|
Февраль, 2023
2023-02-22
- Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
- Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу Хэкум и хъумакIуэм и махуэмкIэ!
- Нобэрей махуэшхуэр къэралым и тхыдэм хахуагъэкIэ гъэнщIа и напэкIуэцIхэм я нэщэнэщ. Ар Хэкум и щхьэхуитыныгъэмрэ щIыналъэр зыми и унафэ щIэмытынымрэ щIэбэна ди зауэлIхэм лIэщIыгъуэкIэрэ къагъэлъагъуэ лIыхъужьыгъэмрэ къэмылэнджагъэмрэ папщIэ диIэ гушхуэныгъэм и щыхьэтщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу
2023-02-22
- КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Урысейм и МВД-м Iуащхьэмахуэ районым щиIэ къудамэм и унэ яухуэнум и лъабжьэр щагъэтIылъым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм
2023-02-22
- Звёзднэ поселкэм щыIэ Урысей гвардием и дзэ частым къулыкъур щезыхьэкIхэм «лIыгъэм и дерс» щрагъэкIуэкIащ ХьэтIохъущыкъуей дэт, Дыкъынэ З. Хь. и цIэр зезыхьэ кадет школ-интернат №1-м. Ар хуэгъэпсат я дзэ къулыкъур нэгъуэщI къэралым щрахьэкIыу хэкIуэда ди хэкуэгъухэм я фэеплъ махуэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2023-02-22
- (ШэджыхьэщIэ Мухьэмэд Хьэгуцырэ и къуэр)
- Жылагъуэ, политикэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, Хэку зауэшхуэм и ветеран ШэджыхьэщIэ Мухьэмэд къызэралъхурэ мазаем и 23-м илъэси 100 ирокъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэмрэ щэнхабзэмрэ зегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищIам и мызакъуэу, зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым 1941 гъэм къыщыщIэдзауэ 1943 гъэ пщIондэ ар зауэ IэнатIэм зэрыIутари. Абы къыхуагъэфэщащ Хэку зауэшхуэм и япэ нагъыщэ орденымрэ «Кавказыр зэрихъумам папщIэ», «Германием зэрытекIуам папщIэ» медалхэмрэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Юбилей
Лъэпкъ макъамэр лъагапIэм нэзыхьэса
2023-02-22
- Совет, урысей композитор, РСФСР-м и цIыхубэ артист, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Гимныр зытха Къардэн Хьэсэн Екъуб и къуэр къызэралъхурэ мазаем и 23-м илъэси 100 ирокъу.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Юбилей
Хэкум папщIэ зи псэр зытахэр
2023-02-22
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и ЦИК-м 1924 гъэм фокIадэм и 10-м къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ, Джэрмэншык къуажэр 1926 гъэм и гъатхэм «ТIыуащIэкIэ» зэджэ щIыпIэм жылэу щытIысащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Къэмылэнджэжын дзэлIт
2023-02-22
- Адыгэ лъэпкъым ди щхьэр лъагэу дэзыгъэIэт, дызэрыпагэхэм ящыщт Дыгулыбгъуей къуажэм щалъхуа Бахъсэн Хьэсанш. Орджоникидзе дэт дзэ училищэр, Фрунзем и цIэр зезыхьэ академиер, Генеральнэ штабым и академиер щытхъушхуэ иIэу къиухащ, Афганистаным илъэс зыбжанэкIэ къулыкъу щищIащ, Таджикистаным щыIа генерал-майор Бахъсэныр КъуэкIыпIэ Жыжьэм и дзэ округым и пулемёт-артиллерие дивизэм и унафэщIу щытащ. Абы дамыгъэ лъапIэ зыбжанэ къыхуагъэфэщат — «ЛIыгъэ зэрызэрихьам папщIэ», Вагъуэ Плъыжь орденхэр, «Зауэм щиIа ехъулIэныгъэхэм папщIэ», «Хахуагъэм папщIэ» медалхэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
ГъащIэм къызэрыпищэнур и фIэщ хъурт
2023-02-22
- 1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм хэтащ Лэс- кэн ЕтIуанэ къуажэм дэс Уэркъуасэхэ ящыщу Хьэбцу, Iэмин, Мухьэмэд, Iэдэм, Хьэ-зиз, Хьэзрэт сымэ. ЗауэлI хахуэ, гвардием и старшина Уэркъуасэ Хьэзрэт Бэчыр и къуэм, зауэ гуащIэм тIэунейрэ уIэгъэ щигъуэтами, Хэку зауэшхуэр ТекIуэныгъэ ИнкIэ щиуха 1945 гъэм нэсыху и къулыкъур ирихьэкIащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Я фэеплъыр лIэщIыгъуэхэм яхъумэ
2023-02-22
- Зы унагъуи щыIэу къыщIэкIынкъым Хэку зауэшхуэм ди къэралым къыщихьа ТекIуэныгъэм и гуа-щIэ хэмылъу. Бийр Хэкум къыщытезэрыгуэм абы и цIыхухэр зылI и быну зэкъуэувэри, лейзехьэхэм псэемыблэжу япэщIэтащ. Щхьэхуит гъащIэм, мамыр псэукIэм, щIэблэм я къэкIуэну дахэм папщIэ я псэр ятащ цIыху мелуан бжыгъэхэм. Абыхэм зэрахьа лIыхъужьыгъэм увыпIэ щхьэхуэ щеубыд тхыдэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
ТекIуэныгъэ Иныр къытхуэзыхьахэр
2023-02-22
- Хабзэ хъуауэ, цIыху щхьэхуэхэм къищынэмыщIауэ, къэхъугъуэхэм ехьэлIа, тхыдэ, щэнхабзэ мыхьэнэ зиIэ фэеплъхэр ягъэув. Сыкъыщыхъуа жылэми а хабзэр къыпекIуэкIакъым. Аргудан къуажэм къыщхьэщыт лъагапIэм — Джэрмэншык Iуащхьэм — щыболъагъу революцэмрэ Граждан зауэмрэ хэкIуэдахэм хуагъэува, вагъуэ къуапитху зиIэ фэеплъ иныр. Апхуэдэу ди къуажэр зыгъэдахэ дамыгъэхэм ящыщщ курыт еджапIэ №1-м и гупэм къит «Анэ лIыхъужь» фэеплъыр. Ар жылэм дэсхэм я къарукIэ ягъэуващ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьрэ илъэс 25-рэ щрикъум ирихьэлIэу икIи къызэIуахащ а махуэшхуэр щагъэлъэпIа 1970 гъэм накъыгъэм и 9-м. Школым и фэеплъ пхъэбгъум тетхащ Хэку зауэшхуэм лIыгъэрэ хахуагъэрэ щызезыхьа аргудандэс 314-м я цIэ-унэцIэхэр. Къуажэм и курыт еджапIэ №3-м и щIыхьэпIэм деж щагъэуващ Хэку зауэшхуэм (1941 — 1945) и сэлэтым и фэеплъыр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ
Уи бзэр, бзууэ, пIэщIэкIамэ, КIэлъылъати, къэпхъуэтэж
2023-02-22
- Анэдэлъхубзэр, зэрытщIэщи, цIыхум зезыгъэужь Iэмал къудейкъым, ар лъэпкъыр адрейхэм къахэзыгъэщ, и хабзэрэ щэнхабзэрэ зыхъумэ къулеигъэщ. ООН-м къызэритымкIэ, дуней псом бзэуэ мини 7-м нэблагъэ тетщ, абы щыщу мини 2,5-м кIуэдыжынкIэ шынагъуэ ящхьэщытщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, тхьэмахуитI къэс зы бзэ токIуэдыкIыж, ар щыщымыIэжым — лъэпкъри хошыпсыхьыж. Абы къыхэкIыу, 1999 гъэм ЮНЕСКО-м и конференц нэхъыщхьэм къыщыхалъхьэри, 2000 гъэм къыщыщIэдзауэ ягъэлъапIэ Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэр. АбыкIэ цIыхухэр къыхураджэ хуэдэщ я анэдэлъхубзэр зыщамыгъэгъупщэну, яхъумэну.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ЗэIущIэхэр
|