2021-09-25
- Лъабжьэр быдэмэ, щхьэкIэр лъагэщ
- Израилым щыIэ Кфар-Камэ адыгэ къуажэм «Ди псэ» сабий къэфакIуэ гуп дахэ иIэщ. Журтхэм яхэс ди лъэпкъэгъухэм пщIэшхуэ хуащI лъэпкъ щэнхабзэм, анэдэлъхубзэр яхъумэ, адыгэ хабзэр я Iэпэгъущ. Абы и щыхьэтщ къыдэкIуэтей щIэблэр адыгагъэм, адыгэ щэнхабзэм зэрыщIапIыкIыр.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым икIауэ абы щыпсэу Iэпщэ Рус-там и жэрдэмкIэ къызэригъэпэща гупыр нобэ ныбжьыщIэ куэд зыхэт ансамбль екIу хъуащ. Къуажэм къыщIэхъуэ цIыкIу-хэм апхуэдизкIэ я лъым хэтщ адыгэ къафэмрэ адыгэ пшыналъэмри, адэ-анэм я лъэIукIэ, гуп зыбжанэу гуэшауэ ягъасэ.
- — Хуабжьу дехьэх ныбжьыщIэхэр къафэм, пшынэм, бэрэбаным, — жеIэ Рустам. — Апхуэдэ лэжьыгъэр къызэгъэпэщы-нымкIэ сэбэп къысхуохъу Кфар-Камэ жылэ хасэм и тхьэмадэ Нэпсо Закарие, курыт еджапIэм и унафэщI Хьэтыкъуей Рандэ сымэ. Къафэр утыку узэрит къудейкъым, атIэ абы лъэпкъ хабзэри щолъагъуэ, уи дуней тетыкIэр къафэ-бзэкIэ къэIуэта мэхъу. КъафэмкIэ дерсхэр екIуэкIыху тхыдэ-ми, щэнхабзэми, хабзэми дылъоIэс, ахэр яхуэсIуатэурэ садэлажьэу аращи, си гуапэ мэхъу сызэрызэхахыр, жысIэр зэрызыхалъхьэр. Израилым ис адыгэ сабийм и гум, и псэм хэлъу къалъху зэрыадыгэр. Апхуэдэ гу къабзэ цIыкIухэм гулъытэ яхуэпщIмэ, лъэпкъ щIэиным щIэппIыкIмэ, жыг щхьэкIэ лъагэу заукъуэдиинущ. Ар фIыуэ къызгуроIуэри, къафэм и мызакъуэу, ди лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэр нэхъ зэрызыхезгъэщIэным иужь ситщ, я адэ-анэхэри абы и лъэныкъуэкIэ набдзэгубдзаплъэхэщ. Хэхэс адыгэр, зыхуей игъуэту хамэ щIыналъэм щыпсэу щхьэ-кIэ, псэкIэ ныкъуэщ. Мис ар иризгъэкъужыну сыхэту цIыкIухэм садолажьэ икIи гъэмахуэ къэс хэкум къызэрытшэным иужь дитщ. Тхьэм жиIэмэ, «Ди псэ» цIыкIухэм я концерт Налшыки зэ щыдгъэлъэгъуэнщ.
- «Ди псэм» и гуп нэхъыжьми нэхъыщIэми я фащэхэр Налшык щрагъэд, щIалэхэри хъыджэбзхэри дахэу зэщыхуэпыкIауэ утыкум итщ. Къуажэм сыт хуэдэ гуфIэгъуэ Iуэху къыдэхъуэми ягъэдахэ абыхэм. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, сабий гъэсапIэр, курыт школыр къыщаухкIэ иращIэкI гуфIэгъуэ пшыхьхэм хэтщ. Абы къищынэмыщIауэ, Кфар-Камэ дэт Адыгэ музейм турист куэд щызэблокI, хамэ къэралхэм къикIауэ. Адыгэм къыщIэна хьэпшыпхэмрэ лъэпкъым и щыIэ-кIэ-псэукIэмрэ щагъэлъагъуэ музейм «Ди псэр» щрагъэблагъэ куэдрэ къохъу, зыплъыхьакIуэхэм адыгэ щэнхабзэр нэрылъагъу щащIын папщIэ. ИкIи ахэр зигу иримыхьа зы цIыхуи дэкIыжакъым къуажэм.
- Мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху дахэу илъэс къэс Кфар-Камэ щокIуэкI Адыгэ щэнхабзэм и дунейпсо фестивалыр. Хамэ къэрал щыщ ансамблхэр чэзууэ кърагъэблагъэри, хэхэс адыгэхэм я деж концерт щат. Абы щыгъуэми а гуфIэгъуэ зэхы-хьэр ягъэдахэ ансамблым и къэфакIуэ цIыкIухэм. Ахэр зы утыку къыщыдэфащ АР-м и «Налмэс» ансамблым, КъБР-м и «Кабардинка» къэфакIуэ гупым, Тыркум къикIа «Iуащхьэмахуэ» гупым.
- Мы цIыкIухэм щIыпIэ куэдми зыкъыщагъэлъэгъуэну хунэсащ, адыгэм и цIэр яIэтрэ ди лъэпкъ щэнхабзэр утыку кърахьэу. Апхуэдэу ахэр хэтащ Чехым, Венгрием, Иорданием, нэгъуэщI къэралхэми щекIуэ-кIа фестивалхэм, уеблэмэ Мейкъуапи щыIащ, иджы Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуэну я гурылъщ. Дахэу къызэрыфэфым и закъуэкъым Израилым ис сабийхэр адрейхэм къахэзыгъэщыр, атIэ я анэдэлъхубзэр шэрыуэу ягъэбзэрабзэ. Япэ классым щегъэжьауэ адыгэбзэр, ивритыр, хьэрыпыбзэр, инджылызыбзэр ядж, ауэ адыгэбзэм япэ ирагъэщ щыIэкъым, икIи къуажэм дэсу хамэбзэкIэ пхуэпсэлъэнукъым. Кфар-Камэ псоми къазэрыхэщыр сыт жыпIэмэ, ар адыгэбзэ фIэкIа зэрыщызэхыумыхырщ. КъэфакIуэ ныбжьыщIэхэри хамэ къэрал къыщыхъу щхьэкIэ зэрыпсалъэр адыгэбзэщ.
- Тыркум и Нарткъалэр
- Тырку Республикэм и къалащхьэ Анкара километр 40-кIэ пэжыжьэу щыIэ Нарткъалэ (Nartsitesi) адыгэ жылэм зэ удыхьамэ, пщыгъупщэжынкIэ Iэмал иIэкъым. Абы щыхьэщIэну зи насып къихьахэм сащыщщ сэри.
- Нарткъалэ зыхуэдэ щымыIэ жылэщ, сыту жыпIэмэ, мыбы дэсыр адыгэ унагъуэ защIэщ. Я бзэ, я хабзэ, я тхыдэ зэрахъумэжын Iэмалу къагупсыса хэкIыпIэщ мыр — зэлъэпкъэгъухэр зэгурыIуэщ, я мылъку зэхалъхьэри, унэ зэщхьхэр ирагъэщIащ. Хэкужьым ит адыгэ къуажэ дыдэм хуэдэу зэхэсщ мыхэр, адыгэ ерыскъыхэр ягъэхьэзыр, лъэпкъ макъамэхэр къыщоуэ, уеблэмэ унэ кIуэцIхэр адыгэ хьэпшыпхэмкIэ гъэщIэрэщIащ.
- Уэрамхэм укъытехьамэ, гур хегъахъуэ абыхэм я цIэхэм: Iуащхьэмахуэ, Къэбэрдей, Налшык, Тэрч, нэгъуэщIхэри. АдыгэцIэхэр зытетха апхуэдэ пкъохэр уэрам зэблэкIыпIэхэм тетщ, унащхьэхэмрэ унэ джабэхэмрэ адыгэ ныпым тет вагъуэ пщыкIутIым-рэ шабзищымрэ тещIыхьащ, унэ щIыхьэпIэ къэс адыгэ хьэпшып гуэркIэ гъэдэхащи, щыпсэур зэрыадыгэр къыумыщIэнкIэ Iэмал иIэкъым.
- Жылэдэсхэм я гуапагъэмрэ псэ хуабагъэмрэ къызэрыбгъэлъэгъуэжын псалъэ гъуэтыгъуейщ, дэтхэнэри хьэщIэм щыгуфIыкIрэ зэригъафIэр фIэмащIэу елIалIэу апхуэдэщ. Мамхэгъхэ Джумхьуррэ Йлдызрэ (Рахъуэхэ япхъущ) я унагъуэм сыщыхьэщIати, гъунэгъухэр адыгэ шхыныгъуэхэр яIыгъыу пщэдджыжьышхэм, пщыхьэщхьэшхэм ирихьэлIэу къекIуэкIырт, анэдэлъхубзэм хуэнэхъуеиншэрэ хэкум икIахэм зыкъытщамыгъэнщIу къыдбгъэдэст. Тырку шхыныгъуэу тхузэблах IэфI къомым нэмыщI, лэкъум хуабэ, кхъуей цIынэ, джэ- дыкIэжьапхъэ хуэдэ адыгэ шхыныгъуэхэр тхуапщэфIырт.
- Лъэпкъым бгъэдэлъ хъугъуэфIыгъуэхэр яхъумэжын папщIэ ящIа жылэ цIыкIум куэбжэ хэлъщ, и цIэр ину тетхащ, абы и лъабжьэм кIэщIэтщ: «1864 гъэм зи хэку кърахуа адыгэхэм я бзэр, я хабзэр, щэнхабзэр яхъумэжын папщIэ яухуа жылэщ». Илъэс зытхух хъууэ аращ Нарткъалэр зэраухуэрэ, итIани адыгагъэм и IэфIагъыр щызыхэпщIэу ди лъэпкъэгъу унагъуэ 90-р щызэхэсщ, зылI и быну зэрыIыгърэ адыгэ жьэгур ягъаблэу.
- ЛIышэм и мурадыфIхэр
- Иорданиеращ къыщалъхуари къыщыхъуари ЛIышэ Нарт. Кавказ зауэжьым и лъэхъэнэм зи хэку зрагъэбгына мухьэжырхэм я щIэблэ щIалэм зэрыцIыкIурэ и мурадщ хэкум зэ нэхъ мыхъуми къэкIуэну, къехъулIэмэ, щыпсэуну къэIэпхъуэжыпэну. Абы и адэр адыгэщ, и анэр убыхщ. Адыгэ унагъуэм къыщыхъуа сабийхэр IуэрыIуатэм, адыгэ хабзэм щIапIыкIати, къызыхэкIам хуэфащэу гъащIэм хэуващ.
- Зэман жыжьэм Иорданиер псэупIэ зыхуэхъуа ди лъэпкъэгъухэр зэгъунэгъуурэ тIысырт. Адыгэхэр, абазэхэр, убыххэр, абхъазхэр зэкъуэш пэлъытэу зэхэст, лъэпкъ зэхэгъэж ямыIэу. Нарт къыщыхъуа щIыпIэри апхуэдэти, адыгэбзэ фIэкIа зэхихакъым балигъ хъуху. Курыт еджапIэм щыщIэтIысхьам хьэрыпыбзэкIэ зы псалъэ ищIэртэкъым, школым щылажьэхэмрэ щеджэхэмрэ жаIэр къыгурыIуэртэкъым.
- — Гугъущ нэгъуэщI къэрал ущыпсэунуи, уи хабзэрэ уи бзэрэ щызепхьэнуи, узыхэсхэм я дуней тетыкIэр къадумыщтэу уакъыдэгъуэгурыкIуэнуи, — жеIэ Нарт. — Сэ зэрыхуэзгъэфащэмкIэ, хэхэсхэм я щхьэм гупсысэ куэд щызэблокI икIи мис а лъэпкъитI, хэкуитI гъащIэр я гум щызэныкъуэкъуу апхуэдэщ. Дэнэ ущыIэми ухэхэсщи, сытым дежи уи гупсысэм хэмыкIыр уи унэ, уи хэку зэбгъэгъуэтыжын зэрыхуейрщ. Абы псэхупIэ къуитыркъым. УкъызыхэкIам урипагэну ухуейуэ, ауэ узыщыщ дунейр абы зыкIи емыпхауэ упсэуныр тыншкъым. Иджы къытщIэхъуэ щIэблэм хуэм-хуэмурэ яIэщIоху а зи гугъу сщIы лъэпкъ зэхэщIыкIыр, адэжь щIыналъэ зэрыщыIэр ящогъупщэри, дунейм къыщекIуэкI глобализацэм хошыпсыхь.
- Нарт зэрыжиIэмкIэ, сытым дежи и псэм къилъыхъуэрт и гур щыпсэхун хэкур. Арауэ къыщIэкIынущ гъуэгу къытезышэжари. Университетым программист IэщIагъэр щызэригъэгъуэта нэужь, абы Иорданием щрилэжьащ. ИужькIэ и щIэныгъэмрэ IэщIагъэмрэ хигъэхъуэн мурадкIэ Америкэм кIуащ. Программистым Америкэм лэжьапIэ щимыгъуэтынкIэ шынагъуэтэкъым, ар хуабжьу пщIэ зыхуащI, къагъэсэбэп IэщIагъэхэм ящыщщ. ИлъэсиплIкIэ США-м и къалэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыпсэуащ, щылэжьащ, ауэ сыт хуэдиз ахъшэ къыщимылэжьами, ари хэку хуэхъуакъым. «Си ныбжьыр илъэс 30 ирикъуащ, итIани си гур щыпсэху щIыпIэ къысхуэгъуэтакъым. Абы щыгъуэм мурад сщIащ сыт хуэдэ гугъуехь пымылъами, Кавказым сыкIуэжыну. УздэIэпхъуэжыну псом нэхърэ нэхъ тыншу къыщIэкIар Абхъазрати, си тхылъхэр АР-м и МИД-м езгъэхьащ. ИкIи занщIэу жэуап къызатыжащ сыкъихьэну сыхуиту», — игу къегъэкIыж Нарт.
- ЩIалэр Абхъазым къэса нэужь, РепатриацэмкIэ къэрал комитетым ирагъэблэгъащ. Абы къыхуагъэлъэгъуащ абхъазу зригъэтхмэ, пIалъэ кIэщIым къриубыдэу къэралым и цIыхуу зэрыщытымкIэ паспорт къызэрыратынур. Ауэ ар щIалэм къыхуегъэзэгъакъым. ЗэрыцIыкIурэ адыгэу зыкъэзылъытэж Нарт къызыхэкIа лъэпкъыр ихъуэжыну хуеякъым. Иджыри къыздэсым Абхъазым щопсэу, ауэ абхъаз паспорт иIэкъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар адыгэ лIакъуэрщ къызытекIар.
- «Абхъазхэм гуапэу сыкърагъэблэгъащ. Ауэ абхъаз паспорт сиIэн щхьэкIэ абхъазу зысхуегъэтхакъым. ЦIыху гуапэщ ди къуэшхэр. Си сумкэхэр сIыгъыу япэ дыдэу сыкъыщыкIуам Хагбэ Лидэ сызэрыхьэщIэм гу къылъитэри, къызбгъэдыхьат: «Дэнэ укъикIа, ущыпсэун уиIэ?» — жиIэри. Си Iуэху зытетыр щыхуэсIуатэм, я унэ сригъэблэгъащ, сызытеувэху сыщыпсэуну. Уеблэмэ, си япэ IэнатIэр къысхуэзыгъуэтар аращ. Я гъунэгъу библиотекэм администратор къызэралъыхъуэр зэхихати, занщIэу абы сишащ».
- Илъэсрэ ныкъуэкIэ Лъэпкъ библиотекэм щылэжьащ ЛIышэр. Компьютерхэр къутамэ яхуищIыжырт, къищынэмыщIауэ, а зэманым къриубыдэу библиотекэм сайт къахузэригъэпэщащ. А зэманым абхъазыбзэр зэгъэщIэнми иужь ихьащ щIалэр. ИужькIэ абы щыпищащ Абхъазыбзэм зегъэужьынымкIэ фондым. Илъэс ныкъуэм къриубыдэу бзэуэ ищIэр «зыщигъэгъупщэри», ныбжьэгъу хуэзэми, тыкуэн щIыхьэми, лэжьыгъэм пэрытми, абхъазыбзэ фIэкIа къимыгъэсэбэпу зригъэсащ. ТхыбзэмкIэ абы дерсхэр къыдригъэкIуэкIащ егъэджакIуэ Шамбэ Дианэ. Апхуэдэу гугъу демыхьыщэу абхъазыбзэр зригъэщIащ Нарт.
- «ПсалъэщIэу зэхэсхымрэ псэлъафэхэмрэ стхы зэпытт. Тхыбзэм селIалIэрт. Бзэр гугъуу жаIэми, арэзы сытехъуэркъым. Республикэм ущыпсэумэ, езы абхъазхэм уахэтмэ, тыншу пIалъэ кIэщIым зыбогъащIэ», — жеIэ Нарт.
- Бзэр зэрызригъэщIам къыдэкIуэу, абы елэжь хъуащ щIалэр. Абхъазыбзэм зегъэужьынымкIэ фондым программисту щылажьэрти, къалэну зыхуигъэувыжащ абхъазыбзэр бжыгъэхэм хуигъэкIуэну, компьютер программэхэмрэ гуэдзэнхэмрэ къигъэсэбэпу иджырей дунейм лъэрызехьэ щищIыну. «Анэдэлъхубзэхэм «бжыгъэр зи лъабжьэ гъащIэ» едмытмэ, кIуэдыжынкIэ зыхуэIуа щыIэкъым. МакъкIэ къэпсалъэ, навигатор, зэдзэкIакIуэ гуэдзэнхэр анэдэлъхубзэкIэ «дгъэпсалъэмэщ» бзэр щыпсэунури цIыхухэм къыщагъэсэбэпынури», — жеIэ Нарт.
- Дуней псор зэщIэзыщта Apple, Google, Microsoft IT-компаниехэм ягъэлажьэ апхуэдэ гуэдзэным уеIусэну, уи бзэкIэ бгъэпсэлъэну ухуиткъым, ауэ абыхэм цIыхухэм къагъэсэбэп хъу нэгъуэщI программэхэри къыдагъэкI. Апхуэдэщ Нарти зи ужь ихьар, Microsoft компанием и «Common voice» программэмкIэ, абхъазыбзэкIэ егъэтха сыхьэт 2000, макъ мини 8 зэригъэпэщыфынущ. Ахэр хуабжьу сэбэпышхуэ хъунущ бзэр зэзыгъэщIэну, ар къэзыгъэсэбэпыну зи мурадхэм папщIэ. Апхуэдэуи бзэр мыкIуэдыжыным щхьэпэу хуэлэжьэнущ. Анэдэлъхубзэхэр щытыкIэ гугъу щихуа лъэхъэнэм гаджетхэр къытхуэгъэсэбэпмэ, ар къегъэлакIуэ нэс хъуну къелъытэ ЛIышэ Нарт.