ЗымащIэщ бжьыпэм хуэчэмыжыр
2021-09-25
- Ипщэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэхэм футболымкIэ я чемпионатым (УФ-м и ещанэ дивизионым) щиIыгъ пашэныгъэр щIигъэбыдащ Прохладнэ и «Энергетик»-м. И унэ щыIэу абы хигъэщIащ турнир таблицэм къыщыкIэлъеIэ Назрань и «Ангушт»-р.
- Гъэ джэгугъуэм и зэIущIэ нэхъыщхьэу къалъытэр фокIадэм и 22-м Прохландэ щызэхэтащ. Лъэхъэнэм зэрыщIидзэрэ зи хьэрхуэрэгъухэм топ нэхъыбэ дыдэ яхудэзыгъэкIа «Энергетик»-мрэ нэхъ мащIэ дыдэ зыхудагъэкIа «Ангушт»-мрэ я зэпэщIэтыныгъэр хуабжьу удэзыхьэхт. Лъэныкъуэхэм абы жыджэру къыщыщIадзащ. Ди щIалэхэм очкоитIкIэ къакIэрыху хьэщIэхэм Iэмал имыIэу текIуэныгъэр зыIэрагъэхьэн хуейт пашэныгъэм адэкIэ щIэбэныфын папщIэ. Прохладнэдэсхэр арэзынут зы очкомкIи.
- ЕпщIанэ дакъикъэр екIуэкIыу ди щIалэхэм я ебгъэрыкIуэныгъэм хэту хабзэм къемызэгъыу ираудащ Апажэр. Штрафнойр Iэзэу игъэзэщIащ «Спартак-Налшыкым» нэхъапэм щыджэгуу щытауэ иджы прохладнэдэсхэм яхэт Джатэрывэ Къазбэч. Ди жагъуэ зэрыхъущи, зымащIэкIэ ар гъуэм хуэзакъым.
- Зы ебгъэрыкIуэныгъэм адрейр къыкIэлъызыгъакIуэ «Энергетик»-м пагъэувыфын хьэщIэхэм къахуэгъуэтыртэкъым. ДжэгупIэ губгъуэм и кум зэзэмызэ фIэкIа къыфIамыгъэкI «Ангушт»-м и къалэн нэхъыщхьэр зыхъумэжыныгъэрт. Тепщэныгъэр зыубыда хэгъэрейхэри мыхьэнэшхуэ зиIэ зэIущIэм я къару псори трагъэкIуэдэну зытраухуа хуэдэт.
- Прохладнэ и командэм и ебгъэрыкIуэныгъэ псынщIэхэм ящыщ зым хьэщIэхэм я гъуащхьэхъумэхэм яIэщIэкIауэ гъуэм хуэкIуэ Урыс Аслъэн штрафнойм хабзэм къемызэгъыу щраудащ. Къыхэдгъэщынщи, гъэ джэгугъуэр зэрыщIидзэрэ ар Аслъэн къилэжьа еханэ пенальтищ. Абы и фIыгъэкIэ ди щIалэхэм бжыгъэр къызэIуахащ.
- Япэ ища нэужь «Энергетик»-м и джэгукIэр иужькIэ нэхъ кIащхъэ хъуащ. Апхуэдэ Iэмалыр, дауи, «Ангушт»-м зыIэщIигъэкIакъым икIи и ебгъэрыкIуэныгъэхэр щIигъэхуэбжьащ. 26-нэ дакъикъэр екIуэкIыу абыхэм ящыщ зым бжыгъэр зэхуэдэ ищIыжыным зымащIэщ иIэжар. Ди гъуащхьэхъумэхэм яIэщIэкIа Назрань и футболистыр гъуэм хуэзанщIэ хъури, топым еуащ, арщхьэкIэ а махуэм гъуащхьэтет къалэныр къызыхуагъэфэща Федоренкэ Александр абы къригъэгъэзащ.
- ЗэIущIэм и япэ Iыхьэм и кIэух дакъикъэм «Ангушт»-м и зи чэзу ебгъэрыкIуэныгъэм ехъулIэныгъэ къыхуихьащ. Гупым и гъуащхьауэ нэхъыфI Алиев Бэчхъан прохладнэдэсхэм я гъуащхьэхъумищым (!) зэкIэлъхьэужьу къапекIуэкIри, гъуащхьэтетым пэжыжьэ плIанэпэм-кIэ топым еуащ — 1:1.
- Загъэпсэхуу къихьэжа нэужь зэпэщIэтыныгъэр нэхъ гуащIэж хъуащ. ЕбгъэрыкIуэныгъэ зырызкIэ псынщIэу зэхъуэжа командэхэм ядэплъагъурт щысхь ямыIэу зэрызэпэщIэтыр, уеблэмэ хабзэр къыщызэпауди къыхэкIыу.
- Апхуэдэу хэгъэрейхэм я къыкIэлъыкIуэ ебгъэрыкIуэныгъэм хэту аргуэру Урысыр ираудащ. «Энергетик»-р абыкIэ япэ ищыжыным зымащIэщ иIэжар. Гъуащхьэхъумэм къригъэгъэза топыр и пащхьэ дыдэм къыщехуэхыжащ. Ди щIалэхэр абы япэу нэмысакъым.
- Тхьэмахуэ ипэкIэ Дон Iус Ростов и «Нахичевань»-м къыхигъэщIа прохладнэдэсхэм адэкIэ къикIуэт яIэтэкъым — дэтхэнэ зы очкори дыщэ пэлъытэт. Къыхэдгъэщынщи, иджырей зэIущIэм ирихьэлIэу «Энергетик»-р гъэ джэгугъуэм къызэрыщыхагъэщIар 3 къудейт. Абыхэм ящыщу зэIущIитIми ростовдэсхэм къатекIуат, Назрань щыIэу «Ангушт»-р къефIэкIат.
- Мы зэпэщIэтыныгъэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр хэкъыу зыпхыкIа Прохладнэ и гупым зызэщIакъуэри ипэкIэ кIуэтащ. ЕбгъэрыкIуэныгъэ зыбжанэм иужькIэ сытми я гугъуехьыр псыхэкIуадэ хъуакъым. Джатэрывэм къыхита топыр Тарановым Iэрыхьащ, адэкIэ ебгъэрыкIуэныгъэм къыпызыща Махуэм и топыр IэкIэ гъуащхьэхъумэхэм ящыщ зым къигъэувыIащ — штрафной. Судьям и унафэм арэзы къызэримыщIар жыджэру къэзыгъэлъэгъуа гъуащхьауэ нэхъыфIхэм ящыщ Алиевыр джэгум къыхахуащ.
- Штрафнойр игъэзэщIэну бгъэдыхьа, премьер-лигэм и командэхэм нэхъапэм щыджэгуа, Таранов Иван и Iэзагъэр къигъэлъэгъуащ. ХьэщIэхэм къагъэува блыным, зыри щымыгугъауэ, абы топыр лъапэкIэ щхьэпридзри, гъуэм дигъэкIащ — 2:1. Ар текIуэныгъэт!
- Гъэ джэгугъуэр иухыным джэгугъуитI фIэкIа къэмынэжауэ турнир таблицэм къыщыкIэлъыкIуэ «Ангушт»-м очкоитхукIэ япэ ища «Энергетик»-м япэ увыпIэм зыщигъэбыдэпауэ жыпIэ хъунущ. Бжьыпэр Iэрыхьэн папщIэ ар зымащIэ дыдэщ зыхуеижыр.
- Жыласэ Замир.