Краснодаррэ Налшыкрэ щеджэну къокIуэ
2021-09-14
- ФокIадэм и 12-м я адэжь щIыналъэм къеблэгъэжащ ныбжьыщIэ гупышхуэ. КъэкIуэжахэм гуапэу япежьащ, я еджэн Iуэхур хэкум щызэтеублэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу ин яхуэхъуа, Краснодар щыIэ Адыгэ хасэм и тхьэмадэ Сэхъут Аскэр. Абы къызэрыджиIамкIэ, ныбжьыщIэхэр Сирием къикlащ, Краснодар щеджэнущ. Куэд мыщIэуи апхуэдэ зы гуп Налшык къэкIуэнущ.
- Я адэжь лъахэм щIэныгъэ щызэрагъэгъуэтыну сабийхэр къызэрыкIуэфар я фIыщIэщ Тыркум, Европэм и къэралхэм, Израилым, США-м, Канадэм, Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм. Иджы япэу хамэ щIыпIэхэм ящыщ адыгэхэр езыр-езыру зэхыхьэщ, Сирием щыпсэу адыгэ ныбжьыщIэхэр зауэм къыхашри, Кавказым щеджэну къагъэкIуащ, псапащIэ Iуэху зэрахуэу.
- Мы проектыр, шэч хэмылъу, зытеухуар Сирием щыпсэу адыгэ щIэблэм Урысейм щIэныгъэ нэхъыщхьэ щегъэгъуэтынырщ, ауэ дэ дыщогугъ ахэр я хэкужьым дихьэхыу, щыпсэуну къинэжыну, унагъуэ щыхъужыну.
- Студентхэр Кубань къэрал университетым, Кубань къэрал мэкъумэш академием, нэгъуэщI еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэтIысхьэнущ. Абыхэм къыхаха IэщIагъэхэм ящыщщ ухуэныгъэ, архитектурэ, техникэм епхахэр, псэущхьэхэм еlэзэн, бзэр джын, спортым, щэнхабзэм ехьэлIахэр.
- КъэкIуэжахэм яхэтщ Сириемрэ Ливиемрэ дзюдомкlэ я чемпион Гъыш Яхья. ЩIалэм и зэфIэкIхэм иджы Краснодар щыхигъэхъуэнущ, абы щыпсэу спортсмен цIэрыIуэхэм ягъэсэнущ. Пэжщ, езыр зыхуеяр нэгъуэщIщ. — Адыгей къэрал университетым СпортымкIэ и институтым щеджэну и хъуэпсапIэт, ауэ абы ит еджапIэхэм Сирием къикlыжа студентхэр къызэрамыщтэм къыхэкIкIэ, къехъулIакъым. АКъУ-м щхьэусыгъуэ ищIар хамэ къэрал къикIахэр щыпсэун общежитие зэримыIэрщ. Мейкъуапэ къэрал технологие университетри студентхэм я тхылъхэм хэплъэххакъым, къащтэн щIамыдэм и щхьэусыгъуэр ныбжьыщIэ 30-м къыгурагъэIуэнуи иужь итакъым.
- Аскэр зэрыжиIэмкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр жану хэлэжьыхьащ мы Iуэхум. Куэд мыщIэу ди дежи ныбжьыщIэ гупышхуэ къэкIуэнущ, Налшык дэт университетхэмрэ колледжхэмрэ щеджэну.
- Iуэхур къезыгъэжьауэ езыгъэкIуэкI цIыху жумартхэм я цIэр къиIуапхъэщ, ахэр: СтIащ Орфан, Бажэ Нусрэт, Мамхэгъ (Рахъуэ) Йлдыз, Нэгъуей Яшар, Сабэхь Цэй, Нэпсэу Зэчэрий, Файди Барэсбий, Дыгъужь Щамил, Джэтауэ Мэруан, СтIащ Ихьсан, абы и щхьэгъусэ нэмыцэ бзылъхугъэ Доретти, нэгъуэщIхэри. Iуэху дахэр Кавказым щызэфIэхынымкIэ дэIэпыкъуэгъушхуэ хъуащ Краснодар и Адыгэ хасэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щылажьэ «Пэрыт» жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ.
- НэщIэпыджэ Замирэ.