ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ислъамым и нур

2021-09-28

  • Гулъытэ щIыкIэмрэ ар зыхуэщIыпхъэмрэ
  • Жэпуэгъуэм и 6-7-хэм хуозэ мы гъэм Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхар дунейм къыщытехьа, хьэрыпыбзэкIэ «рэбийул Iэууэл» цIэр зезыхьэ мазэр къыщихьэр. Мулид махуэ хъужу а мазэм и 12-нэр зыхуэзэнур жэпуэгъуэм и 18-19-хэрщ. Зэман лъапIэр зэретхьэкIыну щIыкIэм и нэхъыфIыр къэтщIэн плъапIэкIэ ди упщIэр хуэдгъэзащ зыми къегъэцIыхужын хуэмей дин щIэныгъэлI, Iустаз Гуэщокъуэ Абдул-Бакъий.

  • — «Мулид» псалъэр мыхьэнищкIэ хэтщ адыгэбзэм: зыр зи гугъу тщIы мазэ, махуэ лъапIэхэрщ. Адрейр — пIалъэ гуэрым емыпхауэ, унагъуэм щекIуэкI гуфIэгъуэ зэхуэсхэрщ. Ещанэр — а тIуми щагъэIу хабзэ мулид зэчыр, нашид жыхуаIэхэрщ. А щыми теухуауэ сыт диным идэр, имыдэр, узытригъэгушхуэр, узыхуигъэсакъыр? КъызэщIэубыдауэ: «псапэ сщIэнт мулид мазэм» жызыIэ муслъымэным и зэманыр сытым тригъэкIуадэмэ, нэхъыфI?
  • — Молид е мулид жытIэу къэтпсэлъ псалъэр хьэрыпыбзэ «мэулид»-р дэ зэрыжытIэ щIыкIэращ. «Мэулид» жиIэмэ, «дунейм къытехьэн» жиIэу къокI. «Мэулидун-нэбий» жиIэмэ, «Алыхьым и ЛIыкIуэр къэхъун, дунейм къытехьэн» жиIэу аращ. Ауэрэ мулид псалъэм къыдапсэлъ хъуащ ЛIыкIуэ лъапIэм и къэхъуныгъэм зыгуэркIэ пыщIа дэтхэнэ зы Iуэхугъуэри. Мулид мазэ, мулид махуэ, мулид зэчыр, мулидаджэ хуэдэхэр. Ар езы хьэрыпыбзэми адрей муслъымэныбзэхэми щыапхуэдэщ.
  • «Мы къедбжэкIахэм гулъытэ яхуэпщIу, мыхэр дэгъуэу, бдэ хъуну къэлъытэн хуей? Хьэмэрэ мыхэр Тхьэ хабзэм (диным) щымыщу цIыхухэм халъхьауэ ара?» — упщIэ бгъэувмэ, абы пэжыпIэфынур мыращ. «ЛIыкIуэ лъапIэм езы дыдэм дигъэлъэгъуащ икIи къыджиIащ зыгуэрым къыщIэна фэеплъым, ар абы и IуэхущIафэуи, и къэхъуныгъэ дыдэрауи щрырет, гулъытэ хуэщIыным ягъэ зэрыхэмылъыр. Апхуэдэкъэпсу зыгуэрым къехъулIа IуэхуфIыр дэпIыгъыну, ущыгуфIыкIыну зэрыдэгъуэр, бдэ хъуну зэрыщытыр».
  • ХабзэфI хэзышми, хабзей хэзышми, абыхэм ядэзыIыгъми яхуэфащэ ягъуэтыжынущ.
  • Гулъытэ хуэщIыкIэмрэ гулъытэ зыхуэпщIыпхъэхэмрэ псори къигъэлъэгъуакъым ЛIыкIуэ лъапIэм, дауи. Гулъытэ хуэпщI зэрыхъунур къигъэлъэгъуауэ аращ. Гулъытэ хуэщIыкIэр фэ езым зэвгъэзэхуэж, Тхьэ хабзэмрэ гупсысэ зэгущымрэ тещIыхьауэ, жыхуиIэу.
  • Мулид псалъэм ещIэкIауэ ягъэзащIэ псори мис а гулъытэ щIыкIэм щыщу аращи, муслъымэным ди акъылрэ ди щIэныгъэкIэ зэдгъэзахуэ хъунущ.
  • НтIэ, мулид фIэтщу едгъэкIуэкI а гулъытэ щIыкIэхэм яхэту пIэрэ Тхьэ хабзэм имыдэрэ емызэгърэ? Е акъыл зэгущым имыдэрэ емызэгърэ?
  • Псом япэрауэ, мулид махуэр хэбгъэщхьэхукIыу гулъытэ лей хуэпщI хъуну? Хъунущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Тхьэм и лIыкIуэ Муса лъапIэм теухуа махуэр хигъэщхьэхукIащ. Езы ЛIыкIуэ лъапIэм а махуэр нэщIынкIэ хигъэщхьэхукIащ. НэгъуэщIу хэвмыгъэщхьэхукI жиIа? ЖиIакъым. НэщIын зылъэмыкIым нэгъуэщI псапэ гуэр илэжь хъунукъэ, а махуэм и пщIэр хиIэтыкIыну? Хъунущ. Мыхъуну къэзыгъэлъагъуэ тегъэщIапIэ зыри щыIэкъым.
  • А махуэ дыдэм утемыхуэмэ, а мазэм е уеблэмэ а илъэсым къриубыдэу апхуэдэ гухэлъкIэ псапэ блэжь хъуну? Хъунущ. Мыхъуну къэзыгъэлъагъуэ тегъэщIапIэ зыри щыIэкъым, Тхьэ хабзэкIи еплъыкIэ узыншэкIи.
  • Мулид махуэ хэзыгъэщхьэхукIхэм сыт а махуэм ялэжьхэр? ЦIыху ирагъэблагъэри, хьэлэлщ. Ерыскъы къащтэри хьэлэлщ. КъурIэн йоджэхэри, хьэлэлщ. Щэлэуат къызэдахьри, хьэлэлщ. Псалъэ дахэ, псалъэ пэж жаIэ, ущие щIэлъу, Iущыгъэ щIэлъуи, аращ. ЛIыкIуэ лъапIэм топсэлъыхьхэ, и цIэ ираIуэ, цIыхум ямыщIэ кърагъащIэ, ирагъэцIыху, ягу къагъэкIыж. Уеблэмэ зэрымуслъымэныр зыIэпыхужыным нэсахэм кърагъэщIэж зэрымуслъымэнхэр.
  • Аращи, мулидаджэ фIащу игъащIэ лъандэрэ ирагъэкIуэкI Iуэхугъуэм зыщIыпIэ и дежи мыхъунрэ Тхьэм имыдэнрэ къыщыхэткъым. Къемызэгъ гуэр гъуэщарэ щыуауэ хэтыпэу сощIри, еплъыкIэ узыншэ зиIэ цIыхур абы зэрегупсысынур а щыуагъэр Iуэхум хэгъэкIыжынрауэ щытын зэрыхуейм фIэкIа, а Iуэхугъуэр зэфэзэщу мыхъумыщIэу бгъэувынрауэ щытыпхъэкъым.
  • ФIы лэжьын гукъыдэж къозыту илъэс псом, гъащIэ псом узыщрихьэлIэ щхьэусыгъуэ псори къэбгъэщхьэпэнращ еплъыкIэ пэжри, абы теухуауэ хэт и гъащIэ псори напIэзыпIэ зырызу къегъэщхьэпэ; хэти мулид къудейр къыдогъэщхьэпэ. Мулид щхьэусыгъуэмкIэ едгъажьэмэ, фIы лэжьын гукъыдэжым ди гъащIэ псор иуфэбгъун гугъапIэкIэ.
  • Алыхьу гущIэгъубэ
  • гущIэгъущIырейм и цIэкIэ соублэ
  • Ди хэщIапIэр ди мащэхэрщ –
  • ди упщIэхэр ди гуащIэхэрщ,
  • Ди гъуэгуанэри ди кIыхьхэращ –
  • ди щытыкIэр ди гъэщIэгъуэнщ.
  •  
  • Нэхъуеиншэныр ди кIыхьлIыхьщ –
  • ди лIэныгъэхэр ди гъунэгъущ,
  • Ди былымхэр ди щIэинщи –
  • ди бынхэр ди зеиншэхэщ.
  •  
  • Ди уэншэкури ди щIыщIагъращ –
  • ди гъуэмылэр ди мащIэращ,
  • Ди жэщхэри ди кIыхьхэращ –
  • ди щIегъуэжхэри ди куэдхэрщ.
  •  
  • Ди хьэрэмхэр ди хьэзабщи –
  • ди хьэлэлхэр ди жэуапхэрщ,
  • Ди Тхьэри ди Инращи –
  • ди Тхьэри ди ГъэгъуакIуэрщ.
  •  
  • Ди фарзхэри ди нэмэзхэрщ –
  • ди къалэнхэр ди сэджытхэрщ,
  • Ди щIыхьэпIэр ди жэнэтхэрщ –
  • ди Мухьэммэд псэм и Iэзэщ.
  •  
  • Мухьэммэд хъыбарегъащIэщ –
  • Мухьэммэд ди щхьэщыжакIуэщ,
  • Мухьэммэд ди къегъэлакIуэщ –
  • ди Мухьэммэд ди нэхъыфIращ.
  •  
  • Ди Мухьэммэдыр ди лIыкIуэщ –
  • ди Мухьэммэдыр ди пашэщ,
  • Ди Мухьэммэд ди зиусхьэнщ –
  • ди Мухьэммэдыр ди фIылъагъущ.
  • ЗэзыдзэкIар ГУЭЩОКЪУЭ Абдул-Бакъийщ.
  •  
  • КхъыIэ, жэнэтым сигъэхьэ!
  • Алыхьыр арэзы зыхуэхъун Iэбу Хъурэйрэ къызэриIуэтэжам тету
  • ЦIыхухэр щIэупщIащ: «Уа Алыхьым и ЛIыкIуэ лъапIэ! Къемэт махуэм ди Тхьэр тлъагъуну?».
  • «Мазэгъуэ жэщым пшэ зетемылъ мазэр зэрыфлъагъунум шэч къытефхьэрэ?» — къажриIащ.
  • «Хьэуэ, Алыхьым и ЛIыкIуэ лъапIэ», — жаIащ цIыхухэм.
  • «Пшэ зытемылъ дыгъэр зэрыфлъагъунум шэч къытефхьэрэ?» — щIэупщIащ щэлатымрэ сэламымрэ зэхар.
  •  «Хьэуэ», — жраIащ.
  • «Шэч хэмылъу, мис апхуэдэу флъагъунущ Ар! Къемэт махуэм цIыхухэр зэхуашэса нэужь, Алыхьталэм къажриIэнущ: «Щхьэж зыхуэпщылIам и ужь иреувэ!»
  • КъахэкIынущ цIыхухэм дыгъэм и ужь иувэн, мазэм и ужь иувэн, тхьэ нэпцIхэм я ужь иувэн къахэкIынущ. Мы Iумэтыр, я фэрыщIхэри яхэту, и пIэ къинэнущ. Алыхьталэм абыхэм наIуэ закъыщищIынурэ, къажриIэнущ: «Сэращ фи Тхьэр!». Езыхэм: «Дэ ди Тхьэр къэсыху мыр ди увыпIэщ. Ар къызэрыкIуэу къэтцIыхунущ», — жраIэнущ. Алыхьталэм аргуэру наIуэ закъыщищIынурэ, къажриIэнущ: «Сэращ фи Тхьэр!». ИтIанэ езыхэми жаIэнущ: «Уэращ ди Тхьэр!»
  • ИужькIэ Алыхьталэм ириджэнущ ахэр. Жыхьэнмэм и лъэныкъуи- тIым ЩиратI лъэмыжыр тралъхьа нэужь, и Iумэтыр дэщIыгъуу япэу абы икIыну хуит ящIыну Тхьэ лIыкIуэр сэращ. А махуэм зыри ягъэпсэлъэнукъым, Алыхьым и лIыкIуэхэм фIэкIа, я псалъэу щытынури мыращ: «Я Алыхь, къегъэл, къегъэл!»
  • Жыхьэнмэм къэрэкъэш гуэрхэр щыIэщ, сэхьдан удзым тет банэхэм ещхьу».
  • ЛIыкIуэ лъапIэр щIэупщIащ: «Флъэгъуакъэ сэхьданым тет банэхэр?». «НтIэ», — иратащ жэуап цIыхухэм.
  • «НтIэ, а къэрэкъэшхэр сэхьданым и банэхэм хуэдэнущ, ауэ Алыхьым и закъуэщ зыщIэр ахэр инагъкIэ зыхуэдизынур. Ахэр цIыхухэм къепIэстхъынущ, зэхащIыхьахэм тезыру кърагъэлэжьам елъытауэ. Языныкъуэхэр ящIам текIуэдэжыпэнущ, адрейхэм я пкъым щыщ къыхачынущ, ауэ иужькIэ къелынухэщ. Алыхьталэм мафIэм хэхуахэм языхэзым гущIэгъу хуищIыну игу къихьэмэ, мелыIычхэм унафэ яхуищIынущ Алыхьым хуэпщылIахэр абыхэм къахишыну. МелыIычхэми апхуэдэ цIыхухэр сэждэм къатрина лъэужьхэмкIэ къыхацIыхукIыурэ къыхашынущ, сыту жыпIэмэ, Алыхь Лъагэм мафIэм хьэрэм щищIащ сэждэ лъэужьхэр трисыкIыну.
  • КъыхэкIынущ ахэр мафIэм, япкъхэм сэждэм къытрина пIэхэм фIэкIа къахэмынэжауэ. Зэрыщыту мафIэм илыгъуэнущ Iэдэм и быныр, сэждэ лъэужьхэм къинэмыщIа. ИтIанэ псы псэхэлъхьэж тракIэурэ, псыежэхым къихь жылэхэр къызэрыхэжым хуэдэу, къыдэжыжынухэщ.
  • Алыхь лъагэм и пщылIхэм я хей щIэныр иуха нэужь, жэнэтымрэ жыхьэнмэмрэ я зэхуакум зы цIыху къыдэнэнущ, икIи аращ мафIэм хэтахэм ящыщу иужь дыдэу жэнэтым ихьэнур. И нэгур жыхьэнмэм хуэгъэзауэ здэщытым, абы жиIэнущ: «Си Тхьэ, кхъыIэ, си нэгур мафIэм IугъэзыкI, абы и мэм солIыкI, и лыгъэм сес». «Ар къыпхуащIэрэ иджыри нэгъуэщI зыгуэрым ущIэлъэIумэ-щэ?» — къеупщIынущ абы Алыхьталэр. «Уи лъэщагъымкIэ соIуэ, сыщIэмылъэIункIэ!» — итынущ цIыхум жэуап. Апхуэдэу Алыхь ЛъапIэм абы и нэгур жыхьэнмэм IуигъэзыкIынущ.
  • Зи нэгур жэнэтымкIэ гъэза хъуа цIыхум ар зэрытелъыджэр къилъэгъуа нэужь, зиущэхунурэ, Алыхьым зэрыжиIам хуэдизкIэ щыму къэнэнущ. ИтIанэ жиIэнущ: «Уа си Тхьэ, кхъыIэ, жэнэтыбжэм сыхуэгъэкIуатэ!». «Уэ тхьэ пIуатэкъэ, псалъи птатэкъэ афIэкIа зыми ущIэмылъэIужыну?» — къеупщIынущ абы Алыхь Иныр. «Уа си Тхьэ, къэбгъэщIахэм я нэхъ насыпыншэ сымыхъуащэрэт!» — жиIэнущ цIыхум.
  • Алыхьталэр щIэупщIэнущ: «Ар къыпхуащIэрэ иджыри зыгуэрым ущIэлъэIумэ-щэ?». «Уи лъэщагъымкIэ соIуэ, афIэкIа зыми сыщIэмылъэIункIэ!» – жиIэнущ модрейм. ЦIыхум аргуэру тхьэ иIуэн, псалъэ итын щIидзэжынущ, къызэрыхуиухам хуэдэу. ИтIанэ Алыхьталэм ар жэнэтыбжэм хуигъэкIуэтэнущ икIи ар зэрызэщIэлыдэр, абы тхъэгъуэрэ гуфIэгъуэу щызекIуэр илъэгъуа нэужь, зиущэхунурэ, Алыхьым зэрыжиIам хуэдизкIэ щыму щытынущ. ИтIанэ жиIэнущ: «Уа си Тхьэ, кхъыIэ, жэнэтым сигъэхьэ!».
  • «Уэри уэ, Iэдэм и бын! — жиIэнущ Алыхьышхуэм. — ЖыпIам утетыжкъым! Тхьэ пIуакъэ, псалъи птакъэ афIэкIа зыми ущIэмылъэIуну?». «Я Алыхь, кхъыIэ, къэбгъэщIахэм я нэхъ насыпыншэ сумыщI!» — лъэIуэнущ цIыхур. Абдежым Алыхьу Лъагэрэ Лъэщыр дыхьэшхынущ абы еплъурэ, итIанэ жэнэтым ихьэну хуит ищIынущ. «Узыхуейр жыIэ!» — къыжриIэнущ абы Алыхьталэм. ЦIыхум узыщIэхъуэпс хъун зыри къэмынэжыху, зыхуей псори кърибжэкIынущ. Алыхь Закъуэм абы къыжриIэнущ: «Мис мыри, мори жыIэ!». Апхуэдэу а цIыхур и Тхьэм игу къигъэкIа хъуэпсапIэхэм теIэбэурэ узыщIэлъэIупхъэ зыри къэмынэжа нэужь, Алыхьым къыжриIэнущ: «А жыхуэпIамрэ иджыри апхуэдиз дыдэрэ узот!».
  • Тхьэр арэзы зыхуэхъун Iэбу Сэхьид Iэл-Хъудри жиIащ: «Алыхьым и ЛIыкIуэ лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам зэрыжиIар: «а жыхуэпIамрэ иджыри апхуэдипщIрэ ууейщ» къыжриIауэщ Алыхьталэм».
  • Iэбу Хъурэйрэ жиIащ: «Сэ Алыхьым и ЛIыкIуэ лъапIэм: «УиIэщ уэ а жыхуэпIамрэ иджыри апхуэдиз дыдэрэ!» — фIэкIа къыжьэдэкIауэ сщIэжыркъым».
  • Iэбу Сэхьид дыщIигъуащ: «Сэ ипэжыпIэкIэ зэхэсхащ: «УиIэщ уэ а жыхуэпIамрэ иджыри апхуэдипщIрэ».
  • Бухъари, 425 (806), нап. 211.
  • ШейтIаным мэжджытым ишам и хъыбар
  • ЩIалэ гуэр жьыуэ къэтэджащ, и пщэдджыжь нэмэзыр мэжджытым щищIын и мураду. Къабзэу зихуапэщ, андез ищтэри, гъуэгу теуващ. АрщхьэкIэ мо нэху хуиту здимылъагъум, щIалэр лъэпэрапэщ, джалэри, и щыгъыныр иуфIеижащ. Сыт ищIэнт? Унэм игъэзэжщ, и щыгъыныр зэрихъуэкIри, аргуэру мэжджыт гъуэгум теувэжащ. ЩIалэр кIыфIым хэту здыкIуэцIрыкIым, нэхъапэм щыджэла а щIыпIэ дыдэм деж носри, аргуэру мэджалэ, и щыгъынри еуфIеиж. ЕтIуанэу егъэзэж щIалэм и унэм. Аргуэру и щыгъыныр ехъуэж, и андезыр къегъэщIэрэщIэжри, гъуэгу къытоувэж. Щыджэла щIыпIэм нэмысыпэ щIыкIэ, маплъэри, лIы гуэр уэздыгъэ щIэгъэна иIыгъыу къыпоплъэри щытщ.
  • — Ухэт уэ? – йоупщI щIалэр гъуэгурыкIуэм.
  • — Сэ тIэунейрэ узэрыджэлар слъэгъуати, гъуэгур хуэзгъэнэхунщ жысIэри, сыкъежьауэ аращ, — къыжреIэ.
  • Ауэрэ тIури мэжджытым нос. ЩIалэр абы щIыхьэрэ пэт, елъагъу гъусэ къыхуэхъуа лIым апхуэдэ Iуэху зэрызэримыхуэр. Дауэрэ ищIами, мэжджытым здыщIишэну Iэмал къыхуэгъуэта-        къым.
  • — Сыт нэмэз къыддэпщIыну ущIыхуэмейр? – йоупщI щIалэр и гъусэм къэуIэбжьауэ.
  • — Сэ сышейтIанщ, — кърет модрейм жэуап. — ТIум щыгъуэми узыгъэджэлар сэрат, мэжджытым нэмэз щозмыгъэщIыну си мураду. Япэу ущызгъэлъэпэрэпам, бгъэзэжщ, уи щыгъыныр зэпхъуэкIщ, андез пщтэжри, гъуэгу укъытеувэжащ. Алыхьым гуэныхьу птелъар къыпхуигъэгъуащ абдежым. ЕтIуанэу ущызгъэджэлам, бгъэзэжу гъуэгу укъытеувэжа нэужь, Алыхьым уи унэм цIыхуу щIэсым я гуэныхьхэр къахуигъэгъуащ. Ещанэу узгъэджалэрэ, ардыдэр пщIэмэ, уи къуажэм цIыхуу дэсым я гуэныхьыр къахуигъэгъункIэ сышынэри, аращ уэздыгъэ пыгъэнакIэ мэжджытым укъыщIэсшар.
  • СулътIан Бэркъукъу и мэжджыт-мыдрисэ
  • Мысырым и къалащхьэ Къаир дэт мы ухуэныгъэр 1384-1386 гъэхэм иригъэщIауэ щытащ адыгэ мамлюкхэм ящыщу тепщэгъуэр зыIэщIэлъа сулътIан Бэркъукъу. Мэжджытым хэт мыдрисэм щыхурагъаджэрт суннэм тет ислъамым и мэсхьэбиплIми. Ухуэныгъэм хыхьэрт мэжджыт, кхъэлэгъунэ, хъанэкэ, мыдрисэ. ЗэрыжаIэмкIэ, мы мэжджытыр адыгэ сулътIанхэм я лъэхъэнэм яухуа япэ ухуэныгъэщ. Ар тетщ Къаир и Муиз уэрамым.
  • Аден Хьэлимэ: Си диныр нэхъапэщ
  • IэлъэщI зытелъхэм ящыщу япэ щыгъын гъэлъэгъуакIуэ, США-м щыпсэу сомали пщащэ Аден Хьэлимэ и лэжьыгъэм къызэрыпэрыкIыжар хэIущIыIу ищIащ. Диным къигъэув гъунапкъэхэм ебэкъуэн хуейуэ къызэрыхуихуэрщ абы и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэу хъыджэбзым жиIар.
  •  
  • Муслъымэн дунейм щыгъуэтыгъуейщ Аден Хьэлимэ и цIэр зэхэзымыха. США-м къыщыхъуа, Сомалим къиIэпхъукIыу, Америкэм щтапIэ щихьэжахэм я пщыIэхэм къыщыхъуа хъыджэбз фIыцIэ цIыкIур IэлъэщI зытелъхэм ящыщу япэ дунейпсо щыгъын гъэлъэгъуакIуэ хъуауэ щытащ илъэс зыбжанэ ипэкIэ. Модэм и дунейм нэхъ лъагэ дыдэу къыщалъытэ журналхэм къытрадзэу, гъэлъэгъуэныгъэ ехьэжьахэм ирагъэблагъэу, цIэрыIуагъым и курыкупсэм ит хъыджэбзым бжьыхьэ кIуам хъыбар зэбгритыкIащ афIэкIа моделу зэрымылэжьэжынумкIэ.
  • «IэщIагъэ IуэхукIэ сызэувалIэ псоми, — игу къегъэкIыж Хьэлимэ, — IэлъэщIыр зэтесхыну зэи къыспамыубыдыну зэгурыIуэныгъэ есщIылIэурэщ сыкъызэрекIуэкIар. Ауэ иужьрей илъэсым сыкъигъэуIэбжьу гу лъыстэрт си теплъэр зэзыгъэзахуэхэм си IэлъэщIыр кIуэ пэтми нэхъ цIыкIу ящIыну зэрыхэтым, си пщэмрэ си плIэхэмрэ зэм джинсхэкI гуэрхэр, зэми щэкI пычахуэхэр ирызагъэшыхьэкIыу. Зэгуэр сэ сызытет журналым щыгъын зыщымыгъыххэ цIыхухъум и сурэт къытрадзауэ срихьэлIащ. «Ар уэ зыкIи уэпхакъым», — къызжаIащ, си гуапэ зэрымыхъуар зыжесIахэм».
  • И пхъур «апхуэдиз цIыхухъу къыщеплъ утыкум» зэритыр зэи зыфIэмыфIа и анэм и тхьэлъэIухэрауэ къелъытэ Хьэлимэ и псэр зыгъэтыншыжа унафэм хуэзышар: «Сэ ефIэкIуэгъуэм и лъагапIэм сытетт, ауэ си гур иригъэхуэхырт сэ сэщхьу IэлъэщI зытелъ адрей хъыджэбзхэм лей къазэрытехьэм. ЦIыхухъухэм бадзэм ещхьу дыкъыщаухъуреихь гъэлъэгъуэныгъэхэм дашэху, шыпхъу нэхъыжь хуэдэу сызыщхьэщыт а пщащэ цIыкIухэр исхухь зэпытт, «Хэт узыхуэзар? Сыт къыбжиIар? ЗыгуэркIэ ухигъэзыхьа?» жысIэу сапкърыупщIыхьу. ИкIэм-икIэжым щапхъэ дахэ сахуэхъуным и пIэкIэ, Iуэху мыхъумыщIэм хэсшауэ къэслъытэу хуежьащ. Унэм дыщIэзыубыда ковидым и фIыгъэкIэ сыгупсысэну зэман згъуэту, лэжьыгъэм сыкъыпэрыкIыжыну мурад зэрысщIар щыжысIам,       псом нэхърэ нэхъ ину гуфIар си анэрщ».
  • «Гъуэгу захуэ сытету пIэрэ, насыпыфIэ сищIу пIэрэ къалэн зыщысщIыжам, жиIэу, дэтхэнэ цIыхури щIэх-щIэхыурэ зыщIэгупсысыжын хуейщ», — жеIэ илъэс 23-рэ ныбжьым ит Хьэлимэ.
  •  Гъэлъэгъуэныгъэхэм къыхэкIыжами, ар и Iэр зэтедзауэ щыскъым. Пщащэр иджы долажьэ Тыркум муслъымэн щыгъынхэр щызыд «Моданиса» IуэхущIапIэ цIэрыIуэм. «Модэ зэпIэзэрытым» бжьыпэр щызыIыгъ, къэрали 140-м ялъэIэс а хьэрычэт щIыпIэм Хьэлимэ илъэситIкIэ дэлэжьэну зэгурыIуэныгъэ ярищIылIащ.