Дзэ-Куржы гъуэгу цIэрыIуэмкIэ
2021-07-27
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и тафэ лъэныкъуэмкIэ уикIыу ищхъэрэкIэ укъыщыхуэплъэкIэ, къуршыщхьэхэм кIэраупсея пкIэлъей абрагъуэм и теувапIэхэм ещхьу, зыр адрейм елъэгэкIыу къэлъагъуэ Мэзылъэ, ХъупIэ, Къырылъэ, Гуэдзэн шытххэр Осетие Ищхъэрэм и щIыналъэм, адрей хэгъэгухэм зэрыхуэбгъэдэн щымыIэу, гъунэгъу дыдэ щызэхуохъу, ауэ, абы къыдэкIуэуи, тыншу зэхыбоцIыхукI.
- Владикавказ километр 20 хуэдизкIэ укъыIукIмэ, Ингуш Республикэм и щIыгум гъунэгъу дыдэу убгъэдохьэ. А лъэныкъуэмкIэ щыIэ бгыхэр зи къежьапIэ Армхи, езым я щIыналъэмкIэ щезыгъэзых къуршыпс уэр нэхъыщхьэу Ассэ зи фIэщыгъэм хэмылъэдэжу, ТэрчкIэ зыкъегъазэ. Арагъэнущ Дарьял къуэладжэм Ингушымрэ Осетиемрэ я щIы кIапэхэр щIыщызэпыхьэри.
- Къырылъэ шытхыр тIуащIэ лъащIэм лъагэу щыщхьэщыувэ щIыпIэм дызэрикIыу Джейрах лъапэрытым дихьащ. Абдежращ Осетием и жылагъуэ нэхъ пасэу тIысахэм хабжэ Чми къуажэ цIыкIур зэрысыр. Абы и Iэгъуэблагъэм кхъэлъахэжь-чэщанэжьхэр щыкуэдщ.
- … Километр 12 фIэкIа зи мыкIыхьагъ Дарьял къуэладжэм и нэхъ зэвыпIэ дыдэу «къущхьэ жьанэкIэ» узэджэнур Гуэдзэн шытхыр Тэрч и тIуащIэм «щыщхьэпрыбэкъукI» дыдэм ирохьэлIэ. А щIыпIэм дежщ Кавказым и къурш нэхъ дахэ дыдэхэм хабжэ Казбек, уафэгум итым хуэдэу, уардэу къыщыщхьэщылыдыкIыр. Абы адыгэхэр пасэ зэманым СонэбгкIи, Iуащхьэмахуэ ЦIыкIукIи еджэу щытащ. АдэкIэ къуэм удэту тIэкIу удэкIуэтеижмэ, Урысей Федерацэм и Ларс Ипщэ постым ухуэзэнущ. Ар Дарьял жьанэм и дыхьэпIэ дыдэм деж Iутщ.
- КъэралитIым я гъунапкъэр хуозэ Ларс Ипщэ постымрэ Куржым и щIыналъэм хыхьэ Степанцминда (жьымкIэ Казбеги) къуажэмрэ я зэхуакум.
- Дзэ-Куржы гъуэгур здыпхрыкI кIейр къызэрымыкIуэу дахэщ, зыкъызэрызэкъуих и лъэныкъуэкIи телъыджащэщ. Ар щыпхрашар ижь-ижьыж лъандэрэ чэруанакIуэхэр зэрызекIуэу щыта лъагъуэжьымкIэщ. Абы щхьэкIэ осетинхэм «Арвыком» е «Дайраны ком» жаIэ, шэшэнхэм — «Дарий ял», мышкъышхэм (ингушхэм) — «Дярей ол» фIэщыгъэхэрщ нэхъ къагъэсэбэпыр («Дарий гъуэгу» — «Шёлковый путь» мыхьэнэр къикIыу), языныкъуэхэми «Жор (Крестовэ) щхьэдэхыпIэ», «Гъудаур (Гудаурский) сэнтх» фIэщыгъэхэр нэхъ яфIэкъабылщ.
- Гу зылъытапхъэр аращи, зи гугъу тщIы гъуэгум, Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм щхьэдэхыу Куржым и щыхьэрым хуэкIуэм, псори зэхэту километр 208-рэ и кIыхьагъщ. Владикавказ укъыдиша иужькIэ, Тэрч къыздежэхымкIэ егъазэри, Дарьял къущхьэ жьанэм дохьэ, Гуэдзэн шытхыр зэпеупщIри, Тэрч хэхуэж Байдаркэ псы цIыкIум бгъуроувэ, адэкIэ тIэкIу мэкIуатэри, 1824 гъэм къыщыщIэдзауэ «Жор (Крестовэ) щхьэдэхыпIэ» цIэр зезыхьэ, метр 2384-рэ зи лъагагъ Гъудаур сэнтхым йохьэ.
- Зэ еплъыгъуэкIэ мыбдежыр къурш щхьэдэхыпIэу зэрыпщIэн мы дунейм теткъым, лъагапIэхэр апхуэдизкIэ щызэпэжыжьэщ, щызэлъыIукIуэтащи. Абы къыдэкIуэуи, сэнтхыщхьэр сэтей зэфэзэщщ, тафэщ, мыбдежым къыщыщIэж псы къуэпсхэм ящыщу ищхъэрэкIэ езыгъэзыххэри ипщэкIэ езыIуэнтIэкIхэри зэуэ зэхэбгъэкIыну яужь уихьакIэ къомыхъулIэнри хэлъщ, абы щыгъуэми, машинэ псынщIэм уису уздэжэм.
- АтIэми, КъущхьэщIыб КавказымкIэ щежэх Арагви Хужь хэлъэдэж псы къуэпсхэм ящыщ зым сэтей щыгур и къежьапIэщ. АдэкIэ гъуэгур, къуршылъэ жьэгъухэм щIэлъадэ-къыщIэкIыжурэ, зыкъомрэ зыкъыщигъэза иужькIэ, хуэм-хуэмурэ губгъуэшхуэм йохьэ, Мтквари (Кура) псышхуэм и Iуфэм Iуохьэ икIи, ар зэпиупщIа иужькIэ, ижьырабгъу лъэныкъуэр и гъуазэу, Куржым и къалащхьэм, «хуэщхьэхынафэ» щIыкIэу, дохьэ…
- Тхыдэм щыщу
- ЩIыпIэ дахэу зэрыщытым нэмыщI, Тэрч и тIуащIэр тхыдэ щIэинхэмкIи къулейщ. Псалъэм папщIэ, зэвыпIэм километр нэблагъэкIэ узэрыфIэкIыу, метр 60 хуэдизынкIэ гъуэгум щхьэщыIэтыкIауэ, къыр лъагэм и щхьэм тету щыболъагъу пасэ зэманым псэуа Куржы пащтыхь гуащэ Тамарэ и быдапIэу щыта ухуэныгъэ телъыджэр.
- Пасэ зэманым псэуа тхыдэтххэм Дарьял жьанэм и гугъу щащIкIэ, «Сармат куэбжэ» («Sarmat?ĭcae Portae»), «Кавказым и куэбжэ», «Аланхэм я куэбжэ» цIэхэрат къагъэсэбэпыр. Иужьрей фIэщыгъэр дунейм къыщытехьар курыт лIэщIыгъуэхэм я пэщIэдзэрщ. Абдежырщ Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм и зэпрыкIыпIэ нэхъ уардэм икIи цIэрыIуэм аланхэр тепщэу щыщытар.
- Куржы дыхьэпIэр зэгуэр адыгэхэми я IэмыщIэ илъащ. Абы щыхьэт техъуэ тхыгъэ зыбжанэ иужьрей зэманым дунейм къытехьэжащ. А псом я гугъу иджыпсту дымыщIми, ящыщ зым кIэщIу дыкъытеувыIэнщ. Ар XVI лIэщIыгъуэм и кIэхэм Кавказым къыхуеплъэкIын щIэзыдзауэ щыта урыс дзэпщхэм къагъэна тхыгъэщ. АтIэ, мис абы къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, а лъэхъэнэ жыжьэм Дарьял дэкIыпIэм и тепщэу щытар Къэбэрдейм и пщышхуэхэу Талъостэн Щолэхъурэ Джылъахъстэн Алъхъэсрэщ.
- КъыкIэлъыкIуа лIэщIыгъуэхэми Къэбэрдейм и лъэщагъым хэщIакъым, хэхъуа фIэкIа. Апхуэдэу, 1753 гъэм Тифлис къытеуауэ щыта къэжэрхэм япэщIэува дзэр зи унафэ щIэтар Мысостхэ къатепщIыкIыжа Къарэмырзэ Кургъуокъуэщ. Абы дэщIыгъуахэщ пщыхэу Талъостэн Къазий-рэ Джылъахъстэн Къанщокъуэрэ…
- ХЬЭТЫКЪУЭ ЩауапцIэ.