ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Политик Iэзэ,  цIыху гуапэ

2021-11-11

  • Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым сенатору хэт, ЩIэныгъэхэм-кIэ Дунейпсо Адыгэ академием и президент Къанокъуэ Арсен и цIэм и мызакъуэу, и щхьэкIи и IуэхущIафэкIи къацIыхуну хунэсащ езыр къыщалъхуа республикэм. Абы и гугъу щытщIкIэ ди нэгу къыщIэувэжыр ди хэку цIыкIум папщIэ зэфIигъэкIа Iуэху дахэхэрщ, КъБР-м и Iэтащхьэу лэжьэху дэтлъэгъуа Iэзагъымрэ жумартагъымрэщ. Иджырей гупсысэкIэ зиIэ, зыхуигъэувыж къалэнхэр зэрызригъэхъулIэн Iэмалхэр къэзыгъуэтыф политик Къанокъуэ Арсен УФ-м и Президентым 2005 гъэм фокIадэм и 28-м къыхилъхьэри, КъБР-м и Iэтащхьэу ягъэуват. Ар а IэнатIэм зэрыпэрыт илъэсибгъум къриубыдэу ди лъахэм исхэм я деж пщIэшхуэ къыщилэжьащ,   и Iулыджыр щызэфIэуващ, и зэфIэкIыр къэрал псом къыщалъытащ. Урысейм ис эксперт-политолог куэдым жаIэрт Къанокъуэ Арсен КъБР-м и Iэтащхьэу щIагъэувар экономист-Iуэхузехьэ лъэщу, абы и лъэныкъуэкIэ зэфIэкI къызэрымыкIуэ бгъэдэлъу зэрыщытыр арауэ. Пэж дыдэуи, абы щыхьэт техъуащ Къанокъуэм УФ-м и хэгъэгу нэхъ къыкIэрыхухэм ящыщыр илъэс зыбжанэм къриубыдэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм экономикэ и лъэныкъуэкIэ пашэ зэрыщищIар. КъБР-м и УнафэщIу щагъэува махуэм щегъэжьауэ ар иужь ихьащ республикэм и экономикэм зегъэужьыным, инвестицэхэмрэ иджырей технологиехэмрэ къигъэсэбэпкIэрэ, туризмэм зегъэубгъуным, мэкъумэш IэнатIэмрэ промышленностымрэ егъэфIэкIуэным.

  • Ахэр зригъэхъулIэфын папщIэ зыхуей псори — зэфIэкI, щIэныгъэ, лэжьыгъэм и пIалъэ, жыджэрагъ — иIэт абы. Къанокъуэ Ар-сен къиухащ Плеханов Г. В. и цIэр зэрихьэу Москва дэт цIыхубэ хозяйствэмкIэ институтым и сату-экономи- кэ факультетыр. Экономикэ щIэныгъэхэм я докторщ. Экономикэ щIэныгъэхэмрэ хьэрычэтыщIэ IуэхухэмкIэ академием, Естественнэ щIэныгъэхэмкIэ академием я действительнэ членщ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и академикщ. Къанокъуэм и къалэмыпэм къыщIэкIащ рыночнэ экономикэм и хабзэхэм теухуа монографие, тхыгъэ зыбжанэ.
  • КъБР-м и Iэтащхьэу зэрылэжьа зэманым къриубыдэу Къанокъуэ Арсенрэ абы и унафэм щIэт гупымрэ куэд къайхъулIащ республикэм и социально-экономикэ щытыкIэр егъэфIэкIуэным епхауэ. Ар и фIыгъэщ жылагъуэм и гъа-щIэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэу гулъытэ нэхъыбэ зыхуэщIыпхъэхэр, республикэм зэрызиужьыну унэтIыны-гъэ нэхъыщхьэхэмрэ къэрал властым и органхэм къапэщыт къалэнхэмрэ IупщIу зэхигъэкIыу, япэ игъэщыпхъэхэр игъэнаIуэурэ зи къалэнхэм пщэрылъ зэращищIым.
  • Къанокъуэ Арсен сыт щыгъуи хеубыдэ политикхэм, экономистхэм я лъэщагъыр къыщапщытэ рейтингхэм, къищынэмыщIауэ, хэгъэгу Iэтащхьэхэм хуащI пщIэмрэ ябгъэдэлъ зэфIэкIымрэ зыхуэдизыр къызэрагъэлъагъуэ рейтингми зыбжанэрэ и пашэ хъуащ КъБР-м и Iэтащхьэу щытыху. Иджы ар Уры- сейм и политик пщIэ нэхъ зыхуащIхэм ящыщщ.
  • Ахэр бжыгъэ, гулъытэ къызэрыгуэкIыу зэрыщымытым щыхьэт тохъуэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэщIу щыщыта лъэхъэнэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэ-хэм нэрылъагъуу къапэкIуа ефIэкIуэныгъэр. Къапщтэмэ, мэкъумэшхэкI къыщIэгъэкIынымкIэ  2010  гъэм КъБР-р КИФЩI-м пашэ щыхъуащ. Социально-экономикэ зыужьыныгъэмрэ инвестпроектхэр къызэригъэсэбэпамрэ къапэкIуащ лэжьапIэншэхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ зэрыхъуар, республикэм ику иту щат улахуэм, пенсэхэм зэрыхэхъуар, ухуэныгъэщIэхэр, Iуэху дахэхэр.
  • Республикэм зиужьыным хьэлэлу зэрыхуэлэжьам папщIэ, Къанокъуэм къыхуагъэфэщащ Зэныбжьэгъугъэм и Орденыр (2007 гъэ), «Хэкум и щIыхь» орденыр, «Хэкум и пащхьэм щиIэ фIыщIэм папщIэ» орденым и IV нагъыщэр (2010 гъэ), «Мамырыгъэмрэ псапэ зыпылъ Iуэхухэмрэ папщIэ» дыщэ медалыр (2008 гъэ).
  • Къанокъуэ Арсен и жумартагъыр цIыхубэм ягъэунэхуащ псапэу ищIэмкIэ, махуэшхуэхэр, Iуэху дахэ-хэр къызэгъэпэщыным и мылъку зэрыхилъхьэмкIэ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, абы и жэрдэмкIэ, езым и ахъшэкIэ иригъэщIащ Налшык къалэм дэт мэжджытыр, КъБР-р езым фIэфIу Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 450-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ Мемориальнэ аркэр, Кавказ зауэжьым хэкIуэда адыгэхэм        я фэеплъыр, «Интурист» хьэщIэщыр, «Эльбрус» шхапIэр иджырей мардэм изагъэу зэригъэгъэпэщыжащ. ЗэрыжытIагъэххэ- щи, зызыщIигъэкъуа, зыдэIэпыкъуа цIыхухэм я бжыгъэр къэлъытэгъуейщ.
  • Къанокъуэ Арсен Башир и къуэм и гъащIэр Iуэху зэхуэмыдэхэмкIэ гъэнщIащ — и гуфIэгъуи и нэщхъеягъуи дигуэшу, диIыгъыу абы къыдогъуэгурыкIуэ и щхьэгъусэ ФатIимэ, псапэу ищIэмкIэ республикэм къыщацIыхуа бзылъхугъэ гуакIуэр. Апхуэдэуи я ехъулIэныгъэхэм иригушхуэу бынищ зэдапI. А псори щыхьэт тохъуэ, Арсен политик, жылагъуэ лэжьакIуэ щэджащэу зэрыщытым нэмыщIи, и унагъуэ дахэмкIи зэрыщапхъэм.
  •  НэщIэпыджэ  Замирэ.