ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Насыпщ Iулыдж къызэрыпхуащIыр зыдэпщIэжу дунейм утетыныр…

2021-11-16

  • Лъэпкъым хуищIэр Iуэхутхьэбзэу къыщымыхъуу хьэкъ зыщызыщIыж цIыхур лIыфIщ. КъыпыкIэ пхъэщхьэмыщхьэхэм зэгуэр абдеж блэкIыр игъэгуфIэнщ жиIэу жыг хэзысэр лIыфIщ. Сеущиемэ, акъыл къыхихынщи, нэгъуэщIым ещхьэпэжынщ жызыIэр лIыфIщ. СыкъызыхэкIа лъэпкъым гъащIэ гъуэмылэ хуэхъунщ жиIэу и пщэдейрей махуэхэм щапхъэ хъун жылэ IуэхущIафэшхуэхэр, къытегуплIэ хьэлъэхэм емылъытауэ, зэфIэзыхыфыр лIыфIщ. УсакIуэ-джэгуакIуэ цIэрыIуэм и псалъэкIэ жыпIэмэ, лIыфI нэщэнэхэр мащIэкъым, куэду къыпщызыгъэхъу и фэмкIэ къызэгъэдзэкIын хуейуэ ара къудейщ. Мы тхыгъэр зытеухуар лIыфIщ, адыгэжьхэм я жыIауэ, нэгъэсауэ жылэлIщ. Абы и цIэр адыгэ тхыдэм дыщэпскIэ езы дыдэм и IуэхущIафэхэмкIэ хитхэжащ. И гугъу ящIауэ дахэкIэ темыпсэлъыхьа къэгъуэтыгъуейщ. АтIэ, насыпкъэ, щIы хъурейм щикъухьа адыгэм Iулыдж къызэрыпхуищIыр зыдэпщIэжу дунейм утетыныр? Адыгэ нанэхэм зы псалъэ дахэ жаIэ: апхуэдэм Тхьэр етащ!

  • ЦIыхур зришалIэу зы гуращэмрэ зы гупсысэмрэ хуэзышэ пашэр лъэпкъым къыщыхэкIыр зэзэмызэ дыдэщ. ЛIэщIыгъуэм къриубыдэу зэ е тIэу къэхъуу аращ. Адыгэм и насып кърихьэкIри, Джарым Аслъэн къыхэкIащ. Хэкурыс адыгэхэми хамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэми абы и цIэр IуэхугъуитIым епхауэ къраIуэ: ар, япэрауэ, Адыгэ Республикэм и япэ Президенту щытащ, етIуанэрауэ, зауэ мафIэсым и курыкупсым хиубыда ди лъэпкъэгъухэр, нобэ махуэхьэблэдэс адыгэкIэ дызэджэхэр, Косовэ щIыналъэм къришыжу хэкум къэзышэжар аращ. ПфIэкIуэдар къыщыплъыхъуэжым деж псэм телъ гугъуехьым ещхьу екIуэкIащ Косовэ зауэзэрылIым хиубыда ди лъэпкъэгъухэр къызэрыхашыжынум пэплъэу дунейм адыгэу тетым абы щыгъуэ ягъэкIуа зэманыр. Дуней лъагъукIэкIи, Iуэху бгъэдыхьэкIэкIи, жылэ гупсысэкIи зэмыщхь цIыхухэр а Iуэхугъуэм апхуэдизкIэ зэкъуигъэувати, Косовэ щыпсэу адыгэхэр абы къимышыжыным кърикIуэнур зыхуэдэр зыхэпщIэрт. Абы щыгъуэщ гурыщIэ къызэщIэплъар техуэрабгъу дыдэу зыгъэIэсэжа Джарым Аслъэн лIыфI цIэр къыщилэжьар. Абы и фIыгъэщ лъэпкъ щIэжыр нэхъ иныжу къызэрызэщIэрыуар.
  • Мы махуэхэм Джарым Аслъэн и ныбжьыр илъэс 82-рэ ирикъуащ. Адыгэм цIыхум жьантIэр щыхуигъэфащэ ныбжь дахэщ. Къэрал къулыкъумрэ щIэныгъэмрэ екIуу зэдэзыхьа Джарым Аслъэн Адыгэ Республикэм и Президент IэнатIэр къыхуамыгъэфащэ щIыкIэ, уриплъэжмэ лей мыхъуну гъуэгуанэ дахэ къикIуащ. Къэрал икIи жылагъуэ лэжьакIуэ, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным хуэгъэпса и академием, ИнформатизацэмкIэ Дунейпсо академием, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием я академик, Дунейпсо зэхущытыкIэхэмкIэ къэрал институту Мэзкуу дэтым (МГИМО-м), Адыгэ къэрал университетым щIыхь зиIэ я профессор Джарым Аслъэн Алий и къуэр 1939 гъэм Адыгэ Республикэм хыхьэ Еджэрыкъуей къуажэм къыщалъхуащ. КъызыхэкIар зи хьэщIэщыбжэр цIыхум хузэIуха, «я цIыхугъэр я пщIантIэкум къыщоудж» жыхуаIэ адыгэ унагъуэщ. И адэ Алийрэ и анэ Абрэджхэ япхъу ЦуркIэрэ пщIэ къыхуащIу, зы Iуэху гъунэ изолъри, схузэхэвублэну сривылъэIуакIуэщ жаIэрэ чэнджэщакIуэ къыхуэкIуэу щытащ. ЗэгурыIуэ зэрылъ унагъуэм гуащIэдэкI хьэлэлыр сытми ипэ ирагъэщырт, пэжымрэ захуагъэмрэ ищхьэкIэ зыри ягъакIуэртэкъым. Алийрэ ЦуркIэрэ яхузэфIэкIащ быныр адыгагъэм и щапхъэхэм щIапIыкIын, цIыхугъэм и фащэри щатIэгъэн. ЗыхэпсэукI гъащIэм щIэныгъэ щыуимыIэмэ, щыпкIунур зэрымащIэр пасэу къызыгурыIуа Алий щIалэхэр иригъэджащ, дэтхэнэми щIэныгъэ нэхъыщхьэ яригъэгъуэтащ.
  • Аслъэн адэ-анэм зыхуаущия псалъэхэм хуэпэжщ — сыт хуэдэ IэнатIэ пэрымытами, абы цIыхум и хьэкъыр сытми ипэ иригъэщащ, лъэпкъым и пащхьэ щихь пщэдэкIыжыр зэи зыщигъэгъупщакъым. Джарымым и Iуэху щIэкIэм хэлъ зэгъэзахуэм имытхьэкъуа щыIэкъым — псалъэр хьэулейуэ зыутIыпщу иужькIэ кIэлъыIэбэжхэм ар ящыщкъым. Джарымым и псалъэр сыт щыгъуи Iуэху къиIэтам и фащэщ, купщIафIэщ, кIуэрабгъухэр нахуэ къэзыщI гупсысэ ящIэлъщ. Аслъэн щэн зэпIэзэрыт зэриIэм, цIыкIури инри и зэхуэдэу зэрыщытым, къызыхэкIарэ парт унэтIыныгъэкIэ цIыхур зэрызэхимыдзым акъыл жанрэ набдзэгубдзаплъэ защIэу гупыфI къришэлIащ, унафэ зыхуищI щIыналъэм зегъэужьынымкIэ, щыпсэу цIыхур зыгъэгумэщI-зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэр зэфIэхынымкIэ гууз-лыуз яIэу.
  • Агроном-жылапхъэгъэкIыу къежьэри, къэрал къулыкъум епхауэ зы IэнатIэ къигъэнакъым Джарымыр зыпэрымыта. ЛэжьыгъэкIэ зэрыпсэемыблэжыр къалъытэри, КПСС-м и Адыгэ обкомым и япэ секретарым и IэнатIэр зыIыгъ Джарымыр 1990 гъэм Адыгэ автоном областым и цIыхубэ депутатхэм я Советым и Iэтащхьэу хахауэ щытащ. Мис абдеж къыщожьэ иджырей Адыгэ Республикэм и тхыдэр. Жыжьэ плъэ, зэхъуэкIыныгъэхэм я акъужь къыкъуэуам пхыплъыфа щIалэм щIэх къыгурыIуащ щыпсэу щIыналъэм и къэкIуэнур адыгэм езым зэрелъытар, абы и гупсысэр Урысейм хэгъэгу щхьэхуэу хэт щIыналъэ къызэгъэпэщыным хуэшэн зэрыхуейр.
  • Дауи, апхуэдэ еплъыкIэр цIыхум къыщIыбдащтэн щхьэусыгъуэ щыIэн хуейт. А щхьэусыгъуэхэр Джарымми тегъэщIапIэ ищIыфащ, абы теухуа политикэри дахэу ишэщIыфащ. Псом япэрауэ, Адыгэ автоном областым и бюджетыр зэрыщыту Краснодар щIыналъэм къикIырт, ар къазэрылъэIэсри «къыдэхуа» бгъэдыхьэкIэм тетут. Экономикэмрэ жылагъуэ псэуныгъэмкIэ куэдкIэ ипэ ища Краснодар щIыналъэм жимыIэ щхьэкIэ, Адыгэ автоном областыр «илъэфу» арат, зыузэщIыпIи зыукъуэдиипIи иримыту. ЕтIуанэрауэ, къыщыхъуа щIыналъэм исыж пэтми, къэзыухъуреихь лъэпкъхэр куэдкIэ къебэкI, абыхэм мащIэ-мащIэурэ адыгэр хэшыпсыхьыжу зэрыхуежьам къызэрыхэкIын Iэмалхэр къэлъыхъуэн хуейт. Мис ахэр псори къилъытэ-ри, Джарым Аслъэн цIыхубэ депутатхэм я пащхьэ кърилъхьащ Краснодар щIыналъэм къыхэкIыу Республикэ щхьэхуэу заужьын зэрыхуей гупсысэр. Гугъукъым уи нэгу къыщIэбгъэхьэну Республикэ хъуа щIыналъэм и жылагъуэ-экономикэ щытыкIэр зыхуэдэу щытар — ар икIэщыпIэкIэ къэIэтын хуейт. Мыбдеж Джарымым зэрихьа Iущыгъэр нобэми куэдым ягъэщIагъуэ, социологие щIэныгъэми куэдрэ къихутэн Iуэхугъуэу щытщ. Джарымыр областыр къызыхиша Краснодар щIыналъэм хуиIэ пыщIэныгъэхэр пичакъым, атIэ къэунэхуагъащIэ республикэм щыщыIэ щытыкIэр зэпIэзэрыт щIын щхьэкIэ, абы и экономикэ-жылагъуэ лъэкIыныгъэр къигъэсэбэпащ, егъэджэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ щыхипщащ. Арыххэуи, зыхэхуа щыIэкIэщIэр цIыхубэм хьэлъэ ящыхъуакъым, щIэх есащ. Адыгэ Республикэр ноби Джарымым пхиша гъуэгум тетщ, Краснодар щIыналъэм хуиIэ пыщIэныгъэхэр нэхъри игъэбыдэу.
  • Адыгэ Республикэр зэфIэува нэужь, Джарымым къыхилъхьэу япэу зэфIиха Iуэхугъуэхэм ящыщщ хамэщI ис ди лъэпкъэгъухэм Хэкум къагъэзэжынымкIэ дэIэпыкъуэгъу яхуэхъун комитет къызэрызэригъэпэщар. Хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр Хэкум къешэлIэжыным зи лэжьыгъэр теухуа комитетым хузэфIэкIащ УФ-м Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэм и лIыкIуэхэр хэту Къэзыгъэзэжхэм (репатриантхэм) ятеухуауэ Хабзэр зэхагъэувэн, ар Адыгэм и Къэрал Советым — Хасэм кърагъэщтэн. ЩIэгъэхуэбжьауэ екIуэкIа Iуэхур игъуэм зэрызэфIэкIам и фIыгъэкIэ, зауэм зэщIищта Косовэ щIыналъэм кърашыжри, Адыгэ Республикэм, щэ бжыгъэкIэ ди лъэпкъэгъу репатриантхэр къихьэжауэ щытащ.
  • Президент IэнатIэм щытета пIалъэм къриубыдэу, Джарым Аслъэн щIэгъэкъуэн ин яхуэхъуащ Куржым зауэ зрищIылIа абхъазхэм. Джарымым иригъэкIуэкIа мамырщIэкъу политикэм и фIыгъэкIэ, «Кавказым мамырыгъэр зэрыщигъэбыдэм папщIэ» дунейпсо саугъэтыр къыхуагъэфэщауэ щытащ.
  • Апхуэдэу, Адыгэ Республикэм и япэ Президент Джарым Аслъэн и жэрдэмрэ и акъылрэ хэлъщ Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 130-рэ зэрырикъум ирихьэлIэу, 1994 гъэм накъыгъэм и 21-м, УФ-м и Президент Ельцин Борис адыгэхэм закъыхуигъазэу ищIауэ щыта Джэпсалъэм. Абы къыхэщауэ щытащ Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм ирагъэкIуэкIа зауэр щхьэхуитщIыжакIуэ зауэу зэрыщытар, пащтыхьыдзэм лей зэрызэрихьар. Кавказым щекIуэкI жылагъуэ-политикэ гъащIэм хэлъ зэщымыщхъухэр а псалъэхэм яужь нэхъ сабырыжауэ щытащ.
  • 1997 гъэм Джарым Аслъэн Адыгэ Республикэм и унафэщIу етIуанэу хахыжащ. Лъэ быдэкIэ ува Адыгэ Республикэм иджы Iэмал игъуэтащ и гупэр егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ, гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ хуигъэзэн. Джарымыр щытета етIуанэ пIалъэр егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр институтыр дуней псом къыщалъытэ къэрал университет щыхъуар, лъэпкъ щIэныгъэхэр щрагъэдж къудамэр щхьэхуэу къыхагъэкIыу егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ хуэгъэпса центр щащIар.
  • Джарым Аслъэн Президент IэнатIэм щыпэрыта илъэсхэрщ «Ислъэмеймрэ» «Налмэсымрэ» зыщаужьар, ехъулIэныгъэшхуэхэри щызыIэрагъэхьар.
  • Зэчий зыхэлъ цIыхур лъэныкъуэ куэдкIэ зэчиифIэщ, жаIэ. Джарымри абыхэм ящыщщ. Иджыри студенту спортым дихьэхри, ехъулIэныгъэхэр зыIэригъэхьауэ щытащ. Ар СССР-м самбэмкIэ спортым и мастерщ, Урысейм дзюдомкIэ и чемпионщ, СССР-м пашагъэр къыщыхьыным и призёр хъуащ.
  • Адыгэ Республикэм и япэ Президентыр а IэнатIэм пэрыкIыжа нэужь, Аслъэн Болгарием и Варнэ къалэм УФ-м и лIыкIуэу ягъэкIуауэ щытащ. Абдежми Джарымым и гуащIэ ин хилъхьащ лIэщIыгъуэ бжыгъэкIэ зэфIэува къэрал зэхущытыкIэхэр хъумэным, Урысеймрэ Болгариемрэ я зэкъуэшыныгъэмрэ зэпыщIэныгъэмрэ гъэбыдэным.
  • Хэкум гулъытэншэ ищIакъым Джарым Аслъэн къэралымрэ хэгъэгумрэ заужьыным хуэунэтIауэ иригъэкIуэкIа лэжьыгъэр. Абы къыхуагъэфэщащ «Хэкум и пащхьэ щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденым и IV нагъыщэр, «Зэныбжьэгъугъэ», «ЩIыхьым и дамыгъэ», «ЩIыхьымрэ щытхъумрэ» орденхэр, «Адыгэ Республикэм и ЩIыхь» медалыр.
  • Зи цIыхугъэм зиIэт зэпыту зи гъащIэр нобэм къэзыхьэса адыгэлIым хужыпIэ хъунур мащIэкъым. Ауэ жаIэну псом ящхьэщ лъэпкъым урибын щыпкъэу укъызэрилъытэр, уи цIэр щапхъэу къызэрихьыр. Ди нэхъыжьыфIым къыхужаIэ псалъэхэр и гуащIэрэ и лъэкIкIэ къилэжьащи, узыншэу иджыри ди япэ итыну ди гуапэщ.
  • ТАБЫЩ Мурат.