ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Сыт  «Circassia»  щIыфIащар?

2021-11-11

  • Дуней хъурейр зы IуданэкIэ зэпызыщIэ Интернетым и фIыгъэкIэ умыщIэ куэд къызэрыпщIэм хуэдэ дыдэу, убэлэрыгъыу ущыщыуи къохъу. И щхьэусыгъуэр къыпхуэмыщIэу, укъыщигъэуIэбжьи къыпхуохуэ.

  • КъызэрыщIэкIымкIэ, Инджылызым щыIэ, тхьэмбылым къыщыхъей узхэр къызэрагъэнаIуэ Iэмалхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ хэгъэщхьэхукIауэ елэжь IуэхущIапIэ нэхъ инхэм я зым «Circassia» («Черкесия») цIэр зэрехьэ. Урыс-Кавказ зауэм и пэ къихуэу адыгэщIыр дунейм къызэрыщацIыхуу щыта цIэмкIэ зэджэ IуэхущIапIэм уадыгэу гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым, дауи. Ауэ сыту пIэрэ медицинэ IуэхущIапIэм апхуэдэцIэ щIигъуэтар?
  • «Черкесия»-р — астмэр гъэхъужыным хухэха, а узыр къызэрагъэнаIуэ Iэмалхэм хэгъэщхьэхукIауэ елэжь IуэхущIапIэщ», — дыкъыщоджэ абы и Интернет-сайтым. 2006 гъэм къызэIуаха, 2014 гъэм зи акцэхэр Лондон биржэм изыхьа «Черкесия»-р Инджылызым къыщежьами, абы къыщIигъэкI хущхъуэхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ Швециеми, США-ми, Китайми ирагъашэ, щIэупщIэшхуэ яIэщ. IуэхущIапIэр нэхъ зэрыцIэрыIуэр NIOX цIэр зезыхьэ препаратымкIэщ.
  • «Астмэ зэуз дэтхэнэ зыми зэрыхъукIэ Iэмэпсымэ нэхъыфIхэр къыхуэгъуэту щытын хуейуэ къыдолъытэ дэ», — къегъэнаIуэ «Черкесия»-м и лэжьэкIэ мардэхэр.
  • Жэуап зэкIэ къызыхуэдмыгъуэтыфа упщIэр зыщ: зи гугъу тщIы «Черкесия» IуэхущIапIэр адыгэхэм я тхыдэм зыгуэркIэ пыщIа? Хъыбарыр зэбгрызытыкIа «Nart_official» инстаграм напэкIуэцIым зэрыжиIэмкIэ, «Сыт фи IуэхущIапIэм апхуэдэцIэ щIефтар?» — жаIэу щеупщIам, жэуапу къратар мыращ: «Уз зэрыцIалэхэм пэув вакцинэр япэу къыщагупсыса хэгъэгум и цIэкIэ фIэтщащ».
  • «Пэжкъым», — жытIэну тегъэщIапIэ диIэкъым. «Пэжщ», — жытIэн хуэдэуи, «Черкесия» IуэхущIапIэм ихъуреягъкIэ зэкIэ зыри къыщытхуэгъуэтакъым. Ауэ пасэ зэманым щегъэжьауэ адыгэхэм уз зэрыцIалэхэм Iэмал къыхуагъуэтыфу зэрыщытам и щыхьэтхэр мащIэкъым.
  • «Сыту и щIыхуэшхуэ ттелъ дэ ипхъухэр дахэу къигъэнэн папщIэ, мышынэу, япэу фэрэкI узкIэ зыцIэла цIыхубзым! Сыт хуэдиз сабий къаIэщIиха абы фэрэкI узым и Iэ пхъашэм», — етх XVIII лIэщIыгъуэм Кавказым щыIа франджы узэщIакIуэ Гельвеций Клод.
  • Адыгэхэм сымаджэр зэрагъэхъуж щIыкIэм и хъыбар гъэщIэгъуэн тхыдэм къыхинащ XIX лIэщIыгъуэм ди лъэныкъуэмкIэ къыщепсыха швейцар дохутыр Флориан Адриан Жили: «Шэч къызытехьэжын хуэмей Iуэхущ адыгэхэми шэшэнхэми удз хущхъуэхэм фIыуэ зэрыхащIыкIым ипкъ иткIэ, я уIэгъэ гъэкIыжыкIэ Iэмалхэр ди дохутырхэми къызэращтэм. Абы и щыхьэтщ полковник Эристов и Iэр пахыным Iуэхур нэсауэ и уIэгъэр е щекIуам щыгъуэ, бгырыс-дохутыр къраджэу, Iэр къызэрырагъэлауэ щытар».
  • Иджыри зы хъыбар, Жиль къыбгъэдэкIыу: «Полковник гуэрым къыщыщIар имыщIэу, жьы къыпиубыду хъуат. Европэ дохутыр зригъэплъри, гууз иIэу къыжриIащ. Абы шэч къытрихьэри, Жэрмэт зи цIэ абэзэхэ дохутырым деж кIуащ. Ар сымаджэм къеплъщ, жиIэм едаIуэри, шым игъэшэсащ, и гъусэу иришажьэри, лъэсу Iуащхьэм дришеящ. ИтIанэ къыжриIащ: «Уи европей дохутырым жепIэжынуращ: мы уэ къэпкIуар къэзыкIум гууз иIэкъым. Узгъэхъужынщ, Тхьэм жиIэмэ». Жэрмэтыр махуэ зыбжанэкIэ къыкIэлъыплъащ, мазэм и щытыкIэм елъытауэ, дауэ ущыт, сыт зыхэпщIэр жиIэу, сымаджэм къыпкърыупщIыхьурэ, икIэм-икIэжым къыжриIащ и гукъыдэжыншагъэр маркуэм къызэрыхэкIыр».
  • Дигу къэдгъэкIыжыпхъэщ хамэ щIыпIэ къикIа зыплъыхьакIуэхэм адыгэхэм ерыскъыкIэ зэрырамыгъэлейм къыхэкIыу, зэрыузыншэм икIи зэрылъагъугъуафIэм гу лъатэу зэрыщытар. Нэмыцэ-урыс генерал Бларамберг Иоганн абы теухуауэ етх: «Абыхэм (адыгэхэм) Iуэхуншагъэмрэ ныбэизыгъэмрэ къыдэкIуэ узхэр яIэкъым. УIэгъэхэмрэ шынхэмрэ зэрагъэхъуж Iэмалхэр къуэм адэм къыIэпихыу ящIэ».
  • Зи хъыбар нэгъэса дымыщIэ «Черкесия»-м ахэр къэтщIэжыну Iэмал къыдитащ. Инджылыз IуэхущIапIэм и фIэщыгъэм щхьэусыгъуэ хуэхъуари гува-щIэхами, наIуэ къэтщIынщ.
  • Чэрим  Марианнэ.