Шапсыгъ зекIуэр и кIэм ноблагъэ
2021-07-27
- Хы Iуфэм Iус Шапсыгъ щIыналъэм зыщызыубгъуа адыгэ къуажэ 12-р зэлъагъэIэсын мурадкIэ бадзэуэгъуэм и 21-м гъуэгу техьа Шу зекIуэр и кIэм нэблэгъащ.
- Хы ФIыцIэм и Iуфэм Iус шапсыгъ къуажэ зыбжанэм язщ бадзэуэгъуэм и 20-м, Къурмэн хьид махуэшхуэм ирихьэлIэу, Шапсыгъ зекIуэм хэтыну щIалэхэр щызэхуэса ШахэкIей ЦIыкIур.
- Дунейм ехыжахэм пщIэ лей щалъыс махуэ лъапIэхэм кхъэлъахэ къудей зымыгъуэтыжа, хы ФIыцIэмрэ абы и Iуфэмрэ гъеижыпIэу къытхуэзыгъэна тхьэмыщкIэхэм я хьэтырырт езышэжьар мыгъэрей «Шагъдий вагъуэбэр». БлэкIам хуэфэщэн гулъытэ езытырщ нобэм и Iэмалхэр зыIэщIэмыкIыр. Iэуэлъауи зэрыгъэкIии хэмыту, зэгурыIуэ, зэпIэзэрытыгъэ, бэшэчагъ хэлъу лъэпкъ Iуэху зэрыпхузехьэнум и щапхъэ хъуащ мы махуэхэм дэнэ лъэныкъуэкIи къиплъ адыгэгур зыIэта Шапсыгъ зекIуэр.
- Тхыдэм къыхэувыкIа нэхъей, гъэмахуэ шылэм зэрежьэм щхьэкIэ къэмынэу, фащэ-щIакIуэкIэ узэдарэ я шу пашэр (Гуэщокъуэ Абдул-Бакъий) пщIэгъуалэм тесу гъуэгу техьахэт щымыIэжу жыхуаIа адыгэлIхэр. Япэ сатырхэм дыщэпскIэ къэдыхьа адыгэ ныпымрэ Шу хасэм и ныпымрэ зыIыгъ щIалэхэр хэтщ. Абыхэм къакIэлъокIуэ Шапсыгъ нып дэбзыкIар. Гупым зыщуплъыхьмэ, зи лъэпкъ бэракъыр зыIэщIэлъ абазэ щIалэхэми гу ялъыботэ.
- «Абазэу цIыхуиплI дыхэтщ мы зекIуэм, — гуфIэр и нэгум кърихыу мэпсалъэ КъШР-м щыщ Къубинэ къуажэм щыщ Лъагъуч Ислъам. — Гъуэгуанэм тыншкIэ уеджэнкъым: гъуэгур мывалъэщ, задэщ, цIыхури шыри хигъэзыхьу апхуэдэщ. Ауэ хэт абы щхьэкIэ къикIуэтынур?».
- Шухэр япэу зыдыхьа Тхьэгъэпщ къуажэр Сочэ пэгъунэгъущ. ЗэрыжаIэмкIэ, абы нобэми дэтщ Урыс-Кавказ зауэр зылъэгъуа мэжджытыжьыр. ШахэкIей ЦIыкIурэ Тхьэгъэпщрэ я зэхуаку дэлъ гъуэгуанэр зыхуэдэм щыгъуазэ дещI Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа щIалэхэм яз Iэщыж Залымхъан. «Нобэ бгылъэ защIэу километр 65-рэ зэпытчыну къытпэщылъщ», — щыжеIэ щIалэм Адыгэ Республикэм и телевиденэм ирита интервью кIэщIым. Псори зэхэту километри 150-м щIигъу якIуну я мурадщ.
- Тхьэгъэпщ къыкIэлъыкIуащ зекIуэлIхэм жэщ щраха Хьэджыкъуэ къуажэр. ЦIыкIуи ини уэрамым къызэрыдэхауэ, тIурытI-щырыщу зэбгъурыту къуажэ уэрам зэвым ирикIуэ шухэм хьэджыкъуэдэсхэр гуапэу къапежьа къудейкъым, я зэхуэзэр нэхъ гукъинэж хъун папщIэ, Iэнэ берычэтхэр хуаузэда нэужь, къафэ-уэрэдхэмкIэ я нэгу зрагъэужьащ.
- ЗекIуэлIхэр Хьэджыкъуэ къыщыдэкIыжа пщэдджыжь нэхущым къыщIэзыдза уэлбанэшхуэм наIуэ къищIащ шу ахъырзэманхэм я щIакIуэхэр лейуэ къызэрыздамыщтар. «Мы щIалэхэр къэзыгъэувыIэн дунейм теткъым, — видео кIэщIхэр здытрихым, гушхуэныгъэ хэлъу жеIэ адыгэшыр щыхъей щIыпIэ псоми и лъэр нэзыхьэс блогер щIалэ, «Рихьэние» инстаграм напэкIуэцIыр Шапсыгъ зекIуэм и япэ канал тхуэзыщIа КIуэкIуэ Мурат. — Я щIакIуэхэр зэрапхъуэкIри, щхьэрыхъуэнхэр зыфIалъхьэжауэ, абыхэм я гъуэгуанэм пащэ. Ныщхьэбэ щIалэхэр щепсыхынущ Нэжьыгу къуажэм».
- Ещанэ махуэм зекIуэлIхэр Псыущхъуэ ЦIыкIу и губгъуэ хуитым щыдолъагъу: шыхэм загъэпсэху, нэхъыщIэхэм абыхэм ирагъэшхын мэкъумылэ зэрахьэ, абыхэм нэхърэ нэхъ цIыкIужхэм лъэпкъ ныпыр яIыгъыу сурэт зытрагъэх. АдэкIэ гъуэгуанэр Псыущхъуэшхуэ йокIуалIэ. Иужьрей епсыхыгъуэр Псэбэ къуажэрт. Дэтхэнэ зы жылэми зекIуэлIхэр Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъхэм щыбгъэдохьэ. Сыт ягъэ кIырэ Урыс-Кавказ зауэм хэкIуэдахэм я гъусэу абы къелахэм я хуитыныгъэм щIэбэнахэри уигу къэбгъэкIыжкIэ?
- ЗекIуэм щекIуэкIыр къэпщIэн папщIэ, абы ухэтын хуейуэ къыщIэкIынщ. Тыншщ, дэ дэщхьу, шэнтжьейм уисрэ телефоныр теппIытIэу уи хэкур фIыуэ плъагъуну. «Адыгэр зэрыщытар мыпхуэдэущ» щыжаIэ зэдауэхэм захэпIэтыкIыу, уи нэгу щIэт сурэтыр нахуапIэ пщIын папщIэ, а лъагъуныгъэм акъыл, лIыгъэ, жанагъ, фIэщхъуныгъэ дэщIыгъун хуейщ. Уи адэжьхэм ялъ зыщIэзыфа щIы кIапэм, я хьэдэ къупщхьэ зыгъэныщкIуа хы толъкъунхэм уи щхьэ яхуэбгъэщхъыным утегушхуэфын папщIэ, узыхуэныкъуэр узыншагъэ къудейкъым. Утыку итыпхъэщ Iуэху зехьэкIэ зыщIэ нэхъыжьрэ дэIуэкIэ зыщIэ нэхъыщIэрэ. Зи гугъу тщIы Шапсыгъ зекIуэм хэтахэм апхуэдэхэри зэрыдиIэр ди фIэщ ищIащ.
- Чэрим Марианнэ.