ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ислъамым и нур

2021-07-27

  • Сэджытым фепIэщIэкI
  • Мухьэрэм мазэм и пэщIэдзэм муслъымэн илъэсыщIэ 1443-р къохьэ. Абы ипкъ иткIэ, зи мылъкум сэджыт хэзымытыкIахэр фепIэщIэкI а къалэныр вгъэзэщIэну.

  • Сэджытым ехьэлIа къалэнхэр:
  • Сэджытым теухуауэ Iэят куэд къыщыкIуащ КъурIэн лъапIэм. Абыхэм ящыщщ: «Уэ Iиман къэзыхьахэ, ерыскъы фэттам псапэ хэфщIыкI, гуэныхьыр упшыныж щымыхъу, ныбжьэгъуи къыпщхьэщыжыни щыщымыIэж махуэр къэмыс щIыкIэ».
  • НэгъуэщI Iэятхэм дыкъыщоджэ:
  • «Зи мылъкур Алыхьым папщIэ зыгъэкIуэдыр хуэдэщ щхьэмыжиблу къыхэкIа жылэм, щхьэмыж къэскIэ хьэдзищэ илъу. Алыхьым щхьэж зэрыхуэфащэмкIэ ар хуегъэбагъуэ. Тхьэм псори къызэщIеубыдэ, ещIэ».
  • «Фэ сэджытыр наIуэу вгуэшмэ — ари хъунущ, ауэ щэхуу тхьэмыщкIэм яхуэвгуэшмэ, фэркIэ нэхъыфIщ, ар поув къемызэгъыу фщIам. Тхьэр щыгъуазэщ влэжь псоми».
  • «Алыхьым ахъшэ телъхьэхэр (процентырщ зи гугъу ищIыр) егъэжэщIри, сэджыт зыхатыкIар егъэбагъуэ. Алыхьым илъагъу хъуркъым дэтхэнэ гуэныхьыщIэ джаурри».
  • «ФIыгъуэм зэи унэсынукъым, уи гум къыщIитхъым щыщ умыгъэкIуэдмэ. Фэ сыт вгъэкIуэдми, абы Тхьэр щыгъуазэщ».
  • «Алыхьым къарита фIыгъуэм тегужьеикIахэм къафIремыщI ар абыхэм я дежкIэ фIыуэ. Хьэуэ ар (зытегужьеикIа мылъкур) абыхэм я дежкIэ мыгъуэщ! Ар абыхэм Къемэт махуэм хьэзабу къапщIэхилъхьэжынущ. Алыхьым щIэину къыхуэнэжынущ уафэхэри щIылъэри. Тхьэр щыгъуазэщ фэ фщIэ псоми».
  • «ЕхъулIащ муIминхэр: зи гур къабзэу нэмэз зыщIхэр, псалъэ надэм зыщызыдзейхэр, сэджытыр зытхэр».
  • «Алыхьри и лIыкIуэри фи фIэщ фщIы, фи IэмыщIэ кърилъхьами сэджыт хэвгъэкI. Фэ фщыщу Iиман зиIэу зи мылъкум хэзытыкIхэм псапэшхуэ къахь».
  • Сэджытым ехьэлIауэ хьэдис куэди щыIэщ. Мыри абыхэм ящыщ зыщ: «Зы лIы гуэр бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) еупщIащ: «Уа, Тхьэм и ЛIыкIуэ лъапIэ! Ди Iэдакъэ щIэкIахэм ящыщу сыт хуэдэм нэхъ псапэ пылъ?» Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа бегъымбарым итащ мыпхуэдэ жэуап: «Уузыншэу, уи псэр хъуапсэу, мылъкур уи гум пымыкIыу, абы уэ ухуэныкъуэжынкIэ ушынэу уи Iэдакъэ икIыращ нэхъ псапэ зыпылъри, мис абы пIалъэ къыхыумыгъэкI; псори къурмакъейм къэсу (улIэу утелъу) «мыр мобы лъос, модрейр адрейм лъос» щыжыпIэну зэманым нумыгъэс».
  • Хьэдисым и мыхьэнэр мыращ: уи псэр зэрыхэкIыр къыщыбгурыIуам деж птыр къабыл хъужыркъым, псапи пылъыжкъым.
  • НэгъуэщI хьэдисым мыпхуэдэу къыщыкIуащ: «Нэху къекIа цIыхум мелыIычитI къыщыхуемых махуэ щыIэкъым. А тIум я зым мыпхуэдэу жеIэ: «Я Алыхь, зытригъэкIуэдапхъэм тезыгъэкIуадэхэм я мылъкум бэрычэтыр яхухэлъхьэ». Адрей мелыIычым мыпхуэдэу жеIэ: «Я Алыхь, щысхьым, гужьеям и мылъкум кIуэдыр къыхуэгъакIуэ!»
  • Зэгуэрым Мухьэмэд бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) деж лIитI къэкIуат. Абыхэм языр зэрыфакъырэм къыхэкIыу ЛIыкIуэм хуэтхьэусыхащ. Адрейр гъуэгум къыщытеуэ хъунщIакIуэхэм щхьэкIэ тхьэусыхащ. Бегъымбарыр абыхэм едаIуэри, яжриIащ: «Гъуэгум тет хъунщIакIуэхэр дяпэкIэ мащIэ дыдэрэ фIэкIа къыфтеуэжынукъым. Уеблэмэ, Мэккэ кIуэну чырэр хъумакIуэншэу ежьами, ягъэ мыкIыжу хъунущ. Факъырагъэращи, зэман къыфхуихуэнущ сэдэкъэуэ вгъэкIуэдынур фи Iэм IэщIэлъу, ауэ ар фIызыхын фымыгъуэту. Мис апхуэдэ зэман къыфхуимыхуауэ Къемэт махуэр къэсынукъым. ИтIанэ (Къемэт махуэм) дэтхэнэ зыри, шэч хэмылъу, Алыхьым и пащхьэ фиувэжынущ: фэрэ Алыхьымрэ фи зэхуакум Iупхъуэ дэмылъу, тэрмэши дэмыту. Мис итIанэ Алыхьыр цIыхум еупщIынущ: «Мылъку уэстатэкъэ?» Жэуап къитынущ: «НытIэ, къызэптат». Аргуэру къеупщIынущ: «ЛIыкIуэ ныпхуэзгъэкIуатэкэ?» «НытIэ, къысхуэбгъэкIуат». ЦIыхур ижьымкIэ плъэми, сэмэгумкIэ плъэми, мафIэ фIэкIа илъагъунукъым. Аращи, зы хъурмэ цIыкIу закъуэ фIэкIа фимыIэми сэдэкъэуэ (Тхьэм папщIэ) вгъэкIуэди, мафIэм зыщыфхъумэ. Зы хъурмэ закъуэри фхузэфIэмыкIынумэ, псалъэ гуапэкIэ мафIэм зыщыфхъумэ — ари сэдэкъэщ».
  • Сэджытыр зыхэгъэкIыпхъэ мылъкур:
  • — ахъшэм (лIэужьыгъуэ псоми);
  • — дыщэ-дыжьыным;
  • — Iэщым;
  • — гъавэм.
  • Дыщэм и хьэлъагъыр грамми 100-рэ мискъал 20-рэ мыхъуауэ сэджыт хэкIыркъым. Дыжьыныр грамм 700-м щIигъумэщ сэджыт щыхагъэкIыр.
  • Сэджытыр хэкIын хуейщ ахъшащхьэмрэ абы къищIа хэхъуэмрэ, Iэщхэм, гъавэ къыпхэхъуам. Абы щыгъуэми Iэщышхуэм (хыв лIэужьыгъуэри хеубыдэ) я бжыгъэр 30-м нэсыху сэджыт техуэркъым. Гъавэу къэбгъэкIам сэджыту хуэзэр Iыхьэ пщIанэм и ныкъуэращ.
  • Сэджытыр зэтыпхъэхэр:
  • Сэджытыр зэтыпхъэхэр КъурIэн лъапIэм IупщIу къыщыкIуащ. Мис ахэр:
  1. Факъырэхэр. Апхуэдэу къалъытэр сэджыт зыхитыкIын мардэм нэхърэ нэхъ мащIэ е абы и уасэм нэхърэ нэхъ мащIэ фIэкIа зыбгъэдэмылъхэращ. Мылъку бгъэдэлъу, лэжьапIи Iуту, ауэ а псори и унагъуэр иригъэпсэун папщIэ хурикъу къудейуэ щытмэ, абыхэми сэджытыр епт хъунущ.
  2. Зыри зимыIэхэр (мискинхэр). Абы теухуауэ КъурIэным къыщыкIуащ: «ЩIым хэс тхьэмыщкIэхэр гъэнщIын…». Апхуэдэхэр мылъаIуэмэ, яшхыни щатIэгъэни ягъуэтынукъым. Абыхэм я хуэныкъуэныгъэр факъырэхэм нэхърэ нэхъ Iеижщ. Лэжьэн лъэмыкIмэ, къару бгъэдэмылъмэ, апхуэдэхэр лъаIуэми ягъэ кIынукъым.
  3. Сэджытым елэжьхэр. Сэджытыр къыхэхынымрэ ар зыхуэфащэхэм яхуэгуэшынымрэ елэжь муслъымэнхэм я Iуэху, я лэжьыгъэ къагъэнауэ абы щелэжькIэ, абыхэми епт хъунущ сэджытыр.
  4. Ягухэр диным къыхуэщэбэнымкIэ гугъэ зыхуэпщIхэр.
  5. ПщылIхэр.
  6. ЩIыхуэ зытелъхэр. Ауэ щыхъукIи, мыхъумыщIагъэкIэ, Алыхьым фIэмыфI Iуэхугъуэ илэжьакIэрэ щIыхуэ къызытехуам сэджыт епт хъунукъым. Iуэху щхьэпэ гуэркIэ къигъэсэбэпыну, псалъэм и хьэтыркIэ, и сатукIэ щIыхуэ къытехуауэ щытмэ, абыхэм сэджытыр епт хъунущ.
  7. Алыхьым и гъуэгум тетхэм. Абы къикIыр Тхьэм ифIэфI Iуэхугъуэ зылэжь цIыхур хуэныкъуэмэ, сэджыт етынырщ.
  8. ГъуэгурыкIуэхэр. Гъуэгу теуварэ и унэ нэзыхьэсыжын мылъку къызыхуэмынэжахэращ зи гугъу ищIыр.
  • Уаз
  • Мухьэрэм мазэр къохьэ
  • Муслъымэн махуэрыбжэмкIэ мухьэрэм мазэр гъэм и пэщIэдзэщ — илъэсыщIэр къохьэ. Ар Алыхьым нэхъ лъапIэ дыдэу къигъэщIа мазиплIым ящыщщ. Абы теухуауэ Iэят куэд КъурIэн лъапIэм къыщыкIуащ, хьэдисхэми куэдрэ ущрохьэлIэ.
  • Мухьэрэм мазэ лъапIэм и епщIанэ махуэр IэшрыIщ (мы гъэм шыщхьэуIум (августым) и 18-м тохуэ). Абы и пэ ит махуэмрэ къыкIэлъыкIуэмрэ нэщI пIыгъыныр суннэтщ. Хьэдисым къызэрыщыкIуамкIэ, IэшрыIым и пэ ит махуэм нэщI зыIыгъхэм илъэсым яIэщIэщIа гуэныхьхэр къахуогъу, къищынэмыщIауэ, зы хугу хьэдзэ хуэдиз фIэкIа мыхъуми, а махуэм сэдэкъэ зытам и псапэр Хьудуд бгышхуэм хуэдизу ебж Алыхьым. А махуэм псапэ лэжьыныр, нэщI Iыгъыныр, сабийхэр, Iыхьлыхэр, ныбжьэгъухэр, гъунэгъухэр гъэгуфIэныр, нэхъыбэрэ КъурIэн еджэныр пса- пэщ.
  • IэшрыI махуэ лъапIэм Алыхьым къигъэщIащ махуэхэри, щIылъэри, япэ цIыхури (Iэдэм), абы и щхьэгъусэ Хьэуаи, бгыхэри, мелыIычхэри, жинхэри, вагъуэхэри. Дунейр щыкъутэжынури IэшрыI махуэрщ.
  • Ислъам диным ехьэлIа Iуэхугъуэ телъыджэ куэд къэхъуащ а махуэм. Япэ дыдэу Алыхьым къигъэщIа цIыхум — Iэдэм — и лъэIур къабыл ищIу и гуэныхь щыхуигъэгъуа махуэщ ар. КъищынэмыщIауэ, псыдзэкIэ дунейр щыкъутэжа махуэм Нухь бегъымбарымрэ абы и гъусэу кхъухьым исахэмрэ Алыхьым къихъумащ. Илъэс 950-м щIигъукIэ Нухь цIыхубэр Алыхьым и закъуэныгъэр къалъытэным къыхуриджами, ар къабыл зыщIар цIыху 80 къудейт. Абы щыгъуэм Алыхьыр губжьу псыдзэкIэ дунейр щикъутэжам, Нухьрэ и гъусэхэмрэ кхъухьым къикIыу щIылъэм щытехьэжар IэшрыI махуэущ. ЛIыкIуэ Мусэрэ абы и жыIэр зыгъэзэщIахэмрэ Алыхьым къызэрихъума щIыкIэри телъыджэт: Мусэрэ абы и къуэш Хьэрунрэ Алыхьым Iэмыр ящищIат Фирхьэун джаурым и деж кIуэуэ, Алыхьым и арэзыщIыныгъэм къыхураджэну, Алыхьым фIэкIа Тхьэ зэрыщымыIэр жраIэну. АрщхьэкIэ, Фирхьэун езым Алыхьу зыбжыжырт, цIыхубэм щхьэщэ зыхуригъэщIырт. ЛIыкIуэхэм я къыхуеджэныгъэр зигу иримыхь Фирхьэуным и дзэр иришажьэри, Мусэ и дзэр зэтриукIэн мурад иIэу кIэлъыщIэпхъуат. Абы щыгъуэм Фирхьэун и дзэр цIыху мелуанрэ щиблрэ хъурт. Мусэ и дзэр цIыху мин 600 къудейт зэрыхъур. БзаджащIэр ЛIыкIуэм къыщыкIэлъыщIэпхъуэм, Алыхьым Iэмыр ищIащ Мусэ и башымкIэ хым хэуэну. А Iэмырыр ЛIыкIуэм щигъэзащIэм, Алыхь IэмыркIэ хыр тIууэ зэгуэкIри, ЛIыкIуэм и Iумэтыр лъагъуэм тришащ. Фирхьэун и гугъэт хыр езым щхьэкIэ зэгуэкIауэ. АрщхьэкIэ, хым зызэхуищIыжри, Фирхьэуни и дзэри хым хитхьэлыхьащ. Ар къыщыхъуар IэшрыI махуэущ. Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа Мухьэмэд бегъымбарым и Iумэтри Алыхьым къыщихъума махуэщ IэшрыIыр. А махуэм ЛIыкIуэ лъапIэм зауэшхуэ къращIылIэну щытати, джаурхэм я гум шынэ къызэрихьам ипкъ иткIэ, зауэр яублэфакъым. Хьисэ бегъымбарыр Алыхьым и деж щыдрихьеижари, IэшрыI махуэущ. Жэуап ттыну Алыхьым и пащхьэ дыщиувэжынури IэшрыI махуэущ.
  • Зи гугъу тщIы Iуэхугъуэхэр псори зэпкърыхауэ итщ дин щIэныгъэлI Iимам ас-Суюти и тхылъым.
  • IэшрыI махуэм щхьэкIэ муслъымэнхэм нэщI щIаIыгъым и щхьэусыгъуэр абы и лъапIагъырщ. Зи къарур пэмылъэщхэм, мынэщIыфхэм а махуэм нэщIар хагъэщхьэжмэ, абыхэми псапэ лей хуатхынущ. Абы и щыхьэтщ мы хъыбарыр: Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа Мухьэмэд бегъымбарым и зэманым IэшрыIым и пэ къихуэ махуэм лIыжь гуэр нэщIат. АрщхьэкIэ, зэрыкъулейсызым къыхэкIкIэ зэрыхэщхьэжын иIэтэкъым. Апхуэдэу щыхъум, ар кIуащ сату зыщIу бэзэрым тет зы муслъымэн лIы гуэрым и деж, щIыхуэу зы дыжьын динар къритыну елъэIуну. АрщхьэкIэ, къритакъым. Iуэхур зыIутыр зэхихащ абдеж гъунэгъуу сату щызыщI журт лIым. НэщI зэриIыгъым щхьэкIэ дыщэ динарипщI лIыжьым иритащ журтым.
  • А жэщ дыдэм муслъымэныр епщIыхьащ, фIыгъуэр здэщыIэ жэнэтым дыхьэну щыхуежьэм, бжэр зэхуащIри къыжраIауэ: «Уэрат мы псэупIэр зыпэплъэр. Ауэ абы уэ упыкIащ. Мы псэупIэр зыпэплъэр уи гъунэгъуу сату щызыщI журтыращ».
  • Муслъымэным и нэгу щIэкIа пщIыхьэпIэм щтэIэщтаблэ ищIауэ журтым и деж кIуэри елъэIуащ: «НэщI иса тхьэмыщкIэм епта сэдэкъэм къыпэкIуэ псапэр сэ къызэт, си гъащIэ псом зэхуэсхьэса мылъкур уэстынщ», — жиIэри. Журтым жэуап къитащ: «Алыхьым жимыIэкIэ сэ ныжэбэ слъэгъуа псэупIэр дуней мылъкукIэ къэсхъуэжыну! Сэ ныжэбэ слъэгъуа пщIыхьэпIэм иужькIэ ислъам диныр къэсщтащ!» ТIуми а зы пщIыхьэпIэр я нэгу щIэкIауэ арат.
  • Аращи, умуслъымэн къудейкIэ жэнэтыр къыпхуэлэжьынукъым. Жэнэтым узыхьынур уи Iиманыращ, блэжь псапэращ.
  • Мис апхуэдиз псапэ пылъщ IэшрыIым и пэ къихуэ махуэм нэщIыным.
  • ПщIэну щхьэпэщ
  • ЛIахэм уазэрыхуэлъэIуэн духьэ
  • Алыхьу си Тхьэ! Уэ узэры-Закъуэм, уи лIыкIуэ Мухьэммэду щэлатымрэ сэламымрэ зэхам къихьар зэрыпэжым щыхьэт техъуахэм, ислъам диным тету дунейм ехыжа муслъымэн псоми, хъулъхугъэхэми бзылъхугъэхэми, я гуэныхьхэр къахуэгъэгъу;
  • Алыхьу си Тхьэ! ЩIы ахэр я щыуагъэхэм япэIэщIэ, къухьэпIэр къуэкIыпIэм зэрыпэIэщIэм хуэдэу; Мункэррэ Нэкиррэ я упщIэхэм жэуап иратыфын хуэдэуи закъыщIэгъакъуэ, Хьэрш лъапIэм и тепщэ!
  • Алыхьу си Тхьэ! ФIыуэ ялъагъуу яфIэкIуэдахэм я пIэкIэ уэ яхуэхъу абыхэм я псэм и щIасэ, зи нэIэ къатетын дэIэпыкъуэгъу, хъумакIуэ; фIэщхъуныгъэ зыбгъэдэлъу абыхэм яхуэлъаIуэхэм я духьэхэр зэхэх, жэуап къет; уи гущIэгъум и зэфIэкIкIэ ялъыгъэс абыхэм ехъулIэгъуэрэ насыпрэ;
  • Я Алыхь! Къих ахэр мащэ зэвми унэ хуитхэмрэ сэрейхэмрэ хьы; щидр банэншэхэм, пхъэщхьэмыщхьэм къришэх Iэпэзэкъуэтейхэм (банан къызыпыкIэ жыг), ныбжь укъуэдияхэм, псы ежэххэм япэгъунэгъу щIы;
  • Алыхьу си Тхьэ, яхуэщI абыхэм я нэгухэр дахащэ, я Тхьэм Iуплъэным хуэпIащIэ;
  • Алыхьу си Тхьэ! Къахуэгъэгъу абыхэм, яхудэчых, ящхьэщых! ЯхуэщI я екIуэлIапIэр махуэ, я щIыхьэпIэр хуит; я псэхэр псырэ уэс щIыIэмылкIэ яхуэгъэкъэбзэж; щыгъын хужьым бжьыгъэр зэрибгъэкIыжым хуэдэуи, я щыуагъэхэмрэ я гуэныхьхэмрэ якIэрыхыж;
  • Я Алыхь, яхуэхъуэж абыхэм я унэр нэхъ унэфIкIэ, я Iыхьлыр нэхъ IыхьлыфIкIэ, я кхъэлъахэри нэр здынэплъысым хуэдизкIэ яхуэузэщI; яхуэщI я мащэр жэнэт хадэхэм яз; жыхьэнмэ мащэхэм яз, ди Тхьэ, яхуумыщI; я Iыхьлыхэм тэмакъкIыхьагъ къети, я гуауэр IэтыгъуафIэ ящыщI;
  • Алыхьу си Тхьэ! КъахуэщIыж абыхэм дунейм щашэчам къыпэкIуэн тыгъэ, къащыщIа псори нэхъыфIкIэ яхуэхъуэж;
  • Я Алыхь! ФIым хуэерыщу щытахэмэ, тхухэгъахъуэ абыхэми дэри ди фIым; Iейм хуэерыщу щытамэ, абыхэми дэри Iейуэ тIэщIэщIар къытхуэгъэгъу;
  • Я Алыхь, я тхылъыр я Iэ ижьым къыIэщIегъэлъхьэж, я IуэхущIафэхэр хьисэп тыншкIэ къегъэпщытэж; яхуэщI ятелъ щIыр щабэ, жэуапым я нэхъыфIыр къаIурылъхьэ; я мащэр нэхурэ хуит, я хэщIапIэр махуэ яхуэщIи, жэнэтыр псэупIэрэ екIуэлIэжыпIэу къалъыгъэс.
  • Я Алыхь, игъапсэ абыхэм я мащэм нэхурэ нуррэ; хуитыныгъэрэ гуфIэгъуэкIэ гъэнщI; езыхэри шэхьид хъуарэ насыпыфIэу кхъэм щIэлъынухэм ящыщ щIы; дэри абыхэм дащыIубгъэщIэжкIэ гущIэгъу къытхуэщI.
  • Уи гущIэгъум и хьэтыркIэ, уа дунейхэм я Тхьэ!
  • Алыхьым и сэламыр къылъыус ди тепщэу Мухьэммэд, абы и Iыхьлымрэ и щэхьабэхэмрэ псоми.
  • УпщIэхэмрэ   жэуапхэмрэ
  • — Хьэм и Iупсымрэ и бахъэмрэ андезыр якъутэрэ?
  • — Ислъам диным къигъэув мардэхэмкIэ, хьэр пщIантIэхъумэу, е былымхэр ихъумэну зепхуэ хъунущ. Ауэ ар унэм щIэбгъэс хъунукъым. Сыту жыпIэмэ, хьэм и Iупсыр нэджэсу (фIейуэ) ебж. Хьэм и Iупсыр зылъэIэса щыгъынри хьэкъущыкъури блэ тхьэщIыжын хуейщ. Апхуэдэхэр зэ птхьэщIкIэ нэджасэр кIэрыкIыркъым, блэ зэкIэлъыпыту тхьэщIыпхъэщ.
  • Абы теухуауэ хьэдисым къыщыкIуащ: «Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа ЛIыкIуэ лъапIэм жиIащ: «Хьэм и Iупсыр зылъэIэса щыгъыныр е хьэкъущыкъур блэ тхьэщIын хуейщ, а блэм щыщу япэ тхьэщIыгъуэр е иужьрей тхьэщIыгъуэр щIыкIэ (ятIэкIэ) тхьэщIыпхъэщ». «ЩIыкIэ» щIыжиIэм и щхьэусыгъуэр зыщ: щIым микробыр еукI.
  • Иджырей дохутыр щIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, хьэм и шхалъэм маркуэ лIэужьыгъуэ (ленточный червь) жыхуиIэм хуэдэ ирещIэ. Ар, дауи, узыфэ зэрыцIалэщ. А маркуэ лIэужьыгъуэр хьэм къыпкърыкIыу, абы и Iупсыр зылъэIэса цIыхум пкърымыхьэнкIэ Iэмал иIэкъым. Зи гугъу тщIы маркуэ лIэужьыгъуэр лъым хэту Iэпкълъэпкъым къыщекIухь, ар щхьэ куцIми нос, аращи, узыфэ куэд къыхокI.
  • — ЦIыхур къэжьа нэужь андезыр къутэрэ?
  • — ЦIыхур езыр хуейуэ зыкъигъэжьмэ, андезыр мэкъутэ, ауэ, езыр хуэмейуэ къэжьакIэ къутэркъым.
  • — Ахъшэ щIыхуэ птыным псапи гуэныхьи пылъу зэхыдох. Дауэ абы и Iуэхур зэрыщытыр?
  • — Пэжщ. А Iуэхугъуэм жэнэтри жыхьэнмэри къуигъэлэжьыфынущ.
  • ЩIыхуэ къэпщтэныр Алыхьым игъэхьэрэмакъым. ЦIыху гузавэм щIыхуэ ептрэ и гузэвэгъуэр дэбгъэкIмэ, абы къыпэкIуэну псапэр гъунапкъэншэщ. Абы теухуауэ хьэдисым къыщыкIуащ: «ЦIыху гузавэм и гузэвэгъуэр щхьэщызыхым Къемэт махуэм гузэвэгъуэ илъагъунукъым».
  • НэгъуэщI хьэдисым къыщыкIуащ Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа ЛIыкIуэ лъапIэм жиIауэ: «Си псэр зи IэмыщIэ илъ Алыхьым и цIэкIэ соIуэ щIыхуэ зытелъу дунейм ехыжам жэнэтыр имылъагъункIэ!».
  • Мы хьэдисым и мыхьэнэр мыращ: ЩIыхуэ зытелъу дунейм ехыжар жэнэтым кIуэнукъым, ауэ щыхъукIи, ар итыжыну хущIэкъуу, хунэмысамэ, абы и Iуэхур щхьэхуэщ. Апхуэдэхэм къахуэгъунущ. ЩIыхуэр итыжыфыну, ауэ къыфIэмыIуэхуу, «нобэ сотыж», «пщэдей сотыж» жиIэурэ IэщIыб зыщIращ зи гугъу ищIыр. Iэмал зэрыбгъуэту, псом япэ птыжын хуейщ щIыхуэ къэпщтар. Аращи, гузавэм щIыхуэ ептрэ и гузэвэгъуэр дэбгъэкIмэ, абы псапэшхуэ пылъщ, жэнэтри къуигъэлэжьынущ. КъищынэмыщIауэ, жыхьэнмэр къуигъэлэжьынущ щIыхуэр телъхьэ къыпэкIуэу птымэ (процент телъу жиIэу аращ), ар гуэныхьышхуэхэм ящыщщ. Абы теухуауэ Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа Мухьэмэд бегъымбарым жиIащ: «Нэхъ гуэныхь ин дыдэу 7-м защыфхъумэ». Абы еупщIахэщ: «Уа, ЛIыкIуэ лъапIэ, сыт хуэдэхэра?» Бегъымбарым жэуап къаритащ: «ТхьэнэпцIхэм яхуэпщылIыным, хьэпэщыпхэ щIыным, цIыху укIыным, проценткIэ ахъшэ щIыхуэ тыным, сабий зеиншэм и мылъкур яфIэшхыным, цIыхубзхэм якIэрымылъ якIэрылъхьэным, ебгъэрыкIуэныгъэ махуэм къикIуэтыным».
  • КъурIэн лъапIэм къыщыкIуащ: «Ахъшэ телъхьэм къилэжьыр зышххэр Къемэт махуэм шейтIаным хуэдэу къэтэджыжынущ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абыхэм жаIащ процентыр сатум хуэдэу. Ауэ Алыхьым сатур хьэлэл ищIащ, телъхьэ къыпэкIуэу ахъшэ тыныр игъэхьэрэмащ. Ахэр щIегъуэжрэ, тобэ къахьыжмэ, я гуэныхьыр къахуэгъунщ, ауэ къытрагъэзэжмэ, жыхьэнмэ мафIэр я шхыныгъуэнщ. Апхуэдэхэр мафIэ губжьам зэи къыхэкIынукъым. Процентыр Тхьэм егъэкIуэд, сэдэкъэр егъэбагъуэ. Алыхьым и нейр щыхуащ проценткIэ ахъшэ щIыхуэ зытхэм».
  •  
  •  Мэжджыт цIэрыIуэхэр
  • Дунейм щынэхъ лъапIэу къалъытэ
  • «Мэсджидуль нэбэуия» — аращ и фIэщыгъэр Сауд Хьэрыпым щыIэ Мединэ къалэм дэт, Бегъымбар лъапIэм и мэжджытым. Абы хыхьэ Унащхьэ удзыфэм и лъабжьэр Алыхьым и лIыкIуэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам и кхъэлэгъунэщ.
  • Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, мэжджытыр езы Мухьэмэд бегъымбару щэлатымрэ сэламымрэ зэхам иухуащ.
  • Мэжджытым и япэ ухуэныгъэр чыцIыбжьей (пальма) къудамэхэмкIэ щIэуфа, IущIыхь зыIут ухуэныгъэ къызэрыкIуэу щытащ, и кум КъурIэн лъапIэм щеджэ лъагапIэр къыщыхэгъэщауэ.
  • Бегъымбар лъапIэм и кхъэлэгъунэмрэ ар хъутIбэ къыщеджэкIэ зытета лъагапIэмрэ я зэхуакум «Жэнэт хадэкIэ» йоджэ. Нобэрей мэжджытым и ухуэныгъэм и курыкупсэм хуозэ зи гугъу тщIы а щIыпIэ лъапIэр. ХьэжыщIхэми дунейм тет муслъымэн псоми абы нэхърэ нэхъ щIыпIэ лъапIэ дунейм темыту къалъытэ.