ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЛъэхъэнэщIэм къитIасэу

2021-09-01

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэу совет властым къыдэунэхуар зэтегъэувэным хуэунэтIауэ лэжьыгъэшхуэ зэфIагъэкIащ Къалмыкъ БетIал, Энеев Магомед, Къатхъэн Назир сымэ зи пашэ ди лъахэгъухэм. Абы къыдэкIуэуи, политикэ, экономикэ, социальнэ, щэнхабзэ я лъэныкъуэкIэ ди щIыналъэм хъарзынэу зиужьащ, зэман кIэщIым къриубыдэу индустриально-мэкъумэш область, къыкIэлъыкIуэу конституцэкIэ щIэгъэбыда автоном республикэ хъуащ.

  • Ди щIыналъэм и тхыдэм увыпIэшхуэ щызыубыд лъэхъэнэщ 30 гъэхэр. А зэманым ди республикэм и мэкъумэш IэнатIэхэм зэдэууэ заужьырт, зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэр щызэщIэплъэрт. Къэбэрдей-Балъкъэрыр лэжьэкIэ пэ-рытым и еджапIэ хъуат. Колхозхэтхэм я япэ союзпсо съездым ди щIыналъэм и цIэр къэрал псом щыпашэ областихым языхэзу къыщраIуат. 1934 гъэм Ленин орденыр япэ дыдэу зратахэм дащыщт. А дамыгъэ лъа-пIэр къыпэкIуат колхозхэр зэхэшэнымкIэ диIа ехъулIэныгъэ нэрылъагъухэм. Ди щIыналъэм Iэщыхъуэрэ гъавэгъэкIыу мин 17,7-м щIигъур лэжьыгъэм щыпашэт.
  • 1935 гъэм щэкIуэгъуэм и 4-м Кавказ Ищхъэрэ крайисполкомымрэ ВКП (б)-м и Кавказ Ищхъэрэ крайкомымрэ унафэ къащтауэ щытащ колхоз нэхъыфIхэр ягъэгушхуэну, пэрытхэм я зэфIэкIыр хэIущIыIу ящIы-ну. Ди хозяйствэхэм ящыщу Кировым (Зеикъуэ), Андреевым (Кэнжэ), Къалмыкъым (Шэджэм Ищхъэрэ) я цIэхэр зезыхьэ, «Псыгуэн-су» (Псыгуэнсу), «Ленинцы» (Новэ-Ивановскэ) колхозхэр крайм и ЩIыхь пхъэбгъум иратхат. А илъэс дыдэм и дыгъэгъазэм ди хозяйствэ 27-м къэрал дамыгъэ лъапIэхэр къыхуагъэфэщащ. Абыхэм ящыщу Мысостышхуэ Былэ, колхоз тхьэмадэ Къуий БатIэ, бригадир Яковенкэ Михаил сымэ Ленин орденыр, хозяйствэ унафэщIхэу Блэныхь Темыркъан, Темыржан Хьисэ, бригадирхэу Спивак Михаил, Къарэ Мусэ, КIуащ Мухъ-тар, Къэрмокъуэ Лэкъумэн, Тихоненкэ Пётр, Чурсин Михаил, Гъуэгунокъуэ Хьэжысмел, Царяпин Георгий, УанащIэ Малил, Гуэщей Хьи-сэ, колхоз тхьэмадэм и къуэдзэ Хьэждэгу Къэралхъан, звеноводхэу Проникинэ Аня, ГъукIэжь Хъаний, тракторист КIэмыргуей Хьэмид сымэ орден зэмылIэужьыгъуэхэр къратащ.
  • 1937 гъэм и мазаем республикэм къыIэрохьэ мэкъумэш IэнатIэм щыжы-джэр ди лэжьакIуэ 28-рэ зэрагъэпажэм теухуа хъыбар гуапэ. Абыхэм ящыщ фер-мэ унафэщIхэу Тхьэлыджокъуэ МатIитI (Алътуд), Гъурдыгъуэ Башир (Къэрэгъэш), Джэду Бэчмырзэ (Зэрэгъыж), шыхъуэхэу Шэкэр Мусэ (Шэджэм Ищхъэрэ), Тогъузей Батий (Аргудан), Нэхущ ТIэмашэ (Къулъкъужын Ипщэ), Къэгъэзэж Билал (Жэмтхьэлэ), Настуев Абдулыхь (Балъкъэр Ипщэ) сымэ Ленин орденыр къыхуагъэфэщащ.
  • Индустриализацэм и гъуэгум техьа нэужь, Къэбэрдей-Балъкъэрым и теплъэм къыпхуэмыцIыхужын хуэдизу зихъуэжат. Япэ илъэситхум къриубыдэу предприятэщIэу плIыщIрэ плIырэ ирагъэжьат. Областым и промышленностым псори зэхэту продукцэу къыщIигъэкIым и процент 85,5-р абыхэм хуэзэрт. А лъэхъэнэм Совет Союзым промышленнэ продукцэу щагъэхьэзырым проценти 103,5-кIэ хэхъуамэ, ар Къэбэрдей-Балъкъэрым процент 605,4-рэ щыхъурт. ТIощI-щэщI гъэхэм республикэм щаухуащ Налшык лы комбинатыр, Гидрометаллург, крахмал, Дохъушыкъуей спирт заводхэр, Кавказ Ищхъэрэм щынэхъ ин дыдэ щIакхъуэ комбинатыр, Бахъсэн ГЭС-р, промышленность псынщIэм, ерыскъы промышленностым я IэнатIэхэр. Псори зэхэту а илъэсхэм яутIыпщат предприятэу 778-рэ. Абы-хэм ящыщу 57-р къэралым ейуэ. ЦIыхубэ хозяйствэм хэхъуэу къыIэрыхьэм и процент 70,9-р областым и промышленностым къитырт.
  • «ЩIыхьым и дамыгъэ» орденыр зезыхьэ Налшык машинэ заводыр республикэм и предприятэ нэхъыжь дыдэхэм ящыщщ.    И лъабжьэр щагъэтIылъар 1928 гъэрщ. Заводыр шы-гун щагъавэ къудамэ зыхэт механикэ лъэщапIэт. ЩIыдагъэм зэрелэжь, фIагъышхуэ зиIэ Iэмэпсымэхэр щIынымкIэ лIэщIыгъуэ кIуам и бгъущI гъэ пщIондэ абы СССР-м бжьыпэр щиIыгъащ. Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэрыгушхуэу щыта Тырныауз вольфрам-молибден комбинатым гуащIэдэкI лъагэкIэ гъэнщIа гуимыхуж напэкIуэцIхэр республикэм и тхыдэм хитхащ. ЦIыху мини 6,5-рэ щылажьэ предприятэ лъэрызехьэм IуэхущIапIэ мини 10-м нэблагъэ       а цIуугъэнэхэмкIэ къызэригъэпэщырт. 1934 гъэм лажьэу ирагъэжьауэ щыта комбинатым Совет къэралыгъуэм и промышленностым зегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ  хуищIащ.
  • 1936 гъэм фокIадэм и 20-м яутIыпща Бахъсэн ГЭС-м и япэ гидроагрегатым республикэм и гидроэнергетикэм и тхыдэм увыпIэ нэхъыщхьэ щеубыд. А къэхъукъащIэ гъуэзэджэр Ставрополь краймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я энергетикэ системэм и зыужьыныгъэм и щIэдзапIэт, ди щIыналъэм и социально-экономикэ гъащIэм и Iэна-тIэ псоми къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэ инхэм я лъабжьэт.
  • ПлIыщI гъэхэм я пэщIэдзэм республикэм мылъку хъарзынэ бгъэдэлът, ауэ фашист зэрыпхъуакIуэхэм мамыр гъащIэр къызэпаудащ, ди щIыналъэм къихьэри, псэуалъэхэр, фабрикэхэр, заводхэр зэтракъутащ, сом мелардитIым щIигъу и уасэ хэщIыныгъэ къытхуахьащ. Зауэ нэу-жьым гъащIэм и лъэныкъуэ псоми зыдэдужьы-жащ, мэкъумэшхэкIыу къетхьэлIэр 1941 гъэм къэдлэжьу щытам щIигъуащ, промышленностым зэхъуэкIыныгъэ нэрылъагъухэр къыщыхъуащ.
  • 1946 — 1950 гъэхэм комбинатыщIэхэр, фабрикэщIэхэр яухуащ, Тырныауз вольфрам-молибден къыщIэхыпIэр, Налшык машинэухуэ заводыр, Бахъсэн ГЭС-р, союзпсо мыхьэнэ зиIэ нэгъуэщI предприятэхэр зэрагъэпэщыжащ, пхъэм, ерыскъыхэкIхэм щелэжь IэнатIэхэр къызэIуахащ. Экономикэм и IэнатIэ псоми зэуIуу зрагъэужьын мурадкIэ, 1959-1965 гъэхэм ятещIыхьа илъэсибл пла-ныр къэрал унафэкIэ нэхъ пасэу ягъэхьэзырауэ щытащ. А илъэсхэм республикэм и цIыхубэ хозяйствэм сом мелуан 451,2-рэ халъхьащ. Абы щыщу сом мелуани 190,2-р промышленностымрэ ухуэныгъэмрэ хухахащ, предприятэщIэу тIощI къызэIуахащ. Электротехникэ, приборухуэ, станокухуэ, инструментальнэ промышленностым лъэщу зиужьырт. ХъугъуэфIыгъуэ къыщIэхыпIэщIэу пщыкIуий геологхэм къызэIуахат. 1961 гъэм республикэм газыр къэшэн щIадзат, ди заводхэмрэ фабрикэхэмрэ я IэдакъэщIэкIхэр Совет Союзым и щIыналъэхэм я мызакъуэу, нэгъуэщI къэ-рал плIыщIым щIигъум хурагъашэрт.
  • Ди гъавэгъэкIхэм, Iэщыхъуэхэм, рабочэхэмрэ инженер-техникэ лэжьакIуэхэмрэ я гуащIэ хьэлэлым хуэфащэ пщIэ къыпэкIуащ. Куэдым къэралым и дамыгъэ лъапIэхэр къратащ, цIыху 35-м «Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь» цIэр къыфIащащ.
  • Иужьрей илъэс тIощIым щIигъум зэрыщыту ди къэралым щытыкIэм сыт хуэдэу зыщимыхъуэжами, абы ипэ ита лъэхъэнэ кIыхьым Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэдэпсэу лъэпкъ-хэм къагъэлъэгъуа Iущагъымрэ пэжагъымрэ, къапкърыкIа гупсысэ узыншэмрэ яхэлъа фIэщхъуныгъэмрэ ди щIыналъэм дя-пэкIи и къэкIуэнум хуэщхьэпэнущ, вагъуэ мыужьыхыжу щIэблэм яхуэблэнущ.
  • Дызэрыт лъэхъэнэр къэтщтэнщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэш лэжьыгъэм, Iэщ гъэхъуным зыщаIэтыжынымкIэ, зэрыщытам ефIэкIыжу зыщаужьыжынымкIэ хэкIыпIэ узыншэхэр щыдиIэщ. Абы-кIэ шэсыпIэщ дунейм и щытыкIэр нэхъ зэгъыу зэрыщекIуэкIри, щхьэзакъуэ, дзей зэдэлэжьэкIэм тет фермер хозяйствэхэм зэрыщыхэхъуэри. Иужьрей илъэсхэм дриплъэжмэ, гъавэгъэкIхэм нэхъ зратащ ди губгъуэхэм гуэдзыр, нартыху гибрид лъэпкъыгъуэхэр щыхэсэным, хадэхэкIхэмрэ пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ егугъуу къыщыгъэкIыным. Зэрыщыту къатщтэмэ, Iэщ гъэхъунымрэ джэдкъаз           зехуэнымрэ пэрытхэми я Iуэхухэр ефIакIуэ зэ-пытщ…
  • ЛУЦЭ  СулътIан.