Адыгэ бзылъхугъэм и щапхъэ
2021-11-20
- Адыгэ бзылъхугъэр анэ гумащIэм, унэгуащэ щыпкъэм, бзылъхугъэ IэпэIэсэм, Iущым, гуапэм и щапхъэщ. Апхуэдэщ Адыгэ Республикэм и цIыхубэ IэпщIэлъапщIэхэм я зэгухьэныгъэм хэт, лъэпкъ фащэхэр къэзыгъэщIэрэщIэж дизайнер цIэрыIуэ, АР-м и ТхакIуэхэм я союзым хэт усакIуэ Бэджокъуэ Бэлэ.
- Бэджокъуэ Бэлэ Адыгейм и къалащхьэ Мейкъуапэ щыщщ. Къалэм щиIэ хэщIапIэм лъэпкъ дамыгъэхэмрэ тхыпхъэхэмрэ зыхилъхьа, адыгэ идэхэмрэ уагъэхэмрэ хиухуанэурэ игъэдэха иджырей лъэпкъ фащэ дахэхэм къадэкIуэу (зэманым къызэригъэувымрэ цIыхухэм я щIэупщIэмрэ къилъытэу, фэилъхьэгъуэм и пасэрей щIыкIэр IэщIыб ищIын хуей мэхъу), ныпхэр, дамыгъэхэр, цIыхубзхэм къагъэсэбэп хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр, саугъэт цIыкIухэр щегъэхьэзыр, Iупхъуэхэр щед.
- Экономикэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэтами, Бэлэ гукIи псэкIи зыхуэпабгъэр лъэпкъ щэнхабзэмрэ адыгэ литературэмрэ хэлъхьэныгъэ хуэщIынырт. Аращ балигъыпIэ имыувауэ дэзыхьэха IэрыщI гъуазджэм и щэхухэм зыхигъэгъуэзэну и жэрдэму, модельер-конструктор IэщIагъэр щIызригъэгъуэтыжам и щхьэусыгъуэри. Бэджокъуэр иджыри пасэу, курыт еджапIэм щыщIэса зэманым, усэ тхынми дихьэхащ. Абы лъандэрэ бзылъхугъэм усэ купщIафIэ куэд и къалэмыпэм къыщIэкIащ. Ахэр нэхъыбэу ятеухуащ и лъэпкъэгъухэм, абыхэм ижь лъандэрэ къадекIуэкI хабзэ дахэхэм, адыгэ щIыналъэм, лъагъуныгъэм.
- Налшык къалэм и «Акрополь» нэгузыужьыпIэм 2017 гъэм утыку къыщрахьауэ щытащ «Принт Центр» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIа «Антология женской поэзии» тхылъыр. Бзылъхугъэ усакIуэхэу Къудей Фаридэ, Мэржэхъу ФатIимэ, ХьэщIэлI Заирэ, Бэджокъуэ Бэлэ сымэ я усэ итщ абы. Бэллэ и усэхэр нэхъапэIуэкIэ газет, журнал напэкIуэцIхэмкIэ цIыхухэм ялъэIэсащ. Абыхэм зыхэзыгъэгъуэзэну гупыж зыщIхэм ахэр къыщагъуэтынущ Интернетым щиIэ Стихи.ру напэкIуэцIым.
- Бэджокъуэ Бэлэ Налшык щыщ сурэттеххэу Тхьэкъуахъуэ Артуррэ Ардавэ Тамарэрэ и дэIэпыкъуэгъуу, 2017 гъэм накъыгъэм и 21-м къызэригъэпэщащ «XXI лIэщIыгъуэм и адыгэ пщащэ» проектыр. Абы щIэдзапIэ хуэхъуащ Бэлэ ида лъэпкъ фащэхэр щызэхуэхьэса «Черкешенка» выставкэм хыхьэу, ахэр зи IэпкълъэпкъкIи утыку итыкIэкIи зэкIуж пщащэхэм Налшык зэрыщагъэлъэгъуар икIи къалэм и щIыпIэ дахэхэм сурэтхэр зэрыщытрахар. «Нарт Хэку» ЩIалэгъуалэ Хасэм Адыгэ фащэм и махуэм ирихьэлIэу Налшык, Профсоюзхэм щэнхабзэмкIэ я унэм, илъэсищ ипэкIэ щригъэкIуэкIа «Фащэ гъэфIэж» щэнхабзэ Iуэхум хыхьэу, Бэджокъуэ Бэлэ и Iэдакъэ къыщIэкIа лъэпкъ фащэ дахэхэр пщащэхэм ягъэлъэгъуащ. Адыгэм и зыIыгъыкIэр, хьэл-щэныр зыхэлъ а фэилъхьэгъуэхэм еплъыну зи насып къикIахэр фащэр зыщатIэгъэну дезыгъэхьэхт икIи нэр зыгъэгуфIэт а зэхыхьэр.
- — ЗэIущIэр зи жэрдэм «Нарт Хэку» ЩIалэгъуалэ Хасэм фIыщIэ хуэфащэщ. Абы кърихьэлIахэм фэилъхьэгъуэхэр хуабжьу ягу зэрырихьам ди гур хигъэхъуащ. Iэпкълъэпкъым хуэщIа адыгэ фащэм пщащэхэр зэрагъэдэхар къэIуэтэгъуейщ. Ар лъэпкъ фащэм и щIэупщIэм хэзыгъахъуэ, щэнхабзэм зезыгъэужь Iуэху дахэщ. КъыдэхъулIэмэ, апхуэдэ пшыхь купщIафIэ иджыри Мейкъуапэ, Черкесск, Налшык къалэхэм къыщызэдгъэпэщыну ди мурадщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и дизайнер Iэзэхэри, цIыхубз IэпщIэлъапщIэхэри а зэхыхьэм къызэреблэгъар гуапэщ. ЗэрытщIэщи, IэпщIэлъапщIэхэр зэпымыууэ щIэ гуэр долъыхъуэ, ипэкIэ доплъэ, зыгуэрхэр къыдогупсыс. Ди IэщIагъэм теухуауэ дызэчэнджэщыну ар IэмалыфIт. Къызэдгъэпэщыну ди мурадщ адыгэ щэнхабзэм и зэгухьэныгъэ. Ар къыдэхъулIэмэ, Iуэху щхьэпэхэр тхуегъэкIуэкIынут, — жеIэ Бэджокъуэм.
- Мейкъуапэ щекIуэкI адыгэ щэнхабзэ фестивалхэмрэ гъэлъэгъуэныгъэхэмрэ къадэкIуэу, Бэлэ и IэрыкIхэр щегъэлъагъуэ Урысейм и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм, Москва, Санкт-Петербург къалэхэм къыщызэрагъэпэщ щэнхабзэ Iуэху гуапэхэм. Бзылъхугъэ IэпэIэсэм и Iэдакъэ къыщIэкIа адыгэ фащэхэр дунейпсо утыкухэми щигъэлъэгъуащ, и лэжьыгъэхэм щIэупщIэрэ ехъулIэныгъэрэ яIэрэ паши щыхъуу.
- Бэлэ зи ужь ихьэ Iуэху дахэхэм, лэжьыгъэ щхьэпэхэм хуэзыгъэушыр, дэрэжэгъуэ къезытыр фIыуэ илъагъу адыгэ лъэпкъырщ. IэрыщI гъуазджэм теухуа щIэныгъэр зэрыгъунапкъэншэрщ Бэджокъуэм еш имыщIэу и зэфIэкIым щIыхигъахъуэр, щIэ къыщIигупсысыр. Абы щIэблэр къыхуреджэ а IэщIагъэ дахэр ипэкIэ ягъэкIуэтэну, ди фащэ дахэр щIалэхэми хъыджэбзхэми къыздезэгъым щыщатIэгъэну.
- Адыгэ бзылъхугъэм и щапхъэ Бэджокъуэ Бэлэ и IэрыкIхэми усэхэми псэгъэгуфIэ-дахагъэ зэрахэплъагъуэр гур хэзыгъахъуэщ икIи гуапэщ. Апхуэдэхэм фIыщIэ яхуэфащэщ я IэщIагъэмрэ щIэныгъэмрэ лъэпкъым и щэнхабзэм, литературэм, гъуазджэм я зыужьыныгъэм зэрыхуагъэлажьэм папщIэ.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.