КъБР-м и Iэтащхьэм Хэкум и хъумакIуэм и махуэм теухуа и хъуэхъу
2023-02-22
- Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
- Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу Хэкум и хъумакIуэм и махуэмкIэ!
- Нобэрей махуэшхуэр къэралым и тхыдэм хахуагъэкIэ гъэнщIа и напэкIуэцIхэм я нэщэнэщ. Ар Хэкум и щхьэхуитыныгъэмрэ щIыналъэр зыми и унафэ щIэмытынымрэ щIэбэна ди зауэлIхэм лIэщIыгъуэкIэрэ къагъэлъагъуэ лIыхъужьыгъэмрэ къэмылэнджагъэмрэ папщIэ диIэ гушхуэныгъэм и щыхьэтщ.
- ФIыщIэ мыухыж яхудощI Хэку зауэшхуэм хэтахэм, ди къэралри дуней псори бий гущIэгъуншэм къезыгъэлахэм. Абыхэм я лIыгъэр, лIыхъужьыгъэр, хахуагъэр Хэкум худиIэн хуей лъагъуныгъэ гъунэншэм, хэкупсэ нэсу зэрыщытыпхъэм и щапхъэ сытым дежи тхуэхъунущ.
- Урысейм и шынагъуэншагъэр нобэ зыхъумэхэми пщIэшхуэ яхудощI. Шэч хэмылъу, фIыщIэ мыухыжыр яхуэфащэщ зауэ Iуэху хэхам хэту къэралым и щхьэхуитыныгъэм, абы и зэкъуэтыныгъэм къыщхьэщыжу дзэ къулыкъур езыхьэкIхэм. Хэкум и лъэщагъыр гъэбыдэным, абы и къарум хэхъуэным дэ псори дызэкъуэту дыхуолажьэ.
- Псоми ехъулIэныгъэ, узыншагъэ быдэ, зэIузэпэщыгъэ фиIэну сынывохъуэхъу.