Къэнэмэт Мурат: Сымаджэм дзыхь зыхуебгъэщIыным мыхьэнэшхуэ иIэщ
2021-09-25
- Медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат, КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и Диагностикэ центрым эндоскопиемкIэ и къудамэм и унафэщI, хирург-колопроктолог, дохутыр-эндоскопист Къэнэмэт Мурат Хьэмидбий и къуэр ящыщщ «дохутыр IэщIагъэм къыхуигъэщIащ» зыхужаIэхэм. Зыпэрыт Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI Къэнэмэтым и щытхъу псалъэ куэд къокIуэкI. Иджыблагъэ дохутырым дызэрепсэлъылIам гурыIуэгъуэ тщищIащ абы и цIэр фIыкIэ щIыжаIэри республикэм и IэщIагъэлI нэхъыфIхэм ящыщу ар къыщIалъытэри. «Мыбы хуэдэ дохутырхэр нэхъыбэу диIатэмэ, цIыхухэм медицинэм хуаIэ еплъыкIэр куэдкIэ нэхъыфIынут», — жысIэу сригъэгупсысащ ди зэпсэлъэныгъэм.
- Налшык дэт курыт школ №5-р къиухри, Мурат щIэтIыс- хьащ КъБКъУ-м и медицинэ къудамэм. АдэкIи и щIэныгъэм пищэну мурад ищIри, Москва дэт КолопроктологиемкIэ къэрал щIэныгъэ центрым и ординатурэмрэ аспирантурэмрэ щеджащ.
- — Дохутыр IэщIагъэр къыхэсхыну сытезыгъэгушхуар си анэращ. Абы и чэзум къысхилъагъукIащ апхуэдэ зэфIэкI зэрызбгъэдэлъыр, — жеIэ Къэнэмэт Мурат. — Сабий Iэсэу, Iэдэбу, жыIэдаIуэу, псэ зыIут дэтхэнэми лей къытехьамэ, ар си гум ежалIэу, сфIэгуэныхь хъууэ сызэрыщытым къыхэкIыу IэщIагъэм сыхэзэгъэну къилъытагъэнщ. Езыри хуеят дохутыр хъуну, ауэ хузэфIэкIатэкъым ар зригъэхъулIэн. Апхуэдэ щIыкIэкIэ и хъуэпсапIэр си деж нахуапIэ щыхъуащ. 11-нэ классым сыщIэсу «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэм» санитару лэжьэн щыщIэздзащ, университетым сыщIэтIысхьа нэужь фельдшеру абы сыщыIащ. Апхуэдэурэ IэщIагъэр сигу къыдыхьащ, сыдихьэхащ. Сызыдэлэжьа нэхъыжьыфIхэм куэдым сыхуагъэсащ, сыхуаущиящ. Абыхэм я Iуэху бгъэдыхьэкIэри щапхъэ схуэхъури, нэхъыбэ къызэрысщIэным сыхущIэкъуу Iуэхум тегушхуауэ иужь сихьащ. Лэжьыгъэ хьэлъэщ абы щепхьэкIыр, гур хэзыгъэщI Iуэхугъуэщ нэхъыбэу щыплъагъур. Абы къыхэкIыу дэтхэнэри щылэжьэфынукъым, ауэ цIыхум и хьэл-щэныр лъэщу епсыхь. Ординатурэм сыщыщIэсами, зы илъэскIэ сыщыIащ «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэм». Абы щыгъуэм дохутыру сылажьэрт, ар куэдкIэ нэхъ гугъужт, къалэнышхуи жэуаплыныгъэшхуи пхьырти, еджэнри ари схузэдэмыхьу къэзгъэнэжауэ щытащ.
- — Уэ укъызытеувыIа IэщIагъэр дауэ къыхэпхат?
- — Сыдэзыхьэхыр хирургиерат, гум епха узыфэхэм нэхъ тегъэщIауэ. Ауэ сызэрыхуей дыдэу хъуакъым. А зэманым республикэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министру щыта Къардэн Ахьмэд си Iуэхур щесхьэлIэм къызжиIащ: «Абы фIы дыдэу ухуеджэми, ди щIыналъэм щIэх кардиохирургием зыщедгъэужьыфынукъыми, IэнатIэ уиIэнукъым. ПроктологиемкIэ ординатурэм ущIэтIысхьэфыну Iэмал хъарзынэ щыIэщ». Ари хирургием епхати, сытегушхуащ.
- — Проктологием сыт хуэдэ узыфэхэра къызэщIиубыдэр?
- — КIэтIий гъумымрэ щIыбикIыпIэмрэ епха узыфэхэр псори хохьэ абы. А узхэр зищIыс дыдэр тэмэму къэпщIэн щхьэкIэ кIуэцIым щекIуэкIыр къэхутэн хуейщ. Илъэс зыбжанэ ипэкIэ апхуэдэ IэщIагъэлIхэр, эндоскопие Iэмалхэр къэзыгъэсэбэпу лажьэхэр, республикэм щызэпэубыдат. Абы къыхэкIкIэ ЕсэнтIыгу, Железноводск къалэхэм сымаджэхэр згъакIуэрт. Арати, мурад сщIыри, эндоскопием сыхуеджэжащ. КIэтIийм илажьэр къэсхутэу щезгъажьэм, нэгъуэщI узыфэхэми гу лъыстэу щIэздзащ. Къапщтэмэ, лъатэмрэ кIэтIиймрэ зэпхыжащ. Иужьрейм къыщекIуэкIым тещIыхьауэ, лъатэми ныкъусаныгъэ гуэр зэрыщыIэр къызощIэ. Бгъэхъужыныр зищIысыр щыпщIэм деж, узыр хэмытIэсамэ, абы и Iэзэгъуэр тыншу къыбогъуэт. Терапевтым и Iуэхур гугъущ. Абы сымаджэм къыжриIэмкIэ узыр къихутэн хуейщ. Псалъэм папщIэ, щIыб сикIкъым жыпIэмэ, хущхъуэ пхуетхри зэфIокI. Ар къызыхэкIыр-щэ? КIэтIий узыфэхэм ящыщ гуэрым и къежьапIэу щытынкIэ мэхъу. ЩIыб имыкIыфыным егъэлеяуэ узыфэ куэд къыдохъей. КIэтIийр тэмэму зэрымылажьэм узыщIигъэгупсысыжын хуейщ. Къапщтэмэ, абы къэбэга иIэ хъуамэ, ар зытетым деж зыри блэкIыфкъыми, зиунэщIын щхьэкIэ земыкIуэфу куда мэхъу. Мис ар и чэзум къэпхутэмэ, апхуэдэм деж ар хугу хьэдзэ цIыкIу хуэдиз хъууэ аращи, тыншу тыдох икIи иужькIи укъигъэгузэвэжынукъым.
- — Лъатэм, кIэтIийм епха узыфэхэр сыт нэхъыбэу къызыхэкIыр?
- — Псом япэрауэ, шхын «узыншэр», «къабзэр» фIыуэ нэхъ мащIэ зэрыхъуаращ. Япэхэм щыIакъым мыпхуэдиз узыфэ Iейрэ шынагъуэрэ. ЦIыхум и гуащIэ хилъхьэу щIым елэжьу, абы къытрихар и шхыныгъуэ нэхъыщхьэу къыщекIуэкIам куэдкIэ нэхъ узыншэхэт. А зэманым халъхуауэ нобэм къэсахэм нэхъ куцI яIэщ, абыхэм а уз Iейхэр зиIэ куэд яхэткъым. 90 гъэхэм къэралым щекIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэр къежьапIэ яхуэхъуащ ерыскъы мыхьэнэншэхэм, химие пкъыгъуэхэр, ГМО-р зыхэлъ шхыныгъуэхэр куэд хъуащ. Иджы ар дыпшыныжу аращ. Ноби ди шхэкIэр нэхъыфIкъым, хъун-мыхъун, дэзэгъын-дэмызэгъынкIэ зыри зэхэдгъэкIыркъым, гува-щIэхами, абы зыгуэр къимыгъэхъеинкIэ Iэмал иIэкъым.
- — Сыт хуэдэ ныбжьым хуэзэрэ узыфэхэр къэхъеиныр?
- — ЦIыхур илъэс 40-м нэсамэ, ущIалэу зыкъыпщыхъужми, Iэпкълъэпкъым зэхъуэкIыныгъэ къыщыхъун щIедзэ. ПхъашэIуэу жытIауэ хъуми, абдеж жьыгъэм уи гупэр хубогъазэ. А ныбжьым нэса дэтхэнэми и узыншагъэр нэгъэсауэ къипщытэн хуейщ, псом хуэмыдэу уи кIуэцIым и щытыкIэр зэбгъэщIапхъэщ. АдэкIэ пIалъэкIэрэ узыкIэлъыплъыжурэ епхьэкIынущ. Къапщтэмэ, лышх узыфэхэм я гугъу пщIымэ, ищхьэкIэ зэрыщыжысIащи, къэбэгар хугу хьэдзэ цIыкIу хуэдизу къожьэ, ар илъэс зытхухкIэ зэрыхъун мэхъу. АпщIондэхукIи абы тыншу зыкъыуигъащIэркъым. Лъы къыбдэхыу, щIыб уимыкIыфу, укъэпщу, узыр зыхэпщIэу хъуамэ, ар и нэм нэсауэ аращ. Мис абы зыщыхъумэн хуейщ. Илъэс 40-м деж зэ къебгъэпщытэрэ, кIэтIийм теухуауэ зыри лажьэ уимыIэмэ, илъэситхум зэ зэбгъэплъмэ, нэхъыби ухуейкъым. Ауэ зыгуэр гурыщхъуэ ящIамэ, къэбэгам еIусэ хъухункIэ кIэлъыгъэплъыпхъэщ. Узыфэ Iейхэм хуэдэ лъэпкъым щыщ гуэрхэм яIамэ, зи гугъу тщIа илъэс бжыгъэм унэмысуи, уи узыншагъэр къебгъэпщытэн хуейщ.
- — Мурат, а узыфэхэм дауэ зэрызащыпхъумэнур?
- — Ахэр къызыхэкIыр кIэтIийр зэрыткудэращи, тшхыр зыхуэдэм ткIийуэ дыкIэлъыплъыпхъэщ. Лыр зэрыхъукIэ гъэмэщIэн хуейщ, цIыхур белок хуэныкъуэщи, ар уи ерыскъыгъуэм хэбгъэкIыпэ хъунукъым. Псом нэхърэ нэхъ сэбэпынагъ зиIэр бдзэжьейращ, абы къыкIэлъокIуэ джэдылыр. Былымылыр нэхъ хьэлъэщ. Зы лы Iыхьэ пшхымэ, къару къыпхелъхьэж, ауэ ар лъатэм щигъэткIукIэ гуащIэ нэхъыбэ пщIехыж. Адыгэхэм я шхэнми хабзэшхуэ пылът. Псалъэм папщIэ, нартыхумрэ хумрэ къыхэщIыкIа шхыныгъуэхэр сытым дежи я Iэнэм телъащ. Зэдэшхыпхъэр ящIэрт. Къапщтэмэ, лым сытым дежи пIастэ гъусэ хуащIырт. Нартыхури хури адсорбентщ. Абы кIэтIийр игъэкъабзэрт, ар куда хъуртэкъыми, цIыхухэр нэхъ узыншэт.
- Зи лъатэм цIынагъэ иIэ сымаджэхэр иужьрей зэманым нэхъ мащIэ хъуащ. Ар лъатэм ирищIэ «хеликобактер» бактерием къыхэкIырт. Нобэрей ди ерыскъыгъуэм антибиотик куэду хэлъщи, ар а бактерием и щхъухьщ. Абдеж сэбэп щыхъуми, нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ къыщытхурокъуж, узыфэ куэд къегъэхъей, къапщтэмэ, ар къыхэбэгыкIхэм лъабжьэ езыгъэщIщ.
- Псы литритI махуэм уефэмэ, пхъэщхьэмыщхьэ, хадэхэкI фIыуэ пшхымэ, куэдрэ узекIуэмэ, кIэтIийр лэжьэнущ.
- — Iэпкълъэпкъым трищIэ полипым лышх узыфэхэр къыхокI. КIэтIийм полип зэриIэр дауэ къызэрыпщIэнур?
- — Къоузу щыткъыми, и нэм нэмысауэ къапщIэркъым. ЦIыхур гугъу ехьу щIыб икIмэ, абы щыгъуэми лъы, цIанлъагъэ къакIуэмэ, къыдэхыр и фэкIэ фIыцIэмэ, и ныбэр къэпщауэ щытмэ, Iэмал имыIэу дохутыр зригъэплъын хуейщ. Лъыр къабзэмэ, шынагъуэшхуэ щыIэкъым. Ар геморройуэ щытынкIэ мэхъу. Апхуэдэхэм деж кIэтIийм сыщеплъкIэ полип цIыкIухэр къызогъуэт. Ахэр занщIэу тыдохри, лышх узыфэр иIэнукъым. ХэмытIэсамэ, адрей органхэм зримытыжамэ, уполъэщ, пхуэгъэхъужынущ. ЩIэныгъэр фIыуэ ипэкIэ кIуэтащ, зыужьыныгъэфIхэр игъуэтащ медицинэм. Дэтхэнэми и узыншагъэр зыхуэдэнур езым елъытыжащ. Iуэхур ем щхьэ нэбгъэсын хуей? Узыфэ Iейр гъэхъужыгъуафIэкъым, зы илъэскIи илъэситIкIи узыншагъэр пхуэзэтегъэувэжынукъым. Сыт илъэс зыбжанэкIэ гъащIэм зыкъыщIыхэбгъэхунур?!
- — Мурат, узиунафэщI къудамэм и лэжьыгъэр дауэ зэтеубла?
- — Дызыхуей псори дымыгъуэтми, дызыхуэныкъуэ куэди щыIэкъым. Илъэс 20 ипэкIэрэ нобэрей ди щытыкIэмрэ зэбгъапщэмэ, хъарзынэу дефIэкIуащ. Къыщытхуихуа къэхъуащ сымаджэм хущхъуэ къыщедгъэщэхужи. Ди зыужьыныгъэр зыдэлъагъупхъэр центрым и дохутыр нэхъыщхьэ Тет Хьэсэнбийщ. Налшык къалэ клиникэ сымаджэщ №1-м реанимацэмкIэ и къудамэм и унафэщIу илъэс куэдкIэ щытауэ центрым къагъэкIуащ. НэхъапэкIэ мы IуэхущIапIэм езыри щылэжьауэ, зыхуэныкъуэ-зыхущыщIэр ищIэрти, дохутырхэми сымаджэхэми я Iуэхур нэхъ тынш ищIащ. Псалъэм папщIэ, сэ IэнатIэм сыщыпэрыувам, узыр къызэрысхутэн Iэмэпсымэ сиIэтэкъым. Си ныбжьэгъухэм аппарат тIорысэ гуэр къысхуащэхури, апхуэдэу щIэздзащ. ИужькIэ, си лэжьыгъэр зэрекIуэкIым, сызэрыпэлъэщым гу къылъатэри, республикэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм, иджырей техникэу щымытми, цIыхум и кIуэцIым къыщекIуэкIыр къэзэрысхутэфын Iэмэпсымэ къысхуащэхуащ.
- — IэнатIэм узэрыпэрыт илъэс бжыгъэхэр щIэпплъыкIыжмэ, гукъэкIыж гуэрхэр зэппха Iуэхугъуэ щхьэхуэхэмкIэ укъыддэгуэшэфыну?
- — Зи щхьэр къызэзыхьэлIэ сымаджэхэм яхузиIэ бгъэдыхьэкIэр зэхуэдэщ, ахэр зэрызэхэзгъэкIыр я узыфэмкIэщ. ГъэщIэгъуэну сигу къэзгъэкIыжыну си лэжьыгъэм хэлъыр мащIэщ, нэхъыбэр гур зыгъэузщ. СыдэIэпыкъуфамэ, си къалэныр схуэгъэзэщIауэ аращи, абы гухэхъуэ къызет. Сэбэп сыхуэмыхъуфамэ, узыр нэхъ лъэщу къыщIэкIыу си Iэзэгъуэри сымаджэм и гуащIэри щыпэмылъэщыжам деж, егъэлеяуэ гущIыхьэ сщохъу. Си гуапэ зэрыхъущи, зи узыншагъэр зэтезгъэувэжахэр куэдкIэ нэхъыбэщ. Махуэ къэс зыгуэр къызбгъэдохьэ, сызэрыдэIэпыкъуауэ щытамкIэ фIыщIэ къысхуищIу. КъысхуэмыцIыхужхэми, дэтхэнэр уигу къинэн, согуфIэ апхуэдэу гуапэу зыкъыщысхуагъазэкIэ. Центрым сызэрыщылажьэ зэманым къриубыдэу цIыхуитI-щым сыдэIэпыкъуфакъым. Си къуаншагъэ хэлъауэ къэслъытэркъым, ауэ, уи къару псори епхьэлIауэ, сымаджэр узым къыщыпхуIэщIэмыхам деж, хагъуэм хуэдэу гум тредзэ. Мис ахэр фIыуэ соцIыхуж, я нэкIухэри си нэгум къыщIохьэж.
- — Шэч хэлъкъым, дохутырым сымаджэм жриIэ псалъэхэр, ирит фIэщхъуныгъэр абы и Iэзэгъуэм щыщ Iыхьэу зэрыщытыр.
- — Сымаджэм дзыхь зыхуебгъэщIыным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Уи жыIэр зи фIэщ хъум, гугъэ иIэу узым пэщIэувэфым нэхъ тыншу сэбэп ухуохъуф. Дохутырым психолог къалэнри егъэзащIэ. Узым кърита шынэм зэщIиIыгъэр, псом япэрауэ, абы къыIэщIэгъэкIын хуейщ. Дауэ? Уепсалъэурэ, удэуэршэрурэ, шыIэныгъэ пхэлъу и Iуэхур зытетыр гурыбгъаIуэурэ. Яхэтщ абыхэм псалъэ дахэр зыхэмызагъэу узыщIэгубжьэн хуей хъухэри. ЦIыхур зыхуэдэр къыумыщIауэ, илажьэ дыдэр жепIэ хъунукъым, ар зыхуэмыгъэвынхэри щыIэщи. Сэ си деж къэкIуа сымаджэм и щытыкIэр и бжэ къытеуIуэкIэмкIэ, и къыIухыкIэмкIэ, и къыщIэбэкъуэкIэмкIэ къызощIэ, адэкIэ и нэгум сызэриплъэу, псори гурыIуэгъуэ сщохъу. Сепсалъэурэ сызэрыбгъэдыхьэну, сыкъызэрыдекIуэкIыну щIыкIэр къызощIэ. ЦIыху сымаджэм и узыр и нэгум къощ, псалъэм папщIэ, лышх узыфэр зиIэм ар и нэм къыщIех — нэкугъуэхэр цIыкIуу, цIууэ щытщ.
- — Сыт хуэдэ зэманми дохутыр IэщIагъэр щIэупщIэ зиIэхэм ящыщщ, хуеджэну хуей ныбжьыщIэхэм илъэс къэс я бжыгъэр нэхъыбэ мыхъумэ, кIэрыхуркъым. Ауэ, гъащIэм къызэригъэлъагъуэщи, абыхэм псоми IэщIагъэлI нэс къахэкIыркъым.
- — Хъэлат хужь къабзэм, IэщIагъэм иIэ пщIэм, адэ-анэм я псалъэм тепщIыхьу ар къыхэпхыныр щыуагъэщ. Дохутырым илъагъур цIыхум и дахагъэмрэ абы фIыуэ хэлъымрэкъым, атIэ нэхъыбэу ар зыIууэр сымаджэм и тэмакъкIэщIагъырщ, тхьэусыхафэрщ, губжьырщ. ШыIэныгъэ пхэлъу, гущIэгъу хуэпщIу, уи зэмани уи гуащIи уемыблэжу абы узэрыдэIэпыкъунум ухущIэмыкъунумэ, а IэщIагъэр ууейкъым. Сэ университетым сыщыщIэтIысхьам ди курсыр цIыхуи 150-рэ хъурт, абы щыщу IэщIагъэм пэрытыр абы и ныкъуи хъужыркъым. Улажьэуи сощI, пхузэфIэмыкIмэ, уи деж зыри къэкIуэнукъым. Зы жьэм жьэдэкIыр, жьищэм жьэдохьэ жыхуиIэращи, уи хъыбарыр псынщIэу цIыхухэм яхэIуэнущ. Аращи, удохутырми, уи сэбэп цIыхухэм иумыгъэкIыфмэ, сыт уи IэщIагъэм и мыхьэнэр?!
- — Мурат, уи бынхэм уи IэщIагъэр къыхахыжыну жаIэмэ…
- — Езыхэр хуеймэ, пэлъэщыну къысщыхъумэ, сапэрыуэнукъым. ЩIалэм мы гъэм курыт школыр къиухащ, ауэ къыхихар нэгъуэщI IэщIагъэщ. ХъыджэбзитIыр а Iуэхум нэхъ дехьэх, ауэ ахэр зэкIэ цIыкIущи, зыгуэр жыпIэнуи пасэщ. «Ухуейт уи лъагъуэм ирикIуэжыну?» — жыпIэмэ… Шэч хэмылъу… ЩIэныгъэми IэщIагъэми хэзэгъэнымкIэ сэ сыткIи дэIэпыкъуэгъу сахуэхъуфынут. Лэжьыгъэ и пIалъэ фIыуэ зыщIэ гъуэгугъэлъагъуэ уиIэныр куэд и уасэщ.
- Епсэлъар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
- Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.