ТхакIуэ, журналист ГъущIо Зариф къызэралъхурэ илъэс 55-рэ ирокъу
2021-10-02
- Зи хъэтI зиIэж усакIуэт
- ГъущIо Зариф Тыгъуэн и къуэр 1966 гъэм Шэджэм 1-нэ къуажэм къыщалъхуащ. КъБКъУ-р къиухащ. 1990 гъэм къыщыщIэдзауэ 2014 гъэм нэсыху телевиденэм, «Адыгэ псалъэ» газетым, «Iуащхьэмахуэ» журналым щылэжьащ, корреспонденту, редактору, экономикэмрэ къуажэ IуэхухэмкIэ къудамэм и унафэщIу, ответственнэ секретару IэнатIэ зэхуэмыдэхэр ирихьэкIащ. «Губгъуэ мафIэ» япэ усэ тхылъыр дунейм къытехьащ 1992 гъэм. «Шэху уэздыгъэ» зыфIищар абы къыкIэлъыкIуащ.
- ГъащIэ мащIэт ГъущIом къыхуиухар. Ар ящыщт зи дуней тетыкIэ зиIэжрэ, зи хьэл-щэн дахэмкIэ адрейхэм къахэщхэм. Гугъущ блэкIа зэманым иту Зариф утепсэлъыхьыну. Ар япэу къызэрысцIыхуауэ щытар и усэхэмкIэщ. Сыстуденту «Шэху уэздыгъэ» тхылъ цIыкIур щыщIэзджыкIам нэсу къызгурыIуат зи хъэтI зиIэж усакIуэм и гу къабзагъэм къитэджыкIа тхыгъэу абы и IэдакъэщIэкIхэр зэрыщытыр. А тхылъым щызэхуэхьэсат Зариф и гурыгъу-гурыщIэхэр къыщыIуэта щIалэгъуэ усэхэр. Ахэр зыми ещхьтэкъым. Езы Зарифи хэлъ цIыхугъэмкIэ, и дуней тетыкIэмкIэ зыхуэбгъадэ хъун къэгъуэтыгъуейщ.
- И щхьэц баринэр, и нэ нэщхъеитIыр нобэми нэгум IупщIу щIэтщ. Сыт хуэдэ гукъеуэ иIэми, гугъуехь гуэрхэм хэтми, зыкъыуигъэщIэнутэкъым, езым ар зэригъэвынум, и хьэлъэр нэгъуэщIым тримылъхьэу зэрихьынум яужь итынут. Ауэ, и нитIым куэд къаIуатэрт. Хэт и гугъэнт ар апхуэдэу гъащIэ кIэщI хъуну. Зэман кIэщIкIэ «Iуащхьэмахуэ» журналым дыщызэдэлэжьэну къытхуихуащ Зарифрэ сэрэ. Зэхэсхауэ къысхуэщIэжыркъым лейуэ е гуемыIу псалъэ абы къыжьэдэкIауэ, сыт щыгъуи зэпIэзэрыт, фIэщхъуныгъэ зыхэлъ цIыхут ар.
- И щытыкIэ щэныфIэм хуумыгъэфэщэну, лэжьыгъэ и лъэныкъуэкIэ цIыху жыджэрт, и пщэм къыдалъхьа лэжьыгъэр хэлъэт иIэу игъэзащIэрт, и Iэдакъэм къыщIэкI журналист тхыгъэхэри щIэщыгъуэт, удэзыхьэхт. КъигъэщIар гъащIэ мащIэми, ныбжьэгъур, лэжьэгъур дэ куэдрэ ди гум илъынщ.
- НафIэдз Мухьэмэд.
- ИкъукIэ гупцIанэт
- Зэриф япэу щыслъэгъуар радиом и хэщIапIэ унэрщ. Ар зэзэмызэ къакIуэрт и шыпхъум, радиом щылажьэ Ритэ деж. Пэжщ, нэхъапэIуэкIи ар къэсцIыхуат «Адыгэ псалъэм» къытехуэ усэхэмкIэ. Абы щыгъуэ хьэкъ сщыхъуащ а щIалэм езым и хъэтI гъэщIэгъуэн зэриIэжыр, адрей усакIуэхэм заригъэщхьыну, ядежьууну зэрыхущIэмыкъур. 90 гъэхэм и кIэуххэм и усэ тхылъ «Эльбрус»-м къыщыдэкIа нэужь си фIэщ хъуащ абы бащэкIэ ущыгугъ зэрыхъунур.
- Зэриф нэхъ гъунэгъуу къыщысцIыхуар ар газетым щыщыIа зэманырщ. Я нэхъ мащIэрамэ, тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр, псалъэзэблэдзхэр яхуэсхьурэ тхьэмахуэм зэ сыкIуэрт редакцэм. Апхуэдэхэм деж Зэриф сыхуэзамэ, Iуэхугъуэ куэдым я щхьэфэ диIэбэрт — политикэм, адыгэ Iуэхум, литературэм. Ди псэукIэ-зэхэтыкIэм и гур зэрыригъур ехьэкI-нехьэкI хэмылъу къищIырт сэтей. Псом хуэмыдэу ди хабзэр зэрыбгъунлъэм зэригъэнэщхъейр хущIэхъумэртэкъым.
- ЦIыхур зыхуэдэр къэпщIэн щхьэкIэ шыгъу пут дэпшхын хуейуэ жаIэ щхьэкIэ, Зэриф зыхуэдэ цIыхур — зэрыгупцIанэр, пцIы зэрыхуэмыупсыр, фэрыщIагъэм зэрыхуэхейр, и гур, и псэр зэрыкъабзэр щIэх дыдэу къызгурыIуат. ИкIи хуабжьу сыщыгуфIыкIауэ щытащ, усэм нэмыщIкIэ, прозэм зэрыхуэшэрыуэми. Абы и щыхьэтщ тхакIуэ ныбжьыщIэхэм я зэпеуэ ирагъэкIуэкIауэ щытам ар къызэрыхэжаныкIари, саугъэт къызэрыратари.
- Зэриф дунейм ехыжу зэманыфIи дэкIыжа нэужь, абы и шыпхъу Ритэ сригъэджащ и дэлъхум и иужьрей тхыгъэ пIащэм — повестым (и цIэр сIэщIэхужащ). Зытеухуар ди зэманырщ. Пэжу, ар и кIэм нигъэсыпатэкъым. Сюжетыр гъэщIэгъуэну ухуащ. Абы ущрихьэлIэнущ Абхъаз щIыналъэм ди щIалэхэр зэрыщыIам теухуа IыхьэфIи. КъызэрызгурыIуамкIи, езы Зэриф а Iуэху къекIуэкIахэм зэрыхэтари къыхощ тхыгъэм. Гукъинэжщ абы хэт персонажхэр — Залым, Заур, Сэлим, Алий сымэ.
- … Зэриф ещхьтэкъым адрей цIыхухэм. МыхъумыщIагъэу, мызэхуагъэу илъагъу, зэхих псори зи гум ежалIэ апхуэдэ цIыхум гъащIэшхуэ зэримыIэнур бэянт. Ди щIылъэр къызэрибгынэрэ илъэс бжыгъэ дэкIами, адыгэпсэу, адыгэгуу, муслъымэн къабзэу дунейм тета щIалэ зэчиифIэр и лэжьэгъуу, къэзыцIыхуу щытахэм щIэх зэращымыгъупщэнур хьэкъщ.
- Мыз Ахьмэд.
- ТхакIуэ
- ЦIыхум яхуэгуапэу, и гур къигъыкIыу…
- Япэ дыдэу ди университетым еджакIуэ сыщыкIуа махуэм къэсцIыхуа си курсэгъухэм ящыщт ГъущIо Зариф. А зэманым щIалэхэм ягъэкIыу щыта пащIэ фIыцIэр Зариф и теплъэ гуакIуэм екIупст, дэр нэхърэ зэрынэхъыжьри къыдгуригъэIуат. Дзэ къулыкъур къэзыухауэ еджэн щIэзыдзэхэм ящыщт ар, цIыху зэтетт, и щэнкIэ зэпIэзэрыту, хэгупсысыхьауэ псалъэу. Ауэ, гушыIэнри дыхьэшхынри зимыхамэ щIалэм и нитIыр зэрынэщхъейрат схуемыгъэкIур. Абы и щхьэусыгъуэр зэгъэщIэн хуейтэкъэ, си Iуэху хэмылъми? Сэ сытхакIуэу зыслъытэжырти сынабдзэгубдзаплъэт, цIыхухэм закъезмыгъащIэу сакIэлъыплъырт, гу зылъыстам сытеIэбэжмэ си гур хэхъуэрт. Зариф и нитIыр зыгъэнэщхъейр пIалъэ гуэркIэ и гъащIэм къыщыхъуа Iуэхугъуэу зэрыщымытри, ар жэуапыншэ лъагъуныгъэм зэремыщхьри къызгурыIуат: ар абы къыдалъхуа, хэхъуэху дыхэхъуа нэщхъеягъуэт. Апхуэдэхэр усакIуэу къыщыщIэкI щыIэти, япэ дыдэу Хьэх Сэфарбий тхакIуэщIэхэм къахузэригъэпэща «Шыхулъагъуэм» екIуалIэхэм яхэту Зариф сыщыIуплъам, хуабжьу сыгуфIат, сызэрыщымыуам сигъэгушхуэу. Арат, ар усакIуэу къыщIэкIат! Зариф узу пкърылът ди лъэпкъым и тхыдэ гупщIэихыр, щхьэхуимыт гъащIэм лъэпкъыпсэр зэрихузыр зыхищIэрт, хуэIэмалыншэт, ауэ, нэхъыкIэжрати, къэна мащIэу а лъэпкъым хуэлэжьэну зигу къэкIахэм ящыщ куэдыр щхьэхуещэу къызэрыщIэкIым и гур икъузыпэрт. Сэ фIы дыдэу къызгурыIуэрт Зариф и гукъеуэр. Университет нэужьым тIури журналистикэм дыхыхьати, куэдрэ къытхуимыхуэми, дызэхуэзамэ ди гурыгъу-гурыщIэ зэхуэтIуатэу дызэпсэлъылIэрт. Иджыпсту ямылейуэ сигу къоуэ а щIалэ зи псэугъуэ-зи дахэгъуэм блэкIа зэманым иту сызэрытепсэлъыхьыр. Куэдрэ си нэгу схущIэгъэкIакъым Зариф иужь дыдэу сымаджэщым щIэлъу щыслъагъужари. Сыту узышхуэ игъэва, сыту гъащIэ гугъу къигъэщIа, иIуэтэжыну хунэмысуи сыту кIэщIыщэу ажалым и Iэ щIыIэм пигъэза абы и нэхугъэ мащIэ тIэкIур. Гупсэхугъуэ игъуэтыжауэ тхьэм къыщIигъэкI.
- Зариф и пэкIи иужькIи пасэу тхэкIыжа цIыху гу къабзэ – уIэгъуафIэ усакIуэпсэхэм, мы дызыхэт дунейм и хьэлъэм пэмылъэщахэм сащегупсыскIэ, слъэмыкIыу си къалэмыр губжьырт. Апхуэдэу стха усэу «Хьэхэм я дуней» зыфIэсщам щыщ пычыгъуэщ мыр:
- Хейм я нэпсыр — псынэщIэжу,
- Хьэгъуэ хьэпсым ЦIыхур исщ,
- Дуней бгъунлъэр ищэхэжу,
- ХьэIуцыдзхэр — жьантIэисщ!
- Хьэ дунейм щахьэмтетыгъуэщ
- Хьэщхьэвылъэм. ЖыпыIу фIейм.
- ФIалъэ цIанлъэм. Зи гур мывэм.
- Хьэрэмыпсэм. ДэпIэстхъейм …
- …Хеилъ щIыгухэм нытеджагуэу
- Щэхурыпхъуэхэр щоущ,
- ФIалъэмыгухэр зытеджадэм
- Хьэдэджадэ къыщоуш.
- КъэзымыщIэ — къыщамыщIэм
- Нос, хьэIускIэрэ затIыж,
- Домбей хьэрэу зыгъэтхъами
- «IэщIыб мащэ» къыхуатIыж…
- …Дыгъэ къепсыр зэралъагъуу,
- Я хьэ бзэгухэр къыхурадз,
- Нур къыпыкIыу цIыху ялъагъум
- Уий, Хьэджафэхэм зрадз! ..
- Зариф и гъащIэ мащIэр, и теплъэ нэщхъейр, абы лъэпкъ усыгъэмрэ журналистикэмрэ гу къабзэкIэ яхуилэжьар, къытхуигъэна и цIэр щыхьэт зытехъуэр зыщ: ди напэ, ди псэ депцIыжу, зыр зым илIу дыпсэу хъунукъым. зи псэр къурмэн тхуэзыщIу вагъуэу къытхуэбла а цIыху хейхэр зыщIэхъуэпса къэкIуэнур адыгэм илъагъун хуейщ!
- Аброкъуэ Беллэ,
- «Нур» журналым и редактор нэхъыщхьэ.
- И лэжьыгъэм хуэIэижьт
- Къэбэрдей-Балъкъэр телевиденэм Зариф илъэс 12-кIэ щылэжьащ. ХъыбарыщIэхэр зэрыгъэхьэзырын хуей Iэмалхэм ар фIыуэ щыгъуазэт, дэнэ щIыпIэ къыщыхъури псынщIэу камерэкIэ трихыным, монтаж зэрищIыным иужь итт, журналист IэщIагъэм хуабжьу хуэIэижьт.
- Бзэр фIыуэ игъэбзэрабзэрт, дэтхэнэ темэри литературнэ адыгэбзэ къабзэкIэ къиIуатэрт. Лэжьыгъэм апхуэдизкIэ и псэр етати, зыщIегъэхын жыхуаIэр ищIэртэкъым, и лэжьэгъухэм апхуэдэ къахэкIми игу техуэртэкъым. Зариф щIэныгъэ зыбгъэдэлъ, литературэ образ гъэщIэгъуэнхэр зи сюжетхэм къыщызыгъэсэбэп журналисту щытащ. Абы и нэтынхэр и лэжьэгъухэм ейм къащхьэщыкIырт, «сыт къысхужаIэну пIэрэ?», жиIэу зэплъэкIыу щымыту, пэжым и телъхьэу къызэрыувымкIэ.
- Зариф цIыху щабэт, сыт хуэдэ щэху епхьэлIэми ущыуэнутэкъым, езыр Iуэху мыщхьэпэ ирихьэлIэмэ, ар гушыIэм иригъэкIуэнут, псалъэ жагъуэ дунейм къытригъэхьэнутэкъым. И лэжьэгъухэм ар нобэми фIыкIэ ягу къокIыж.
- Къэзанш Людмилэ, КъБР-м и КъТРК-м и унафэщI.