Къэзылъхуахэм я лъагъуэм ирикIуа
2021-10-05
- Нобэ и ныбжьыр илъэс 60 ирокъу адыгэ бзылъхугъэ телъыджэ, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, 1978 — 1982 гъэхэм Свердловск (иджы Екатеринбург) и «Уралочка» командэм хэту Совет Союзым и чемпион тхуэнейрэ хъуа, Европэм и чемпионхэм я кубокыр тIэунейрэ зыIэрызыгъэхьа, ди лъэпкъэгъу цIыхубзхэм ящыщу Олимп чемпионкэ закъуэ Ахэмын Еленэ.
- БлэкIа лIэщIыгъуэм и 70 гъэхэм я кIэухым цIыхубз волейболым и вагъуэр щылыдащ адыгэ пщащэм. Свердловск къалэм дзэм къулыкъу щызыщIэу абы къэнэжа Ахэмын Рабихь и унагъуэм 1961 гъэм жэпуэгъуэм и 5-м къралъхуа хъыджэбз цIыкIурат ар. Ленэ зыфIаща сабийр, адыгэ уэрэд цIэрыIуэм зэрыщыIуащи, дахэкIейт, ауэ и гъащIэ гъуэгур щыпхишар спортращ.
- Ахэмын Рабихь волейболыр хуабжьу фIыуэ илъагъурт икIи сабийхэр абы хуигъасэрт. И ныбжьэгъут къэралми Европэми щыцIэрыIуэ Свердловск и «Уралочка» цIыхубз командэм хэтхэмрэ зыгъасэхэмрэ икIи зэпыщIэныгъэ быдэ яхуиIэт. И щхьэгъусэ Инесси спортым и мастерт, ауэ зыхэтар баскетболрат. Абыхэм я быныр, дауи, къэзылъхуахэм я лъагъуэм ирикIуапхъэт.
- И ныбжьыр илъэс пщыкIутI щрикъум, Еленэ волейболым зыхуигъасэу щIидзащ. Абы и япэ тренер Филимонов Юрэ лъэкI къигъэнакъым адыгэ пщащэм а спорт лIэужьыгъуэр фIыуэ иригъэлъагъун, текIуэныгъэ инхэм я лъабжьэр хуигъэтIылъын папщIэ.
- Пхъум къыдэлажьэ зэпытт и адэри. «Сыт волейболыр фIыуэ щIэплъагъур?» — жаIэу журналистхэр иужькIэ къыщеупщIам, Еленэ яжриIат: «Си адэм абы сызэрыхишаращ. Ар езыр тренеру лажьэрти, волейболыр си гъащIэм щыщ зы Iыхьэ ищIыфащ».
- Спортым и закъуэкъым Рабихь и пхъухэр зыдригъэхьэхар. Гъэмахуэ школ каникулхэм и деж абы и унагъуэр Къэбэрдейм къишэжырти, Джылахъстэнейм хыхьэ Плановскэ къуажэм дэс я благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ яригъэлъагъурт, адэжь щIыналъэм и дахагъымрэ IэфIагъымрэ захригъащIэрт. Еленэ, и шыпхъу нэхъыщIэ Иринэрэ я дэлъху закъуэ Тарасрэ дэщIыгъуу, и гумрэ и псэмрэ щызу зигъэпсэхуауэ, ауэ къыздэкIуэжар аргуэру зэрибгынэжыр къатехьэлъэу Свердловск игъэзэжырт. ЩIэхъуэпсырт илъэс дэкIмэ къытрагъэзэну, зыхунэмыса, зыхуэмызэфа псори зэщIагъэхьэну.
- Совет Союзым тепщэныгъэр щызыIыгъ, Европэми фIыкIэ къыщацIыхуа Свердловск и «Уралочка» командэм а лъэхъэнэм ухыхьэну хуабжьу гугъут. Ар хузэфIэкIащ Еленэ. ХузэфIэкIам и закъуэкъым, атIэ гупыр зыгъэгуп, абы и пашэ хъуащ. Я тренер нэхъыщхьэ Карполь Николай и ныбжьэгъу Ахэмын Рабихь зэгуэрым къыжриIауэ щытащ: «Уи пхъур уэщхьщи, насыпыфIэ хъунущ. Хьэл-щэнкIи къыпкIэрыхуркъым — мурад ещIри, ерыщу зрегъэхъулIэф, бэшэчщ, зэфIэкI лъагэ зыбгъэдэлъщ».
- Адэ-анэм я дежкIэ быным я насыпым нэхъ дэрэжэгъуэ щыIэ?! Рабихь хуабжьу щыгуфIыкIырт ипхъухэм я ехъулIэныгъэхэм. Псом хуэмыдэу ар и рипагэрт Еленэ спортым къыщихь текIуэныгъэхэм. Япэр къыщыхъуар школакIуэхэм я урысейпсо зэхьэзэхуэращ, къыкIэлъыкIуэр 1978 гъэращ — Ташкент щызэхэта СССР-м и Лъэпкъхэм я спартакиадэм. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым Свердловск и «Уралочка»-м хэту Совет Союзым и чемпион хъуащ икIи къэралым и гуп къыхэхам хагъэхьащ.
- 1979 гъэм нэхъ утыкушхуэж ихьащ. А илъэсым Франджым щекIуэкIа Европэм и чемпионатым ар зыхэта СССР-м и командэ къыхэхар зыри зыпэмылъэщынт икIи дыщэ медалыр IэщIэлъу Ахэмыным къигъэзэжащ. Ар хуабжьу ехъулIэныгъэ инт, ауэ лъагапIэ нэхъыщхьэр къыщыпэщылъыр дяпэкIэт — Мэзкуу щыIэну Гъэмахуэ Олимпиадэм хуэфэщэну зыхуагъэхьэзырыпхъэт. Хуабжьу щIэхъуэпсырт Рабихь абы и пхъур щытекIуауэ илъагъуну, арщхьэкIэ… зэуэзэпсэу къытехуэри лIащ, и ныбжьыр илъэс плIыщI ирикъуа къудейуэ.
- Еленэ икъукIэ куууэ зыхищIащ а гуауэ хьэлъэр. Волейбол джэгун дэнэ къэна, зыри хуеижтэкъым, фIэIэфIыжи щыIэтэкъым. Дуней псор къытеункIыфIам хуэдэт. АрщхьэкIэ адэкIэ псэун хуейт. ГъащIэм къыхэзышэжар и адэм къыхуиIа хъуэп- сапIэр зригъэхъулIэну мурад быдэ зэрищIаращ. Абы папщIэ Олимп чемпион хъун хуейт.
- Совет Союзым волейболымкIэ и цIыхубз командэ къыхэхам ерыщу зэхьэзэхуэм зыхуигъэхьэзырырт. Я деж щекIуэкIыну Олимпиадэм абы щыджэгухэм къыщагъэлъэгъуэну хущIэкъурт я зэфIэкI лъагэр. Ар зрагъэхъулIэн папщIэ я зэмани къаруи еблэжыртэкъым. Гупым и пашэт и ныбжьэгъухэр сыт щыгъуи тезыгъэгушхуэ Ахэмын Еленэ.
- И пIалъэр къэсри, Гъэмахуэ Олимп джэгухэр 1980 гъэм бадзэуэгъуэм (июлым) и 20-м Мэзкуу и «Лужники» стадионым Iэтауэ къыщызэIуахащ. Афганистаным советыдзэр зэрихьар фIэгъэнапIэ ящIри, абы къэкIуакъым хамэ къэрал куэдым я лIыкIуэхэр. АрщхьэкIэ зэхьэзэхуэм кърихьэлIахэри зэфIэкI ин зиIэ защIэт.
- ЦIыхубз волейболрат дэ ди плъапIэ нэхъыщ-хьэр. Совет Союзым и командэ къыхэхам хэту абы зыкъыщигъэлъэгъуэнут Ахэмын Еленэ.
- Адыгэ бзылъхугъэм и джэгукIэр, сыт щыгъуи хуэдэу, узыIэпызышэт. ЗэIущIэм и нэхъ гугъури абы и Iэзагъым къигъэIурыщIэрт.
- Дыщэм щыщIэбэныну кIэух зэIущIэм Германие Демократ Республикэм и командэр къащыхуэзащ. Ар хуабжьу лъэщт икIи игъэкIуэтыгъуейт.
- Япэ Iыхьэм ди волейболисткэхэр псынщIэу япэ ищащ. 14:8-у я хьэрхуэрэгъухэм щащхьэщыкIым, ахэр бэлэрыгъащ икIи къапэщIэтхэм очкоиплI зэкIэлъхьэужьу ирагъэхьащ. Къаруушхуэ трагъэкIуэдэн хуей хъуащ, зы очко зыIэрагъэхьэжу текIуэныгъэр къахьын папщIэ. Ар лъэужьыншэу къэнакъым икIи къыкIэлъыкIуэ зэIущIэр нэмыцэхэм 15:11-у яхьащ.
- Ещанэ Iыхьэри хуабжьу ухэзыгъаплъэу ирагъэжьащ — 0:3, 3:6, 5:11, 7:13. Iуэхур хэкIыпIэншэ щыхъум, СССР-м и гуп къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Карполь Николай джэгум къыхигъэхьащ и «Iэщэ гъэпщкIуар» — Ахэмын Еленэ. Зэрыщыгугъауэ, зэIущIэм и екIуэкIыкIэм абы напIэзыпIэм зригъэхъуэжащ. Адыгэ бзылъхугъэм очкоих зэкIэлъхьэужьу гупым къыхуихьащ икIи и ныб- жьэгъухэм я гур къызэригъэгъуэтыжащ, бжыгъэр 12:13-м нигъэсри. Ар лъэщу ебгъэрыкIуэрт икIи ныкъусаныгъэншэу зихъумэжырт. КъызэщIэрыуэжа ди волейболисткэхэм адэкIэ нэмыцэхэм я щхьэр кърагъэIэтакъым икIи 15:13-у хагъэщIащ.
- Зи къарумрэ зэфIэкIымрэ шэч къытезыхьэжа ГДР-м и командэ къыхэхар еплIанэ зэIущIэм ужьыхыжыпащ. АдэкIэ зэрыныкъуэкъуэн гукъыдэж абы щыджэгухэм яIэжтэкъым икIи 15:7-у икIуэтащ.
- Апхуэдэу, Ахэмын Еленэ и фIыгъэкIэ, Совет Союзым волейболымкIэ и цIыхубз командэ къыхэхар Гъэмахуэ Олимпиадэм 1980 гъэм щытекIуащ. Дэри, зэи къэмыхъуауэ, диIэ хъуащ адыгэ пщащэхэм къахэкIа япэ Олимп чемпион. Абы папщIэ къыхуагъэфэща дыщэ медалым уасэ гуэр хуэгъэувыгъуейт — ар и адэ Рабихь и псэр зэригъэгуфIа тыгъэ лъапIэт.
- ТекIуэныгъэ иныр къэзыхьа СССР-м и командэ къыхэхам щыджэгухэмрэ абы и тренерхэмрэ зэхэлъэдэжауэ IэплIэ зэхуащIырт, зэхъуэхъужхэрт. Тренер нэхъыщхьэ Карполь Николай псоми псалъэ гуапэ яжриIэрт, ауэ Ахэмын Еленэ нэхъ къыхигъэщхьэхукIырт, и фIыгъэкIэ зэIущIэ хьэлъэм зэрыщытекIуам папщIэ. Зэхьэзэхуэм еплъыну кърихьэлIахэм щIалитI къахэжауэ абыхэм къахуэжэрт. Милицэри адрей хъумакIуэхэри къапэмылъэщу ахэр утыкум къилъэдащ икIи удз гъэгъа Iэрамэшхуэр Iэнкун хъуа Ахэмыным IэщIалъхьащ. А щIалитIыр и адэм и хэкужь Къэбэрдейм икIат. Зыр ди лэжьэгъуу щыта Бэрбэч Зуберт, и ахърэтыр нэху Тхьэм ищI!
- КъыкIэлъыкIуэ илъэсым Ахэмын Еленэ и гъащIэм зэхъуэкIыныгъэшхуэ къыщыхъуащ: Одессэ и «Черноморец» футбол командэм щыджэгу Соколовский Игорь дэкIуэри, 1981 гъэм Украинэм Iэпхъуащ. Дауи, къыхэкIыжын хуей хъуащ и гури и псэри зыкIэрыпщIа Свердловск и «Уралочка» гуп телъыджэм.
- Олимп чемпионкэр гуфIэжу зыхагъэхьащ здэIэпхъуа Одессэ и «МедИн»-м. Ари СССР-м волейболымкIэ и гуп нэхъыщхьэм щыджэгурт. ИлъэсиблкIэ хэтащ Еленэ абы икIи ехъулIэныгъэфIхэр къыхуихьащ. ИужькIэ Финляндием, Польшэм, нэгъуэщI къэралхэм я командэхэм зэфIэкI инхэр къыщигъэлъагъуэу щыджэгуащ. А псори къалъытэжри, ХХ лIэщIыгъуэм къриубыдэу Одессэ и волейболисткэ нэхъыфI дыдэу къалъытащ, а къалэм физкультурэмрэ спортымкIэ и управленэм и унафэщIу иужькIэ илъэс куэдкIэ лэжьащ.
- Ахэмын (Соколовская) Еленэ Хэкум куэд зэрыхуилэжьар гулъытэншэ хъуакъым. «За доблестный труд» медалыр, «СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер» цIэ лъапIэр абы къыхуагъэфэщащ. Ар щапхъэ яхуэхъуащ волейболымкIэ къэралым и гуп нэхъыщхьэм 80 гъэхэм щыджэгуа Налшык и «Университет»-м хэта Лий Ларисэ, ЗекIуэрей Эльвирэ сымэ, нэгъуэщI ди лъэпкъэгъу куэдми.
- Щалъхуа Урысей Федерацэми псэупIэ хуэхъуа Украинэми нобэ зи махуэ лъапIэр щыхуаIэт адыгэ бзылъхугъэм дохъуэхъу узыншагъэр и куэду, насып щымыщIэу, и щIэблэм я хъер илъагъуу илъэс куэдкIэ иджыри дунейм тетыну.
- Хьэтау Ислъам.