ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Бжьыхьэ  лэжьэгъуэр  яублэ

2021-10-02

  • КъБР-м и Парламентым и бжьыхьэ лэжьэгъуэр фокIадэм и 30-м къызэIуахащ. Зэрыхабзэу, зэIущIэм и пэм Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ я къэрал гимнхэр къеуащ.

  • ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Праламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ. Абы хэтащ УФ-м и сенатор — КъБР-м и Парламентым и лIыкIуэ Ульбашев Мухьэрбий, УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Геккиев Заур, КъБР-м и прокурор Хабаров Николай сымэ.
  • Егоровэ Татьянэ Геккиев Заур зыхуигъазэри, УФ-м и Къэрал Думэм и еянэ зэхыхьэгъуэм хагъэхьа депутатхэм ехъуэхъуащ, ехъулIэныгъэ яIэну, хэхакIуэхэм я дзыхь къызэрырагъэзар ягъэпэжыну зэригуапэр дыщIигъуащ.
  • ЗэIущIэм депутатхэм зэдэарэзыуэ Iэ яIэтащ Жэмыхъуэ Мадинэ Дзэлыкъуэ районым и суд IуэхущIапIэ №3-м и зэзыгъэкIуж хеящIэу, Созаевэ Аминат Шэрэдж районым и суд IуэхущIапIэ №2-м и зэзыгъэкIуж хеящIэу ягъэувыну къызэрагъэлъэгъуам теухуауэ.
  • КъБР-м и Къэзыпщытэ-къэзыбж палатэм и аудитор къулыкъум хахащ Марьяш Иринэ.
  • КъБР-м и Парламентым и депутат Пономаренкэ Роман ПромышленностымкIэ, транспортымкIэ, связымрэ гъуэгу IэнатIэмкIэ комитетым къыхагъэкIыжри, Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ комитетым хагъэхьащ. Апхуэдэуи иужьрейм и унафэщIхэм ящыщ ар ящIащ.
  • Депутатхэр арэзы техъуащ «КъБР-м и Конституцэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм ятеухуауэ» КъБР-м и Законыр къызэращтам ипкъ иткIэ республикэм и хабзэубзыху акт щхьэхуэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» КъБР-м и законым и проектым и япэ еджэгъуэм.
  • «КъБР-м и зэзыгъэкIуж хеящIэхэм ятеухуауэ» КъБР-м и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» КъБР-м и законым и проектыр зэхагъэуващ 2021 гъэм мэлыжьыхьым и 5-м Федеральнэ закон №63-р къызэращтам ипкъ иткIэ. Абы къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, зэзыгъэкIуж хеящIэр япэу щыхахым деж илъэсищкIэ ягъэув, щIэрыщIэу щыхахыжкIэ — пIалъэншэу.
  • Депутатхэр япэ еджэгъуэу едэIуащ «IуэхущIапIэхэм я мылъкум техьэ налогым теухуауэ» КъБР-м и Законым и Iыхьэ щхьэхуэхэм къару ямыIэжу къэлъытэным и IуэхукIэ», «ЩэкIуэгъуэр къызэрызэрагъэпэщымрэ абы ехьэлIа фIыгъуэхэр зэрахъумэмрэ теухуауэ» КъБР-м и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» КъБР-м и законхэм я проектхэм.
  • КъищынэмыщIауэ, КъБР-м административнэ хабзэхэр къызэпемыгъэудынымкIэ и кодексым халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэр къыщыгъэлъэгъуа законопроектым япэ еджэгъуэу депутатхэр хэплъащ. Абы дыщIагъуну къыхалъхьэ зыми и нэIэм щIэмыт псэущхьэхэм зэрахущытыпхъэр къызэпызыудхэм жэуап зэрырагъэхьынур къыщыгъэлъэгъуа Iыхьэ 4.14-р.
  • «Унагъуэм, анэм, адэм, сабиигъуэм хуащI гулъытэм теухуауэ» КъБР-м и Законым и Iыхьэ 21-7-м халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм щытепсэлъыхьым, КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министр Асанов Алим жиIащ дэфтэрым ипкъ иткIэ, унагъуэ хуэмыщIахэм мазэ къэс зэрызыщIагъакъуэ ахъшэр зэрагъэув щIыкIэм 2021 гъэм щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ зэрызихъуэжыр. Псалъэм папщIэ, къыхалъхьэ сабийр ирипсэун щхьэкIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуейуэ щIыналъэм щагъэува ахъшэм и процент 50-р ирату зэраубзыхуа Iэмалыр зэрыщытауэ къагъэнэжыну. ДэIэпыкъуныгъэр яIэрыхьа нэужь, унагъуэм щIэс дэтхэнэми цIыхур ирипсэун щхьэкIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуейм хуэдизыр темыхьэмэ, зэрызыщIагъакъуэ ахъшэр процент 75-м нагъэсыну къагъэлъагъуэ. Апхуэдэ Iэмалыр къагъэсэбэпауэ итIани унагъуэр хуэныкъуэу къалъытэмэ, апхуэдэхэм дэIэпыкъуныгъэр проценти 100 хуащIынущ.
  • — Мы зэманым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мазэ къэс дэIэпыкъуныгъэр щаIэрохьэ цIыхур ирипсэун папщIэ зыхуейм хуэдиз къэзымыхь унагъуэ мин 40-рэ 600-м. 2021 гъэм сабийр нэхъ мащIэ дыдэу зыхуей ахъшэр сом 13815,25-рэ мэхъу, — къыхигъэщащ Асановым.
  • Министрым дыщIигъуащ дэIэпыкъуныгъэр зэрагъэув IэмалыщIэм тету, унагъуэр зэрыхуэмыщIар къызэралъытэм елъытауэ, хуагъэувынущ: сом 6907-рэ, сом 10136-рэ е 13815-рэ хъууэ.
  • ЗэIущIэм япэ еджэгъуэу депутатхэр щыхэплъащ «ЛэжьакIуэ щхьэхуэхэм я улахуэм теухуауэ» КъБР-м и Законым и Iыхьэ 4-1-м, «КъБР-м и туризм лэжьыгъэм теухуауэ», «КъБР-м и зыгъэпсэхупIэхэмрэ узыншагъэр щрагъэфIэкIуэж щIыпIэхэмрэ, щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэм ятеухуауэ», «КъБР-м физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ я Iуэхухэр къызэрыщызэрагъэпэщым теухуауэ» КъБР-м и законхэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм ятеухуа законопроектхэм.
  • ЗэIущIэм щедэIуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и бюджетыр 2021 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм зэрагъэзэщIам теухуауэ КъБР-м и Правительствэм и отчётым.
  • КъБР-м финансхэмкIэ и министр Лисун Еленэ зэрыжиIамкIэ, республикэ бюджетым и хэхъуэр сом мелард 21-рэ мелуан 938,3-кIэ ягъэзэщIащ, къигъэсэбэпар сом мелард 21-рэ мелуан 269,4-рэщ. Профицитыр сом мелуан 668-рэ мэхъу.
  • Налог хэхъуэхэр сом меларди 5-рэ мелуан 755-рэ хъуащ (проценти 120,1-рэ), нэгъуэщI хэхъуэхэр — сом мелуан 355-рэ (проценти 121,3-рэ). Зымыгъэзэж хэхъуэу республикэм къыIэрыхьащ сом мелард 15,8-рэ — илъэсым тещIыхьам и процент 50. 2021 гъэм бадзэуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу республикэм и къэрал щIыхуэр сом меларди 7-рэ мелуан 330,7-рэ мэхъу.
  • ЗэIущIэ нэужьым Егоровэ Татьянэ къыхигъэщхьэхукIащ бжьыхьэ лэжьэгъуэм КъБР-м и Парламентыр нэхъыщхьэу къызытеувыIэну Iуэхухэр. Абы жиIащ бжьыхьэ сессиер гъатхэ лэжьэгъуэм нэхърэ зэрынэхъ кIэщIыр, ауэ абы щхьэкIэ къэмынэу, Iуэхугъуэ купщIафIэхэр зэрырагъэкIуэкIынур.
  • — Бжьыхьэ лэжьэгъуэр щIэддзэжащ УФ-м и Къэрал Думэм и хабзэубзыху лэжьыгъэр къэкIуэну илъэситхум зыгъэбелджылыну хахахэр я къалэным щыпэрыхьэм техуэу. Абы къыхэкIыу КъБР-м и Парламентми и лэжьыгъэр абыхэм къыхалъхьэм куэдкIэ хуэунэтIауэ щытынущ. Къэрал Думэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу хэтыну хахахэм нобэ сехъуэхъуащ икIи сащогугъ, нэхъ ипэIуэкIи хуэдэу, дяпэкIи купщIафIэу дызэдэлэжьэну, — къыхигъэщащ Егоровэм. — Зэрыхабзэу, ди нэIэ тедгъэтынущ федеральнэ законодательствэм игъуэт зэхъуэкIыныгъэхэм тещIыхьауэ ди щIыналъэ законхэри зэрызэдгъэзэхуэнум. Псалъэм папщIэ, нобэрей зэIущIэм къыщытщ-тащ УФ-м и Конституцэм ипкъ иткIэ республикэ закон зыбжанэм зэхъуэкIыныгъэхэр зэрыхэтлъхьэр къыщыгъэлъэгъуа дэфтэрхэр. Къыхэзгъэщыну сыхуейт КъБР-м и Парламентыр сыт щыгъуи хуэдэу набдзэгубдзаплъэу зэрыхэплъэнур республикэ бюджетыр къэкIуэну илъэсищым зэрытрагуашэм теухуа законым и проектым. Апхуэдэуи депутатхэм гулъытэ хэха хуащIынущ республикэ законхэр зэрагъэзащIэми. Парламент къэпщытэныгъэхэм хиубыдэу Iуэхугъуэ 30-м щIигъу едгъэкIуэкIыну ди мурадщ. Абыхэм къызэщIедгъэубыдэнущ стIол хъурейхэр, комитетхэм, Правительствэм хухах сыхьэтхэр, районхэм щедгъэкIуэкI зэIущIэхэр, нэгъуэщIхэри. Къэбэрдей-Балъкъэрым и илъэси 100-м и щIыхькIэ къызэдгъэпэщынущ «Къэбэрдей-Балъ-къэрыр Урысей Федерацэм хэту: щIэдзапIэр, зэрызэфIэувар, зэрызиужьар» зыфIэтща конференцыр. Си гугъэмкIэ, щIэщыгъуэ икIи щхьэпэ хъунущ депутат ныбжьыщIэхэм я зэхыхьэ къызэрызэдгъэпэщынури. Мазищ пIалъэкIэ дызэлэжьын Iуэхугъуэ куэд диIэщ.
  • БАГЪЭТЫР Луизэ.