ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Лъагъуныгъэрэ гуапагъэрэ щытепщэу

2021-09-28

  • Ди къэралым и тхыдэм къыхэбелджылыкI махуэшхуэхэм ящыщщ фокIадэм и 27-м ягъэлъапIэр — ГъэсакIуэмрэ школ кIуэгъуэ ныбжьым нэмысахэм ядэлажьэ IэщIагъэлIхэмрэ я махуэр. Къэрал зыужьыныгъэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ а IэнатIэм и щытыкIэм иджыри зэ гу лъозыгъатэу ар УФ-м щагъэуващ 2004 гъэм. Ар фокIадэм и 27-м щIытрагъэхуам щхьэусыгъуи иIэщ. 1863 гъэм и апхуэдэ махуэм Петербург япэ дыдэу къыщызэIуахауэ щытащ илъэси 3 — 8-хэм    ит сабийхэм папщIэ гъэсапIэ. ЦIыкIухэр зэрыщаIыгъым, зэрыщагъэджэгум къыдэкIуэу, абыхэм ирагъащIэрт тхэкIэрэ бжэкIэрэ, дыкъэзыухъуреихь дунейм теухуа пэщIэдзэ щIэныгъэ иратырт.

  • Урысейм и япэ сабий садхэр зыхуэщIар унагъуэ къулейхэм я бынхэрат. Абыхэм я сабийхэр кIуэн папщIэ, адэ-анэм пщIэ щIатырт. 1868 гъэм Петербург къыщызэIуахащ япэ пщIэншэ гъэсапIэр. Апхуэдэ Iуэху зехьэкIэм нэхъыфIу зыщиужьар ди къэралым Жэпуэгъуэ зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр къыщыхъуа нэужьщ. 1918 гъэм къыщыщIэдзауэ гъэсапIэ IэнатIэхэр хъуащ къэралым иригъэкIуэкI егъэджэныгъэ политикэм и зы Iыхьэшхуэ.
  • ХХ лIэщIыгъуэм и 90 гъэхэм ирихьэлIэу ди къэралым а IэнатIэмкIэ щызэтеуват дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа Iуэху зехьэкIэ пэрыт. А лъэхъэнэм екIуэкIа къэхъукъащIэхэм зэхъуэкIыныгъэ нэрылъагъухэр халъхьащ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ псом. НэгъуэщI хъуащ абы и купщIэри и теплъэри. Мы зэманым гъэсапIэхэм щызэфIах лэжьыгъэр хуэгъэпсащ махуэ къэс зызыхъуэж, зызыужь гъащIэм декIуфын, пэщIэдзэ щIэныгъэ, гупсысэ хэха, хьэл-щэн зэтет, я ныбжьым елъыта Iуэху еплъыкIэ зиIэ щIэблэ зэчиифIэ къэгъэхъуным.
  • Ди экономикэр рынок зэхущытыкIэм щыхуэкIуагъащIэм, ди къэралым и сабий гъэсапIэхэм ящыщ куэд зэхуащIыжауэ щытащ, приватизацэ ящIахэри ящэжахэри щыIащ. ЩытыкIэм зэуэ зихъуэжащ къэралым и гупэр егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ Iуэхум хуигъэзэжа нэужь. 2007 гъэм лажьэу щIидзащ УФ-м и Президентым къыхилъхьауэ щыта «Анэ мылъку» программэм. Сабий нэхъыбэ къалъхуным цIыхухэр тезыгъэгушхуэжа а программэм и IэужьыфIхэр нэрылъагъу хъуащ илъэс зытIущ дэкIа нэужь. Сабий садхэр зэпэубыда хъуащ, абыхэм кIуэну гукъыдэж зиIэ псоми апхуэдэ Iэмал ямыIэу. Мы зэманым а Iуэхур йофIакIуэ. Абы хуэгъэпсащ «УФ-м и егъэджэныгъэм теухуауэ» къэрал Хабзэр. Абы ипкъ иткIэ сабий псоми Iэмал ягъуэтын хуейщ гъэсапIэхэм кIуэну, абыхэм пэщIэдзэ щIэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыщратын папщIэ. «Егъэджэныгъэ», «Демографие», «Псоми ди зэхуэдэ Iэмалхэр», нэгъуэщI проектхэм япкъ иткIэ, къэралым хыхьэ субъектхэм федеральнэ бюджетым къыхэкIыу мылъку хуаутIыпщ, сабий садыщIэхэр яухуэн, щыIэхэр зэрагъэпэщыжын папщIэ. Ди республикэм иужьрейуэ щаухуэ апхуэдэ гъэсапIэхэм ящыщщ Тэрч къалэрэ Щхьэлыкъуэ къуажэмрэ дащIыхь сабий садхэр. Мы илъэсым и кIэухым яутIып-щыну я мурад а IуэхущIапIэхэм псори зэхэту цIыкIу 280-м щIигъум щадэлэжьэнущ.
  • Къэбгъэлъагъуэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым мы зэманым щолажьэ зи школ кIуэгъуэ нэмысахэм егъэджэныгъэ программэ хэхам тету ядэлажьэ гъэсапIэ 200-м щIигъу. Абыхэм щолажьэ щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ, гудзакъэ зиIэ гъэсакIуэхэр, егъэджакIуэхэр. А IэщIагъэм епха махуэшхуэр гъэлъэпIэным хуэгъэпса Iуэхугъуэ хьэлэмэтхэр мы зэманым щокIуэкI ди щIыналъэм. Апхуэдэщ гъэ къэс къызэрагъэпэщ «Илъэсым и гъэсакIуэ нэхъыфI» къэралпсо зэпеуэр. ГъэсакIуэ нэхъыфIхэм ябгъэдэлъ щIэныгъэр, педагогикэ Iэзагъыр, зэфIэкIхэр наIуэ къыщащI дерс зэIухахэр, я гъэсэн цIыкIухэр зыхэт зыкъэгъэлъэгъуэныгъэхэр, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэри къыщапщытэ абы, кърикIуахэри жэпуэгъуэ мазэм и пэщIэдзэхэм хэIущIыIу ящI хабзэщ.
  • Зи щIэныгъэри зэфIэкIри щIэблэр гъэсэным тезыухуа цIыху псэ къабзэхэм фи IэщIагъэм епха махуэшхуэмкIэ ди гуапэу дынывохъуэхъу. Гумрэ псэмрэ къабгъэдэкI фи лэжьыгъэр псыхэкIуадэ мыхъуу, фхуэфэщэн пщIэрэ гулъытэрэ жылагъуэм щывгъуэту Тхьэм фигъэпсэу.
  •  ЖЫЛАСЭ Маритэ.