ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зэманым и лIыхъужь

2023-02-22

  • (ШэджыхьэщIэ Мухьэмэд Хьэгуцырэ и къуэр)
  • Жылагъуэ, политикэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, Хэку зауэшхуэм и ветеран ШэджыхьэщIэ Мухьэмэд къызэралъхурэ мазаем и 23-м илъэси 100 ирокъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэмрэ щэнхабзэмрэ зегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищIам и   мызакъуэу, зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым 1941 гъэм къыщыщIэдзауэ 1943 гъэ пщIондэ ар зауэ IэнатIэм зэрыIутари. Абы къыхуагъэфэщащ Хэку зауэшхуэм и япэ нагъыщэ орденымрэ «Кавказыр зэрихъумам папщIэ», «Германием зэрытекIуам папщIэ» медалхэмрэ.

  • 1960 — 1970 гъэхэм ШэджыхьэщIэр республикэм и идеолог нэхъыщхьэу къалъытэу щытащ. Ар ящыщт совет парт унафэщI нэхъ пажэхэм, Хэку зауэшхуэм къикIыжа нэужь, щIыналъэм и щыIэкIэ-псэукIэр зэтегъэувэжыным елэжьахэм.
  • Зэманым и лIыхъужькIэ уеджэ хъунущ ШэджыхьэщIэ Мухьэмэд. Республикэм егъэджэныгъэр, щIэныгъэр, щэнхабзэр щегъэфIэкIуэнымрэ апхуэдэ IуэхущIапIэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьынымрэ гулъытэшхуэ хуищIат. Абыхэм ящыщт КъБКъУ-р, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш академиер, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтыр, ПТУ-мрэ техникум пщIы бжыгъэхэмрэ, школыщIэхэр, щэнхабзэмкIэ унэхэр, кинотеатрхэр, къуажэ клубхэр, Музыкэ театрыр (япэу балет щагъэувар), филармонием и симфоние оркестрыр, журналыщIэхэмрэ газетхэмрэ къыдэгъэкIыныр, къыдагъэкI тхылъ бжыгъэм хагъэхъуэныр — нэхъыщхьэ дыдэу ШэджыхьэщIэм и гъащIэр зытриухуар цIыхухэм я гупсысэр куу зэрыхъуну, псэ-кIэ къулей зыщIыну Iуэхухэрщ…
  • Куэдым ягу къагъэкIыж апхуэдэ лэжьыгъэхэр абы и нэIэм щIигъэт къудей мыхъуу, ипэкIэ плъэфу, щIыналъэм и зыужьыныгъэм и гуащIэр триухуэу зэрыщытар. ЩIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ лэжьакIуэм хузэфIэкIырт лъэпкъ Iуэхухэри екIурэ-ещхьу зэрихьэн.
  • ШэджыхьэщIэр къыщалъхуар Тэрч районым хыхьэ Урожайнэ къуажэрат. Налшык педагогикэ училищэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал пединститутымрэ къиуха нэужь, къыщалъхуа къуажэм егъэджакIуэу щылэжьащ. 1944 гъэм ШэджыхьэщIэр хахат ВЛКСМ-м и Урожайнэ район комитетым и япэ секрета- ру. Абдеж абы и жылагъуэ-политикэ лэжьыгъэм щыщIидзэри, илъэс 43-кIэ а Iуэхухэм егугъуащ. ВЛКСМ-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и етIуанэ секретару щылэжьам ШэджыхьэщIэм промышленнэ IуэхущIапIэхэр, электростанцхэр, псом хуэмыдэу Бахъсэн ГЭС-р зэфIэгъэувэжыным и зэфIэкI ирихьэлIащ.   1949 гъэм ШэджыхьэщIэм къыхуагъэ-лъэгъуащ партым и Налшык район комитетым и япэ секретарым и къулыкъур. 1950 гъэм хахащ СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и ещанэ зэхуэсыгъуэм и депутату. КПСС-м и ЦК-м епха парт школ нэхъыщхьэр къиуха нэужь, Мухьэмэд илъэсиблкIэ КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым къэралым и политикэр пхыгъэкIынымкIэ и къудамэм и унафэ-щIу лэжьащ. Абы лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ парт, совет IэнатIэхэм я аппаратхэр егъэфIэкIуэным ехьэлIауэ.
  • 1963 гъэм и щэкIуэгъуэм ШэджыхьэщIэ Мухьэмэд хахащ обкомым и секретару икIи идеологиемкIэ къудамэм и уна- фэщI ящIащ. Ар мызэ-мытIэу хахыжащ КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и цIыхубэ депутату, илъэс 20-м щIигъукIэ абы и УнафэщIу щытащ.
  • ШэджыхьэщIэр яхэтащ ди хэкуэгъухэм щэнхабзэ зэпыщIэныгъэр ядэIыгъынымкIэ «Родинэ» урысейпсо зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэр зыухуахэм,мыхьэнэшхуэ зиIэ а лэжьыгъэр зэтезыублахэм. ШэджыхьэщIэ Мухьэмэд фIыуэ емыгупсысауэ зы лъэбакъуэ ичыртэкъым, арагъэнт Iуэхур къыщIехъулIэр. Сыт Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэр зыхуэныкъуэр?! А упщIэм тещIыхьауэ лажьэрт. Абы и гуащIэдэкIым къыпэкIуащ Вагъуэ Плъыжь, Лэжьыгъэм и Бэракъ Плъыжь, «ЩIыхьым и да-мыгъэ» орденхэмрэ медалхэмрэ. Ар и гъащIэм зы Iущыгъэм тетащ, гугъуехьым къыпемыкIуэкIыу ахэр зэрызэфIигъэкIыным и ужь иту. ЗэрыжаIэмкIэ, абы дэтхэнэми гулъытэ хуищIыфырт, унафэщIу е къызэрыгуэкI лэжьакIуэу щрети. ШэджыхьэщIэр 1996 гъэм дунейм ехыжащ, и ныбжьыр илъэс 74-м иту.
  • Жылагъуэ лэжьакIуэм, зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветераным и фэеплъ пхъэбгъу Налшык къалэм 2016 гъэм къыщызэIуахауэ щытащ. Мы гъэм, абы и фэеплъу, Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдагъэкIы-  жащ ШэджыхьэщIэм теухуауэ 2009 гъэм дунейм къытехьауэ щыта «Дальновидный политик, вдумчивый идеолог» тхылъыр. Котляровым къызэрыхигъэщымкIэ, а лэжьыгъэр ягъэхьэзырын хуей щIэхъуам щхьэусыгъуэшхуэ иIащ — псом хуэмыдэу апхуэдиз зи гуащIэм дэхуа лIым и цIэр «Адыгэ (шэрджэс) щIэнгъуазэм» зэрыхэмытым къызэригъэуIэб-жьар, ауэ щыхъукIи, блэкIа лIэщIыгъуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и «етIуанэ   цIыхукIэ» зэджэу щытам и фэеплъыр тхыдэм къыхэнэн хуейуэ къызэралъытэр.
  • ШэджыхьэщIэ Мухьэмэд теухуауэ зи гугъу тщIы тхылъым ихуа гукъэкIыжхэр къызыбгъэдэкIыр ар фIыуэ зыцIыхуу щытахэмрэ къыдэлэжьахэмрэщ. Абы къыхэкIыу лэжьакIуэшхуэм и шыфIэлIыфэу, Iуэху бгъэдыхьэкIэу щытар ди   нэгу къыщIоувэф.
  • Дохъушокъуэ Мусэ абы щетх: «1969 гъэм, КъБАССР-м и Министрхэм я Советым и унафэщIым и япэ къуэдзэ сыщащIам, ШэджыхьэщIэ Мухьэмэд КПСС-м и щIыналъэ комитетым идеологиемкIэ и секретару лажьэрт, Министрхэм я советым дежи мэкъумэш IэнатIэр  и нэIэм щIэтыну пщэрылъ къыщащIауэ апхуэдэт. Ди къалэнхэр зэхуэмыдэми, сэ щIэх-щIэхыурэ абы зыхуэзгъазэрт чэнджэщ сыхуейуэ икIи зэи сыкъигъэщIэхъуртэкъым. Лэжьыгъэм ныкъусаныгъэ хилъагъуэмэ, Мухьэмэд зыми губгъэн яхуимыщIу, зэхэщIыкIыгъуэу Iуэхур зытетыр ягуригъаIуэрт. Зэи зэхэсхакъым ар губжьауэ псалъэ жагъуэ зыгуэрым жриIэу. ДызэдекIуэкIыху, ди зэхуаку пщIэ дэлъу дызэдэгъуэгурыкIуащ. Ауэ жысIэфынукъым зэныбжьэгъу дыдэу дызэхущытауэ — езым, и унагъуэм я гъунэгъуу сыщытауэ. Шэч хэмылъу, ныбжьэгъу куэд иIащ абы, ауэ хэтыт нэхъ и гъунэгъу ды-дэр жаIэрэ къызэупщIмэ, жэуап естыфыну къыщIэкIынтэкъым. Ауэ къызэрысщыхъумкIэ, ар сыт щыгъуи хущIэкъурт тIэкIу пэжыжьэу уиIыгъыну. Къапщтэмэ, апхуэдэу щыт хабзэщ жыжьэ плъэ политикхэр. ШэджыхьэщIэр цIыху Iущт, и гупсысэкIэкIэ псоми къахэщу зэрыщытари шэч зыхэмылъщ. ПолитикыфIу зэрыщытам и гугъу пщIымэ, Мэлбахъуэ Тимборэ фIэкIа абы къытекIуэн щымыIауэ къызолъытэ. А тIур зэгъунэгъут икIи КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обко-мым и япэ секретарым дежкIэ ШэджыхьэщIэм и Iуэху еплъыкIэм мыхьэ-  нэ иIэт. Абы и щхьэусыгъуэри гурыIуэгъуэт: а зэманым Мухьэмэд адрейхэм къахэщырт и зэфIэкIрэ щIэныгъэкIэ, нэхъыщхьэрати, и лэжьыгъэм зэрыхуэпэжымкIэ. Псоми фIыуэ дощIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ докладхэр, къэпсэлъэныгъэхэр, нэгъуэщI дэфтэрхэри Мэлбахъуэ Тимборэ езым игъэхьэрыру зэрыщытар. Щхьэусыгъуэ гуэркIэ зыгуэрым хуигъэхьэзырын хуей хъуами, ар набдзэгубдзаплъэу абы хэплъэжынут. Апхуэдэ къалэныр дзыхь зыхуищIу щытар ШэджыхьэщIэ Мухьэмэдщ».
  • Ефэнды Джылахъстэн: «1949 гъэм и гъатхэм ЦКП(б)-м и унафэкIэ партым   и Къэбэрдей щIыналъэ комитетым и япэ секретару къагъэкIуауэ щытащ Бабич Василий. Ар тегушхуэрт парт, къулыкъу IэнатIэ лъагэхэм IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэр ягъэувыным. Арати, абы ШэджыхьэщIэ Мухьэмэд гу щылъитэм, ВКП(б)-м и Налшык район комитетым и япэ секретарым и къулыкъур иратыну къыхилъхьат, нэхъ иужьыIуэкIэ — СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату хахыну. Къыхэгъэщыпхъэщ, а зэманым партым и райкомым и япэ секретархэми Совет Союзым депутат бгъэхэIур щызезыхьэхэми ШэджыхьэщIэр я нэхъыщIэу зэрыщытар.
  • Пенсэм кIуа нэужь, и къару псор хуиунэтIащ хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм яхудиIэ зэпыщIэныгъэм зригъэубгъуным. ПцIы лъэпкъи хэмылъу жысIэфынущ Кавказ зауэм дуней псом трикъухьа ди къуэшхэмрэ ди шыпхъухэмрэ яфI зыхэлъ Iуэху куэд абы зэрилэжьар».
  • КхъуэIуфэ Хьэчим: «Сэ згъэщIагъуэрт Мэлбахъуэ Тимборэрэ ШэджыхьэщIэ Мухьэмэдрэ я анэдэлъхубзэр апхуэдэу фIыуэ къызэрагъэсэбэпыфыр. Пэжыр жысIэнщи, си гугъат ахэр тхакIуэм и дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэну. Арщхьэ-кIэ, дэнэт! Пэжщ, языныкъуэхэми ахэр щIэупщIэрт псалъэ щхьэхуэ гуэрхэм я мыхьэнэм, ауэ къысхуэныкъуауэ жысIэфынукъым. Уеблэмэ дапщэщи хьэкъ сщыхъурт ахэр я адыгэбзэм зэрыхуэшэрыуэр. Адыгэбзэр, къапщтэмэ,  гугъукъым къызэрыгуэкI псалъэмакъым къыщыбгъэсэбэпыну, ауэ политикэм, экономикэм, щIэныгъэм, дунейпсо     Iуэхухэм (псом хуэмыдэу нэгъуэщI къэ-рал къикIыжа, зи псэлъэкIэм щхьэхуэныгъэ гуэрхэр игъуэта уи лъэпкъэгъухэр къыщыпхуеблагъэкIэ) уритепсэлъыхьыну — мис ар къалэн тыншкъым, пхузэфIэкIын хуейщ.
  • СощIэж зы Iуэхугъуэ: «Сосрыкъуэ» шхапIэм хьэщIэхэм я тхьэмадэу щыса ШэджыхьэщIэр сыхьэт нейкIэ политикэ Iуэхухэм адыгэбзэ къабзэкIэ яхутепсэлъыхьауэ зэрыщытар. «Хэку» зэгухьэныгъэм и къалэнхэм хыхьэрт хъыбарегъа-щIэ лэжьыгъи егъэкIуэкIын хуейуэ, цIыхухэр къекIуэкI Iуэхухэм щыгъэгъуэзэныр. Мухьэмэд а Iуэхури къехъулIэу зэфIигъэкIырт и анэдэлъхубзэм хуэшэрыуэрти. НэгъуэщI зы лъэныкъуи згъэщIагъуэу яхэлът Мэлбахъуэмрэ ШэджыхьэщIэмрэ — я лъэпкъ хабзэхэр фIыуэ зэращIэрт. ЗэращIэр аратэкъым гу зылъыстэр. АтIэ абыхэм езыхэри зэрытетынум сыт щыгъуи зэрыхущIэкъурт.
  • Хэхэс адыгэхэм я дежи пщIэшхуэ щиIащ ШэджыхьэщIэ Мухьэмэд. Куэд къыхуэарэзыт, фIыуэ къалъагъурт. Апхуэдэ зыт ар зэпымыууэ зыIэту щыта ЛIэужь Омар Фахъри — Сирием и къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэр. Ар езыри дзэ Iуэхухэм — хьэрып-израиль зэпэщIэувэныгъэхэм — хэтати, куэдрэ тепсэлъыхьыжырт ШэджыхьэщIэм Хэку зауэшхуэм лIыгъэ зэрыщызэрихьам, абы уIэгъэ хьэлъэ щыхъуауэ зэрыщытам.
  • Шэч хэмылъу, щымыуэ щыIэкъыми, а лIы пашэми апхуэдэ гуэр имыIэу хъунутэкъым. Апхуэдэу сызыгъэщхьэжэ-    гъуауэ щытар ди лъэпкъ литературэм епхат. Зи гугъу сщIыр КIыщокъуэ Алим и «Нал къута» романым зы гуп пэщIэувауэ зэрыщытарт. Сыкъыщхьэщыжын щхьэкIэкъым, ауэ, пэжыр жыпIэмэ, къыхэгъэщын хуейщ — апхуэдэ жэрдэмыр къызыбгъэдэкIар обкомыратэкъым. Псалъэмакъхэм лъэбакъуэ хуэзычар езы тхакIуэхэрат, романым япэу еджахэм. Абыхэм къызэщIагъэплъащ зауэ зэманым жылагъуэ еплъыкIэхэм пэжыжьэ хъуа лIыщхьэхэр. Абыхэм гузэвэн щIадзащ, романым парт лэжьэкIэр щIэнэкIалъэ щыхъуауэ къалъытэри. АрщхьэкIэ апхуэдэ еплъыкIэр Мэлбахъуэми ШэджыхьэщIэми зэи даIыгъынутэкъым. Апхуэдэ цIыхут ахэр.
  • …Мэлбахъуэ Тимборэ зыгуэрхэр зритхэу щыта зы тхылъ цIыкIум щитхат мыпхуэдэу: «МафIэ ужьыхым срещхьщ. Ауэ сызыщIэхъуэпсыр ди щIыналъэм зэныбжьэгъугъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ щызэщIэзыгъаплъэ хъуаскIэу сыщытынырт». Ар Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгуанэр къэзыгъэнэху мафIэу апхуэдиз илъэскIэ щытащ. ШэджыхьэщIэ Мухьэмэд ящыщт а мафIэр нэхъ нэхуу икIи нэхъ лъагэу блэнымкIэ абы дэзыIыгъахэм.
  • БАГЪЭТЫР Луизэ.