ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

НафIэдз  Ислъам: IэщIагъэм  езым укъыхех

2021-09-14

  • НафIэдз Ислъам хирургщ, онкологщ, колопроктологщ. НыбжькIэ щIалэми, медицинэ щIэныгъэшхуэ бгъэдэлъщ. И IэщIагъэм, и мурадхэм ятеухуауэ дэ абы иджыблагъэ депсэлъащ.

  • — Ислъам, дапщэщ ущыдихьэхар медицинэм?
  • — Класс нэхъыжьхэм унэса нэужь, уегупсысу щIыбодзэ IэщIагъэ пхуэхъуну узыхуейм. Абы щыгъуэм деж нэхъыбэу узэдэIуэн хуейр уи гурщ. Сэ ебгъуанэ классым сыщынэсам медицинэм сыхуеджэну сызэрыхуейр къызгурIуат. Си анэ-адэр ехъуапсэрт программист IэщIагъэм. Ауэ, IэщIагъэ къыхэхыныр чэнджэщ къудейкIэ зэфIэкIыркъым. Уи гъащIэр зэрыхъунур куэдкIэ елъытащ абы. Арати, сэ езым къыхэсхри, сыщIэтIысхьауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым медицинэмкIэ и факультетым. Егъэлеяуэ гугъущ медицинэм ухуеджэну. ЕджапIэбжэр Iупхыу ущыщIыхьа дакъикъэм къыбгурIуэн хуейщ цIыхум и узыншагъэр уэлъытауэ зэрыщытынур. Ауэ апхуэдэ жэуаплыныгъэ зыхэпщIэнри мащIэщ — IэщIагъэм удихьэхыпхъэщ. Сэ ещанэ курсым сыщIэсу лэжьэн щIэздзащ — Республикэ клиникэ сымаджэщым операцэ щызыщIхэм сегъэщIылIауэ. Операцэ ящIа нэужь, абы зэрелэжьа Iэмэпсымэхэр зэщIэткъуэжырт. Сэ а лэжьапIэм сыщIэувам и щхьэусыгъуэр зыт: операцэ щащIкIэ сыкIэлъыплъынырти, ар хэкIыпIэу къэзгъуэтащ. ЗэрыжаIэщи, «нэм илъагъу Iэм ещIэж», икIи апхуэдэу илъэсищкIэ сылэжьащ. ИужькIэ интернатурэр хирургыу къэзухащ.
  • — Москва щыпыпщащ уи щIэныгъэм, лэжьыгъэ IэнатIи ущыпэрытащ…
  • — Иджыри сыстуденту, операцэхэм сыщыщIэт зэманым сэ слъагъурт цIыхухэм я шхалъэхэр колоректальнэ рак хъуауэ нызэрашэр. Абыхэм си гур ящIэузт. Сегупсысырт уадэIэпыкъу зэрыхъуну Iэмалхэм. А гупсысэр си щхьэм илъу Москва сыкIуащ си щIэныгъэм хэзгъэхъуэну, сылэжьэну. Иджырей технологиехэр къэзгъэсэбэпу операцэхэр сщIыну, сымаджэм узэрыдэIэпыкъун зы Iэмал закъуэ щыIэмэ ар къэзгъэсэбэпыфу зезгъэсэну сыхуейт. Ординатури, аспирантури къэзухащ, Москва колопроктологиемкIэ Рыжых А. Н. и цIэр зезыхьэ къэрал щIэныгъэ центрым сыщылэжьащ. IуэхущIапIэм шхалъэ узыфэхэм щоIэзэ. Илъэс и пэ абы «Медицэ къэпщытэныгъэхэмкIэ лъэпкъ центр» къыфIащащ. Сэ сеIэзащ шхалъэм и онкологием. Иджырей колоноскопием Iэмал къует колоректальнэ ракым цIыхур щыпхъумэну. А узыфэр нэхъ пасэу къэпхутэхукIэ нэхъ гъэхъужыгъуафIэщ.
  • — Еджэнымрэ лэжьэнымрэ пхузэгъэпщэну?
  • — Дохутырыр зэпымыууэ еджэн хуейщ. Сыту жыпIэмэ, медицинэр зэи и пIэм иткъым, щIэ гуэрхэр къожьэ, сымаджэм узэреIэзэ Iэмалхэми зыщахъуэж щыIэщ. ИтIанэ, «клиническэ чэнджэщхэр» къыщыдэкIым дежи зыщыбгъэгъуэзэн хуейщ. Илъэс зыбгъупщI и пэ дохутырхэм Iэмал зыхуамыгъуэту щыта узыфэхэр иджыпсту нэхъ яджащ. Яхуэгъэхъужи, илъэс бжыгъэкIэ къахузэтегъэувыIи яхэтщ.
  • Хамэ къэралыбзэ пщIэн хуейщ, удохутырмэ. Армырамэ, щIэныгъэ лэжьыгъэ пхуэтхынукъым. Электрон дунейпсо медицинэ библиотекэ щыIэщ — абы тхылъу илъыр къыпхуэгъуэтынукъым, ухэплъэфынукъым хамэкъэралыбзэр умыщIэмэ. Ди зэманым псори зэса библиотекэм кIуэр мащIэщ, пэжым ухуеймэ. Электрон библиотекэхэр къежьащи, абы зыхуейр къыщагъуэт, итIанэ зэманри нэхъ къыдагъахуэ. Пэжщ, тхылъыр пIэщIэлъу уеджэну нэхъ тыншщ, ауэ апхуэдиз къыпхуэщэхунукъым. Дэ дыщылажьэм дежи, зэпымыууэ доджэ. Сэ згъэунэхуащ мыри: устуденту лъэкIыныгъэшхуэхэр зиIэ дохутырхэм уахыхьа нэужь, укъоуIэбжь. «Мыр дауэ яхуэщIрэ? Дауэ зрагъэса?», — жыбоIэ. ИтIанэ а зызэппщытар пхуэмыгъэкъарууну къыпщыхъункIэ хъунущ. Мис абдежым уи ерыщагъымрэ а IэщIагъэм хууиIэ нэхъуеиншагъэмрэ текIуэн хуейщ, «схуэщIынущ, сыхэзэгъэнущ», — жыпIэн папщIэ. Сэ апхуэдэу сыIэнкуну сыкIуат центрым. Ауэ щIэхыу гупым сыхэзэгъащ. «Уи статьяр къохъулIэрэ? Дэнэ нэбгъэса? ЗыгуэркIэ сэбэп дыхъуну?», — къызэупщIырт си лэжьэгъухэр, сытрагъэгушхуэрт. Мазищ къэс зы щIэныгъэ статья ттхырт, ди лэжьыгъэхэр конференцхэм къыщыдгъэлъагъуэрт. ИкъукIэ сэбэп мэхъу апхуэдэ щIэныгъэ конференцхэр. Куэд къыщыбощIэ, нэгъуэщIхэм я лэжьыгъэхэм укIэлъоплъ, къагъэсэбэп Iэмалхэр зэпыболъыт, щIэуэ къежьа гуэрхэр зыбогъэлъагъу. Ординатурэм сыщыщIэсым Рязань зыбжанэрэ сыкIуащ. Абы дэт университетым хэтщ псэущхьэхэм наркоз иратурэ операцэ щащI къудамэ. Иужьрейуэ, центрым къытхузэригъэпэщат Стокгольм стажировкэ дыкIуэну. Сэ абы си нэ къыхуикIыурэ, ковид узыфэр къэхъейри, ди ежьэнри къызэпиудауэ щытащ.
  • — Дохутырым зы хьэл гуэр хэлъын хуейуэ къыщIэкIынущ  адрейхэм  яхэмылъу…
  • — Шынэ пхэлъ хъунукъым, Iуэхум утегушхуэфу ущытын хуейщ дохутыру улэжьэн папщIэ, псом хуэмыдэу ар хирургием ехьэлIамэ. Псалъэм щхьэкIэ, операцэ щыпщIынум деж, абы пыщIа жэуаплыныгъэр зыхэпщIэн хуейщ гурэ псэкIэ. Мыри жысIэнут: дохутыр IэщIагъэр къыхэпхамэ, ахъшэм нэхъ мащIэу, лэжьыгъэм нэхъыбэу уегупсысын хуей мэхъу. НэгъуэщIу жыпIэмэ, IэщIагъэм езым укъыхихауэ щытыпхъэщ.
  • — IэщIагъэм теухуауэ адэкIэ сыт уи мурад?
  • — Гъатхэ дызыхуэкIуэм си кандидат диссертацэр Москва щыпхызгъэкIынырщ зэкIэ си мурад нэхъыщхьэр.
  •  
  • Епсэлъар  Гугъуэт Заремэщ.