Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
2021-11-20
- Къалэдэсхэм я бжыгъэр
- Къэралхэм я цIыхуу къалэхэм щыпсэур: Ватиканым, Монакэм, Наурум, Сингапурым цIыхуу щыпсэум я проценти 100-р къалэдэсщ, Бельгием — процент 97-р, Андоррэм — 95-р, Исландием, Катарым — 92-р, Бахрейным, Израилым, Уругвайм — 91-р. Зи цIыхухэм я процент 80-м щIигъур къалэхэм щыпсэу къэралхэр блы мэхъу. Къалэдэсхэр щынэхъ мащIэ дыдэр Бутанырщ — проценти 7 къудейщ, Руандэмрэ Бурундиемрэ — 8-щ, Непалым — 11-щ, Угандэм — 13-щ. Къалэдэсхэр щохъу: США-м — процент 76,2-рэ, Урысей Федерацэм — 73,1-рэ. УФ-м и республикэхэу Адыгейм — 53-рэ, Дагъыстэным — 41,5-рэ, Ингушым — 32,4-рэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым — 60,1-рэ, Къалмыкъым — 39,7-рэ, Осетие Ищхъэрэ — Аланием — 68,9-рэ, Шэшэным — 33,6-рэ.
- ЗэIусэм псэ хелъхьэ
- Акъылыр щагуэшым дурэшым дэсащ.
- Зи акъылыр жыжьэ нэмыс цIыхум ехьэлIауэ къапсэлъ.
- Гур зэрыгъум дыгъур кърокIуэ.
- Гум къэхъунур ещIэ жыхуаIэращ. Гур зэрыгъуа гуэр къэхъуа нэужь, жаIэ хабзэщ.
- ДаIуэ шхиипэ тоувэ.
- Чэнджэщ зылъытэр къызэрымыкIыфын щытыкIэ щыIэкъым.
- ЗэIусэм псэ хелъхьэ.
- ЗэIусэр мэхъу жыхуиIэщ. Iэужь дахэ зиIэ цIыху IэпщIэлъапщIэм хужаIэ.
- Мэзыр жыг зырызурэ зэхэтщ.
- Зэкъуэтыныгъэр къаруушхуэу зэрыщытым теухуащ.
- Сыхэмыхьэмэ ситхьэлэн.
- Iуэхугъуэ гуэрым, нэхъыбэу — шынагъуэм, дзыхьщIыгъуэджэм, хэпщIэну, и Iуэху хилъхьэну зэрыхуэмейр зыгъэна-Iуэ цIыхум жеIэ (е апхуэдэ цIыхум теухуауэ къапсэлъ).
- Къуэр напщIэщ, пхъур набдзэщ
- Ныбжьэгъур бгъэунэхунумэ, хуитыныгъэ ет.
- Сабий зэрымысым насып илъкъым.
- Уи бынрэ уи благъэрэ умыбж.
- Уи гъунэгъу и фэ къыптоуэ.
- Унэр игущ, жьэгур и псэщ.
- ФызыфI зиIэм хъуэхъу и унэ илъщ.
- Хэгъэрей бзаджэ дэкIуатэ кIыхьщ.
- Шыпхъум и гур дэлъхумкIэ гъэзащ.
- Къуэр напщIэщ, пхъур набдзэщ.
- Адыгэр вакъэ лъэныкъуэу шхэркъым, шхэурэ уэрэд жиIэркъым.
- Аргъуей мыдзакъэ щыIэкъым.
- Псы уардэунэ
- Индонезием хыхьэ Бали хытIыгум щIыпIэ телъыджэ иIэщ. ХытIыгум и къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ бгы лъабжьэм псы къабзэ къыщыщIож. Абы щыпсэухэм пщIэшхуэ хуащI щIым и куупIэм къыщIэж псым икIи арауэ къалъытэ гъащIэщIэм къежьапIэ хуэхъур. Абы къыхэкIыу, а щIыпIэм дин хаб-зэ зэмылIэужьыгъуэхэр щрагъэкIуэкI, тхьэелъэIупIэу яIэщ.
- И хъуреягъым и дахагъымрэ хьэуа къабзэмрэ дихьэхри, Раджа Карангасему къалэщIыб унэ щиухуэну мурад ищIыгъащ абдеж. Ар зэфIэкIауэ щытащ 1942 гъэм. ИкIи а резиденцэм Тиртагангэ фIащащ («Тирта» — псы, «Гангэ» — Индием щежэх Ганг псырщ).
- Зи гугъу тщIы щIыпIэ телъыджэм гектар 1,2-рэ еубыд.
- Псы уардэунэр архитектурэ и лъэныкъуэкIэ щIыпIищу зэпычащ, зыр зым и щхьэм тету, скульптурэ пщIы бжыгъэхэр итщ. Япэ комплексым гуэлищ ущрохьэлIэ, етIуанэм ущес хъу псыгуэн зыбжанэ итщ, ещанэр резиденцэр зейуэ щыта Раджа и хэщIапIэу къалъытэращ, ар тхьэм хиха щIыпIэу ябжри, абы къыщыщIэж псыхэр дин дауэдапщэхэм къыщагъэсэбэп.
- Зи гугъу тщIы Псы уардэунэм китай, бали лъэпкъхэм я хабзэм тету щIа архитектурэ ухуэныгъэхэм ущрохьэлIэ. Телъыджэщ ахэр зэпуплъыхьыну, псыщхьэм тет мывэ щIимыгъэмбрууэхэм утету къэпкIухьыну…
- Къэбарт Мирэ.
- Псалъэзэблэдз
- ЕкIуэкIыу: 2. Адыгэр къызытепщIыкIахэм ящыщ пасэрей лъэпкъ. 6. Иужьрей нэмэз щIыгъуэ. 7. Адыгэш къабзэ. 8. Iэпслъэпс. 9. Район, псыежэх, къалэ. 11. Сабий быдзафэ. 13. МыIэрысэ … 16. Аруан районым щыщ къуажэ. 17. Псы Iуфэ мывалъэ-пшахъуалъэ. 18. МахуэцIэ. 20. ЩIы щхьэфэ тещтыкIа. 22. Фо … 23. Дзыдзэ лъэпкъым щыщ хьэкIэкхъуэкIэ цIыкIу.
- Къехыу: 1. … и кIэр хьэдагъэщ. 2. Пхъэщхьэмыщхьэ гуащIэ цIыкIу. 3. Унэгуащэр и гъунэгъум хуотхьэусыхэ: «Нысэ къызэрысшэрэ зы махуэ … жызигъэIакъым». 4. ФIы дыдэу еджэм ар хуагъэув. 5. … хиса жыгыр мэгъу. 10. ЩэкI пхъашэ Iув. 11. ЦIыхубзхэм я нэхъы-бапIэм а дыщэхэкIыр зэрахьэ. 12. Уэшх къешхам и лъэужь псы ина. 14. 19-нэ лIэщIыгъуэм псэуа адыгэ щIэныгъэлI цIэрыIуэ. Абы и цIэр зэрехьэ Налшык и уэрамхэм ящыщ зым. 15. … цIыкIухэр школ пщIантIэм щызэрызохьэ. 19. Америкэм и президенту щыта зэадэзэкъуэ. 21. Адыгэ театрым и джэгуакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист … Рэмэзан. 22. … лъакъуэрэ джэд лъакъуэрэ пхуэубыдрэ?
- Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
- ЩэкIуэгъуэм и 13-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
- ЕкIуэкIыу: 1. Пхъэхь. 5. Къанж. 7. Номин. 8. КIарц. 9. Журт. 10. Бгъэ. 15. Мыщэ. 16. Нащэ. 17. Бжьыгуэ. 18. Бжьиз. 19. Тхьэв.
- Къехыу: 2. Хъыдан. 3. Хьэнцэ. 4. Шэмэджгъэдыргъ. 5. Къанжэ. 6. Нэкурэ. 11. ТIымыжь. 12. Хьэбэз. 13. УнэIут. 14. Хущанэ.