ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЕгъэджакIуэхэр ягъэлъапIэ

2021-10-09

  • КъБР-м и Парламентым щагъэлъэпIащ «Урысейм и егъэджакIуэ нэхъыфI» урысейпсо зэпеуэм илъэс блэкIахэм щытекIуа егъэджакIуэхэр. Ахэр гуапэу къригъэблэгъащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.

  • — ЗэIущIэр хухэтхащ егъэджакIуэхэм фи махуэм. Абы къыхэкIыуи сыхуейщ щIэщыгъуэу, купщIафIэу екIуэкIыну. 1998 гъэм щегъэжьауэ, егъэджакIуэ 23-м текIуэныгъэ къыщахьащ урысейпсо зэпеуэхэм. Ар ди республикэм и дежкIэ пщIэшхуэщ. Зэгуэр дэ псори еджакIуэу дыщытащ. Дэтхэнэми диIэщ а зэманым епха гукъэкIыж хуабэхэр, IэфIу дигу илъщ дезыгъэджахэр. Ди фIэщ мэхъу егъэджакIуэ нэсыр гурэ псэкIэ и IэщIагъэм етар зэрыарар. Нобэ ди зэIущIэм къеблэгъахэр апхуэдэщ. Фи цIэр фIыкIэ щывгъэIуащ республикэм, — захуигъэзащ Егоровэ Татьянэ егъэджакIуэхэм. Абы зэIущIэм хэтхэм ягу къигъэкIыжащ 2023 гъэр ЕгъэджакIуэм и илъэсу ягъэувыну УФ-м и Президент Путин Владимир зэрыжиIар. Егоровэм и цIэ къриIуащ мы гъэм урысейпсо зэпеуэм хэта, къэралым и егъэджакIуэ нэхъыфIу къалъыта цIыху 15-м ящыщ хъуа Къущхьэ Каринэ.
  • Спикерыр егъэджакIуэхэм ехъуэхъуащ я IэщIагъэм гукъыдэж къариту, я лэжьыгъэ мытыншым пщIэ иIэу лэжьэну!
  • Къызэхуэсахэм захуигъэзащ КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Езауэ Анзор.
  • — СахуогуфIэ фэ евгъаджэ цIыкIухэм, абыхэм фэркIэ тхьэр яхуэупсащ. Си гуапэщ блэкIа илъэсхэм егъэджакIуэ нэхъыфI хъуа фэ, нэгъуэщI IэнатIэкIэ фымыхъуэжауэ, егъэджэныгъэм фызэрыпэрытыр, — жиIащ абы. Зыхэт зэIущIэр къызэрызэрагъэпэщам папщIэ министрым фIыщIэ яхуищIащ Егоровэ Татьянэрэ депутатхэмрэ.
  • 2003 гъэм республикэм егъэджакIуэ нэхъыфI щыхъуа, Налшык  дэт школ №3-м инджылызыбзэмкIэ и егъэджакIуэ Хьэщыкъуей Алим зэIущIэм щIэсхэм ядэгуэшащ зэпеуэм епха гукъэкIыжхэмкIэ. ТекIуэныгъэр къихьа нэужь, ар ЕгъэджэныгъэмкIэ министерствэм ирагъэблэгъами, куэдрэ щымыла-жьэу, фIыуэ илъагъу егъэджакIуэ IэнатIэм пэрыувэжащ.
  • ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ 1998 гъэм «Урысейм и егъэджакIуэ нэхъыфI» хъуа, КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, педагогикэ щIэныгъэхэм я доктор Амщокъуэ Хьэсэнбий.
  • — Сэ япэу екIуэкIа зэпеуэм сыщытекIуати, адэкIэ абы хэта дэтхэнэми гурэ псэкIэ сыщIыгъуащ, текIуэныгъэ къэси сыщыгуфIыкIащ. Иджыблагъэ ехъулIэныгъэ зыIэрызыгъэхьа Къущхьэ Карини сыхуогуфIэ. Ар езыр Щхьэлыкъуэ щыщщ, дэ едгъэджащи, сропагэ, — къыхигъэщащ абы.
  • 2006 гъэм егъэджакIуэхэм я зэпеуэм щытекIуа Темукуев Адил Урысейм егъэджэныгъэм гулъытэшхуэ зэрыхуищIыр, абы и фIыгъэкIи щIэблэ узыншэ къыдэкIуэтеину зэрыгугъэр жиIащ.
  • 2014 гъэм зэпеуэм щытекIуа Пышная Еленэ къыщыпсалъэм къыхигъэщащ егъэджакIуэхэм гуныкъуэгъуэ гуэрхэри зэраIэр.
  • — Дэ сабийхэм куэду дадэлэжьэну дыхуейщ творчествэ и лъэныкъуэкIэ, сыту жыпIэмэ абы цIыхур егъасэ. Ди зэманыр тфIехь зэпымыууэ дызыхэт дэфтэр зэхуэхьэсыным, тхылъымпIэ къехьэкIыным. Ягъэ кIынкъым, фи дзыхь къыдэвгъэзи, ди тхылъымпIэ зэгъэзэхуэныр нэхъ мащIэ тхуэфщI, — лъэIуащ ар.
  • Физическэ щэнхабзэмкIэ егъэджакIуэ Борэн ФуIэд жиIащ республикэм зи узыншагъэм къимыхь сабий куэди зэрисыр, ахэр гулъытэ щхьэхуэ зэрыхуэныкъуэр.
  • — Сэ цIыкIухэм садолажьэ я фэм зэрыдэхуэным хуэдизкIэ я Iэпкълъэпкъым зезгъэужьу. Ар физическэ щэнхабзэ къудейм къыщхьэщокI. Егъэлеяуэ мащIэщ а унэтIыныгъэмкIэ сабийхэм ядэлажьэ IэщIагъэлIхэр. Къыхузоджэ республикэм щыIэ спорт школхэм ныкъуэдыкъуэхэм папщIэ секцэ щхьэхуэхэр къызэрагъэпэщэну, абыхэм гу лъатэну.
  • Егъэджэныгъэм хуащIа хэлъхьэныгъэм, щызыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэм папщIэ, «Урысейм и егъэджакIуэ нэхъыфI» урысейпсо зэпеуэм и республикэ Iыхьэм илъэс блэкIахэм щытекIуа егъэджакIуэхэу Амщокъуэ Хьэсэнбий, Куршаевэ Иринэ, Сидоровэ Татьянэ, Хьэщыкъуей Алим, Темукуев Адил, ШыдукI Ларисэ, Абазэ Эльвирэ, Машенкинэ Ольгэ, Усенкэ Евгение, Джэдгъэф Зулия, Пышная Еленэ, Къэшэж Аслъэн, Балъкъыз Мадинэ, Бетрожь КIунэ, Кочетов Олег, Мирзоевэ Наталье, Борэн ФуIэд сымэ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и фIыщIэ тхылъыр хуагъэфэщащ.
  • ЗэIущIэр макъамэкIэ ягъэдэхащ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ  къэрал институтым и студентхэм.
  • Гугъуэт  Заремэ.