Зэрегугъум и нэщэнэу
2021-10-09
- Дызэрыт илъэсыр къэтщтэнщи, жэпуэгъуэм и 10-р Мэкъумэш IэнатIэмрэ ерыскъыпхъэм елэжь промышленностымрэ я лэжьакIуэхэм я махуэщ. Ар, Урысей Федерацэм и Президентым и УнафэкIэ ягъэувауэ 1999 гъэ лъандэрэ ягъэлъапIэ. Зытеухуар, зэрыгурыIуэгъуэщи, къуажэдэсхэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынырщ, я псэукIэр нэхъри егъэфIэкIуэнырщ, а лъэныкъуэмкIэ хэкIыпIэщIэхэр дяпэкIи къалъыхъуэнырщ.
- Мы зэманым ди къэралым и щIыпIэ куэдым губгъуэ лэжьыгъэхэр и кIэм щынагъэблэгъащ, ауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым, дунейм и щытыкIэр зэрыщыхуэмыкIуэм къыхэкIыу, ахэр, зэрыщыту къатщтэмэ, нэхъ кIасэущ щызэфIэкIынур. АтIэми, илъэс псом кърикIуахэр щызэхалъхьэжыну пIалъэр зымащIэ гуэркIэ ягъэIэпхъуэн хуей мэхъу.
- АрщхьэкIэ, КъБР-м и гъавэгъэкIхэм, Iэщыхъуэхэм, мэкъумэш-промышленнэ комплексым и адрей IэнатIэхэм пэрытхэм яхузэфIэкIахэм пэублэу дриплъэжмэ, дызэрыгушхуэ хъун лэжьыгъэ ирахьэкIауи жытIэ хъунущ. Хозяйствэ лIэужьыгъуэ псоми къэкIыгъэ пасэхэмрэ хьэцэпэцэмрэ кIэрыхуншэу щы- зэщIакъуэжащ, кърахьэлIэжар хъумапIэхэм щIагъэзэгъащ. Абы къыдэкIуэуи, дунейм зыкъызэриIэтыжу, республикэм и губгъуэхэм етIуанэ хэгъуэми щыпащэнущ.
- Мыдрейуэ къыхэгъэщыпхъэр аращи, 2013 — 2025 гъэхэм ятегъэпсыхьа Къэрал программэр, мэкъумэш IэнатIэм зегъэужьыным, мэкъумэшхэкIхэм, ерыскъыпхъэхэм я щэн-къэщэхуныр зэкIэлъыгъэкIуэным тещIыхьар, зэгъэхъулIэным Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэми я зэфIэкI ирахьэлIэ. Къыдэгъэхуэным, IэнатIэхэр егъэфIэкIуэным тещIыхьа иджырей технологиехэр къэгъэсэбэпыным, зи къабзагъэкIэ нэгъуэщIхэм ящхьэпрыкIыж ерыскъыпхъэхэр гъэхьэзырыным, лIэужьыгъуэщIэу къыхащIыкIхэр нэхъыбэ щIыным, щэхуакIуэхэр нэхъри къыдэхьэхыным Iуэхум егъэщIылIа псори зэдогугъу, жытIэми, дыщыуэну къыщIэкIынукъым. Ауэ щыхъукIи, республикэм и мэкъумэш IэнатIэм хузэхалъхьауэ щыта инвестицэ проект инхэр яхуэгъэпсащ пхъэщхьэмыщхьэ, хадэ-хэкI хъумапIэхэр ухуэным, жэм гъэшыфIэхэр зехьэным, нэгъуэщI абы хуэдэхэми.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым пхъэщхьэмыщхьэрэ хадэхэкIхэмрэ гъэкIынымкIэ и зэфIэкIыр дызыгъэгуфIэщ. Абы и щапхъэщ республикэм гектар мин 18-м щIигъум илъэс куэдкIэ къызыпыкIэну жыгхэм зэрызыщрагъэубгъуари, абыхэм я зэхуэдитIым нэхърэ нэхъыбэр псынщIэу зызыужь лъэпкъыгъуэу зэрыщыт-ри. Ди гъавэгъэкIхэми мы гъэми къагъэлъэгъуащ зыбгъэдэт IэнатIэм и мыхьэнэр нэгъэсауэ зэрызыхащIэр, лэжьыгъэм къыпэкIуэну зыщыгугъымкIэ жэуаптакIуэ нэсу зэрыщытыр. АбыкIэ щыхьэтщ хьэцэпэцэу къагъэкIар кIэрыхуншэу зэрыIуахыжари.
- Шэджэм ЕтIуанэ къуажэм щыIэ «Албир» мэкъумэш IуэхущIапIэр IэнатIэ куэдым йолэжь: гъавэ ещIэ, жыг хадэ зэрехьэ, Iэщрэ джэдкъазрэ егъэхъу. Жылапхъэ хэплъыхьахэр къэгъэкIыным тегушхуахэри ди республикэм щымащIэкъым. Абы и лъэныкъуэкIэ щапхъэщ Прохладнэ щIыналъэм щыIэ «Отбор», Тэрч районым ит «Астек-Агро» инновацэ-производствэ агрофирмэхэр.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэмахуэ хъупIэхэм даху Iэщым я бжыгъэми иужьрей илъэсхэм хэтщIыкIыу хэхъуащ. Къатщтэ-мэ, мы гъэм и хуабэгъуэм Аурсэнтх, Хьэмащэ, Шэрэдж бгы- лъэ щIыпIэхэм щаIыгъа Iэщышхуэм я бжыгъэр мин 40-м щхьэдэхащ, Iэщ цIыкIур мини 100-м нызэрыхьэсащ, шыхэр мини 7-м нэблэгъащ. Езы Iэщыхъуэхэм я бжыгъэр, псори зэхэту, 1200-м щIегъу.
- Ди деж щрагъахъуэ нарзыныпсхэр, псыIэфIхэр, пхъэщхьэмыщхьэпсхэр, ягъэхьэзыр фIэIугъэхэмрэ гъэшхэкIхэмрэ Европэми Урысейми щызекIуэ пщалъэхэм зымащIэкIи къакIэрыхуркъым. Абы и щыхьэтщ Москва жэпуэгъуэм и 4 — 8-хэм щекIуэкIа «Бжьыхьэ дыщафэ» урысейпсо мэкъумэш-промышленнэ выставкэм ди лIыкIуэхэм щагъэлъэгъуа ерыскъыхэкIхэм щIэупщIэ ин зэраIари.
- Республикэм Мэкъумэш IэнатIэмкIэ и министерствэм фокIадэм и 24-м ирихьэлIэу хъыбар зэрызэбгригъэхамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым дызэрыт илъэсым къриубыдэу гектар мин 281,8-м щытраса гъавэм щыщу, гуэдзыр гектар мин 54,9-м щыIуахыжащ (планым и проценти 100-р). Къытрахам, псори зэхэту, тонн мини 185,8-рэ и хьэлъагъщ (гектарым хуэзэу центнер 33,8-рэ). Нарт гъавэр гектар мини 10,4-м (щIыуэ ирагъэубыдам и проценти 7,5-м) щызэщIакъуэжащи, къыдачыжам тонн мин 68,9-рэ и хьэлъагъщ (гектарым хуэзэу центнер 66,5-рэ). Хьэр щыIуахыжа гектар мин 22,6-м тонн мин 74,8-рэ зи хьэлъагъ гъавэ къытрахащ (гектарым хуэзэу центнер 33,1-рэ).
- КъризэщIэткъуэжу къыхэдгъэщынщи, пхъэщхьэмыщхьэрэ хадэхэкIыу, гъэшу, лыуэ къыщалэжьым хэгъэхъуэным, IэнатIэхэр щегъэфIэкIуэным, адрейхэм япэхъу, уеблэмэ ефIэкI ерыскъыпхъэхэр гъэхьэзырыным, я лIэужьыгъуэхэм хэгъэхъуэным, щэхуакIуэхэр къыдэхьэхыным гулъытэ хэха ди республикэм щыхуащI.
- КЪУМАХУЭ Аслъэн.