СтIащ Юрэ: Си лэжьыгъэхэм укъызыхураджэр мамырыгъэмрэ зэгурыIуэмрэщ
2021-09-28
- СурэтыщI-модельер, дизайнер, Адыгейм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Адыгэ Республикэм и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща, «Лиги мира» республикэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и саугъэтыр зрата СтIащ Юрэ Мэхьмуд и къуэм и ныбжьыр нобэ илъэс 90 ирокъу.
- ФокIадэм и 28-м Адыгейм егъэлъапIэ Адыгэ фащэм и къэрал махуэшхуэр, ар цIыхубэм къызэдащтауэ, адыгэ зэрыс щIыналъэ псоми щаIэт. Сыт ар а махуэм щIытрагъэхуар, дуней псом къыщацIыхуа дэрбзэрым сыт и псэукIэ, сыт илэжьрэ илъэс 90-м нэса лIы ахъырзэманым? А упщIэхэми нэгъуэщIхэми, «Адыгэ псалъэ» газетым папщIэ, и гуапэу жэуап къаритащ ди нэхъыжьыфIым.
- Интервьюр гъэмахуэм Мейкъуапэ щедгъэкIуэкIащ. Си ныбжьэгъу, АР-м щIыхь зиIэ и жураналист ТIэш Светланэ СтIащ Юрэ зэзгъэцIыхуну си нэ къызэрикIыр щыжесIэм: «ЩхьэусыгъуэфI щыIэщ, СтIащыр мы гъэм илъэс 90 ирокъу, Адыгэ фащэм и махуэм и къежьапIэри къэбэрдейхэм яхуэпIуэтэнщ», — жиIэри Юрэ деж псэлъащ. НэхъыжьыфIым «хьэуэ» къыхигъэкIакъым, уеблэмэ, къыдэпсэлъэным къыщымынэу, и IэдакъэщIэкI хьэпшыпхэм я гъэлъэгъуэныгъэ къытхузэригъэпэщащ.
- Сыхьэт бжыгъэ дапщэкIэ убгъэдэсми урикъунукъым Юрэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы и фащэхэм уеплъ къудей мыхъуу, езым уедэIуэн хуейщ. Зэ еплъыгъуэкIэ «зэхэпхыу» къыбгурыIуэхэри яхэтщ, езыр къызыпхутепсэлъыхьын хуеи щыIэщ. «Япэ адыгэ кутюрье» зыфIаща дэрбзэрым и коллекцэм ЩIы хъурейм гуапагъэмрэ мамырыгъэмрэ, зэгурыIуэмрэ зэныбжьэгъугъэмрэ укъыхуезыджэ гупсысэхэр теплъэ зыхуищIа фащэ пщIы бжыгъэхэр хэтщ.
- Абы и цIэр дыщэ IуданэкIэ щыхидыкIащ лъэпкъ тхыдэм. СтIащым лъэпкъым дежкIэ иIэ мыхьэнэмрэ и цIэм и лъапIагъымрэ къыбжеIэ ар къыщалъхуа махуэр Адыгэ фащэм и махуэу ягъэуву къэрал махуэшхуэ зэращIам. А жэрдэмыр АР-м и Адыгэ Хасэм къыхилъхьэри, 2011 гъэм япэу ягъэлъэпIащ. ИтIанэ, 2014 гъэм, къэрал статус игъуэтащ.
- Дуней псом къыщацIыху ди лъэпкъэгъу дэрбзэрыр. Абы и гъэлъэгъуэныгъэхэр Мейкъуапэ, Краснодар, Налшык, Псыхуабэ, Черкесск, Кисловодск, Ставрополь къалэхэм къыщызэрагъэпэщащ, апхуэдэуи, Сирием, Иорданием, Тыркум, США-м, Германием, Израилым, Эстонием, нэгъуэщI къэралхэми щигъэлъэгъуащ.
- Иджыпсту СтIащым и лъэщапIэр здэщыIэр КъуэкIыпIэ къэрал музейм и Кавказ-Ищхъэрэ къудамэу Мейкъуапэ дэтращ. Пщэдджыжьым, жыхуиIа сыхьэт бжыгъэм ирихьэлIэу, дыщIыхьащ и деж. Дэныр зи щIэщыгъуэ щIалэм хуэдэу, кIэстум зэпыт щыгъыу Iэрыгъадэ машинэм пэрысщ Юрэ. ПIалъэ дэкIмэ, и гъэлъэгъуэныгъэхэм яхэувэну фэилъхьэгъуэм елэжьу. А пэшым щегъэувэкIар куэд мэхъу, нэр итхьэкъурэ, уеплъ пэтми защумыгъэнщIу. ИтIанэ кърегъажьэ а фащэхэм я хъыбарыр, си упщIэхэм жэуап къаритурэ и IэдакъэщIэкIхэр щегъэувэкIа адрей пэшым дешэ, апхуэдэурэ сыхьэт бжыгъэр дакъикъэ ныкъуэу блолъэт…
- — Юрэ, уи ныбжьыр илъэс 90 ирокъу. Абы нэсахэр куэд щIащ загъэпсэхуу унэм зэрыщIэсрэ, уэ нэгъуджэ къудеи пIумылъу Iэрыгъадэ машинэм убгъэдэсщ.
- — Сэ нэгъуджэ сIумылъу мастэм Iуданэр изоу иджыри къыздэсым. ЕтIуанэрауэ, илъэс 70 хъуауэ сызыпэрыт Iуэхур лэжьыгъэу зэи къэслъытакъым. Сылэжьакъым зэи, творчествэм сыдихьэха мыхъумэ. Пщэдджыжьым жьыуэ сыкъокIуэри, содэ, собзэ, си IэдакъэщIэкIхэр зрагъэлъагъуну хуейуэ музейм къакIуэхэм сахуозэ, сопсалъэ.
- Сэ сытым дежи щIэ гуэр къызолъыхъуэ. ЩIэ гуэр къэзгъэщIыну, щIэ гуэр къасщIэу ар цIыхухэм яхуэсIуэтэну, я пащхьэ ислъхьэну сфIэфIщ. Абы зэи сыхуэщхьэхыркъым.
- — Илъэс 70-кIэ узыпэрыта Iуэхум удихьэха зэрыхъуар сфIэгъэщIэгъуэнщ. ЦIыхухъу IэщIагъэу пхужыIэнукъым ар икIи абы щыгъуэм иджы хуэдэу, дэрбзэрхэр, щыIэу къыщIэкIынтэкъым.
- — Сэ сызэрыцIыкIурэ творчествэм сыдихьэхырт. Апхуэдэу сыкъигъэщIащ. IэщIагъэм зыхуезгъэсэну сыздэкIуэ лъэщапIэм щылажьэ нэгъунэ си анэм къыхуагъэщIагъуэрт, и къуэр абы зэригъакIуэр. Ауэ сэ зэи сыщIегъуэжакъым. Си псэм фIэфI лэжьыгъэр сщIащ, иджыри сощIэ. ЦIыхур бгъэдэхэн, пхуэпэн нэхъыфI сыт щыIэ? Сыт хуэдиз гуфIэгъуэ къызитат си щхьэм япэу хуэздыжа кIэстумым.
- Си гум сызыхуиша IэщIагъэрщ сызыпэрытыр. Си Iуэху щIэкIэри къыхэзыхыжар, къэзыгупсысар сэращ. Сэ сыхуеякъым хьэрычэт Iуэхум сыхыхьэну, зыгуэрхэм сахуэдэурэ ахъшэ къэзлэжьыну. Си щхьэ хуэдэнри щызгъэтыжат, апхуэдизкIэ фащэхэмрэ тхыпхъэщIыпхъэхэмрэ сыдахьэхати. Си гъащIэ псом си улахуэмкIэ сыщахуэурэ здыуэ аращ мы фащэхэр. Си дежкIэ сытым дежи нэхъыщхьэу щытари, щытри, цIыхухэм дахагъэ гуэркIэ сахуэупсэнырщ, гупсысэ пэжым тесшэнырщ, фIым къыхуезджэнырщ. Фащэ здыуэ сымыщэ щхьэкIэ, зыдыф куэд згъэсауэ, Мейкъуапи, Краснодари, нэгъуэщI къалэхэми щолажьэ. Нобэ «Налмэс» ансамбль цIэрыIуэр зыхуапэр сэ си гъэсэнщ.
- Зэи сытезэшакъым си Iуэхум, сужэгъунуи сигу къэкIакъым. Лъэпкъ фащэ щыхъукIэ, дауи, абы и пкъыр къэнэжын хуейщ, ауэ ар сытым дежи пхуегъэфIэкIуэнущ, зыпхуегъэужьынущ уи акъыл, зэфIэкI къызэрихькIэ. Адыгэм и философиер хуабжьу куущ. Фащэ къудеймкIэ куэд пхужыIэнущ.
- Лъэпкъым хуэгъэзахэм нэмыщI, дунейпсо гугъуехьхэм сытопсэлъыхьыф сэ си IэдакъэщIэкIхэмкIэ. Зэманым зыкъыкIэрызмыгъэхуу сыкъыдогъуэгурыкIуэ. БлэкIар къызогъэщIэрэщIэж, щыIэр утыку къызохьэ, къэкIуэнум сыхуолажьэ.
- — Юрэ, уи IэдакъэщIэкIхэр, къанэ щымыIэу, уи псалъэхэм щыхьэт ятохъуэ, мыхэр дахэ къудейкъым, атIэ Iуэхугъуэ гуэр къаIуатэ. Тхылъ, газет укъеджэм хуэдэу, дэтхэнэми зыгуэр къыбжеIэ. Куэд щIащ уэ уи лэжьыгъэхэр «псалъэу» журналистхэм зэрытрагъэIукIрэ. Сыту пэж ар!
- — Сэ сытым дежи къыхызогъэщ: фащэхэмкIэ къэзгъэщIыр дахагъэм и закъуэкъым, атIэ зыгуэр жызоIэ. Философие гупсысэ зыщIэмылъ куэд яхэткъым. Си IэдакъэщIэкIхэр къэзгъэсэбэпурэ цIыхухэм, дунейм яхузоIуатэ гуапагъэм, дахагъэм, мамырыгъэм, зэгурыIуэныгъэм, дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным, цIыху зэхущытыкIэм, нэгъуэщIхэми ятеухуахэр. Ди лIыхъужьхэм, бзылъхугъэ щIыкIафIэхэм я теплъэхэр къызогъэлъагъуэ. Ди къэралым и къекIуэкIыкIам и пIалъэ гуэрхэм, Хэку зауэшхуэм, зэхъуэкIыныгъэхэм я гугъу сощI.
- Дунейр лъэныкъуэ куэду зэхэлъщ, зэмылIэужьыгъуэ куэди щызокIуэ. ФIыи, Iеи, сэбэпи, мыхъумыщIи къыщохъу, дыщрохьэлIэ. Си лэжьыгъэмкIэ нэхъ згъэбелджылыр фIыращ, цIыху зэхущытыкIэм куэд зэрелъытарщ.
- — Фащэ нэхъ цIэрыIуэу зыбжанэ уиIэщ. ЗэрыжыпIауи, зыгуэрым и дамыгъэу, нобэ музейхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр ягъэдахэ. Сэ фIыуэ слъагъур Адыгэ Республикэм и цIэр зытет фащэ удзыфэрщ, дыщэ IуданэкIэ хэдыкIауэ. Уафэ къащхъуэр зи плъыфэ фащэр ООН-м хуэбгъэпсащ, уеблэмэ журналистхэм я лэжьыгъэр зэрымытыншыр кърибгъэлъэгъуащ фащэ плъыжь дахэм. Абы ди газетым и цIэр, «Адыгэ псалъэр», щыхэдыкIауэ къызэрыщызгъуэтар, ямылейуэ гуапэ сщыхъуащ. Нобэ нэхъ гъунэгъуу слъэгъуа «Тыргъэтауэрэ» «Джэгъэтейрэ» фащэхэм сатхьэкъуащ.
- — Гъэлъэгъуэныгъэхэм сыхэтурэ Америкэми сыкъыщащIэ хъуащ 1990 гъэхэм. 1993 гъэм Нью-Джерси къикIри письмо къысIэрыхьащ, абы щыIэ ди лъэпкъэгъухэм я къэфакIуэ ансамблым фащэ яхуэздыну срагъэблагъэу иту. Апхуэдэ жэрдэм зыщIахэм зыкъыпхуагъэзауэ «хьэуэ» къыхэбгъэкI хъурэт. МазихкIэ сыщылэжьауэ щытащ. «Тыргъэтауэ», «Джэгъэтей» цIэхэр зыфIэсща фащэхэри, нэгъуэщI зы цIыхубз фащэ дахи здэсшат абы. Абы ирихьэлIэу Вашингтон Унэ Хужьым и утым Лъэпкъ щэнхабзэхэм я махуэм ирихьэлIэу гъэлъэгъуэныгъэ щекIуэкIырти, сэри сыхагъэхьащ.
- Гъэлъэгъуэныгъэм еплъыну жэрдэм зиIэ цIыхур бэт, лъэпкъыу щызэхуэсар къэлъытэгъуейт. Сэри хуабжьу сригушхуэрт Адыгейм икIа фащэхэр дуней псом щызэрахьэхэм я гъусэу Iуэхум зэрыхэтым. А гъэлъэгъуэныгъэм темытхыхьа америкэ хъыбарегъащIэ IэнатIэ щыIэжтэкъым. Абы къекIуэлIахэм я еплъыкIэр зратха тхылъым Адыгэ фащэм теухуа гупсысэ дахэхэр бзэ зэмылIэужьыгъуэу 23-кIэ къыщаIуэтат. «СтIащ Юрэ и IэдакъэщIэкIхэр гъуазджэм и бзэкIэ мамырыгъэм топсэлъыхьыф», — яхэтащ абыхэм. Апхуэдэу цIыхур къыдихьэхат «Тыргъэтауэрэ» «Джэгъэтейрэ» я фащэхэм.
- 2015 гъэм ООН-м къызэригъэпэща «Дунейпсо щэнхабзэ» форумым срагъэблэгъауэ щытащ. Абы си лэжьыгъэхэр видеокIэ щызгъэлъагъуэурэ сыщытепсэлъыхьащ, куэдми фIыщIэ къысхуащIу къызбгъэдыхьащ. «ООН-м и фащэр» лъэпкъ зэгурыIуэныгъэмрэ зэIузэпэщыныгъэмрэщ зи дамыгъэр. Зэ IуплъэгъуэкIэ ар адыгэ бзылъхугъэ фащэ къызэрыгуэкIщ. Ауэ пщащэм и IитIыр иIэта нэужь, зэпэхъурей мэхъу, планетэр уи нэгу къыщIигъэхьэу. ООН-р къыщызэрагъэпэщамрэ (1945) фащэр щыздамрэ (1995) тетщ абы. Мыбдежым зэбгъапщэ хъунущ кавказ хабзэжьымрэ ООН-р зытетыпхъэу къэслъытэ хабзэмрэ. ЦIыхуитI зэпэщIэувам бзылъхугъэм и IэлъэщIыр я зэхуаку дидза нэужь, зэзэуэныр щагъэту щытащ. ООН-м и мыхьэнэм теухуа бзылъхугъэ фащэм си нэгу къыщIигъэхьэр аращ.
- Уэ жыхуэпIэ фащэ плъыжьри журналистхэм ятезухуащ. 2008 гъэм Дыгъэмыс щекIуэкIа Журналистхэм я дунейпсо конференцым сыхэтащ, гъэлъэгъуэныгъэ къыщызэзгъэпэщауэ. Абы сыкъикIыжа нэужь, здащ а фащэр. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, илъэс къэс журналисти 100 хуэдиз зэпэщIэувэныгъэхэм, зауэхэм хокIуадэ. Сэ фIыщIэ яхузощI а лэжьыгъэ гугъум пэрытхэм. АдыгэбзэкIэ къыдэкI газетыр хэзмытхэнкIэ Iэмал иIакъым. Тхьэм фигъэпсэу вжызоIэ журналист псоми, «Адыгэ псалъэм» щылажьэхэми.
- Адыгэ Республикэм хуэзгъэпса фащэм лъабжьэ иIэщ. Совет Союзым и лъэхъэнэм дэ автономие къызэрыдатам ди лъэпкъыр къригъэлауэ жыпIэ хъунущ, ар зыхъумэжыныгъэмкIэ лъэбакъуэшхуэт. Илъэс 30 ипэ республикэ дыхъуащ. Абы и мыхьэнэ псори къагурыIуэну сыхуейщ дэтхэнэ зы адыгэми. Мис абыхэм сыхуашащ къэрал ныпу узыIуплъэ фащэр дыным. Абы дыщэ IуданэкIэ щыхэдыкIащ вагъуэ 12-мрэ шабзищымрэ. Апхуэдэуи ди хэгъэгум и цIэмрэ ар къыщыунэхуа гъэмрэ (1991) тетщ.
- — Ди гуапэ зэрыхъущи, нобэрей щIалэгъуалэм фащэр «щатIэгъэж», абы иIэ щIэупщIэр гъэ къэс нэхъыбэ мэхъу. Фащэ зыдхэм я бжыгъэр хохъуэ, уеблэмэ, ар фейдэ хъарзынэ къызыпэкIуэ хьэрычэтыщIэ Iуэху хъуащ. Лъэпкъым къыдекIуэкI фащэр къэгъэщIэрэщIэжыным, ар цIыхухэм фIыуэ егъэлъагъужыным уэ куэд хэплъхьауэ къызолъытэ.
- — Сэ куэдрэ сылэжьэн хуей хъуащ адыгэ фащэр тыкуэнхэм къыщIалъхьэжын папщIэ. ЗэманкIэ узэIэбэкIыжмэ, абы хуей щIагъуэ щыIэтэкъым. ИкIи сфIэфIщ ар дыныр, щэныр бизнес лIэужьыгъуэу зэрырагъэжьар. Си гур хегъахъуэ ар щIалэгъуалэм зэрызыщатIэгъэжми.
- Сыт хуэдэ лъэпкъми и псэр зыхэлъыр и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэщ, и анэдэлъхубзэрщ. Нобэ дунейм тетщ абыхэмкIэ бей лъэпкъ куэд, адыгэхэри абыхэм язщ. Адыгейм япэ къакIуэхэм ялъагъуну нэхъ къащтэр щыпсэу лъэпкъым и хабзэрщ, бгъэдэлъ хъугъуэфIыгъуэрщ, адрей псори Москва, Санкт-Петербург е нэгъуэщI щIыпIэхэм щалъагъу. Мис абы и лъэныкъуэкIэ лъэпкъ щэнхабзэм мыхьэнэшхуэ иIэщ. Апхуэдэ дыдэщ бзэр хъумэным дызэрыхуэсакъын хуейри. Дэтхэнэ хьэпшыпми адыгэцIэ иIэщ, атIэ а бзэр хъумэн щхьэ хуэмейрэ?!
- Си гъэлъэгъуэныгъэхэм кърихьэлIэ куэдым ягъэщIагъуэ ди лъэпкъыр IуэрыIуатэкIэ, тхыдэкIэ, хабзэкIэ зэрыкъулейр. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Iэдииху, Лашын, Сосрыкъуэ, Нартхэр, нэгъуэщI цIэхэр зиIэ фащэхэр щалъагъукIэ, къыщIоупщIэ. Сэ абыхэм я хъыбархэр яжызоIэж. Зы фащэм и теплъэмрэ ар зезыхьа лIыхъужьым и хъыбарымрэ уи нэгу къыщIигъэхьэфынущ зэбгъэцIыхуа лъэпкъым и шыфэлIыфэр.
- Нобэ тынш хъуащ фащэр бдыныр, ар зыщэхун зэрыщыIэми ущогуфIыкI. Иджыпсту абы епхьэлIэну псори хьэзыру къыпхуощэху. Сэ а псори си IэкIэ сщIыжырт. Уеблэмэ гъущIым къыхэщIыкIа ету иным илъ фIамыщIыр зэщIэплъэн папщIэ си Iэр игъэузауэ щIэзупскIэу зэрыщытар иджыри сощIэж. Ауэ а узыхуэныкъуэу умыгъуэтым уи акъылыр игъэлажьэрт, хэкIыпIэ гуэрхэр къуигъэгупсысырти, уи лэжьыгъэр нэхъри щIэщыгъуэ ищIырт.
- — Юрэ, дэ узэрытцIыхур уи фащэхэмкIэщ, аращ цIэрыIуэ узыщIари. Ауэ нобэ япэу гъунэгъуу слъагъу мы панно щхъуэкIэплъыкIэхэм уелэжьыныр сытым къыхэкIа? Декоративно-прикладной гъуазджэкIэ зэджэу иужьрей лIэщIыгъуэм къежьа мы Iуэхум адыгэмэ щыбгъэуащ.
- — Дауи, ухуитщ мыпхуэдэ адыгэм иIакъым жыпIэну, ауэ уи нэгу къыщIэгъэхьэт, блыным фIадзэу щыта арджэнхэр, пщащэхэм фащэ щащыгъым и деж яIыгъыу щыта жьыхур, дыщэидэкIэ хадыкIыу щыта щэкI кIапэхэр. Ахэракъэ панно хъужыр. Сэ сытым дежи жьымрэ щIэмрэ зы Iуданэ псыгъуэкIэ зэспхыну сыхэтщ. Мис мы лэжьыгъэхэм къагъэлъагъуэ а тIур къызэдэгъуэгурыкIуэну Iэмал зэрыщыIэр.
- Уэ гу зылъыпта мы Iуданэ щхъуэкIэплъыкIэ дахэхэри зыщIыжыр сэращ. СфIэфIщ панномкIэ зы Iуэхугъуэ гуэр къэзгъэлъэгъуэну, философие гупсысэ гуэр щIэслъхьэну, абы еплъым и гур псэху къудей мыхъуу зы щхьэпагъ гуэр «къыжриIэу» хэздыкIыну. Ахэр къыхэщIыкIащ щэкIым, фэм… Сытми къыхэсщIыкIыфынущ ар сэ. ПхъэнкIийми къыхэсщIыкIыфынущ къабзагъэм и нэщэнэу, кIэрыху-бжьэрыхукIэ дунейр умыуцIэпIу ар зыгуэркIэ къэбгъэсэбэп зэрыхъуным цIыхухэр къыхуезджэу. Апхуэдэ лэжьыгъэ куэд сиIэщ.
- Ахэр къызыхэщIыкIам мыхьэнэ естыркъым, сэркIэ нэхъыщхьэр абы и купщIэрщ. ТхылъымпIэми къыпхухощIыкI панно, дахэу, мыхьэнэ иIэу, цIыхум къыхуэщхьэпэн, абы и гум зы фIы гуэр къыщигъэушын хуэдэу. Театрым кIуа цIыхум, абы щIэсыху, и дунейм зехъуэж, зы фIы гуэр, гуапагъ гуэр и гум къыщоуш. Апхуэдэщ паннохэм ягъэзащIэ къалэнри.
- Мыбыхэм я щIыкIэр, зэхэджэкIэр зыгуэрым къи- гупсысауэ щыIами сщIэркъым, ауэ сэ езыр-езыру сыхуэкIуащ. Пэжщ, зэIущэныр, дауи, ди лъэпкъ IэпэIэсагъэщ. Арджэныр абы и щыхьэткъэ! Сэ куэд щIэзджыкIащ адыгэм и тхыдэм, IуэрыIуатэм, хабзэм теухуауэ. Декоративно-прикладной гъуазджэм ухэмыувэфынкIэ Iэмал иIэкъым апхуэдэ беягъ убгъэдэлъу. Япэу сщIахэм ящыщщ «1864», «Ирахуахэр» паннохэр, ахэр къызэрыбгурыIуащи, зытеухуар 1864 гъэм къэхъуа Iуэхугъуэ гуузхэрщ, адыгэ лъэпкъым и хэкур зэрырагъэбгынарщ. Ахэр хуабжьу ягу ирихьащ къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм щыпсэу иджырей адыгэхэм. Лъэпкъ паннохэм яхыубжэ хъунущ «Мамырыгъэ ирелъ уи унагъуэм» лэжьыгъэри. Ар адыгэ жьэгум хуэдэу щIащ, гуапагъэ, мамырыгъэ, зэгурыIуэ илъыным и нэщэнэщ. Абы и щхьэм тетщ Iуданэ зэмыфэгъуу блыкIэ хэдыкIа лэгъупыкъур. Ахэр зэбгъурылъ щыхъукIэ, зыкIи зэмыщхь лъэпкъхэр, цIыхухэр мамыру къызэдэгъуэгурыкIуэ щхьэ мыхъурэ?!
- Дунейпсо мыхьэнэ зиIэхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, щIы хъурейм и макет цIэрыIуэр. Ар ди планетэм щыпсэу цIыхухэм, лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм, шыIэныгъэм хуэгъэпсащ. Ар зэрыхэздыкIа данэ Iуданэхэр къыщIэсIукIауэ щытащ, апхуэдэуи цы IуданэкIи селэжьащ. «ЩыIагъэ» («ШыIэныгъэ»-Н.З.) — жиIэу адыгеибзэкIи тетщ абы. ЦIыху псори, зыщыщ лъэпкъми, зэрихьэ динми емылъытауэ, шыIэныгъэрэ зэгурыIуэрэ я зэхуаку дэлъу зэбгъэдэтын хуейщ. АбыкIэ дэ сэбэп къытхуэхъунущ дахагъэмрэ гъуазджэмрэ.
- Епсэлъар НэщIэпыджэ Замирэщ.
- Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист.
- Налшык – Мейкъуапэ