Насыпым и нэщэнэ налыр зи дамыгъэ
2021-09-01
- Тхыдэ гъуэгуанэ купщIафIэ къэзыкIуащ, щIыхьрэ пщIэрэ зыхуащIщ, зыми емыщхь теплъэ дахэ зиIэщ Налшык. 1921 гъэм фокIадэм и 1-м ар хъуащ Къэбэрдей-Балъкъэр автоном областым и къалащхьэ. 1936 гъэм и дыгъэгъазэм и 5-м — КъБАССР-м, иужькIэ, 1991 гъэм — КъБР-м я щыхьэрщ.
- Иджырей тхыдэджхэм къызэралъытэмкIэ, Кавказ къуршышхуэм и жьэгъум щIэлъ мэзылъэ щIыпIэм щежэх псы уэрым и Iуфэм 1724 гъэм къетIысэкIащ пщыхэу Къетыкъуэ Аслъэнбэч, Тэтэрхъан Жамбот, Жанхъуэт Кушыку сымэ я жылэхэр. Иджыпсту Налшык зэрыс щIыпIэр Къетыкъуэпщым и хэщIапIэу щытауэ жаIэ. Ауэ щыхъукIэ, а илъэсым къыщыщIидзащ къалащхьэм и тхыдэм, абы и ухуэныгъэмрэ зыужьыныгъэмрэ.
- Урыс-Кавказ зауэм и лъэхъэнэм Налшык слобода хъуащ, иужькIэ зауэ быдапIэ статусыр Iуахыжри, граждан унафэ щызекIуэ жылэу яубзыхуащ. Слободар къалэ щащIар Жэпуэгъуэ революцэ иныр иухыу Совет властыр щIыпIэм щагъэува нэужьщ. 1921 гъэм, фокIадэм и 1-м, Урысейпсо гъэзэщIакIуэ комитет нэхъыщхьэм унафэ къищтащ Налшык зи къалащхьэ Къэбэрдей автономнэ щIыналъэ яухуэну. Ди щIыналъэм и къалащхьэ хъуа нэужь, Налшык теуващ зыужьыныгъэ махуэм и лъагъуэм. Хэхъуэрт абы дэс цIыхухэм я бжыгъэм, къалэ экономикэм, промышленностым я зэфIэкIым, апхуэдэуи заузэщIырт бгъэдэлъ курорт Iэмалхэм. ЗыIэригъэхьэ ехъулIэныгъэхэм цIэрыIуэ ищIа щIыналъэм щекIуэкI мамыр гъащIэр къызэпиудауэ щытащ 1941 гъэм къэхъея Хэку зауэшхуэм.
- Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр Налшык щыдэса зэман кIэщIым къриубыдэу хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ къалащхьэм и экономикэм. Налшыкдэс мини 9-м щIигъум я псэр ятащ ди къэралым и хуитыныгъэм папщIэ. Хэку зауэшхуэм щызэрахьа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ щхьэкIэ къалэм щыщ цIыхуи 8-м хуагъэфэщауэ щытащ «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэ лъагэр, къалэдэс мини 10-м щIигъум иратащ нэгъуэщI къэрал дамыгъэ лъапIэхэр. МафIае илъэсхэм зэрихьа лIыгъэм папщIэ 1985 гъэм Налшык къыхуагъэфэщауэ щытащ Хэку зауэ орденым и 1-нэ нагъыщэр. УФ-м и Президентым и УнафэкIэ 2010 гъэм Налшык къыфIащащ «Зауэ щIыхьым и къалэ» цIэ лъапIэри.
- Совет Союзым и лъэхъэнэм Налшык цIэрыIуэ хъуауэ щытащ бгъэдэлъа промышленнэ зэфIэкIымкIэ. ЗыгъэпсэхупIэ щIыпIэу зэрыщытым къыдэкIуэу, ди къалащхьэм зыщаужьауэ щытащ электроникэ, машинэ ухуэныгъэ, металлургие IэнатIэхэм.
- ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 90 гъэхэм къэралым щекIуэкIа зэхъуэкIыныгъэ ткIийхэми пхыкIыфащ къалащхьэр. Нобэ ар зыужьыныгъэмрэ зыузэщIыныгъэмрэ я гъуэгум ирикIуэ, гъа- щIэм и лъэныкъуэ куэдкIэ зэфIэкI лъагэхэр зыбгъэдэлъ жылэ Iума-хуэщ. Къалэм и унафэм щIэтщ абы къедза жылэхэу Белая Речкэ, Кэнжэ, Хьэсэней, Iэдииху. Абыхэми заужь, заукъуэдий, экономикэ, щэнхабзэ, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IуэхущIапIэхэр къыщызэIуах. Социальнэ мыхьэнэ зиIэ ухуэныгъэ инхэр щызэфIах Налшык. Абыхэм ящыщщ школыщIэхэр, щэнхабзэ IэнатIэщIэхэр, транспорт линиещIэхэр, дин IуэхущIапIэхэр, нэгъуэщIхэри. Нэгъабэ къызэIуахащ еджакIуэ 1224-рэ зыщIэхуэ, метр зэбгъузэнатIэ мин 26-рэ зыубыд, егъэджэныгъэ-гъэсэсныгъэм сыт и лъэныкъуэкIи хуэщIа курыт школ №33-р. Гъэсэныгъэ екIурэ ку-рыт щIэныгъэрэ зыгъуэта ныбжьыщIэхэм я зэфIэкIхэм щыхагъахъуэ Налшык дэт еджапIэ нэхъыщхьэхэм. Апхуэдэхэщ зи къэхутэныгъэхэмкIэ къэралым, хамэ щIыпIэхэм цIэрыIуэ щыхъуа ди щIэныгъэ IэнатIэхэу Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университе-тыр, КIуэкIуэ Валерий и цIэр зыфIа-ща Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетыр, Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и институтыр, Бгы лъагэ геофизикэ институтыр, Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и щIэныгъэ институтыр, нэгъуэщIхэри.
- Къалэм щаухуэ Театрхэм я Уардэунэ. Налшык и зыгъэпсэхупIэ щIыпIэхэм щыIэ кIапсэ гъуэгухэр зэрагъэпэщыж, ирагъэфIакIуэ. Абыхэм цIыхухэр дашынущ къалащхьэм къыщхьэщыт Iуащхьэ лъагэхэм я щыгум.
- Къалащхьэм игъуэт социально-экономикэ зыужьыныгъэр иужьрей лъэхъэнэм нэрылъагъущ. Промышленностым, ухуэныгъэм, сату, транспорт IэнатIэхэм къыщалэжь мылъкум хэпщIыкIыу хэхъуащ. Хуабжьу заубгъуащ сотовэ связым и IэнатIэхэм, цIыхухэм я гъащIэр нэхъ тынш ящIу. Социально-экономикэ къару лъэщу къалъытэ къалэм хьэрычэт Iуэхум лъабжьэ быдэ зэрыщигъуэтар. Мы зэманым Налшык щолажьэ хьэрычэтыщIэ IуэхущIапIэ минхэр. Экономикэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщI а IэнатIэм и фIыгъэ куэд хэлъщ Налшык зэрызиужьым.
- Налшык дэтщ дунейпсо мыхьэнэ зиIэ аэропорт. Кхъухьлъатэхэм напIэзыпIэм унагъэсынущ къэралым и щыхьэр Москва, ди Хэкум, хамэ щIыпIэхэм я къалэ зэхуэмыдэхэм. Налшык и курыкупсэм итщ гъущI гъуэгу станцышхуэ. АбыкIэ къалэр пыщIа мэхъу къэралым и нэгъуэщI щIыналъэхэм. Иджыблагъэ къызэIуахащ «Налшык — Ищхъэрэ» автовокзалыщIэ. Ар къызыхуэт щымыIэ ухуэныгъэ инщ, цIыхум я тыншыгъуэ куэд къыщылъытауэ. Апхуэдэ дыдэ вокзалышхуэ щаухуэ Налшык и ипщэ къыдэлъэдапIэми.
- Республикэм къэралыбзэу щыгъэува бзищымкIэ — урысыбзэмкIэ, адыгэбзэмкIэ, балъкъэрыбзэмкIэ — лэжьыгъэр щызэфIах IуэхущIапIэ-хэм. А бзэхэмкIэ Налшык къыщыдокI ин-цIыкIуми газетрэ журналу пщIы бжыгъэхэр. Абыхэм ящыщу нэхъ цIэрыIуэхэщ КъБР-м и Парламентымрэ Правительствэмрэ я газетхэу «Адыгэ псалъэ», «Кабардино-Балкарская правда», «Заман», къэрал газетхэу «Советская молодежь», «Горянка». Къалащхьэм дунейм къыщытехьэ журнали 6-м щыщу щыр сабийхэм папщIэ къыдокI. Налшык щолажьэ «Эльбрус», «Печатный двор», «Котляровхэ» тхылъ тедзапIэхэр, «Тетраграф» полиграф комбинатыр, нэгъуэщI уней тедзапIэхэри.
- Къэралпсо мыхьэнэ зиIэ курорт щIыналъэщ ди къалащхьэр. Абы и зыгъэпсэхупIэхэм нал щIыкIэу къадокIуэкI Iуащхьэ лъагэхэр. Абыхэм ар щахъумэ жьапщэшхуэхэмрэ борэнхэмрэ. ЩхъуантIагъэкIэ, хьэуа къабзэрэ дыгъэ нурымкIэ Тхьэр къыхуэупсащ Налшык и щIыуэпсым.
- Республикэм и къалащхьэм щоп-сэу КъБР-м и цIыхухэм я процент 33-р. Лъэпкъи 100-м щIигъум къахэ-кIа цIыхухэр дэсщ мы зэманым Налшык. Зыщыщ лъэпкъымрэ зэрахьэ динымрэ емылъытауэ, ахэр хущIокъу зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу зэрызэдэпсэуным. Щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэм нэхъри ягъэбыдэ лъэпкъхэм яку дэлъ мамыр зэхущытыкIэр, зым адрейм хуиIэ шыIэныгъэр, пщIэр.
- Дэтхэнэ ехъулIэныгъэми и щIыбагъ къыдэлъщ цIыху гуащIэрэ акъылрэ. Илъэс зэхуэмыдэхэм Налшык и унафэщIу лэжьащ Хъурей Мухьэдин Тыкъуэ и къуэр, Тхьэмокъуэ Хьэжмусэ Къасым и къуэр, Шэру Мухьэмэд ХъуатIэ и къуэр, ГъукIэпщ Мусэрбий Мухьэмэд и къуэр, Дыду Владимир Зырамыку и къуэр, Лъостэн Георгий Чэлимэт и къуэр, Исмэхьил Алий Исмэхьил и къуэр, Сэхъу Владимир Къасболэт и къуэр, Хъурей Феликс Ахьмэд и къуэр, Сыжажэ Валерэ Хъусен и къуэр, Берд Хьэзрэталий Александр и къуэр, Хьэмгъуокъу Леонид Башир и къуэр, Хьэгъэс Залымджэрий Iэбузед и къуэр, Къуэдзокъуэ Мухьэмэд Мартин и къуэр, Алэкъей Арсен Михаил и къуэр. Иджыпсту Налшык къалэ администрацэм и унафэщIщ Ахъуэхъу Таймураз. Зи цIэ къитIуа дэтхэнэми и гъащIэм, и лэжьыгъэм, Iуэху зехьэкIэмрэ хэлъэтымрэ, шэч хэмылъу, къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ къалащхьэм и тхыдэмрэ абы игъуэта зыужьыныгъэмрэ. Республикэм, къалэм я унафэщIхэм гулъытэшхуэ хуащI Налшык европей псэукIэ мардэм тет щыхьэр екIу хъуным.
- «Насыпым и къалэ», — апхуэдэу Налшык еджэхэр мащIэкъым. Насыпым и нэщэнэ налыр зи дамыгъэ жылэм адэкIи зиузэщIыну, гъащIэм и сыт хуэдэ лъэныкъуэкIи ехъулIэныгъэщIэхэр зыIэригъэхьэну ди гуапэщ.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.
- Налшык
- Мывэшхуэр и лъэгущи,
- ЗеIуантIэр утхэжу,
- БгъуэщIитIым и жыгхэр
- Тожьауэр абджыфэм.
- Уэсыбгым и псынэм
- Салъкъыныр къыпхехур,
- Пшэху цIыкIухэр уи дежым
- IэфIыпсу щопсэхур.
- Гъэмахуэщ, ткIуэпс щIыIэр
- Теутхэ а цIыкIухэм,
- Дожейхэр а цIыкIухэр
- Уи бзухэм я усэм.
- Къуэшыхьыр уи кхъуафэщ,
- Iуфитыр пщIащэбэщ,
- Уи щIыфэм и теплъэр
- Сабынуэ тхъурымбэщ.
- Сыт кIытэу уэ пхэлъыр, —
- Псы быбхэр къыщIопщIыр,
- ХьэщIэбэу бгъэджэгухэм
- Сыт фадэу хафыкIыр.
- КъызжыIэт уи щэхур,
- Си тIасэу псэ гуапэ,
- Уэ пхэлъыр зищIысыр –
- Удыгъэу, нэфIэщIу.
- Уэ пхуэдэ псы хьэхукъэ
- Зи ныбэм уикIыжыр,
- Мыл жауэ зи ткIуэпскIэ
- Псы нэхур узыщIыр?
- Уи бгъуэщIым щыхохъуэр
- Си хэкум и гупсэр,
- Насыпыр абыхэм
- ЯщIыгъуу щIоIэтэр.
- Епэрыр уи мэзхэм
- Акъужьым къыхехыр,
- ХьэщIакIуэ пхуэкIуахэм
- Бзум усэр пхуагъэпсыр.
- ПIалъэншэу жеиныр
- КъыщыскIэ си дежым,
- СхуегъэщIыт сэ си пIэр
- Уи бгъуэщIым и нэпкъым.
- ЩОДЖЭНЦIЫКIУ Алий .