ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Хабзэ щызэрахьэ, щIэблэр щагъасэ

2021-10-02

  • Филологие щIэныгъэхэм я кандидат, КъБКъУ-м Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэ, ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэр зезыхьэ Адыгэ лъэпкъ центрым и унафэщI Езауэ Мадинэ и лэжьыгъэм, дэзыхьэххэм, и Iуэху еплъыкIэхэм теухуауэ депсэлъащ.

  • — Мадинэ, Адыгэ центрым и къежьапIэм, мыбы щызэфIах лэжьыгъэм укъытезгъэувыIэнут…
  • — Адыгэ центрыр ЦIыпIынэ Аслъэн къызэригъэпэщат. Республикэм щилэжь адыгэ Iуэхур щIалэгъуалэм я дежкIэ щхьэпэ защIэт, акъыл зыхэлът. Университетым и унафэщIхэм абы гу лъатэри, лъэIукIэ къашауэ щытащ. Центрыр зэрылэжьэну мардэхэр яубзыхуат, мурад и куэдт, ауэ лэжьыгъэр шэщIауэ ежьатэкъым гуауэр къыщыхъуам. Илъэсым нэблагъэкIэ зыми и нэIэ щIэтакъым центрыр. ИтIанэ, сэ сыкърагъэблэгъащ. Абы сыщыгуфIыкIатэкъым, пэжым ухуеймэ. ЦIыпIынэ Аслъэн и псэ нэхум щыщ мыбы зэрыхилъхьар сщIэрти, сэ абы хуэфэщэну Iуэхум сыбгъэдэмыхьэфынкIэ сыгузавэрт. ИтIани, къызэхъулIаIауэ схужыIэнущ — нэхъыжьыфI, упщIэжэгъу Iущ уиIэмэ, сыт хуэдэ Iуэхуми шынагъуэ хэлъыжкъым. УпщIэжэгъу тщIауэ щытащ Лъэпкъ музейм, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым я лэжьакIуэхэр. Центрыр екIуу къызэдгъэпэщын хуейт, ауэ мылъку етхьэлIэн диIэтэкъым. ИтIанэ, пэшри тфIэцIыкIут. Мыбдежым Лъэпкъ музейм и дизайнерхэр дэIэпыкъуэгъу къытхуэхъуащ. «Адыгэ хьэщIэщым и концепцэ дывгъэщI» жери къыхилъхьащ музейм и унафэщI Накуэ Феликс. Сыт хуэдэ ар! Адыгэр сыт щыгъуи хьэщIэ кIуапIэщ – ар щебгъэтIысэхын, абы гъэщIэгъуэн щыхъун, гупыжрэ щхьэусыгъуэрэ иIэмэ, джэгу тIэкIу щыпщIын утыку уиIэн хуейщ – ахэр къызэдгъэпэщащ. Къэтлъытащ, адыгэм щхъуэкIэплъыкIэу нэм къыщIэуэ зэрыфIэмыфIри. Ди университетым декоративнэ гъуазджэм щыхурагъаджэ къудамэ иIэщ. Абы щащIахэм дыхэплъэри, хьэпшып гуэрхэр къыхэтхащ. ИкъукIэ сэбэп къытхуэхъуащ пхъащIэ Iэзэ, адыгэм и тхыдэм фIыуэ хэзыщIыкI Урыс Аслъэн. Iэнэ лъакъуищхэр, пхъэ вакъэхэр абы едгъэщIауэ щытащ. Iэнэмрэ шэнтымрэ сантиметр дапщэкIэ зэщхьэщыкIын хуей, пхъэ вакъэр къызыхащIыкI пхъэ лIэужьыгъуэр — абыхэм щыгъуазэт Аслъэн. Ахэр ищIыху сэри зыкъомым сыхуригъэджащ.
  • — Адыгэ хьэщIэщым щекIуэкI Iуэхугъуэхэр сыт хуэдэ?
  • — Ди дежкIэ нэхъыщхьэр цIыхуншэ дымыхъунырщ, мыбдеж хабзэ щызетхьэнырщ, щIалэгъуалэм щапхъэ едгъэлъагъунырщ. Абы къыкIэлъокIуэ университетым  щекIуэкI адыгэ Iуэхухэр. Адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ кафедрэм дегъэщIылIащ.
  • Илъэс къэс университетым «Бербековские чтения» жыхуэтIэр щокIуэкI. Абы жыджэру хэтщ дэ дгъэхьэзыр студентхэр. Университетым щIэнIуатэ щекIуэкIмэ, дыхэтщ. Адыгэ щэнхабзэм, литературэм, щIэныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа ди нэхъыжьхэм я цIэр зэрытхъумэным, я IуэхущIафэхэр щIэблэм зэредгъэщIэным долэжь. Псалъэм папщIэ, уэ сыпхуэзэн и пэ, проректорым сриджэри, зы папкэ къызитащ, Хэкум ирагъэкIыу къэзыгъэзэжауэ щыта гуэрым и Iэрытххэр иту. Абы студентхэри зыдэзгъэIэпыкъуу селэжьыну сыхуейщ.
  • Университетым Адыгэ, Балъкъэр, Урыс центрхэр къыщызэрагъэпэщащ. Дэ щыри дыщIыщыIэр, хабзэрэ бзэкIэ дызэщхьэщыкIми, дызэгурыIуэу дыкъызэдэгъуэгурыкIуэм и щапхъэ дгъэлъэгъуэн щхьэкIэщ.
  • — Центрым щыфхъумэ хьэпшыпхэм хъыбар зиIэхэр, зыгуэркIэ къахэщхьэхукIхэр яхэт хъунщ, дауи…
  • — ХьэщIэщым щытхъумэ дэтхэнэ хьэпшыпри мыхьэнэ зиIэщ. ЗэрытIорысэм лъапIэ ищI хьэпшыпхэр щIэлъщ. «Си гуащэшхуэм и гуащэм ейуэ щытащ, псы иризэрихьэрт», жиIэри зы егъэджакIуэм къытхуихьащ гуэгуэн цIыкIу. Нартан къикIыурэ иригъаджэхэр къытхуишэу ди зэIущIэхэм хэт нэгъуэщI зы егъэджакIуэми къытхуихьащ и анэшхуэм и анэм зэрихьэу щыта, тхыпхъэ гъэщIэгъуэнхэр зытещIыхьа гуэгуэнышхуэ. Къапщтэмэ, а тхыпхъэхэми зыгуэр къаIуатэ. Германием къыздисхауэ сурэт фIэлъщ ди блыным — хамэщIым щыIэу, Хэкур гукIэ зыгъафIэ ди лъэпкъэгъущ зи лэжьыгъэр. Пасэрей дыдэу шыгъулъэ, шыбжиилъэ цIыкIухэр диIэщ, унэжь зыкъутэжам абы къыщигъуэтыжауэ. И щIыкIэкIэ, и лъакъуэ егъэубыдыкIэкIэ епщыкIуиянэ лIэщIыгъуэм ящIауэ хуагъэфэщащ. ДиIэщ Къулъкъужын деж археологхэм къыщыщIатIыкIыжа пасэрей бжьэ. Блыным фIэлъщ Мэзло Руслъан и арджэн, Дидей ФатIимэ мэзыдэкIэ зэпыблауэ ищIа пщащэ ныпыр, Паз Юрэ и фалъэшхуэ. Студентхэм IэкIуэлъакIуэу ящIа лэжьыгъэхэри зыдохьэ.
  • — Мадинэ, ди лъэпкъым теухуауэ уиIэ гупсысэмрэ щIэныгъэмрэ къыщежьа уи студентыгъуэм и гугъу къытхуэщI.
  • — Си пщIыхьэпIэ къыхэхуэртэкъым сэ адыгэбзэ къудамэм сыщеджэну. ФIыуэ седжэн хуейти, седжэрт. IэщIагъэ схуэхъуну мурад хузиIэтэкъым. Ди школ къэухыгъуэм ирихьэлIэу, дыщэ медаль къэтхьыным щхьэкIэ сочиненэ ттхын хуейт. Урысыбзэмрэ адыгэбзэмкIэ плIы къэсхьри, абдеж щыщIидзащ сэ адыгэбзэм сыхуеджэн гупсысэр. Си унагъуэм зытрагъащIэр экономикэм Ростов сыщыхуеджэнрати, си тхылъымпIэхэри зэхуэтхьэсакIэт. «Сэ адыгэбзэм теухуауэ схузэфIэкIыр фэзгъэлъагъункъэ», — жысIэри, си адэ тхьэмыщкIэм зихъунщIэурэ, экономикэр къэзгъанэри, адыгэбзэм сыкъэкIуат. Си экзамен махуэри сощIэж. ТIэкIу сытемыгушхуэу сытIысат, къыслъыса упщIэхэм жэуап естыну. Абы щыгъуэ ректору щыта Лъостэн Владимир зы упщIэм адрейр къытепщIыкIыжу къызитурэ, си билетым ит упщIэхэм я жэуапым сытришат сэр-сэру. Психолог лъэщу ущытын хуейт апхуэдизу ныбжьыщIэм и къэухьыр къыбгурIуэн щхьэкIэ. Егъэлеяуэ сфIэфIу седжащ. Нало Ахьмэдхъан, Урыс Хьэтэлий, ХьэкIуащэ Андрей сымэ хуэдэхэм урагъаджэу, дауэт бзэм узэрыдимыхьэхынур?! Я зыIыгъыкIэм, я псэлъэкIэ къудейм уеплъырти, къалэн зыщыпщIыжырт къанэ щымыIэу абы къыббгъэдалъхьэ щIэныгъэри, адыгагъэри, цIыхугъэри зыхэплъхьэну. Псалъэ лей гуэри хэмылъу абыхэм уапсыхьырт уадыгэн хуейуэ. Сэ зызохьэ Урыс Хьэтэлий къызитауэ щыта Iэрытххэр, тхылъымпIэхэр гъуэжьыбзэ хъуауэ. Нало Ахьмэдхъан къысхилъхьауэ егъэджэныгъэм зы Iэмал щIагъуэ къыщызогъэсэбэп: студентхэм тхыгъэ зэхызогъалъхьэ, зэпкърызогъэх. Абы къыдехьэх ныбжьыщIэхэр, дерсыр фIыуэ ярегъэлъагъу, итIанэ тхэным, усэным теухуауэ зыгуэрым зэфIэкI иIэмэ, къызэкъуихынымкIэ сэбэпщ. Лэжьэн щIэздза нэужь, нэхъыжьыфIхэм саунэтIащ. Тау Хьэзешэ и щыпкъагъыр згъэщIагъуэрт. АдэкIэ ЦIыпIынэ Аслъэн псоми цIэ лей дахэхэр къытфIищауэ къызэрытхэта зэман кIэщIыр гъащIэ псощ. Иджыпсту кафедрэм и унафэщI ТIымыжь Хьэмыщэ и чэнджэщхэр куэд и уасэщ.
  • — Адыгэбзэм хуеджэ студентхэр узыщыгугъын хуэдэ?
  • — Диплом къудей щхьэкIэ мыхъуу, еджэну яфIэфIу къыщIэтIысхьэр нэхъыбэщ. Яджыр яфIэгъэщIэгъуэнщ, упщIэ я куэдщ, я жэуап къэтыкIэми фIыкIэ уегъэгугъэ. НэхъыфIхэр, щIэныгъэм нэхъ хуэнэхъуеиншэхэр, къаухмэ, егъэджакIуэу кIуэнхэщ — езыхэми зыгуэр гъуэгу трагъэувэнщ. Абыхэм сахуохъуапсэ, щIэныгъэ зэрагъэгъуэту IэнатIэ пэрыувэ къудей мыхъуу, къэралми гулъытэ къахуищIыну.
  • — Адыгэ щIэблэм узыгъэгуфIэу сытхэр ядэплъагъурэ?
  • — Нэхъыжь зиIэм нэхъыщIи иIэщ. Жьыр щапхъэ хъумэ, щIэр абы дэмыплъеинкIэ Iэмал иIэкъым. Сэ си гугъэкъым щIалэгъуалэм лъэпкъ хабзэр къафIэмыIуэхуу. Нэхъыбэ ящIэну мэпабгъэ, сакIэлъоплъри. Фащэр, къафэр зэрагъэдахэр псоми долъагъу. ЩIэныгъэми я гупэр хуэгъэзащ, ди гуапэ зэрыхъущи. Я гугъу тщIы хъунущ хамэ къэрал къикIауэ ди деж щеджэ ди лъэпкъэгъу ныбжьыщIэхэми. Мис мы хьэщIэщым сэ си дэIэпыкъуэгъуу щылажьэ Ащхъуэт Фаридэ апхуэдэ студентхэм адыгэбзэ ярегъэдж. Егъэлеяуэ гугъущ ебгъэджэну, ауэ бзэр зэрагъэщIэну гукъыдэж зэраIэр елъагъури, зыкъригъэлыркъым.
  • Ди университетым япэ курсыр къаухыху анэдэлъхубзэр щадж мыадыгэбзэ факультетхэм. Пэжщ, закъуэтIакъуэ къащыхэкI щыIэщ адыгэ унэцIэ зезыхьэм урысыбзэр иджыну зыхезыгъатхэ. Ауэ ар закъуэтIакъуэщ. Дэ щIэныгъэ бгъэдэлъхьэкIэкIэ, щхьэж къэдгъэсэбэп егъэджэныгъэ IэмалхэмкIэ ахэри къыдэтхьэхыу бзэр гъэщIэгъуэн заращытщIыным и ужь дитщ.
  • — Ди лъэпкъым и щэным сыт нэхъыщхьэу хэплъагъуэр?
  • — СыныбжьыщIэу, телевизоркIэ зыгуэрхэм сыщеплъкIэ, абы къигъэлъагъуэхэм дэ ди лъэпкъыр къыкIэрыхуу, нэхъ хуэмыхуу къыщысщыхъуу щыта зэман къысхуихуащ. Сызэрымызахуэр сэ езым гъащIэм къызгуригъэIуэжащ. Дыдейхэм хуэдэу нэхъыжьымрэ нэхъыщIэмрэ зэхущытыкIэ дахэ зи яку дэлъ нэгъуэщI зы лъэпкъи щыIэкъым. Къытхуэнащ ар, тхэлъщ, хэт сыт жиIэми. Адыгэм хуэдэу укIытэм мыхьэнэшхуэ езыт, напэр къабзэу зыхъумэф щымыIэу къызолъытэ. Хабзэ  ткIий, тIэкIу гугъу дезыгъэхьи щыIэщ. Ауэ а гугъуехьым ди псэр егъэнщIыж. Мис ар ди лъэпкъым и къарущ.
  • Епсэлъар  ГУГЪУЭТ Заремэщ.