ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Си еджапIэ — си къежьапIэ

2021-10-05

  • Гупсысэр  зыузэщIхэр
  • Илъэс куэд лъандэрэ ди къэралым щаIэт ЕгъэджакIуэм и махуэр СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и УнафэкIэ ягъэувауэ щытащ 1965 гъэм. Ар ягъэлъапIэурэ къекIуэкIащ жэпуэгъуэм и япэ тхьэмахуэ махуэм. ИужькIэ, 1994 гъэм къыщыщIэдзауэ, Урысей Федерацэм а Iуэхугъуэр жэпуэгъуэм и 5-м, ЮНЕСКО-м игъэува ЕгъэджакIуэм и дунейпсо махуэм трагъэхуащ.

  • «Жылагъуэм и къалэн нэхъ ин дыдэм йолэжь егъэджакIуэр — абы цIыху гупсысэр еузэщI», жиIэгъащ егъэджакIуэм щхьэкIэ Калинин Михаил. ИпэжыпIэкIэ, егъэджакIуэращ куэдкIэ зэлъытар щIэблэм я къэкIуэнур зэрыхъунур, цIыхум я гупсым и гъунапкъэхэр здынэсынур. Егъэджэныгъэ IэнатIэм и «пкъо» егъэджакIуэм ди къэралым гулъытэ лъагэ зэрыщигъуэтыр иужьрей лъэхъэнэм зыхэдмыщIэу къанэркъым. «Къэрал унафэщIхэм ялъэкI ящIэнущ егъэджакIуэм и пщIэр жылагъуэм нэхъри къыщыIэта хъун папщIэ, абы къыдэкIуэуи езы егъэджакIуэхэми зыхащIэн хуейщ я пщэ мыхьэнэшхуэ зиIэ къалэн къызэрыдэхуэр», — апхуэдэ псалъэхэр зи купщIэ гупсысэхэр щIэх-щIэхыурэ утыкухэм щыжаIэ УФ-м и Президентми Правительствэм хэтхэми. ЕгъэджакIуэм и Iуэхухэр егъэфIэкIуэным, хуэфащэ увыпIэ жылагъуэм щигъуэтыжыным хуэгъэпса мурадхэр зы илъэскIи зэфIэха хъунукъым. Абы тещIыхьащ къэрал программэ хэхахэр. Апхуэдэщ, къапщтэмэ, илъэс зыбжанэ лъандэрэ екIуэкI, УФ-м и Президентым къыхилъхьауэ щыта «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектыр. Абы къыщыгъэлъэгъуа унэтIыныгъэхэр къанэ щымыIэу хуэгъэпсащ егъэджэныгъэ IэнатIэм, абыхэм я IэщIагъэлIхэм я Iуэхур дэгъэкIыным, я лъабжьэр гъэбыдэным, я пщIэр къэIэтыным. Апхуэдэ икIи нэгъуэщI Iуэху бгъэдыхьэкIэщIэхэм я фIыгъэкIэ хохъуэ ныбжьыщIэм ират щIэныгъэм и фIагъым, ар дунейпсо мардэхэм хуэкIуэ  мэхъу. А псом къадэкIуэу гугъущ пхъумэну цIыхухэм игъащIэми къыддекIуэкI лъапIэныгъэхэр, ахэр къытщIэувэ щIэблэм гурэ псэкIэ зыхебгъэщIэнри Iуэху тыншкъым. ЩIэблэм щIэныгъэ куу етынри гъэсэныгъэ екIу хэлъу къэгъэтэджынри зи къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ школ лэжьакIуэхэр. Ди егъэджакIуэхэр хущIокъу а къалэн гугъухэр тэмэму зэрагъэзэщIэным икIи ныбжьыщIэхэр къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм, творческэ Iуэхухэм дегъэхьэхынми, спортым жыджэру хэшэнми гулъытэшхуэ хуащI.
  • Республикэм иджыпсту щылажьэ егъэджакIуэхэм я бжыгъэр мин 11-м щIегъу, абыхэм ящыщу процент 80-м щIэныгъэ нэхъыщхьэ, мини 7-м категорие нэхъыщхьэ яIэщ, 200-м нэблагъэм «ЩIыхь зиIэ егъэджакIуэ», 600-м «Курыт щIэныгъэ егъэгъуэтыным щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэхэр зэрахьэ, 40-м щIи-        гъум орденхэмрэ медалхэмрэ хуагъэфэщащ, 50-м щIигъур щIэныгъэ зэхуэмыдэхэм я кандидатщ. Ди щIыналъэм и мызакъуэу, къэрал псом щыцIэрыIуэ яхэтщ ди егъэджакIуэхэм. Дэ дрогушхуэ икIи дроин СССР-м, УФ-м, КъБР-м я цIыхубэ егъэджакIуэхэр дызэриIэм, лъагапIэшхуэхэм нэса IэщIагъэлIхэмкIэ а IэнатIэр зэрыкъулейм. Апхуэдэ цIыху гуащIафIэхэм ящыщщ Къанщыкъуей Риммэ, ДыщэкI Марие, Къамбий Мухьэб, Мэлбахъуэ Борис, нэгъуэщIхэри. Апхуэдэ щэджащэхэр я щапхъэщ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм хыхьэ IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм.
  • Къэралми жылагъуэми егъэджакIуэхэм хуащI пщIэм, гулъытэм адэкIи зэрыхэхъуэнум, а IэнатIэм Iутхэм хуаIэ жэрдэмыфIхэм зэрыпащэнум шэч хэлъкъым. ЩIэныгъэ нэс къэугъуеиным гурыфIыгъуэ къезыт щIэблэ зыгъасэ егъэджакIуэм хуэмыфащэ фIыгъуэ щыIэкъым.
  • ЕгъэджакIуэ псоми дохъуэхъу я махуэшхуэр угъурлы яхуэхъуну, ар IуэхугъуэщIэхэмрэ жэрдэмыщIэхэмрэ лъэр хущIэзыгъэкIыу къахущIэкIыну.
  • ЖЫЛАСЭ Маритэ,
  • «Адыгэ псалъэ» газетым
  • егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ
  • и къудамэм и унафэщI.
  •  
  • ЕгъэджакIуэ щыпкъэ
  • КъытщIэхъуэ щIэблэр егъэджэнымрэ гъэсэнымрэ, ныбжьыщIэхэм я зэфIэкIым зегъэужьынымрэ ябгъэдэлъ зэчийхэр къэгъэнэхуэнымрэ илъэс куэд лъандэрэ хуэлажьэхэм ящыщщ Шэджэм къалэм дэт курыт школ №1-м пэщIэдзэ классхэр щезыгъаджэ Щоджэн Лизэ ХьэматIэ и пхъур.
  • Сабиипсэ къабзэм хуэдэу зи псэр зэIуха егъэджакIуэ Iэзэр жэуаплыныгъэ ин зыпылъ а IэнатIэм илъэс 50 хъуауэ  хьэлэлу пэрытщ. Лизэ и нэIэм щIэт ныбжьыщIэхэм ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрагъэхьэ, а цIыкIухэр адрейхэм къахощ ябгъэдэлъ гъэсэныгъэ екIумкIи. КъБР-м и Парламентым, КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм, Шэджэм щIыпIэ администрацэм къабгъэдэкI щIыхь тхылъхэр, «Урысей Федерацэм егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьа-кIуэ» цIэ лъапIэр зыхуагъэфэща адыгэ бзылъхугъэ щыпкъэр ящыщщ зи лъэпкъым и къару емыблэжу хуэлажьэхэм, зи дуней тетыкIэри Iуэху зехьэкIэри куэдым я дежкIэ щапхъэ хъухэм. Зы щIэблэкъым Лизэ щIэныгъэ зритар, игъэсар, пэжыгъэм, захуагъэм, цIыхугъэм щIипIыкIар.
  • ЕгъэджакIуэм и махуэмкIэ ди гуапэу дохъуэхъу Щоджэн Лизэ. Узыншэу, и IэщIагъэм и хъер илъагъуу, и гъэсэнхэм зыIэрагъэхьэ ехъулIэныгъэхэм игури и псэри дыхэхъуэу, унагъуэ насыпрэ бын гуфIэгъуэрэ щымыщIэу куэдрэ Тхьэм игъэпсэу!
  • Пхуемыгъэджэн сабий щыIэкъым
  • Гъэ еджэгъуэщIэм школ бжэщхьэIум япэу ебэкъуа цIыкIухэм я гъусэу я цIэ къитIуэну яхуэфащэу къытщохъу зэманым и нэщэнэхэм имыгъэшынэу, егъэджакIуэ IэщIагъэр къыхэзыха дыгъуасэрей студентхэм. Апхуэдэхэм я щапхъэщ мы гъэм КъБКъУ-м биологиемкIэ и къудамэр къэзыухыу Бахъсэн дэт етIуанэ курыт еджапIэм лэжьэн щыщIэзыдза Бейтыгъуэн Ирадэ.
  • — Ирадэ, япэрауэ, дунейр щытыхукIэ зи пщIэр емыхуэхыну егъэджакIуэ IэщIагъэр къызэрыхэпхамкIэ дынохъуэхъу! Уэр-уэру ухуэкIуа абы, хьэмэрэ зэрымыщIэкIэ укъыщIэхута дерсхэр щрагъэкIуэкI классым?
  • — Сэ сызэрыцIыкIурэ сыщIэхъуэпсырт егъэджакIуэ IэщIагъэм, ауэ еджэн зэрызухыу срилэжьэну Iэмал сиIэну си пщIыхьэпIи къыхэхуэртэкъым. Сыт хуэдиз еджапIэ къызэхэскIухьа, лэжьапIэ сылъыхъуэу! «Илъэс бжыгъэ гуэр уримылэжьауэ укъытхуэщтэнукъым», — къызжаIэурэ сыкъыIуагъэкIыжащ. Абы къыхэкIыу, фIыщIэшхуэ хузощI щIалэщ жиIэу къызблэмыкIыу, къызэрызухагъащIэм щхьэкIэ къимыгъанэу, си зэфIэкI згъэунэхуну Iэмал къызэзыта, ди еджапIэм и унафэщI Нэгъуей Ахьмэд Мухьэб и къуэм. Лэжьыгъэр дзыхь къысхуищIри, фIыуэ слъагъу IэщIагъэм сыбгъэдигъэуващи, Тхьэр арэзы къыхухъу.
  • Я гугъу сымыщIын слъэкIыркъым сызыхэхуа егъэджакIуэ гупми. Псори зэрызэкъуэтым, фIыуэ зэрызэхущытым занщIэу гу лъыстащ. «ЗыгуэркIэ къохьэлъэкI хъумэ, къызбгъэдыхьэ, мис, си кабинетыр мыбдежырщ», — къызжезымыIа егъэджакIуэ щылажьэ хъункъым ди школым. Махуэм тIэу сыхуэзэмэ, тIэунейрэ апхуэдэу къызжезыIахэр яхэтщ. А псом къыхэкIкIэ, махуэ къэс нэхъ сфIэфIу сокIуэ лэжьапIэм.
  • ЕгъэджакIуэ IэщIагъэр къыщIыхэсхам сытепсэлъыхьмэ, зыщIыпIэ сыкъыщеджауэ щытащ цIыхур дунейм ехыжа нэужь, щIэныгъэу къигъанэр мыкIуэдыжын сэдэкъэ зэрыхуэхъум. Сэ иджыпсту зыгуэрым нэгъэсыпауэ хэсщIыкIыу схужыIэнукъым, ауэ апхуэдэ щIэныгъэ щхьэпэ гуэр къызэзнэкIын папщIэ, слъэкI къэзгъэнэнукъым.
  • — Иджырей егъэджакIуэхэм я лэжьыгъэр гугъу зыщI щхьэусыгъуэхэм ящыщщ сабийхэм телефон зэраIэщIэлъыр. Ебгъаджэр щIэныгъэм дебгъэхьэхын зэрыхуейм нэмыщI, я гулъытэр дакъикъэ къэс абы къридзэ цIуугъэнэхэм къаIэщIэпхын хуей мэхъу. Уэ сыт хуэдэ хэкIыпIэ къыхуэбгъуэтыр а Iуэхум?
  • — Ди унафэщIым гъэ еджэгъуэм ипэ дыщызэхуишэсам щыгъуэ къыджиIауэ щытащ телефоныр дерсым пэIэщIэ зыщIыф егъэджакIуэхэр фIыкIэ къызэрыхигъэщынур. Аращи, егъэджакIуэхэм е телефоныр школым кърагъэхьыркъым сабийхэм, е я класс унафэщIхэм пщэдджыжьым зэхуахьэсри, дерс нэужьым хуагуэшыж. Си щхьэкIэ, зэ е тIэу срихьэлIауэ аращ а унафэм ебэкъуа еджакIуэ.
  • — Псори апхуэдэу тыншрэ гъэщIэгъуэну екIуэкIынкIэ Iэмал иIэкъым. Гугъуехь гуэрхэм уIумыуэр пэж?
  •  — Гугъу щыхъухэм деж, зы гупсысэ къыздоIэпыкъу: «Си адэ-анэм, зи жьауэ IэфIым сыщIэт си анэшхуэхэм, си унагъуэм апхуэдиз къарурэ мылъкурэ къыстрагъэкIуадэу сыщрагъэджакIэ, ахэр сымыгъэпэжу хъунукъым». ФIы дыдэу къызгуроIуэ щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ зрагъэгъуэтыну абы щIэхъуэпс псоми Iэмал зэрамыIэр. Сэ Алыхьталэм а насыпыр къызитащ. Аращи, фIыкIэ къысщыгугъыу гугъу къыздехьахэр щIезгъэгъуэж хъунукъым.
  • Iуэхур тынш зыщIхэм языхэзщ дерсым и планыр махуэ къэс зэрыстхыр. Сымытхыу къысхуадэнукъым, дерсми сыщIагъэхьэнукъым. Аращи, сеша-семышам емылъытауэ, жэщыбг хъуауэ щытми, планыр сотх. Абы и фIыгъэкIэ жысIэр гукIэ сщIэуэ, стхам сыхуемыплъэкIыу, сабийхэм дерсыр щабгъэдэслъхьэм деж, нэхъыфIу къызодаIуэ. Сызытепсэлъыхьым фIыуэ хэсщIыкIыу икIи щIэщыгъуэу щажесIэжым деж, телефон зыIыгъхэми къыдахыркъым. Псалъэм папщIэ, терминхэмкIэ ебгъэлеймэ, сабийхэм «къыдгурыIуэркъым» къыбжаIэну укIытэнущ. ЖысIэну сызыхуейр зыщ: дерсыр нэхъ гъэщIэгъуэну ебгъэкIуэкIыху, сабийхэми я гулъытэр уэ къыптеухуащ. Щапхъэ къахуэпхьмэ, темэ нэхъ гугъури тыншу ябгъэдыболъхьэф.
  • — ДызэрыщыгъуазэмкIэ, уэ ебгъаджэ къудей мыхъуу, уи щIэныгъэми пыбощэ. Зы лъэныкъуэкIэ, узыхуеджа биологием, адреймкIэ — Психологиемрэ педагогикэмкIэ къудамэм ущоджэ. Сыт хуэдэ чэнджэщ ептынт адэ-анэхэм сабийхэм я Iуэху ефIэкIуэн папщIэ?
  • — Сэ сызэригугъэмкIэ, цIыхур псэухукIэ и IэщIагъэм хигъахъуэурэ кIуэн хуейщ. СфIэгъэщIэгъуэнщ цIыхухэм я хьэл-щэнхэр, аращ психологиемрэ педагогикэмрэ къыщIыхэсхар. Сабийхэм уазэрыбгъэдэтын, къызэрыдэпхьэхын Iэмал куэдым ухурагъасэ а тIуми.
  • Сабийм и гъэсэныгъэр къыщежьэр унагъуэрщ, аращ нэхъыбэу адэ-анэхэм ягу къэзгъэкIыжыну сызыхуейр. «Нэмыс зимыIэм насып иIэкъым», — жаIэ адыгэхэм. ЦIыкIухэм ялъагъур ящIэжу аращи, адэ-анэр щапхъэфI яхуэхъуфын хуейуэ аркъудейщ. Нэхъыжь-нэхъыщIэ ялъытэу, пщIэрэ нэмысрэ яхэлъу ахэр къыдрагъэкIуэтеймэ, адрей псори абы и ужь къиувэнущ.
  • — ШколакIуэ псори фIыуэ зэремы-джэр хэти ещIэ. ЩыIэщ еджэныр къехьэлъэкIми, хьэл-щэн дахэ зыдэп-лъагъу сабиифIхэр. Еджэным хуэмыжыджэрхэм дауэ уазэрыдэлажьэр?
  • — УщыегъэджакIуэкIэ, дэтхэнэ сабийми бгъэдыхьэкIэ къыхуумыгъуэту хъунукъым. ЩIэныгъэ зыбгъэдэмылъ, емыджэфкIэ зэджэхэми яхэзагъэр къыпхуэщIэнущ. Гурыхуэу щымыт еджакIуэри IэщIагъэ гуэрым, гува-щIэхами, хуэIэкIуэлъакIуэ хъунущ. Ущытхъуурэ, удэIэпыкъуурэ тебгъэгушхуэн хуейуэ аращ.
  • СызэригугъэмкIэ, пхуемыгъэджэн сабий щыIэкъым, гукъыдэж ептыф закъуэмэ. Апхуэдэ гукъыдэж адэ-анэми къыхалъхьэфынущ ныбжьыщIэхэм. «Мы дерсыр зэбгъащIэмэ, ин ухъуа нэужь, зыгуэр къыпхэкIынущ», — къыжраIэу, я къэкIуэнум теухуауэ сурэт дахэ гуэр и нэгум къыщIагъэувэу. Щытхъуу, нагъыщэфI къахьмэ, ахъшэ ирату, сэ сщIэрэ, Iэмалхэр мащIэкъым. Мыхьэнэшхуэ  иIэщ адэ-анэм къыбжиIам. Пэжщ, ахэри лэжьапIэ Iутщи, йош, сабийм ищIэр къафIэмыIуэхужу, итIани, тIэкIу ядэлажьэмэ, езы цIыкIухэми «седжащэрэт» жаIэнущ.
  • Епсэлъар Чэрим  Марианнэщ.
  •   
  • Насып  Iыхьэ
  • «Сызыпэрыт IэнатIэр адрей IэщIагъэ псоми къахэщхьэхукIыу къысщохъу, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ сабиипсэ къабзэм дэлэжьэным, абы бгъэдэлъ дахагъ, къулеягъ псори, зэфIэкIхэр наIуэ къэщIыным, ар унэтIыным епха Iуэхугъуэхэр нэхъыбэу зэфIэзыгъэкIыфынур егъэджакIуэрауэ къызолъытэри. АтIэми, а къалэнхэр ирикъуу, нэсу зыгъэзэщIэфынури абы къыхуалъхуахэращ», — апхуэдэ гупсысэхэр и гъуазэу мэлажьэ Аргудан дэт курыт школ №1-м пэщIэдзэ классхэр щезыгъаджэ Тхьэкъуахъуэ (Тэгъулэн) Люсенэ.
  • Зи IэщIагъэр псэкIэ къыхэзыха, сыткIи абы ехъулIэ лэжьакIуэщ Люсенэ.    КъБКъУ-м урысыбзэмрэ литературэмкIэ и факультетыр 2004 гъэм къэзыуха бзылъхугъэ цIыкIур школым щыува япэ махуэхэм къыщыщIэдзауэ хущIокъу щIэблэр пщIэрэ нэмысрэ яхэлъу, лъэпкъ хабзэм щыгъуазэу, щIэныгъэ куу ябгъэдэлъу къэгъэтэджыным. А къалэныр ныкъусаныгъэншэу гъэзэщIэным и къару псори ирехьэлIэ егъэджакIуэ гумызагъэм. Апхуэдэу щытащ урысыбзэр илъэс 14-кIэ   щригъэджами, а хьэлыращ зытетыр, илъэсибл лъандэ-рэ пэщIэдзэ классхэм щолажьэри. НэгъуэщIуи щытыфынукъым Люсенэ. Ар зыпэрытыр фIыуэ илъагъу, зэрыцIыкIурэ зыщIэхъуэпса IэнатIэщ. А гуращэр зэрыз-ригъэхъулIэфар бзылъхугъэм насып Iыхьэу къелъытэ.
  • — Насыпыр Iыхьэ куэду зэхэлъщ, сэ къызэрыслъытэмкIэ. Зи лэжьыгъэр гукъыдэж зиIэу зыгъэзащIэ, IэщIагъэм хэзагъэ дэтхэнэри насыпыфIэщ. Уеблэмэ насыпыфIэр езым и закъуэкъым, атIэ лэжьыгъэ IуэхукIэ къегъэщIылIа псоми гукъыдэж, дэрэжэгъуэ яретыф а цIыхум, — жеIэ Люсенэ. — Сэ, къапщтэмэ, си нэгу къысхущIэгъэхьэххэркъым школ  гъащIэм сыпэIэщIэу, си гъэсэнхэм сахэмыту. Сабийхэми си лэжьыгъэми яхузиIэ лъагъуныгъэр си гъащIэм и джэлэсхэм ящыщщ.
  • ЩIэныгъэм и дуней телъыджэр сабийхэм къахузэIухыныр егъэджакIуэ куэдым я лэжьыгъэм къыхуеджэныгъэу щаIэщ. Псом хуэдэжкъым а цIыкIухэр школым къэкIуагъащIэмэ, пэщIэдзэ классым щIэсмэ. ГъэсапIэм дыгъуасэ къыщIэкIа сабийхэр яжепIэ псори къащтэну хьэзырщ, дунейри яфIэхьэлэмэтщ. ЩIэщыгъуагъ лэжьыгъэм хилъхьэу и пщэрылъ къалэнхэр зэфIех Люсенэ, и гъэсэнхэр жыджэру Iуэхум къыхишэу, ахэр къэхутэныгъэ гъэщIэ-гъуэнхэм иришалIэу. ЕгъэджакIуэу зэрылажьэ илъэс 20-м щIигъум къриубыдэу зэи къэхъуакъым абы лэжьыгъэм гукъыдэж щыхуимыIа, зыхуигъэувыжа къалэнхэр щимыгъазэщIэу, и мурадхэм хунэмысу дерсым къыщыщIэкIыжа. ЕгъэджакIуэ, къызэгъэпэщакIуэ нэсым псом ящхьэу къилъытэр нобэрей зэманым къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэм сыт и лъэныкъуэкIи хэзэгъэфын щIэблэ щэныфIэ къэгъэтэджынырщи, зэфIэкIыу иIэр абы дапщэщи ирехьэлIэ.
  • — Жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ лэжьыгъэу щытми, егъэджакIуэ IэщIагъэм удэзыхьэхыу хэлъыр нэхъыбэщ. ПэщIэдзэ классхэм я егъэджакIуэхэм я къалэныр сабийхэм тхэкIэрэ егъэджэкIэрэ егъэщIэнымкIэ зэфIэкIыркъым — цIыкIухэр хуэущиин хуейщ щIэныгъэ зрагъэгъуэтыным хуэпабгъэу щытыным, я дуней еплъыкIэр зэтегъэувэным, — жеIэ Тхьэкъуахъуэм. — Адыгэхэм диIэ псалъэжь Iущхэм ящыщщ «Лъабжьэр быдэмэ, щхьэкIэр лъэщщ». Егъэджэныгъэр зэрыщыту къапщтэмэ, ар зэрызэхэлъ Iыхьэхэм я нэхъыщхьэу къалъытэ абы и пэщIэдзэр. Школым щыкIуа япэ илъэсхэм сабийм еукъуэдий щIэныгъэм адэкIэ зэрыхуэкIуэну гъуэгур, егъэтIылъ еджэныгъэм, гъащIэм, дунейм и зэлъыкIэхэм ятеухуа и гупсысэхэм я лъабжьэр. Ар ныбжьыщIэм къызэрехъулIэм елъытащ адэкIэ иIэну текIуэныгъэхэм, здынэсыфыну лъагапIэхэм ящыщ куэд. Аращи, пэщIэдзэ классхэм щылажьэхэм я IэщIагъэм  хуащI гулъытэм мыхьэнэшхуэ иIэщ дэтхэнэ сабийми и дежкIэ.
  • Бзэ IэфI зыIурылъ, узыIэпызышэ макъ щабэ зиIэ егъэджакIуэм апхуэдизкIэ къыдехьэх и нэIэм щIэт школакIуэхэри, анэ етIуанэу школым щаIа бзылъхугъэр ящыгъупщэркъым класс нэхъыжьхэм кIуа нэужьи. Езыри набдзэгубдзаплъэу якIэлъоплъ и гъэсэну щытахэм адэкIэ я Iуэху зэрыхъум. Люсенэ дэтхэнэ сабийми бзэ щхьэхуэ къыхуэзыгъуэтыф, бгъэдыхьэкIэ хэха хузиIэ егъэджакIуэ гъэщIэгъуэнщ. Иджыпсту Люсенэ ирегъаджэ 3-нэ классым щIэсхэр. Ар йогугъу и сабийхэм щIэныгъэм и лъабжьэ быдэр ягъэтIылъыным, еджэным гукъыдэж хуаIэрэ абы текIуэныгъэ цIыкIухэр къыщахьыфу гъэсэным. ЦIыкIухэм я къэухьым, дуней еплъыкIэм зезыгъэужь, ахэр пэжыгъэм, дахагъэм хуэзыущий егъэджакIуэм и дерсхэм щызэхэухуэнащ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэр зэрызэпкърылъ унэтIыныгъэ куэд. Абы и гъэсэнхэр сыт щыгъуи жыджэру хэтщ школым, щIыналъэм щекIуэкI олимпиа-
  • дэхэм, зэпеуэхэм ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрагъэхьэу. Люсенэ иригъаджэхэр иужьрейуэ зыхэта зэпеуэхэм ящыщщ «ЩIэныгъэм хуач япэ лъэбакъуэхэр», «Полицей дадэ Стёпэ», «Фысакъ, мафIэ!» республикэпсо, щIыналъэпсо зэхьэзэхуэхэр. Абыхэм сабийхэм къыщахьащ 1-нэ, 2-нэ увыпIэхэр. КъищынэмыщIауэ, сабийхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ Uchi.ru Интернет плIанэпэм.
  • Апхуэдэу Тхьэкъуахъуэр гугъэзэгъауэ ядолажьэ адэ-анэхэми. Ахэр жыджэру гъэсэныгъэм къыхешэ. Ари мэхъу абы зыIэригъэхьэ ехъулIэныгъэфIхэм я лъабжьэ.
  • — ЕгъэджакIуэм и лэжьыгъэм нэхъыщхьэ дыдэу хэлъхэм ящыщщ сабиипсэр нэсу зыхэпщIэныр, абы и гурылъ-гуращэхэр къыбгурыIуэныр, и гупсысэхэр къэбгъэнаIуэу ахэр тэмэму унэтIыныр. Зи псэр къыпхузэIумыха школакIуэм ахэр бгъэдэплъхьэну тыншкъым, аращи, псом япэ сабийр псэкIэ уи гъунэгъу пщIын хуейщ. ИтIанэщ сабийм щIэныгъэ куу щептыфынури, гъэсэныгъэ екIу щыхэплъхьэфынури, — и лэжьыгъэм топсэлъыхь Люсенэ. — Ди школым и егъэджакIуэ псори дыхущIокъу а къалэныр екIуу зэрызэфIахыным, иджырей егъэджэныгъэм и мардэхэм хуэкIуэу лэжьыгъэхэр гъэзэщIа зэрыхъуным. IэнатIэм ехъулIэныгъэ гуэрхэр щызыIэрыдгъэхьэмэ, псом япэ ар зи фIыгъэр ди лэжьыгъэр тэрэзу къызэзыгъэпэщ ди школ унафэщI Хьэлышх Маритэщ. Зи IэнатIэр хьэлэлу, жэуаплыныгъэр зыхищIэу езыхьэкI а цIыху гумызагъэм къыддиIыгъщ лэжьыгъэр езыгъэфIакIуэ, школым и пщIэр зыIэт сыт хуэдэ жэрдэмри.
  •  Аргудан дэт курыт школ 31-м и унафэщIхэми Тхьэкъуахъуэ Люсенэ хуэдэ лэжьакIуэ гумызагъэхэми дохъуэхъу ЕгъэджакIуэм и махуэмкIэ. Нобэ хуэдэу, фи IуэхущIафэ дахэхэм щытхъу, фIыщIэ куэд къапэкIуэу, фи пщIэмрэ нэмысымрэ жылагъуэм щыхэхъуэу Тхьэм фигъэпсэу, фигъэлажьэ. Сабийхэм ябгъэдэфлъхьэ щIэныгъэр, къывдалъагъу гуапагъэмрэ IэфIагъымрэ ящымыгъупщэу, фи лэжьыгъэм фыдэбжьыфIэу дунейм Тхьэм фытригъэт.
  • КЪАРДЭН  Маритэ.