзэм нэхърэ нэхъ узыгъэлъэпIэнрэ узыгъэлъагэнрэ щыIэу къэслъытэркъым. Ди хэгъэгум щыпсэу лъэпкъхэм уахэплъэмэ, адыгэхэм нэхърэ зи бзэм пщIэ нэхъ хуэзымыщIыж, фэ езымыплъыж яхэту къыщIэкIынкъым. Къэрэшеи, абази, нэгъуеи, зэрыжаIэу, ар къуажэдэс е къалэдэс ирехъу, я быныр я лъэпкъыбзэкIэ ягъэпсалъэу, утыкум ихьэмэ, я бзэмкIэ «иракъутыхьу» долъагъу. Пэжщ, адыгэхэми къахокI зыгуэр зыщIэ, зи гур лъэпкъыбзэм хуэгузавэ, ауэ и нэхъыбэм мы Iуэхум хуаIэ бгъэдыхьэкIэм укъегъэуIэбжь.
  • Сэ куэдрэ жысIащ: бзэм бгъэдыхьэ-кIэ къыхуэдгъуэтынымкIэ щапхъэ тхуэхъупхъэу къэслъытэр Израилым щыпсэу адыгэхэрщ. Абыхэм я сабийхэр анэдэлъхубзэм зэрыхурагъаджэр, ар зэрыIуралъхьэр щапхъэ ирокъу.
  • Сигу къокIыж усакIуэ, егъэджакIуэ Бемырзэ Мухьэдин адыгэбзэмкIэ 1 — 4-нэ классхэр зэреджэну Iэмалхэр къызэригъэпэщауэ зэрыщытар. А зэманым Мухьэдин а гупсысэр щIиукъуэдиям, ерыщу иужь щIитам, ауэ зэрызэхамыхам нобэ щIэрыщIэу дегупсысыжыпхъэщ.
  • Мис а гъуэгуращ Израилым щыпсэу адыгэхэр зытетыр. Рихьэниерэ Кфар-Камэрэ къуажитIым я еджапIэм анэдэлъхубзэ зыIурымылъ сабий къащтэнукъым. Зи анэдэлъхубзэр лъабжьэ зыхуэхъуа сабийхэм журтыбзэри, инджылызыбзэри, хьэрыпыбзэри тыншу къапхъуатэ. Ар ди дежкIэ щапхъэу къызолъытэ. Абыхэм елъытауэ, ди Iуэху зехьэкIэр узыфIэмыкIыжыну тхьэмыщкIагъэщ. Лъэпкъыбзэм и жьауэм щIэкIам, абы елъэпэуэжам и дунейри зэрымыузыншэжым сэ шэч къытесхьэркъым.
  • Хуабжьу сызыгъэгужьейр анэдэлъхубзэ зыIурылъу сабий гъэсапIэм кIуэ ныбжьыщIэм мазэ бжыгъэ нэхъ дэмыкIыу ар зэраIэщIэхурщ. Къалэдэс адэ-анэ гуэрхэри хъийм икIарэ, я лъэпкъыбзэм хуэмеижу, я быным ар ирагъэджын ямыдэу, уеблэмэ абыкIэ лъэIу тхылъ еджапIэхэм щIалъхьэу — хэплъэгъуэщ дызэрыт зэманыр. Абыхэм къагурымыIуэр зыщ: уи лъэпкъыбзэм щIэныгъэм хегъахъуэ, армыхъумэ хигъэщIыркъым.
  • Лъэпкъ мащIэхэм я анэдэлъхубзэмрэ щэнхабзэмрэ пщIэ хэха хуищIыну къэралым и пщэ илъщ. Нэхъыщхьэжыр аращи, адыгэм къытхэкIауэ къулыкъу зэхуэмыдэхэр зыIыгъхэм лъэпкъыбзэм и мыхьэнэр къагурыIуэу, абы ирипсэлъэну зрамыусыгъуэджэмэщ зыгуэрым дыщы- гугъ щыхъунур.
  • Си щхьэкIэ, адыгэбзэр пасэу си гъащIэм къыхыхьащ, си унагъуэм къикIыу. Ди адэм адыгэбзэкIэ иригъаджэрти, лъэпкъыбзэкIэ къыдэкIа тхылъ къытхуимыхьауэ къэкIуэжыртэкъым. Уи бзэр зыщIэпшэныр, уи бзэкIэ дунейр къэплъагъуныр куэд и уасэщ.
  • Ди адыгэбзэр лъэрыхьщ икIи телъыджэщ, къызэрымыкIуэу ныбжь ин зиIэщ. Абы хуэгъэзауэ ГъукIэмыхъу Iэубэчыр, КъардэнгъущI Зырамыку, Нало Заур, Нало Ахьмэтхъан, къэхутакIуэу диIэ ХьэдэгъэлI Аскэр сымэ жаIа-ятхахэр гъунэ зимыIэу IуэрыIуатэм лIэщIыгъуэ бжыгъэкIэ къыхэнэну защIэщ.
  • Ди лъэпкъыбзэм си гупсысэр зэриунэтIымрэ зэригъэкъабзэмрэ къэсщтэнщи, абы нэхъ телъыджэ дунейм тету схужыIэнукъым. Арагъэнщ сэ газетми, радиоми, телевиденэми сыщылэжьэну Тхьэшхуэм гъуэгу къыщIызитар».
  • Журналистикэ
  • Лъэпкъ журналистикэм хэлъхьэныгъэ ин хуищIащ Мусэлий. Абы и блэкIами фIыуэ щыгъуазэщ, нобэ зэрыт щытыкIэми хещIыкI, дяпэкIэ зыхуэкIуэнум теухуауэ жиIэри гъэщIэгъуэнщ.
  • «Псалъэм нэхърэ нэхъ лъэщ цIыхум и акъылым къигъэщIауэ къыщIэкIынкъым. Филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор цIэрыIуэ Бэчыжь Лейла утыкум къыщихьэкIэ «Псалъэр…» жиIэу къызэрыщIидзэм куэдым сригъэгупсысырт. Лейла жиIэн имыгъуэту аратэкъым абыкIэ сыт щыгъуи къыщIригъажьэр. АтIэ, псалъэм и мыхьэнэм, и купщIэм, «псэм илъу» зэрыщытым гу лъыдигъэтэну арат. Сэ си щхьэкIэ абы къигъэуш гупсысэм сришажьэрти, ди тхыдэмрэ анэдэлъхубзэмрэ я гъуэгуанэ хьэлъэм сытришэжырт.
  • Адыгэ журналистикэм и тхыдэм дыхэплъэжмэ, ар кIэщIу жытIи хъунукъым. ЕпщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм къыщегъэжьауэ ди лъэпкъым узэщIакIуэу, еджагъэшхуэу, публицист псалъэкIэ утыкум ихьэу диIа цIыхушхуэхэм къадежьащ адыгэ журналистикэм и тхыдэри. Апхуэдэщ журналистикэм и IуэхукIэ псом япэ изгъэщ КIашэ Адэлджэрий (Къалэмбий), итIанэ Тамбий Пагуэ, Къазджэрий, Хъанджэрий, Бырсей Умар сымэ. Абыхэм я фIыщIэщ журналистикэм и япэ лъагъуэхэр.
  • Пэжщ, журналистикэм «еплIанэ власть» хужаIэу къокIуэкI, ауэ апхуэдэ пщIэ лъагъэсыркъым. Апхуэдэ зэхущытыкIэм зихъуэжу, журналистым и псалъэм къулыкъущIэхэр нэхъ щIэдэIуу щытамэ, фIы къыдэкIуэнут, ныкъусаныгъэхэр нэхъ мащIэнут. ГурыIуэгъуэщ лъэпкъ журналистикэмрэ лъэпкъыбзэмрэ зэрызэпхар. Журналистхэр, псом хуэмыдэу телевиденэм щылажьэхэр, наIуэ дыдэу дыщыгъуазэщ адыгэбзэр зыхэхуа тхьэмыщкIагъэм. Ди лъэпкъэгъу къулыкъущIэхэм депсэлъэн хуей щыхъукIэ, я гупсысэр я анэдэлъхубзэмкIэ къахуэIуатэркъым. И хэку исыжу псэу адыгэм къекIурэ ар?
  • Гу зэрылъыстащи, ди бзылъхугъэхэм я бзэр нэхъ къабзэу къызэтенащ, ди цIыхухъухэм я псэлъэкIэм елъытауэ. Ди бзэр тIэщIэхумэ, лъэпкъыр дыхэкIуэдэжауэ аращ. Лъэпкъыбзэр и лъэ теувэжыным си гугъэр хэсхыну сыхуейкъым. А гугъэр сIэщIэкIмэ, дунейм сыщIытет щхьэусыгъуэри сIэщIэкIыну къысщохъу. Нобэ лъэпкъым къеуэлIа узым дыпэщIэмыувэмэ, ди гугъэри кIуэсэнущ. Лъэпкъыбзэ щымыIэу, лъэпкъ журналистикэми ущIытепсэлъыхьын щыIэжкъым».
  • БАГЪЭТЫР Луизэ.