ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Журналист  ныбжьыщIэхэр  ягъэпажэ

2021-11-20

  • Бахъсэн къалэм «Мамырыгъэмрэ щэнхабзэмрэ я парк» къызэрыщызэIуахым ирихьэлIэу, «Баксан» газетым хэIущIыIу ищIауэ щытащ къалэм и гъащIэр къызыхэщ тхыгъэхэм я зэпеуэ зэрыригъэкIуэкIым теухуа хъыбар. Абы къыхэжаныкIахэр газетым и редакцэм щэкIуэгъуэм и 17-м ирагъэблагъэри, саугъэтхэр къратащ.

  • Адыгэбзэрэ урысыбзэкIэ зи тхыгъэхэр зэхьэзэхуэм езыгъэхьа еджакIуэхэм нэхъ Iэзэхэр къахэбгъэщыну гугъут, — къэпщытакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ. Я къалэр фIыуэ зэра-лъагъур тхылъымпIэ напэм къыщызыIуатэ еджакIуэхэм, дауи, ялъэкI къагъэнакъым Бахъсэн и дахагъымрэ абы щыпсэу цIыхухэм я щэныфIагъымрэ къагъэлъэгъуэн папщIэ. ИтIани, къэпщытакIуэхэм я къалэн гугъур ямыгъэзащIэу хъунутэкъыми, пэрыт увыпIэхэр къыхэжаныкIахэм мыпхуэдэ щIыкIэу трагуэшащ:
  • Япэ увыпIэ — Хъуэт Дамир (Бахъсэн дэт школ №5)
  • ЕтIуанэ увыпIэ — Нэгъуей Дарье (Бахъсэн дэт школ №6);
  • Ещанэ увыпIэ — Азычэ Ясми-нэ (Бахъсэн дэт школ №5);
  • Саугъэт щхьэхуэ хуагъэфэщащ етIуанэ классым щIэс, Бахъсэн курыт школ №4-м и еджакIуэ Къардэн Дисанэ.
  • Газетым и редактор нэхъыщхьэ Балъкъыз Аминэ редак-цэм къеблэгъа ныбжьыщIэхэм щехъуэхъум зэпеуэм зэрыхэтам щхьэкIэ фIыщIэ яхуищIри, КъБР-р илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу екIуэкIыну тхыгъэ зэхьэзэхуэми хэтыну къыхуриджащ.            
  • «Ди зэпеуэхэм фымышынэу фыкъыхыхьэ, фыщытекIуэ, — яжриIащ Балъкъыз Аминэ сабийхэм. — Нобэ ар зэхьэзэхуэ цIыкIу къыффIэщI щхьэкIэ, хэт ищIэрэ, зэман дэкIмэ, фэ фщыщ гуэр журналист, тхакIуэ, усакIуэ хъункIи хъунщ. НэгъуэщI IэщIагъэ къыхэфхыу щытми, фыкъыщалъхуа къалэр фIыуэ зэрыфлъагъур къызыхэщ сатырхэр тхыдэм къыхэнэнущ».
  • Чэрим Марианнэ.