Венецием щагъэлъагъуэ
2021-09-14
- ФокIадэм и япэ махуипщIым Италием щызэхэтащ киногъуазджэм хэлэжьыхьхэм мыхьэнэшхуэ зрат Венецием щызэхашэ фестивалыр. Абы щагъэлъэгъуащ Налшык щыщ режиссёр Битокъу Владимир «Мамэ, сэ сыкъэкIуэжащ» и фильмыщIэр.
- «Фильмым и сценарийр зэхэзылъхьар Изюмовэ Мариещ, — щыжиIащ Италием щита интервьюм режиссёр щIалэм. — Сэ нэгъуэщI лэжьыгъэ гуэрым сыпэрыхьакIэт къыщысIэрыхьам. АпхуэдизкIэ щIэщыгъуэу ар зэхэлъхьа хъуати, сыкъызэреджэу, сыдихьэхри, селэжьыну мурад сщIащ».
- Хэти ещIэ фильм бгъэувын папщIэ, ахъшэшхуэ узэрыхуейр. Сокуров Александр Налшык университетым щригъэджа, урысей киногъуазджэр дунейпсо утыкум щызыгъэбжьыфIэ цIыхуищми (Бэлагъы Къантемыр, Коваленкэ Кирэ, Битокъу Владимир) мылъку и лъэныкъуэкIэ ядэIэпыкъур Роднянский Александрщ.
- «Режиссёрыр щIалэфIщ. Ар сигу зэрырихьаращ сыщIыдэIэпыкъуар, — ехьэкI-къехьэкI хэмыту продюсерым жреIэ Италием щыIэ «Фред радио» IуэхущIапIэм и корреспондентым. — Изюмовэм и сценарийр езгъэлъэгъуа нэужь, Владимир абы, япэрауэ, езым и хъэтIыр къыхэзыгъэщ Iуэхугъуэ гуэрхэр хилъхьэжащ, етIуанэрауэ, и Хэкум, фильмыр щытриха щIыпIэм и нэпкъыжьэ къытенэн хуэдэу, мащIэу елэжьыжащ».
- Гукъинэжщ Битокъум и фильмым роль нэхъыщхьэр щызыгъэзэщIа Борисов Юрий режиссёрым къыхужиIахэри: «Володя лIы хьэл нэгъэса хэлъщ, ар щыпсэу щIыпIэми къегъэлъагъуэ. Апхуэдэу зэрыщытым хуэдэу, гумащIагърэ гулъытэкIэ зи псэр нэхъ къулей срихьэлIакъым. СхузэфIэкIамэ, абы и щабагъ жысIэнкъым, и цIыху щысхьыкIэр зыхэслъхьэнт».
- Утыку ирихьа фильмым и купщIэр псалъитI-щыкIэ къигъэлъэгъуэну журналистыр зэлъэIуа езы Битокъу Владимир хъыбарыр зытещIыкIа, и къуэр Сирием щекIуэкI зауэм хэкIуэда хуэдэу къыжраIа нэужь, ар къигъуэтыжыху мыувыIа бзылъхугъэм и гугъу ищIкIэрэ, жеIэ: «Апхуэдэ Тоня гуэр псоми къыдбгъэдэсщ, зытплъыхьмэ, ди гъунэгъуу е ди благъэу къыщIэкIынкIи хъунущ. ИтIани, фильмыр политикэ хуэIухуэщIэу къащыхъуну сыхуейтэкъым. ГъащIэм и зы теплъэгъуэу къалъытэмэ, нэхъ къэсщтэнущ».
- Гухэхъуэщ IэщIагъэ дахэ зиIэм и Iуэху зехьэкIэм укIэлъыплъыну, абы и фIыгъэкIэ дунейм цIыхугъэм зэрызыщиубгъум щыхьэт ухуэхъуну. Ар жыдэзыгъэIэр Роднянскэм: «СфIэфIщ режиссёр щIалэхэм защIэзгъэкъуэну, Урысей киногъуазджэр жьы къабзэ хуэныкъуэщ», — зэрыжиIэ къудейркъым. Хьэмэ анэм и ролыр зыгъэзэщIа Раппопорт Ксение урым журналистхэм езыхэм я анэдэлъхубзэкIэ щепсалъэкIэ, кином цIыхур зэриузэщIым, а гъуазджэ къудамэм лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм зегъэужьынымкIэ иIэ зэфIэкIым узэритхьэкъуракъым. Зэмылъэпкъэгъу, лэжьыгъэм зэригъэуIуа цIыху зэхамэхэм зы бзэ къызэрызэдагъуэтым, зызыгъэщхьэхуэ псори зыгуэркIэ дызэрызэщхьыр къыдэзыгъэщIэж щэнхабзэм а Iэмалыр къыузэритыфым дахагъэ къызэрымыкIуэ гуэр хэлъщ.
- Битокъум и фильмыр Налшык зэрыщытрихам нэмыщI, абы адыгэ артистхэри зэрыщыджэгур мащIэу къыкъуагъэплъа и пычыгъуэхэм къыдагъэщIащ. Хэт зи гуапэ мыхъунур фильмыщIэм Балъкъыз Валерэ щыхуэзэну, хьэмэрэ, нэпс къудамэ IэщIэмыкIыу, махуэ бжыгъэ ипэкIэ зи дунейр зыхъуэжа Усен Олег къыщицIыхужыну? Аращи, Налшык щытраха фильмыр ди къалэм щагъэлъэгъуэну махуэм дыпоплъэ.
- Чэрим Марианнэ.