ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Гъуэгу  захуэм ирокIуэ

2021-09-01

  • Нобэ догъэлъапIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и тхыдэм мыхьэнэшхуэ щызиIэ махуэшхуэ — ар къызэрыунэхурэ илъэси 100 ирокъу. Зауэмрэ мамырыгъэмрэ, зэкъуэшыгъэмрэ щхьэхуитыныгъэмрэ я мыхьэнэр фIыуэ къызыгурыIуэу щыта ди адэжьхэм къыхаха а гъуэгур нобэ диIэ псэукIэм и лъабжьэ быдэ хъуащ.

  • Адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ Бгырыс автоном республикэм щыхэтам къыщыщIедзэ а гъуэгум. Властыр зэрыубзыхуар зигу иримыхь лъэпкъитIым ящыщу адыгэхэм япэу къагъэлъэгъуащ я мыарэзыныгъэр. Къэбэрдей большевикхэм я Iэтащхьэ Къалмыкъ БетIал я пашэу, адыгэхэм къагъэуващ Бгырыс автоном республикэм къыхэкIыжыным и Iуэхур. Ар ядиIыгъащ а зэманым Налшык зыщызыгъэпсэхуа Сталин Иосиф.
  • Апхуэдэ щIыкIэкIэ 1921 гъэм фокIадэм и 1-м РСФСР-м и ВЦИК-м и декреткIэ Къэбэрдей автоном областыр къызэрагъэпэщащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым и мазаем апхуэдэ дыдэу балъкъэрхэри зи гугъу тщIы республикэм къыхэкIыжащ икIи ди щIыналъэр Къэбэрдей-Балъкъэр автоном область хъуащ, я къалащхьэри я дамыгъэри зыуэ.
  • Тхыдэм къигъэлъэгъуащ дяпэ итахэм яча лъэбакъуэм мыхьэнэшхуэ иIэу зэрыщытар. Щхьэхуэ хъуа щIыналъэр зыужьыныгъэм и гъуэгум лъэщу теуващ. Ди областым, 1936 гъэм и ужькIэ республикэ хъуам, щаухуащ Кавказ Ищхъэрэ псом къыпэхъун имыт IуэхущIапIэ инхэр — Налшык лы комбинатыр, чырбыш заводыр, нэгъуэщIхэри. Социалист ухуэныгъэм къыщихьа ехъулIэныгъэшхуэхэм я фIыгъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр автоном областым 1931 гъэм Ленин орденыр япэу къратащ, 1957 гъэм етIуанэу къыхуагъэфэщащ а дамыгъэ лъапIэр. Псом нэхърэ нэхъыщхьэр адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ езыхэм я хабзэубзыху, гъэзэщIакIуэ органхэр зиIэ къэралыгъуэ зэрыхъуарщ.
  • Куэд хъурт а лъэхъэнэм лъэпкъитIым Iэмалу къахукъуэкIар. Зэман кIэщIым къриубыдэу ди япэ итахэм яхузэфIэкIащ щIэныгъэншагъэр ягъэкIуэдыну. АдыгэбзэкIэ дунейм къытехьэу хуежьащ тхылъхэмрэ газетхэмрэ. Дуней псом адыгэу тетыр зыгъэгушхуэ «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблыр къэунэхуащ, Бахъсэн ГЭС-р яухуащ. ЕужьэрэкIыу зызыужь лъахэр иджы КъБАССР-у зэрахъуэкIащ, абы къыхэкIыуи и хуитыныгъэхэр нэхъыбэ хъуащ.
  • Апхуэдэу екIуэкIыурэ, къэралым къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэм япкъ иткIэ, 1991 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэрал суверенитетым и декларацэр къащтащ икIи ди хэкур Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэ хъуащ. 1997 гъэм КъБР-м и Конституцэр щIэуэ къащтащ икIи абы, зыужьыныгъэм и демократие гъуэгур къыхахри, Урысей Федерацэ зэкъуэтым хэту, зыужьыныгъэр я плъапIэу псэуну зэрамурадыр щIигъэбыдащ. Сыт и лъэныкъуэкIи зэпэлъыта къэрал лъэпкъ политикэ егъэкIуэкIынращ Къэбэрдей-Балъкъэрыр зытетыр.
  • Нобэ зи нып, гимн, Конституцэ, Iэтащхьэ, Парламент, Правительствэ зиIэж ди лъахэ дахэр Урысей Федерацэм и субъект нэхъыфIу зызыужьхэм ящыщу къогъуэгурыкIуэ. Ди республикэ унафэщIхэр хущIокъу цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным, медицинэ IэнатIэм зегъэужьыным, хьэрычэтыщIэхэмрэ IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ зэрадэIэпыкъун мылъку къахузэщIэгъэуIуэным, лъэпкъхэм я хабзэмрэ лIэщIыгъуэкIэрэ къадэгъуэгурыкIуэ зэхэтыкIэ екIумрэ хъумэным, проектышхуэхэр гъэзэщIэным. 
  • НэщIэпыджэ Замирэ.