ЛIыгъэм щIапIыкI
2023-02-22
- Звёзднэ поселкэм щыIэ Урысей гвардием и дзэ частым къулыкъур щезыхьэкIхэм «лIыгъэм и дерс» щрагъэкIуэкIащ ХьэтIохъущыкъуей дэт, Дыкъынэ З. Хь. и цIэр зезыхьэ кадет школ-интернат №1-м. Ар хуэгъэпсат я дзэ къулыкъур нэгъуэщI къэралым щрахьэкIыу хэкIуэда ди хэкуэгъухэм я фэеплъ махуэм.
- ХьэщIэхэр кадетхэм яхутепсэлъыхьащ хамэ щIыпIэм зи къалэныр щызыгъэзэщIа я лэжьэгъухэмрэ дзэ къулыкъущIэхэмрэ къагъэлъэгъуа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ, апхуэдэуи документальнэ фильм ирагъэплъащ.
- — Нобэ мыхьэнэшхуэ иIэщ сабийхэр я къэралыр, Хэкур фIыуэ ялъагъуу, ар бийхэм щахъумэну хьэзыру гъэсэным, — къыхигъэщащ сержант Куканьковэ Валентинэ.
- БАХЪСЭН Ланэ.