ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зи лъабжьэр ткIыбжь, зи хъерыр IэфI

2021-10-05

  • ЦIыхур фIым хуэзыущий, абы и акъылым зиужьыным къару езыхьэлIэ дэтхэнэ лэжьакIуэми пщIэ лей хуэфащэщ. А къалэнхэр псом япэ зи пщэ къыдэхуэхэм ящыщщ школым щылажьэ егъэджакIуэхэр икIи а IэщIагъэм ущрилэжьэфынур ар гурэ псэкIэ къыхэпхамэщ.

  • Налшык къалэ дэт, Цагъуэ Нурий и цIэр зезыхьэ 31-нэ еджапIэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ илъэс 25-м нэблэгъауэ щезыгъаджэ Къудей Оксанэ курыт еджапIэр къыщиухам фIы дыдэу ищIэрт къыхихыну IэщIагъэр зыхуэдэр икIи зы махуэ хущIемыгъуэжауэ щытхъу пылъу и къалэныр ирехьэкI. Оксанэ и педагогикэ Iуэху еплъыкIэм хэлъ гупсысэ нэхъыщхьэр: «ШыIэныгъэр — ар зи лъабжьэр ткIыбжь, зи хъерыр IэфI жыгщ». Сабийм я пащхьэ щихьэкIэ, и дерсым щыщIидзэкIэ сытым дежи къигъэсэбэп гупсысэщ мыр. Егъэджэныгъэм къигъэув IэмалыщIэхэм щыгъуазэ, ахэр IэкIуэлъакIуэу къэзыгъэсэбэпыф егъэджакIуэ Iэзэм и зэфIэкIыр езыгъэлъагъужыр, и лэжьыгъэм и хъерыр къызэрилъытэр и гъэсэнхэм и предметымкIэ яIэ щIэныгъэрщ. Абы и лъэныкъуэкIэ гушхуэныгъэ къыхэзылъхьэ ехъулIэныгъэхэр иIэщ Оксанэ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, анэдэлъхубзэмкIэ екIуэкI хабзэ республикэпсо олим- пиадэхэм, зэпеуэхэм, нэгъуэщI зэхыхьэхэм школ №31-м и еджакIуэхэри жыджэру, текIуэныгъэхэр къыщахьу зэрыхэтыр. Абыхэм ящыщщ «Адыгэ тхыбзэ» щIыналъэ зэпеуэр, «Си бзэ — си псэ, си дуней» рес- публикэпсо фестивалыр, «Акъыл жан» джэгу-зэпеуэр, «Лъэпкъ зэхэщIыкIыр зи лъабжьэ ехъулIэны- гъэ» урысейпсо зэхьэзэхуэр, нэгъуэщIхэри.
  • Къэбэрдей-Балъкъэр педагогикэ колледжыр 1996 гъэм, КъБКъУ-м и филологие факультетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэр 2005 гъэм къиухауэ, абы лъандэрэ иролажьэ Оксанэ и псэр зыхэлъ IэщIагъэм.
  • ЕгъэджакIуэ пажэм и IэщIагъэм, и лэжьыгъэм хуэунэтIа гупсысэхэмкIэ и гуапэу къыддогуашэ:
  • — ЩIэблэм гъэсэныгъэрэ щIэныгъэрэ егъэгъуэтыным хуэунэтIащ си лэжьыгъэ псори. Гулъытэ хэха хуэсщIу садолажьэ адыгэбзэмрэ литературэмрэ дихьэх еджакIуэ цIыкIухэм. СрогуфIэ апхуэдэ сабий куэд дызэриIэм. Абыхэм яхэтщ адыгэбзэр зи псэм хэлъхэр, езыр-езыру адыгэ литературэ еджэхэр, программэм хэмыт усэхэр гукIэ зэзыгъащIэхэр. Апхуэдэ ныбжьыщIэхэм уащыхэткIэ гур хохъуэ икIи уи фIэщ мэхъу бзэм къэкIуэну зэриIэр. Дэтхэнэ лъэпкъми и анэдэлъхубзэр зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ фIыгъуэшхуэщ. Бзэр — псэр зыгъэнэху, гур зыгъэхуабэ лъапIэныгъэщ. КъызэрысщыхъумкIэ, дэтхэнэ цIыхуми гъащIэм гъуэгугъэлъагъуэ щыхуэхъур, абы увыпIэ хэха щигъуэтынымкIэ быдапIэу иIэр Iурылъ и анэбзэращ. Апхуэдэу щыщыткIэ, гъащIэм нэхугъэ къыхэзылъхьэ а хъугъуэфIы-
  • гъуэм, нартхэм пхъэдзакIэмафIэр зэрахъумам хуэдэу, дыхуэсакъын, пщIэ хуэтщIын, зедгъэужьын, и къабзагъымрэ дахагъымрэ дыкIэлъыплъын хуейщ.
  • Псом хуэмыдэу бзэр хъумэныр, ар зыIурылъ щIэблэ къытщIэувэныр куэдкIэ ди пщэ къыдохуэ анэдэлъхубзэр школхэм щезыгъэджхэм. Си щхьэкIэ сэ срогушхуэ си IэщIагъэм икIи адыгэбзэмрэ лъэпкъ литературэмрэ щIэблэм езгъэджыну, збгъэдэлъ щIэныгъэмкIэ ныбжьыщIэхэм садэгуэшэну Iэмал зэрызиIэм хуабжьу сыщогуфIыкI. ЕгъэджакIуэр езыр, къапщтэмэ, ухуакIуэщ. Унэ зыщIым ар чырбыш зырызурэ набдзэгубдзаплъэу зэтрилъхьэмэ, егъэджакIуэми сабиипсэ къабзэр хуэмурэ, сакъыурэ еунэтI, ар къызэIуех, фIым, дахэм къыхуриджэу, цIыху нэсым лъапIэныгъэу къилъытэн хуейхэм, къызыхэкIа лъэпкъым и хабзэм щIипIыкIыу. А лэжьыгъэр хуабжьу гугъущ икIи жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъщ, атIэми, сыт хуэдэ гухэхъуэгъуэ бгъуэтрэ уи гъэсэным цIыху нэс къищIыкIауэ щыплъагъум деж.
  • Сыщылажьэ школри ящыщщ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IуэхуфIхэмкIэ щапхъэу ягъэлъагъуэ IуэхущIапIэхэм. Ди школым и лэжьакIуэхэм сыт хуэдэ IуэхугъуэфI къетхьэжьэми, ар жыджэру къыддаIыгъ ди унафэщI щыпкъэ, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэ         Егъуэж Анзор, абы и къуэдзэхэм. Апхуэдэу зэгъусэу зы мурадым дыхуэлажьэмэ, ди зэфIэкIхэмкIэ дызэдэгуашэрэ Iуэху зехьэкIэфIхэр егъэджэныгъэм къыщыдгъэсэбэпмэ, ди анэдэлъхубзэри, ди лъэпкъ хабзэхэри, щэнхабзэри нэхъыфIу          хъума, егъэфIэкIуа зэрыхъунум шэч хэлъкъым.
  • КъызэрыслъытэмкIэ, егъэджакIуэр — ар IэщIагъэ къудейкъым, ар къыбдалъхуауэ, уи лъым хэту щытын хуей IэщIагъэщ. Нобэ сыщогуфIыкI, срогушхуэ мы IэщIагъэ мытыншым гурэ псэкIэ бгъэдэтыф ди егъэджакIуэхэм, щIэблэщIэ къэкIуэнум ди ущиякIуэ пажэхэм. Узыншагъэрэ шыIэныгъэрэ яIэу илъэс куэдкIэ я лэжьыгъэм пэрытыну сахуохъуа-              хъуэ!
  • ЕгъэджакІуэ ІэкІуэлъакІуэм и Іуэху зехьэкІэр куэдым ягу ирохь, и ехъулIэныгъэхэм и лэжьэгъухэр ирогушхуэ. Цагъуэ Нурий и цIэр зезыхьэ 31-нэ еджапIэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэхэм я методикэ зэгухьэныгъэм 2009 гъэ  лъандэрэ и унафэщIщ Къудей Оксанэ. Апхуэдэу республикэм адыгэбзэмкIэ щекIуэкI олимпиадэхэм, зэпеуэхэм я къэпщытакIуэ гупым хэтщ. Къудейм и лэжьэкIэфIым къыпэкIуэ гулъытэрэ пщIэрэ щегъуэт зыпэрыт IэнатIэм. Апхуэдэу, мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ къалэ администрацэм егъэджэныгъэмкIэ и департаментым и щIыхь тхылъхэр,                          КъБКъУ-м жыджэру зэрыдэлажьэм папщIэ фIыщIэ тхылъ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм къыбгъэдэкI щIыхь тхылъыр, нэгъуэщIхэри.
  • Езы Оксани зэрыжиIэщи, егъэджакIуэ-гъэсакIуэм дежкIэ псом нэхърэ нэхъыщхьэр дэтхэнэ зы сабийми и гум лъагъуэ къыхуэгъуэтыфынырщ. А къалэныр куэду фIыуэ къохъулIэ Оксанэ. Абы и щыхьэтщ фIыуэ ялъагъу егъэджакIуэм хуэгъэзауэ абы и гъэсэн цIыкIухэм, абыхэм я адэ-анэхэм къабгъэдэкI псалъэ гуапэхэр. Оксани щогуфIыкI и гъэсэнхэм я ехъулIэныгъэхэм. Дэтхэнэми и текIуэныгъэм егъэджакIуэм, гъэсакIуэм и лъэр нэхъри щIегъэкI.
  • ЩIэблэм анэдэлъхубзэр егъэджыным, хэкупсэу гъэсэным псэ хьэлэлу пэрыт егъэджакIуэм дяпэкIи ехъулIэныгъэщIэхэр иIэну ди гуа-пэщ.
  • ЩОДЖЭН  Iэминат.